Сурэ 102. хэхъуэр (iэт тэкасур)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Хэхъуэм (мылъкум) фигъэщхьэрыуауэ щытащ
(2) кхъэм фыщIалъхьэжыху.
(3) Еей, сыкьэфщIэнщ фэ [жыхьэнмэр флъагъумэ]!
(4) ИтIани жызоIэ, сыкьэфщIэнщ фэ!
(5) Еууей, ар нэсу фщIатэмэ, [фыщхьэрыуэнтэкъым].
(6) Фэ фIэкIыпIэ имыIэу флъагъунущ мафIэр.
(7) Ае, ар фэ фIэкIыпIэ имыIэу фи нэкIэ флъагъунущ!
(8) Ае, а Махуэм дунейм щывгъэхъамкIи къывэупщIыжынущ.
СУРЭ 103. ПЩЫХЬЭЩХЬЭПЭР[662] (IЭЛ ГIЭЩР)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) ПщыхьэщхьэпэмкIэ coIyэ
(2) цIыхухэр унэхъуакIэ,
(3) Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм, пэжымрэ шыIэныгъэмрэ хуэзыущияхэм нэмыщI!
СУРЭ 104. УБЭР (IЭЛ ХЬУМЭЗЭТ)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Унэхъуащ цIыху зыуб-зыгъэпудыр,
(2) мылъку зэхуэзылъэфэсу зэтезылъхьэр!
(3) Абы игугъэщ мылъкум мылIэж ищIыну!
(4) Хьэуэ, ар хадзэнущ зыри къызэмылым,
(5) уэ сытым уигъэщIэн а зыри къызэмылыр?
(6) Ар Алыхьым и мафIэ зэщIэгъэнаращ,
(7) абы гухэр зэщIеубыдэ!
(8) Ар абы щIэубыдауэ щIэсынущ,
(9) пкъом епхауэ.
СУРЭ 105. ПЫЛЫР (IЭЛ ФИЛ)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) уэ ущыгъуазэкъэ уи Тхьэм пылым теса [дзэм] ярищIам?
(2) АтIэ абыхэм я хъуэгъэщагьэр зэпиудакъэ?
(3) Абы къуалэбзухэр гуп-гупу къащхьэщигъэхьащ,
(4) ЯтIэ гъэжьакIэ къахигъауэри
(5) пхафэм къытена шхахуэм ещхь ищIащ[663].
СУРЭ 106. КЪУРЕЙШХЭР (КЪУРЕЙШ)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Къурейшхэм зэрахабзэу
(2) щIымахуэми гъэмахуэми зэхэзекIуэн щхьэкIэ, [Дэ пылым теса дзэр хьэлэч тщIащ].
(3) Аращи, ахэр хурепщылI мы унэм (Чэбэм) и Тхьэм,
(4) гъаблэм къезыгъэлу шынагъуэншэ зыщIам.
СУРЭ 107. ХЬЭХУР (IЭЛ МАГIУН)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Плъэгъуа уэ диныр пцIыуэ зылъытэр?
(2) Ар зеиншэр Iузыхужыращ,
(3) тхьэмыщкIэр ягъэшхэну къыхуезымыджэращ.
(4) Унэхъуащ нэмэз щищIкIэ
(5) зи нэмэзыр къызыфIэмыIуэхухэр,
(6) фэрыщIхэр,
(7) хьэху зымытхэр.
СУРЭ 108. ТЫГЪЭШХУЭР (IЭЛ КЭУСЭР)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) [Уэ бегъымбар], Дэ уэ куэд къоттащ.
(2) Уи Тхьэм нэмэзи къурмэни хуэщI,
(3) уэ къыпщIэнакIэращ лIэужьыншэр.
СУРЭ 109. ДЖАУРХЭР (IЭЛ КАФИРУН)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Уэ джаур къом!
(2) Сэ сыхуэпщылIыркъым фэ фызыхуэпщылIым.
(3) Фэри фыхуэпщылIыркъым сэ сызыхуэпщылIым,
(4) фэ фызыхуэпщылIу щытами сыхуэпщылIыркъым.
(5) Фэри фыхуэпщылIыркъым сэ сызыхуэпщылIым.
(6) Фэ фи диныр фи динщ, сэри си диныр си динщ.
СУРЭ 110. ТЕКIУЭНЫГЪЭР (IЭН НЭСР)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Алыхьыр уи дэIэпыкъуэгъуу текIуэныгъэр[664] къэпхьу
(2) Алыхьым и диным цIыхухэр гуп-гупу ихьэу щыплъагъукIэ,
(3) уи Тхьэм щытхъур хуэгъэши, къыпхуигъэгъуну елъэIу! Абы къэзыгъэзэжыр ещтэ.
СУРЭ 111. КIАПСЭ ЛЭРЫГЪУР (IЭЛ МЭСЭД)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Iэбу Лэхьэб и IитIыр фIыгъукI! Езыри укIуэд!
(2) Абы къыщхьэпэжынукъым и мылъкури зэхуилъэфэсари,
(3) ар мафIэ зэщIэгъэнам исынущ,
(4) езыри и фыз пхъэрыхьри[665]
(5) кIапсэ лэрыгъур пщIэхэлъу.
СУРЭ 112. ПЭЖЫР (IЭЛ IИХЪЛАЩ)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) ЖыIэ, [Мухьэммэд]: «Езы Алыхьыр закъуэщ.
(2) Алыхьыр мыкIуэдыжынщ.
(3) Ар лъхуакъым. Езыри зыми къалъхуакъым,
(4) езыри зихуэдэ щымыIэщ.
СУРЭ 113. НЭХУЩ (IЭЛ ФЭЛЭКЪ)[666]
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) ЖыIэ, [Мухьэммэд]: «Нэхущым и ТхьэмкIэ зыщызохъумэ
(2) Абы къигъэщIам и бзаджэм,
(3) жэщ кIыфIым и бзаджэм,
(4) зэрыдзам епщэхэм (удхэм) я бзаджэм,
(5) фыгъуэнэду фыгъуэм и бзаджэм!»
СУРЭ 114. ЦIЫХУХЭР (IЭН НАС)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) ЖыIэ, [Мухьэммэд]: «СолъэIу цIыхухэм я Тхьэм,
(2) цIыхухэм я тепщэм,
(3) цIыхухэр зыхуэпщылIым
(4) сыщихъумэну гур зыгъэутхъуэу кIуэдыжым и бзаджэм,
(5) цIыхухэм я гум шэч къизылъхьэм [и бзаджэм]
(6) ар жинхэм ящыщми, цIыхухэм ящыщми!»
ХЪЫТЫМ ДУГIЭ
(КъурIэным уеджа нэужь узэрылъэIуэнур Хъуажь Мухьэмэдхъер итхыжащ)
Алыхь Талэм, ди Тхьэ лъэщу гуащIэм зыхудогъазэ лъэIукIэ: гущIэгъу къытхуищIыну. КъурIэныр дунеймкIэ ди гъуазэу, ди гъащIэр игъэнэхуу, мащэм дыщралъхьэжкIи ди гъусэну, Езым и пащхьэ дыщихьэжкIи къытщхьэщыжыну, щыхьэт къытхуэхъуну АлыхьымжиIэ!
Ялыхь мы дызэджам щыуагъэ гуэр тIэщIэкIами къытхуэгьэгъу, ирикъуауи тIых! Ди Дуней гъащIэр дахэу, ди ахърэтри нэхуу дыгъэпсэу! Ялыхь махуэф! лIэкIафIэ къыдэт. УэркIэ дыжыIэдаIуэу Уи пащхьэ дигьэхьэж!
Ялыхь ди Бегъымбарми, лIауэ къытщыгугъ псоми дызэджам и псапэр ялъэгьэIэс, дэри еджахэми, зэхуэсахэми псапи гъущIэгьуи къытхуэщI. Ялыхь нобэрей ди зэIущIэр махуэ тхуэпщIынкIэ, фIырэ псапэрэ къыдэбгьэкIуэнкIэ дынолъэIу. Мы унэу дызыщIэсам фIырэ, берычэтрэ, узыншагьэрэ щымыщIэн щIы! Дунейм ехыжауэ нобэ дыщIызэхуэсам, дызыхуеджам псапэу къыхэкIар бэгьуауэ лъэгьэIэс!
Ялыхь нобэ ерыскъыуэ къаIэтам къыхэкIа псапэр бэгьуауэ зыхуащIам лъэгъэIэс, жэнэт гъуэмылэ хуэщI. Ялыхь муслъымэну къытщыгугъ псоми ялъэгьэIэс! Ерыскъыр къызыхахар Ялыхь яхуэгьэбагъуэ, щымыщIэхэу, я куэду гъэпсэухэ! Ялыхь я гуфIэгъуэр куэду, я нэщхъеягъуэр мащIэу, тIум дежи къызыхахын яIэу гъэпсэухэ!
Ялыхь мыбы хэт нобэ къекIуэлIами, хэлэжьыхьами: и къаруми, и ахъшэми — пэкIуэ фIыгъуэр хуэпщIэжынкIэ дынолъэIу!
Ялыхь нобэ дыщIызэIущIауэ ди япэ ищам и мащэр Iэбыхъу-лъэбыхъуу, жэнэтым щыщу пщIынкIэ дынолъэIу, Ялыхь зи мащэр зэвхэмрэ Мэзабыр зышэчынухэмрэ ящыщ умыщ!! ЗдэкIуамкIэ щыфIу, мыбыкIэ къэмыплъэу, ахърэтым и дахапIэр къептынкIэ дынолъэIу!
Ялыхь и ахърэтыр нэхуу, тыншу, ди дунеймкIэ къэмыхъуапсэу, игу къытщIэгъуу: "Дуней хьэхум сыкъытекIыжри зызгъэпсэхужащ" — жызыIэнхэм Ялыхь мы ди лIар ящыщ щIы!
Ялыхь мы ерыскъыуэ нобэ къаIэтар зышхымкIи хьэлэл щIы, псапэу къыхэкIари зыхуащIам лъыгьэс!
Ялыхь ди л Iахэм жэнэтыр къет, ди псэухэми узыншагьэрэ гупсэхугьуэрэ яIэу, Уэ къыпфIэлIыкIхэу, я гьащIэр яухмэ Уи пащхьэ Уэ уахуэарэзыуэ къихьэжынухэм ящыщ щIы!
Рэббэна Iатина фи дуния хьэсэнэтэн уэ фил Iахъирэти хьэсэнэтэн уэ къинагIэзабэннар!
Субхьанэ рэббикэ рэббиль Миззэти гIэма ещифун, уэ сэламун гIэлэл мурсэлун уэлхьэмду лилахи рэббиль Малэмин! Амин!
Iэл фатихьэ...
© Хуаж М. Перевод
Художественное оформление и компьютерная верстка — Токмаков А.Б.
[1]Мы сурэм зэреджэр «УблапIэ» жиIэу аращ. КъурIэным и пэублэщ икIи лъэIущ. Тхьэм елъэIуныр щаухкIэ къоджэ. Алыхьым узэрелъэIуну щIыкIэм ухуеузэщI.
[2]КъурIэным «Дунейхэр» щыжиIэкIэ, абы къызэщIеубыдэ ди акъылыр здынэса дунейри, ди щIэныгъэр здынэмыса дунейри, мелыIычхэм я дунейри, къинэмыщIхэри.
[3]«Гъуэгу захуэ» щыжиIэм деж къикIыр муслъымэныгъэращ.
[4]«I.Л.М.» хьэрфищым я мыгIэнэр Алыхьым нэмыщI зыми ищIэркъым.
[5]КъурIэныр Тхьэм къыбгъэдэкIащ, пэж фIэкIаи иткъыым. КъурIэныр Iейм зыщызыхъумэхэм, Тхьэм хуэжыIэдаIуэу псэуну хуейхэм я гъуазэщ. Пэжу, мынаIуэми щыIэу (мелыIычхэр, жинхэр, жэнэтыр, жыхьэнмэр, Къемэт махуэм къызэрыхъужынур, езы КъурIэнри, нэгъуэщI ФIыцIагъэ лъапIэхэри зи фIэщ хъууэ, нэмэзыр тэмэму зыщIхэу, ерыскъыр хьэлэлу къилэжьу, къилэжьам сэджытыр хигъэкIыу, фIы хэзыщIыкI цIыхухэри муслъымэн щыпкъэщ. Апхуэдэм дуней насыпри яIэщ, я жэнэтыбжэри зэIухащ.Iэят блэкIахэр зытепсэлъыхьыр Тхьэр зи фIэщ хъухэращ. КъыкIэлъыкIуэхэр Тхьэр зи фIэщ мыхъухэм ятеухуащ.
[6]Джаурхэр зэрыинатым къыхэкIыу псалъэр япкъырыхьэркъым, гурыкъ хъуащ, пэжыр зэхахыжыркъым, бзаджагъэм нэф ищIащ. Абы къыхэкIыу фIым пэжыжьэ хъуащи лажьэшхури къапэщылъщ
[7]ЦIыхухэм яхэтщ диныр фэрыщIу зезыхьэ. Абы хуэдэхэр цIыху Iейщ, напитIщ. Абыхэм я гугъэщ Тхьэри, цIыху пэжхэри къагъапцIэу, ауэ я щхьэр къагъэпцIэж. Тхьэм зыри щыбгъэпщкIуфынукъым. Абыхэм пэжыныгъэ яхэлъкъым, ахэр шэч узым щеукI. ПцIым дихьэхахэм диныр зэрагъэпудыр Тхьэм къахуигъэгъунукъым. Апхуэдэхэм Iиман зиIэхэр еущиемэ: «ЦIыхур зэблэвмыш, гъащIэр фымыуцIэпI, Тхьэм пэжу бгъэдэтхэр фымыгъэпуд», — жраIэмэ, абыхэм ядэркъым: «Мы къыджефIэр къыттезэгъэнукъым», — жаIэри.
[8]Къэвгупсыса тхьэнэпцIхэм зыри зэрахуэзэфIэмыкIыр щыфщIэкIэ, ахэр Алыхьым хуэвмыгъадэ, жыхуиIэщ.
[9]Тхьэм щапхъэхэр къахуихьурэ пэжыр къыщиIуатэкIэ, ар къызыгурымыIуэу щIэнакIэхэр куэд мэхъу. Тхьэр зи фIэщ хъухэм ар хьэкъыу ящтэ. КъагурыIуэну хуейхэм ягурыбгъэIуэфынущ. Ауэ гъуэщахэр унэхъуащ. Мыбдежым КъурIэным «гъуэща» жыхуиIэр инату Тхьэм пэщIэувэхэращ, а инатхэр Къемэт махуэм пшынэнущ.
[10]Мы Iэятым зи гугъу ищIыр Муса бегъымбарым, ГIиса бегъымбарым къахуригъэха фIыцIагъэхэр зыгъэутхъуахэращ. А фIыцIагъэхэм Мухьэмэд бегъымбарыр къызэрыкIуэнур ита пэтми, къыщыкIуэм бгъэдэувакъым, пэщIэувахэщ. Ар Тхьэм и псалъэм епцIыжыныгъэщ, гунэхьышхуэщ, Къемэт махуэм япшыныжынущ. «Зэпызыудхэр» жыхуиIэр: благъэ, Iыхьлы зыгъэбийхэращ.
[11]Мы Iэятым мыгIэнэшхуэ иIэщ диныр уи фIэщ хъунымкIэ. УщымыIэу укъэзыгъэщIар, узыгъэлIэжынур, укъэзыгъэтэджыжу зи пащхьэ уихьэжынур къабыл умыщIыныр инатыгъэщ. Ар куэдрэ КъурIэным къыщыкIуэ псалъэщ, Алыхьыр зэрыхьэкъыр иригъэнаIуэу.
[12]Мы Iэятри КъурIэным и купщIхэм ящыщщ.
[13]30-33 Iэятхэр зытепсэлъыхьыр Алыхьым Iэдэм къыщигьэщIа зэманыращ.
[14]40-43 Iэятхэр зыхуэгъэзар Муса бегъымбарым и диным итхэу КъурIэныр зымыщтахэращ. (Ауэ ар дэтхэнэ зы цIыхуми хуэгъэза ущиеу къэлъытэн хуейщ) «Незгъэхьауэ фэ фIэщIэлъ тхылъхэр» жыхуиIэр Муса и Тауратыращ. Дин къабзэу щыта Тауратыр зэIагъэхьати цIыхур гъуэгу захуэм тришэжын щхьэкIэ ГIиса и Инджылыр къригъэхьащ; Инджылри зэIагъэхьати, цIыхур аргуэру гъуэгу захуэм теувэжын щхьэкIэ, КъурIэныр къахуигъэкIуащ. «Щхьэщэ зыщIхэм ядэфщI» щыжиIэкIэ къикIыр гупу нэмэз зыщIхэм ядэфщI жиIэу аращ.
[15]44-54 Iэятхэр зыхуэгъэзар IисраIил и щIэблэхэм я динзехьэхэращ.
[16]«Дуней псом фахэсIэтыкIат» щыжиIэкIэ IисраIил и щIэблэхэм фIыуэ яхуищIар, бегъымбарышхуэ (Iибрахим, Екъуб, Муса, ГIиса), пащтыхь Iущ къаритахэр, хэку дахэкIэ къазэрыхуэупсар ягу къигъэкIыжу аращ.
[17]Мы Iэятым зи гугъу ищIыр Къемэт махуэращ. А махуэм гуэныхь зытелъхэм гIэзабкIэ япшыныжынущ; гуэныхьыр зыми щхьэщихыфынукъым, ахъшэкIи мылъкукIи пхуэгъэункIыфIынукъым. Езы Тхьэм къыпхуимыгъэгъумэ.
[18]Мы Iэятым зи гугъу ишIыр: ФиргIэун мэгъухэм (удхэм), къыжраIат IисраIил лъэпкъым бегъымбар къазэрыхэкIынури, ар къимыгъэхъун папщIэ, щIалэ цIыкIуу къалъхур иригъэукIырт, хъыджэбзхэр къигъанэурэ, игъэпщылIын щхьэкIэ.
[19]Мы Iэятым зи гугъу ищIыр Муса и цIыхур, ФиргIэун IэщIэмыкIуэдэн щхьэкIэ Мысырым
къщришым, ФиргIэун и дзэр щIыгъуу къыкIэлъежьэри хым къыщысхэм, Муса и башымкIэ хэуэри, хыр зэгуэуащ. IисраIил и лъэпкъыр зэпрыкIа нэужь. ФиргIэун и дзэри зэпришын и гугъэу якIэлъыкIуащ, арщхьэкIэ хыр зэгуэуэжри псори итхьэлащ.
[20]Мы Iэятыр зытеухуар: Муса Тхьэм епсэлъэну, жэщ-махуэ плIыщIкIэ СинаI бгым щыдэкIам щыгъуэ, Iисраил и щIэблэхэр Алыхьым епцIыжри, дыщэр танэ сурэту ягъэжщ аби, хуэпщылIу щIадзащ, абык1и Тхьэм игу зрагъэбгъащ.
[21]Мы Iэятым Муса и Тхылъ жыхуиIэхэр Тауратыращ. "Хьэрэм-хьэлэлыр зэхэзыгъэкI" жыхуиIэр, Фуркъан жыхуаIэ тхыгъэращ. Абы щызэхуэхьэсащ Тхьэм къахуигъэкIуа хабзипщIыр.
[22]"ФызэрыукIыж" жыхуиIэм къикIыр: Тхьэм гъусэ хуэзыщIыр ФызэрыукIыжмэ нэхъыфIщ, ари хьэрэм пэтми жыхуиIэщ. IисраIил и щIэблэхэр зэрыукIыжу щыхуежьэм Муса яхуэлъаIуэри гущIэгъу къахуищIащ, къахуигъэгъуащ.
[23]IисраIил и бынхэр танэм хуэпщылIа нэужь къахуигъэгъун папщIэ Тхьэм елъэIунхэм Муса тхьэмадэ блыщI и гъусэу СинаI дэкIащ. Тхьэмадэхэм Муса жраIащ: "Тхьэм тхуелъэIу и макъыр зэхэтхыну". И макъыр щызэхахым жаIащ: "Тхьэр дымылъагъуу ди фIэщ хъунукъым". Абдежым Тхьэм и IэмыркIэ уафэхъуэпскIым зэтрисхьахэщ. Муса гъыурэ Тхьэм еупщIащ: "Сыт напэкIэ си лъэпкъым сахыхьэжыну я тхьэмадэхэр си мыгъусэжу". Муса и лъэIур къыхуищIэри зы жэщ-махуэкIэ щылъахэр къигъэхъужащ.
[24]Ныбгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмрэщ жыхуиIэр.
[25]Мы Iэятым зы гугъу ищIыр тхьэмадэ блыщIыр СинаI щыдэкIым жьауэ къатригъэщIат дыгъэм имысын папщIэ, IисраIил и лъэпкъри ерыскъыкIэ гугъу щехьым шхыныгъуэ IэфIхэр уафэм къахуригъэхат. Тхьэм фIыуэ къуахуищIар зэрызэхамыщIыкIар Iисраил и лъэпкъым езыхэм зрахыж лейуэ къелъытэ, армыхъуамэ Езы Тхьэм къылъыс лейуэ къилъытэркъым: цIыхум я зэран Тхьэм ирагъэкIыфынкIэ Iэмал иIэкъым.
[26]Мы Iэятыр зытепсэлъыхьыр Iисраил и лъэпкъыр мэжащIалIэ хъуати къажриIащ: «Мы къужэм фыдыхьи зывгъэнщIыху фыщышхэ, ауэ щхьэщэ фщIыурэ. Тхьэм фелъэIуу фыдыхьэ». Ауэ дэIуахэкъым, щьэщэ ящIын ягу имыдэу пхэщIкIэ тесу дэфэкъуащ. А фэсадыгъэм къыхэкIкIэ емынэ узыр къахигъэхьащ.
[27]60-62 Iэятхэм зи гугъу ищIыр IисраIил и щIэблэхэр Мысырым (Египетым) къыздикIым, лъэпкъыр псы щхьэкIэ мэх хъури, Муса Алыхьым елъэIури мы КъурIэным зэритым хуэдэу къыхуищIащ. IисраIил и щIэблэхэм яужэгъуа шхыныгъуэр 61-нэ Iэятым къыхэщыр ахэр мэжащIалIэ щыхъум къахуигъэкIуа ныбгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмрэщ.
[28]«Бгыр къыфщхьэщыдгъэуващ» жыхуиIэм къикIыр: Алыхь Талэм Тауратыр
[29]Муса бегъымбарым и зэманым быныншэ бей гуэр псэут. Ар лIэмэ, абы и мылъкур хабзэкIэ зылъысын хуейр и къуэшым и къуэрат. Мылъкур нэхъ псынщIэу зыIэригъэхьэн щхьэкIэ, щIалэм и адэкъуэшыр иукIыжри, жэщу нэгъуэщIым кIэщIидзащ, кIийуэ хуежьащ: «Уэихь, си адэкъуэшыр яукIащ!» жиIэри. ЗыукIар къащыхуэмыщIэм, цIыхухэр Муса деж макIуэ ечэнджэщыну. Муса Тхьэм йочэнджэщри, абы къыжриIар цIыхум яжреIэж: «Жэмыгъуэ курыт щIамыщIа къабзэ фыукIи, абы и Iэпкълъэпкъым ящыщ гуэркIэ хьэдэм феIусэ!» жеIэри. ЦIыхухэм апхуэдэу щащIым, хьэдэр къохъуж аби, зыукIар къажреIэри мэлIэж. Арати щIалэр щIэиныншэ мэхъу.
[30]«Абыхэм яхэтщ...». Зи гугъу ищIыр ехьудхэм я дингъуазэхэращ Тауратым итхэр къызыгурыIуэу еджахэращ.
[31]«ФIыцIагъэм итхэр...». Зи гугъу ищIыр Муса бегъымбарым къыхуригъэха Тауратыращ, абы итщ Мухьэмэд бегъымбарым теухуа псалъэхэр.
[32]«Тхылъ зытхыу...». Зи гугъу ищIыр Тауратым хэпщэфIыхьыжахэращ: Тхьэм и псалъэр зэзыхъуэкIыу езыр зыхуейр изытхэхэращ.
[33]ГIэрып лъэпкъитI зэбийт Iэусхэмрэ Хъэзрэджхэмрэ. Хъэзрэджхэм журт лъэпкъ Бэну Нэдирыр телъхьэ яхуэхъурт, Iэусхэм Бэну Къурейжьэр ягуэувэрти ядэзауэрт. Апхуэдэм дежи езы журт лъэпкъитIри зэзэуэжу къыщIидзырт. Ар Тауратым игъэхьэрэмат, журт лъэпкъитI зэзэуэж мыхъуну. Мыбдеж зи гугъу ищIыр аращ.
[34]«Нэщэнэхэр» жыхуиIэр ГIиса зэрыбегъымбарыр къэзыгъэнаIуэ нэщэнэхэращ: лIахэр къигъэтэджыжыфырт, нэфхэр къигъэплъэжыфырт... Тэфсирым зэрыжиIэмкIэ, Псэ лъапIэм къригъэкIыр ДжэбрэIил мелыIычращ.
[35]«Езыхэм яIэщIэлъым» — зи гугьу ищIыр иужькIэ зэрахъуэкIыжа Тауратыращ: абы итащ Мухьэммэд бегъымбарыр къызэрыкIуэнур.
[36]Тхьэм и ФIыцIагъэ лъапIэр КъурIэныращ.
[37]«Езыхэр зыщыгъуазэ бегъымбарыр» - зи гугьу ищIыр Мухьэмэд бегъымбарыр къызэрыкIуэнур Тауратым иту зэрыщытаращ.
[38]«Езым и нэфIыр зыщыхуам къызэрылъысыр» - журтхэр зыпэплъар журт бегьымбарти, ар гIэрыпу къыщыщIэкIым, ямыдэжауэ аращ.
[39]Муса Тхьэм епсэлъэну СинаI бгым щыдэкIам, махуэ плIыщIкIэ къэтати, и цIыхухэр Тхьэм епцIыжри, дыщэр танэ теплъэ иIэу ягъэжри абы хуэпщылIу щIадзати, аращ мыбы зи гугъу ищIыр.
[40]«ДжэбрэIил зыгъэбийхэм» - зи гугъу ищIыр журтхэращ. Ахэр Бегъымбарым къеупщIащ: «Бегъымбар псоми мелыIыч зырыз къахуэкIуэу щытащ, уэ къыпхуэкIуэр хэт?» - жаIэри, «Сэ къысхуэкIуэр ДжэбрэIилщ», щыжиIэм, журтхэм ар ядакъым: «ДжэбрэIил зауэрэ банэрэ фIэкIа къихьыркъым, ар дэ ди бийщ: МэчрэIилу щытамэ, уи Iумэтым дыхыхьэнт», - жаIэри.
[41]«Ипэрей фIыцIагъэхэри» Забурыр (Дауд бегъымбарым къыхуеха фIыцIагъэращ),
Тауратыр (Муса бегъымбарым къыхуеха фIыцIагъэращ), Инджылыр (ГIиса бегъымбарым къыхуеха фIы-цIагъэращ).
[42]«Iэят нахуэхэр» - Уэ узэрыбегъымбарыр зыгъэнаIуэхэр жыхуиIэщ, тэфсирым зэритымкIэ.
[43]«ШейтIаным къаригъэлъэгъуa гъуэгум» - щхъухьпсыхьыр къэгъэсэбэпыным зэрыпыхьам жыхуиIэщ
[44]«Сулимэн джаур хъуатэкъым...» Журт ефэндыхэм Сулимэн щхьэкIэ жаIэрт: «Ар бегъымбаркъым, атIэ щхъухьпсыхьзехьэу арат», - жаIэурэ. Сулимэн щхъухьпсыхькIэ зэран ищIэртэкъым, сэбэп хъу фIэкIа.
[45]«Бабил» урысым Вавилон жыхуаIэ къалэращ.
[46]«Хьэрутрэ Марутрэ нахуэкIуа щIэныгъэри ...» Зи гугъу ищIыр щхъухьпсыхь Iэмалхэращ: абы цIыхухэм зыщахъумэфыну ирагъащIэрт.
[47]Мыбдежым ехьудхэмрэ чыристанхэмрэ я щоджэнхэм диным къыхахьа инатыгъэр къигъэнаIуэу аращ. Ислъамым Тхьэр закъуэщ жызыIа дэтхэнэри, и гуэныхьыр ипшыныжа нэужь, жэнэтым кIуэну къелъытэ (Хьэфиз Шэмсэдин Iэл-Дэхэбий Гуэныхьышхуэхэр. Каир, «Дар Iэл-Сэлам», нап. 35).
[48]Зи гугъу ищIыр Муса бегъымбырым къыхуэкIуа Тауратымрэ ГIиса къыхуэкIуа Иджылымрэщ.
[49]Зи гугъу ищIыр Тауратми Инджылми емыджауэ Мухьэмэд бегъымбарыр зи фIэщ
мыхъухэращ.
[50]Мы Iэятыр къыщIехар жэщым гъуащэу къэблэр къэзымыхутэфахэм я нэмэзым шэч къытрахьэжати аращ.
[51]Мыбдежым: Тхьэм и гъуэгум тетыр жэнэтым зэрыкIуэнур яжепIэурэ гъэгуфIэ; Тхьэм и гъуэгум темытхэр жыхьэнмэкIэ гъэшынэ жихуиIэщ.
[52]Зи гугъу ищIыр Муса и зэманым щыIа журтхэращ (Екъуб и щIэблэхэращ).
[53]Тхьэм Ибрахьим зэригъэунэхуа Iуэхугъуэхэр: а) Ар и лъэпкъэгъухэм мафIэм щыхадзэм щыгъуэ зэщIэкIуэжакъым (и диныр IэщIыб яхуищIакъым); б) А зэманым пащтыхъу щыIа Нэмруд и деж Тхьэм и унафэкIэ щымэщынэу кIуэри едэуащ Алыхьыр зэрызакъуэр гуригъэIуэн и гугъэу; в) И диным емыпцIыжын щхьэкIэ и хэкури и лъэпкъри ибгъынэфащ; г) Ибрахьим пщIыхьэпIэу илъэгъуат и къуэ нэхъыщIэ ИсмэгIилыр Тхьэм тыхь (къурмэн) хуищIын хуейуи, къэмыланджэу ар игъэзэщIэну щыхуежъэим, Тхьэм и унафэкIэ мелыIычхэм, къурмэныпхъэу щынэ къыхуашэри, щIалэ цIыхIур къригъэлащ.
[54]"Ибрахьим и увыпIэр..." Зи гугъу ищIыр Чэбэ щаухуэм Iибрахьим нэмэз щIыпIэу иIаращ.
[55]"Си унэр ягъэкъэбзэну..." Чэбэр тхьэнэпцI сурэтхэм, гуащэхэм щахъумэну жыхуиIэщ.
[56]«ЩIэсынухэм» - муслъымэн хабзэм тету Iибрахьим и зэманми ноби махуэ зыбжанэкIэ Тхьэ елъэIуу, нэмэз ящIу мэжджытым щIэсхэращ зи гугъу ищIыр.
[57]«Зи щхьэ щIым зыгъэтIылъхэм» нэмэз зыщIхэращ жыхуиIэр.
[58]«Алыхьым ицхьэкIэ фыкъыдэдауэрэ» - Ехьудхэмрэ чыристанхэмрэ «Тхьэр зейр дэращ, фIыцIагьэ зыхуигъэкIуари дэращ, бегъымбархэр къызыхэкIри дэращ!» жаIэурэ къедауэрти, абы и жэуап тэмэмыр мыбдеж щагъуэт.
[59]Тауратми Инджылми иту щытат Мухьэмэд бегьымбарыр къызэрыкIуэнури, ар ехьудхэми чыристанхэми яущэхуащ.
[60]ЦIыхухэм лIыкIуэ яхуэдгъэкIуауэ зэрыщытымкIэ, Мухьэмэди диныр къызэрыфлъигъэIэсамкIэ, жыхуиIэщ.
[61]«АтIэ, япэм тщIа нэмэзхэр кIуэдыну?» жаIэу щIэупщIахэм я жэуапщ: «Iиман уиIэу пщIа нэмэзым кIуэд иIэкъым» жыхуиIэщ.
[62]Мэжджыт ЛъапIэ — Чэбэращ. Езы КъурIэным зэритыр «Мэжджыт хьэрэм» жиIэущ. Абы къикIыр хьэрэм щыблэжь мыхъу щIыпIэ жиIэу аращ. АдыгэбзэкIэ абы нэгъуэщI къикIырти, дэ и мыхьэнэ дыдэр къатщтэри дэнэ дежи «Мэжджыт лъапIэ» жиIэу щыттхащ.
[63]Мыбдежым фIыцIагъэ зухужиIэр: Тауратыр, Инджылыр, КъурIэныр аращ.
[64]Къэблэр зэрызэрахъуэкIар жиIэу аращ.
[65]Зи гугъу ищIыр нэхъапэм Мухьэмэд и Iумэтхэм я нэмэзлъыкъхэр КъудусымкIэ (ИерусалимкIэ) ягъазэу щытати, журтхэм кърахъуэнырт: ди диныр бдэркъым, ди къаблэмкIэ зогъазэри нэмэз уощI! — жаIэурэ.
[66]Мэчэ Зэм-Зэм псынэм пэгъунэгъуу щыIэ Iуащхьитщ, ИсмагIил бегъымбарым и анэ Хъэджэр Тхьэ зэрыщIэлъэIуам папщIэ хьэжыщI кIуэхэм ахэр къакIухь.
[67]КъызэрыбгурыIуэн хуейр: Тауратым ита пэжыр зэрахъуэкIащи аращ, гIэзаб къащIытехуэр.
[68]КъызэрыбгурыIуэн хуейр: пэжым пэжыжьэ хъуахэщ, жиIэущ.
[69]Нэхулъэр къызэкIэщIитхъыху, жыхуиIэщ.
[70]Муслъымэнхэм яхэтщ нэщI мазэм и иужьрей махуипщIым мэжджытым щIэтIысхьэрэ къыщIэкI ямыIэу Тхьэм хуэпщылI.- Ар фарзкъым, гупыкIщ - зэманым ахэр бзылъхугъэ екIуалIэ хъунукъым жэщми махуэми.
[71]ЖэхьилзэманымхьэжыщIкIуэнузызыгъэхьэзырхэмяхабзэщ, къыщысыжкIэ, унэбжэмкIэщIэмыхьэжу, унащхьэмкъихьэпIэхуащIрэабыкIэкъихьэжу, мыбдежАлыхьымщимыгъэдахэрахабзэращ.
[72]МазэлъапIэмпэкIуэумазэлъапIэ—жиIэмэ: мазэлъапIэмкъывэзауэмэ, фэрифезэуэж, жыхуиIэщ - абыгуэныхьпылъкьым.
[73]"ЛъапIэныгъэхэр [зыгьэпудыр] пэвгъэуджэж" - мыбдежымитгIэрыппсалъэргурыIуэгьуейти, мыпхуэдэузэддзэкIащ. ТэфсирымзэригъэнаIуэрмыращ: ЩIыхьзыхуэщIыпхъэмхуамыщIузыгуэрхэркъозауэмэ, уэриащIыхьымуемыплъуезэуэж. АпсалъитIримыгIэнэкIэзэпыщIащ.
[74]Хьэжырумыухыууищхьэрбупсипщыихъунукъым. АуэлажьэмкъыхэкIыуиупсынхуейхъумэ, махуищкIэунэщIыжынегъавэпщалъищ (меркIищ) тхьэмыщкIихымяритын, езымэлнэхьмыхъумикъурмэнуиукIынхуейщ.
[75]Мазэхэхахэрщ”— хьэжщащIыр, зулхьиджэмщыщуяпэреймахуипщIыращ.
[76]ГIэрэфат - Мэчэмкилометр 11-кIэпэIэщIэIуащхьэлъапIэцIыкIущ, хьэжзыщIхэрабызыжэщтолъ.
[77]"ЩIыпIэлъапIэ" —МуздалифэкIэзэджэщIыпIэращ: ГIэрэфатрэМинэкъуэладжэмрэякумхуозэ. ЗэрыжаIэмкIэ, мыбдежбегъымбарыркуэдрэТхьэщелъэIуриинэкIуркъэнэхугьат. АбыкъыхэкIкIэхьэжыщIхэращIыпIэлъапIэмкIыхьуТхьэщолъэIу.
[78]МуслъымэнымипэкIэхьэжзыщIхэрялъэпкъырягъэлъэпIэнымкIэзэпеуэрт. АращмыбдежзигугъуищIыр.
[79]Динымзырихэбдзхъунукъым, мамырыгъэмфыхущIэкъу, жыхуиIэщ.
[80]"ИгъэгуфIэну" —АлыхьымхуэжыIэщIэхэмжэнэткъазэрыпэплъэмкIэцIыхуригьэгуфIэну, жыхуиIэщ.
[81]"Игьэшынэну" —АлыхьымхуэмыжыIэщIэхэмжыхьэнмэркъазэрыпэплъэмкIэигьэшынэну, жыхуиIэщ.
[82]Динымурихунукъозауэмуэриуезэуэжынууикъалэнщ, жыхуиIэщ.
[83]"Майсыр" —ахъшэзэпилъхьэууджэгуныращ, сытхуэдэджэгукIэирехъуи: къыумылэжьаджэгукIэкъэпхьэхунырхьэрэмщ.
[84]"Мушрик" жыхуиIэрАлыхьымIыхьэгъухуэзыщIыращ.
[85]ЩIапхъэгуэрумыщIэнуТхьэпIуамэ, ущIегъуэжауэкъэбгъэзэжынуухуеймэ, арупшыныжмэхъумахуищнэщIкIэ, епщылIщхьэхуитпщIыжмэ, етхьэмыщкIипщIбгъашхэмэ.
[86]НэгъуэщIужыпIэмэ, пIалъэримыкIыуекIуалIэмэ, итхьэрыIуэрпшыныжынхуейщ. ПIалъэрикIмэ, еIусэнухуитыжыххэкъым.
[87]НэгъуэщIужыпIэмэ, бзылъхугъэрщэнейфIейхъухукIэ.
[88]ЛIымихуитыныгъэрщIэнэхълъагэрабыунагьуэригъэпсэунзэрыхуейращ, еплъе 4-нэсурэмиIэят 34-м.
[89]СабийзыщIэсанэриригъэкIыжамэ, анэмрэсабиймрэязуэпэнымрэягъэшхэнымрэизыгъэкIыжалIымипщэкъыдохуэ.
[90]ЗиадэлIасабиймимылъкурзезыгъакIуэмкъытохуэфызирагъэкIыжамихуэпэн -гъэшхэныр.
[91]"Нэчыхьуасэ" —шэригIэтымзэрыжиIэмкIэ, нэчыхьырщатхымдежзинэчыхьятхнысащIэмтыгъэхуащIеахъшэехьэпшып. НэчыхьырятхынипэкIэнэчыхьуасэрзихуэдизынумкIэзэгуроIуэ. АбыизыIыхьэрнэчыхьырщатхкIэират, къэнареирагьэкIыжхъумэеищхьэгъусэрлIэмэ, итIанэират.
[92]"НэчыхьырзиIэмыщIэилъыр" —фызымиуэчылыращ. НэчыхьуасэритамэныкъуэрзыгъэгъунухуитырлIыращ, имытамэзыгъэгъунухуитырфызыращ.
[93]ЗигугьуищIырМусакъыхуэкIуаТауратырдэлъукIуэдапхъуантэлъапIэращ. АлыхьымигупсэхугъуэкIэ (сакинэкIэ) зэджэриаращ. ТауратымнэмыщIабыдэлъынущМусарэХьэрунрэябашыр, ящыгъынхэр.
[94]3игугъуищIырГIисаителъыджэхэращ: нэфыркъигъэплъэжу, сымаджэригъэхъужу, лIapкъигъэпсэужу... Еплъсурэ 3, Iэят 12: сурэ 5, Iэят 110; сурэЗ, Iэят 46; сурэ 3, Iэят 49-хэм.
[95]”ПсэАущзигугъуищIырДжэбрэIилмелыIычыращ.
[96]"АлыхьымфIэфIырещIэ - щIапхъэрещIэжыхуиIэщ.
[97]Икъарум, ищIэныгъэмпсорикъызэщIеубыдэ, жыхуиIэщ.
[98]ТIагъуутхэр —АлыхьыркъримыдзэутхьэуэзызыгьэIухэр, тхьэнэпцIхэр, лейзэхьэхэращ.
[99]Нозыр – Тхьэр къызэрыбгъэгугъаращ. Ар хьэлэлмэ, 1эмал имы1эу бгъэзэщ1эн хуейщ.
[100]Ахъшэтелъхьэ – щIыхуэуптыахъшэмкъыпэкIуэпроцентыращ. Хьэрыпым «Риба» жыхуаIэращ.
[101]АлыхьымрэилIыкIуэмрэязауэр – Алыхьымкъигъэуваэкономикэхабзэмуебакъуэмэ, ухилъэфэнущ, ахъшэзэфIэхьымфигъуэнэхъунущ.
[102]ЛIыкIуэхэрпсориАлыхьымкъызэригъэкIуардифIэщмэхъу, жыхуиIэщ.
[103]КъурIэнымипэкIэкъехафIыцIагъэхэращжыхуиIэр.
[104]ФуркъанзыхужаIэрКъурIэнырщ, IеймрэфIымрэзэхэзыгъэкIжиIэукъокI.
[105]МэрямианэмнозырищIат, кьилъхуртхьэлъэIупIэмиритыну, абынэмэзщищIуигьащIэрщихьынщхьэкIэ (монаххэмхуэдэу).
[106]АлыхьымипсалъэкIэзэджэрГIисабегъымбарыращ, арТхьэмипсалъэкIэадэншэу
къалъхуащи.
[107]Масихь —фIэрафIэ, пэжымиIуатакIуэ, IеймрэфIымрэзэхэзыгьэкI, АлыхьымигьэлъэпIацIыху; зыхужаIэхабзэрГIисабегъымбарыращ.
[108]Хьэуарий —ГIисагъусэхуэхъуацIыхущыпкъэхэращ.
[109]ЗигугьуищIыр: журтхэмГIисаяукIынмурадящIати, арАлыхьымкъищIэриIэмалкIэкъригъэлащ.
[110]Узэрыщыту —мыбдежитгIэрыппсалъэммыгIэнитIиIэщ-япэр: «зырикъыпщымыщIу», етIуанэр: «уигъащIэруэзгъэухынщ». ЧыристанхэметIуанэмыгЬнэркъащтэри, ГIисаяукIауэкъырагъэкI.
[111]ФызыщыгъуазэмкIэфызэныкъуэкъуащ —инджылымПисаизэмаеымщыгъуазэфищIати, фыныкъуакъуэхъуащ, жыхуиIэщ.
[112]ФызыщымагъуазэмкIэмытфыщIэныкъуакъуэр, —фэфызыщымыгъуазэIибрахьимехьудчыристанфщIынущхьэфыныкъуакъуэрэ, жыхуиIэщ.
[113]ФIыгъуэр—тэфсирымзэрыжиIэмкIэ, мыпсалъэммыбдежкъыщикIырбегъымбарыращ.
[114]Емыджахэм—МыржызыIэржуртхэращ, зыхужаIэрезымядинымимытхэращ.
[115]Фасикъ —АлыхьырифIэщхъуауэхуэмыжыIэщIэращ.
[116]ЦIыхурхуитщIиманкъихьынумикъимыхьынуми. МыдрейкъэгьэщIыгъэхэр (вагъуэхэр, мазэр, ...) хэдэнухуимыту, АлыхьымихабзэмтетынукъигъэщIащ.
[117]IисраIилхьэрэмзыхуищIыжармахъшэлыращ. Тэуратымархьэрэмымхибжэркъым, ауэабы, Тауратымигъэхьэрэмащкхъуэлыр, фадэр. АуэахэрзэрыхьэрэмырIинджылымирахыжащ.
[118]ЗигугъуищIырхьэжыщIздэкIуэЧэбэращ.
[119]АлыхьымидинырбыдэуфIыгъ, жыхуиIэщ
[120]АлыхьымикIапсэмрэцIыхумякIапсэмрэфымыIыгъммэ- Алыхьымрэмуслъымэнхэмрэкъамыхъумэмэ, ябгъэдэмыувэмэ, жыхуиIэщ.
[121]ЯщхьэрягъэтIылъ —нэмэзжыхуиIэщ.
[122]Бэдыр (зауэ) —хьиджрэмкIэ 2-нэгъэмМадинэрэпэгъунэгъуукъыщыщIэжБэдырпсынэмдежМухьэммэдигъусэхэмрэибийхэмрэщызэзауэри, муслъымэнхэртекIуащ.
[123]ЗэщIэмыкIуэжудинпэжырзыIыгъхэм, жыхуиIэщ.
[124]ДунейхьэхумифIыгъуэмщхьэкIэзауэмахърэтымпсапэщиIэкъым, дунеягъэкIэкъыIэщIыхьамфIэкIа, АлыхьымпапщIэзауэмдунеймкъыхэхъуарияйщ, ахърэтмидетэнущжыхуиIэщ.
[125]ХьиджрэмкIэ 3-нэгъэмIухьуддежджаурхэркъатекIуэрицIыху 70 къыхаукIыкIати, аращщIэтхьэусыхэр.
[126]БэдырзауэммыслъымэнхэрщатекIуэриджаурхэм 70 хаукIыхьащ, 70 гъэркъащIащ. Аращ хуэдитI жыхуиIэр.
[127]Iэят 181,182,183-хэр зытеухуар журтхэращ.
[128] Тэфсирым зэрыжиIэмкIэ, тыхьыр къэзыхьа бегъымбарым уафэм къришэха мафIэмкIэ а тыхьыр игъэсыжын хуейт, цIыхухэм я фIэщ хъун щхьэкIэ. Арпасэрейжуртхэмяхабзэущытащ.
[129] "Лъхуалъэри" щыжиIэкIэ къригъэкIыр зэIыхьлыхэращ.
[130] Зи гугъу ищIыр бын зиIэ фызабэхэр, пхъужьхэр аращ.
[131] НэгъуэщIу жыпIэмэ чэрэчэкIэ ягуэшыж.
[132] Зэран яхуэмыхъумэ – Мухьэммэд бегъымбарым зэрыжиIамкIэ уэсят пщIыну узыхуитыр уи мылъкум и Iыхьэ щанэращ. Адрейр, щIыхуэр хэкIыжа нэужь къэнар, щIэиныр зейхэм трагуашэ.
[133] Iэбу Муслим Iэл-Iэсфэхани зэрыжиIэмкIэ, мыбдеж зи гугъу ищIыр бзылъхугъитI щызэкIуэлIэжыращ.
[134] Ардыдэм зэрыжиIэмкIэ, мыбдежым зи гугъу ищIыр цIыхухъуитI щызэкIуэлIэжыращ.
[135] ШэригIэтым ипэкIэ гIэрыпым я хабзащ, лIыр лIамэ, и фызхэр щIэиным щыщу ягуэшыжу.
[136] Зи гугъу ищIыр зинэ къыIэщIэщIэнкIэ шынэхэращ.
[137] Зи гугъу ищIыр гIэрыпым я хабзэращ: тхьэрыIуэкIэ зэувэлIахэр щIэинымкIи зэдэгуашэрт.
[138] «Феуэ» жыхуIэм къикIыр, удын томыдзэу зэрыщыуар къыгурыбгъэIуэжыну аращ. А псалъэм нэгъуэщI мыгIэнэ иIэщ: «ЦIыху яхэвмыгъэхьэ» - жиIэу.
[139] Фи пщылI, унэIутхэм фIыуэ фахущыт, жыхуиIэщ.
[140] Апхуэдэ зыгъэкъэбзэжыкIэращ «тэеммум» жыхуаIэр.Еплъ Сурэ 5, Iэят 6-м.
[141] «Дыкъэхъумэ» гIэрып псалъэр зыбгъэбзэгурэфу къыщупсэлъкIэ еIуящIэ къокI.
[142] ТIэбари и тафсирым зэрыжиIэмкIэ, мыбы зи гугъу ищIыр Алыхьым и быну, гуэныхьыншэу зызыбжыж ехьудхэращ.
[143] Джибт – тхьэнэпцI.
[144] Еплъ «Жэмыр» жыхуиIэ сурэм и 256 Iэятымрэ и тэфсирымрэ.
[145] Мы Iэятыр зыхуэгъэзар, Мухьэмэд къазэрыхэкIам щхьэкIэ, гIэрыпхэм яфыгъуэ ехьудхэращ.
[146] КъурIэнымрэ суннэтымрэ зэрыжаIэм хуэдэуэ хей фщIэ, жыхуиIэщ.
[147] Мыбдеж зи гугъу ищIыр ехьудхэм я унафэщIщ.
[148] Зауэныр щывгъэт, жыхуиIэщ.
[149] Муслъымэнхэр Мэчэ дэсыху зауэну хуитакъым.
[150] Я IуэхущIафэм уеплъу тезыр теплъхьэну аракъым, жыхуиIэщ.
[151] НапитIхэр — зы жаIэу нэгъуэщI ящIэу, джаур гъэпщкIуауэ псэуати, Алыхьым джаур наIуэ ищIыжащ, жыхуиIэщ.
[152] Iибн Кэсир и Тэфсирым зэритымкIэ, зи гугъу ищIыр зи хущхьэ хъум и бзухэращ.
[153] Зи гугъу ищIыр Мэчэ къыдэнэу джаурым яхэсу дунейм ехыжа мыIуминхэращ.
[154] ТIэбари и тэфсирым зэрыжиIэмкIэ, зи гугъу ищIыр бзылъхугъэцIэ зиIэ тхьэнэпцI сурэтхэращ.
[155] Хьэниф — гъуэгу захуэм тет, дин пхэнжыр зымыдэ.
[156] Пасэрей гIэрыпхэм фызабэ дахэм нэчыхьыпщIэ ирамыту къашэрт, мыдахэмэ, и мылъкум щхьэкIэ дамыгъэкIуэжу лIэжыху щагъэст: сабий ибэхэми щIэиныр лъагъэсыжыртэкъым. Ар Алыхьым и диным игъэдурысыркъым.
[157] Фи мылъку фыщымысхьу, зыгуэр зыхуэвгъэкIуатэу, дахэ зэхуэфщIэурэ, фызэкIужыныр нэхъыфIщ, жыхуиIэщ.
[158] Тхьэр къагъапцIэ ягугъэурэ, Къемэт махуэм яригъэпшыныжынущ, жыхуиIэщ.
[159] Еплъ «Жэмыр» сурэм и Iэят 50-мрэ абы и тэфсирымрэ.
[160] Еплъ «Яасин» сурэм и Iэят 46-мрэ абы и тэфсирымрэ.
[161] Еплъ «Жэмыр» сурэм и Iэят 58-мрэ абы и тэфсирымэ.
[162] Еплъ «Жэмыр» сурэм и Iэят 65-мрэ абы и тэфсирымрэ.
[163] Алыхьым къригъэха ФIыцIагъэхэм ящыщ, Iущыгъэ, Iиман къызыхэкI усагъэхэр иту. Урысым «Псалтырь» жыхуаIаращ.
[164]Зи гугъу ищIыр чыристанхэм Тхьэр щыуэ зэрызэгуагъэуваращ: Тхьэ адэ, Тхьэкъуэ, Тхьэ псэ Аущ – жаIэу. Урысым троицэ жыхуаIэращ.
[165]Мы сурэм и Iэят е 12-нэм еплъ.
[166]Алыхьым цIыхур зыхуэныкъуэр ещIэри, абы ипкъ иткIэ унафэр Iущу ещI жыхуиIэщ.
[167]ХьэжыщI щыкIуэкIэ, тыхь ящIыну зыдашэ Iэщхэр ягъэращIэращIэрт, зэрытыхьыр ягъэнэIун щхьэкIэ.
[168]МащIэу фыщыщытам щыгъуэ Мэжджыт лъапIэм фыщIэзымыгъэхьахэм лъэщ фыхъуа нэужькIэ фатегушхуэу фахуэмызалымыж, жыхуиIэщ.
[169]Жэхьил зэманым цIыхум хэхауэ яIащ тхьэнэпцIхэм тыхь щыхуащI щIыпIэ, абдежым щаукIар пшхыну хьэрэмщ.
[170]ГIэрыпхэм хабзэ яIащ, пхъэ зэпэплIимэ дырадзейуэрэ къыдэгъэзэяуэ къанэ лъэныкъуэм теттхар Алыхьым и жыIэу къалъытэу. Апхуэдэ хабзэкIэ бгуэшар Алыхьым егъэхьэрэм.
[171]Муса бегъымбарми ГIиса бегъымбарми я диным хьэрэм ищIат КъурIэным игъэхьэрэма шхыныгъуэхэр. Ауэ иужькIэ чыристэнхэр зэщIэкIуэжри фадэ ирафу, кхъуэл, нэгъуэщI хьэрэмхэри яшхыу щIадзэжащ. Ахэр муслъымэнымкIэ хьэрэмщ.
[172]Еплъ «Бзылъхугьэхэр» жыхуиIэ сурэм и 43-нэ Iэятымрэ и тефсирымрэ.
[173]Бегьымбарым быдагъэ щефщIылIам, жыхуиIэщ.
[174]Алыхьым щхьэкIэ фIы зыщIэхэм, щIыхуэ Езым ирата хуэдэ псапэу къаритыжынущ.
[175]Iимани гущIэгьуи хэмыхьэжу ягур быдэ хъуащ, жыхуиIэщ.
[176] ГIисарэ Мухьэмэдрэ яку дэлъ зэманыращ, жыхуиIэр.
[177] «Жэмыр» жыхуиIэ сурэм и Iэят 119-мрэ абы и тэфсирымрэ еплъ.
[178] Зи гугъу ищIыр ехьудхэм тхьэмадэ яхуищIа лIы пщыкIутIым ящыщ лIитIщ (еплъ мы сурэм и Iэят 12).
[179] МэкъумэшыщIэ Къабил нэхъыкIэу иIэр Тхьэм тыхь хуищIати, Iихакъым; Iэщыхъуэ Хьэбил тIыуэ иIэм я нэхъыфIыр тыхь ищIати, Iихащ. Къабил къэгубжьри и къуэшыр иукIыжащ. Аращ япэ дыдэу цIыхум цIыху щиукIар.
[180] КъуаргъитI зэзауэри зыр адрейм иукIащ, къэнам щIыр къритхъури лIар щIилъхьэжащ.
[181]Iэ ижьымрэ лъакъуэ сэмэгумрэ паупщIын хуейщ, жыхуиIэщ.
[182] Мухьэмэд «Зинэ зыщIэм чищэ феуэ», - жиIэмэ, арэзы фыхъу, ауэ мывэкIэ фыукIыну жиIэмэ хуэвмыдэ, жыхуиIэщ. Зинэ зыщIэр мывэкIэ укIын хуейуэ Тауратым итати, ехьудхэм зэрахъуэкIащ.
[183] Сабуни и тэфсирым зэритымкIэ, зэблырамыгъэхъуу зэрамыгъэхъуэкIыу езыхэм яIыгъ Тауратыр яхъумащ, жыхуиIэщ.
[184] Дуней фIыгъуэмкIэ, жыхуиIэщ.
[185] Тэфсирым зэрыжиIэмкIэ, КъурIэным Тауратыр зэблэзыхъухэмрэ зэзыхъуэкIхэмрэ ящехъумэ, абы ита пэжыр КъурIэнми къызэрыщыкIуамкIэ.
[186] Шэрихьэтыр къэкIуэн ипэкIэ, жыхуиIэщ.
[187] Алыхьым фIэлIыкIхэращ, жыхуиIэщ.
[188] «Жэмыр» жыхуиIэ сурэм и Iэят 256-м и тэфсирым еплъ.
[189] Мы Iэятыр къеха нэужь, бегъымбарым и щхьэхъумэхэр иутIыпщыжащ.
[190] СабиIыр пасарей диныжьщ, мажусийхэмрэ Тхьэр зыгъзакъуэхэмрэ якум дэту. Абы хабжэ Месопатамым иса хьэрранхэр, ноби Иракым ис мандейхэр. (ИСЛАМ Энциклопедический словарь. М., «Наука» 1991 н.201).
[191] Чыристанхэм жаIэ Тхьэр щыуэ зэхэту (Троица): Тхьэ Адэ, Тхьэкъуэ [ГIиса], Псэу Аущ. Апхуэдэу щыжыпIэм деж Тхьэм IыхьэгъуитI иIэ мэхъу, Ар КъурIэным джаурыгъэу къелъытэ.
[192]Къулъшырыфым [монастырь] къыщIэмыкIыу Тхьэм хуэпщылIхэращ (Чыристанхэм «монах» жыхуаIэращ)
[193]КъурIэныр зэрыхьэкъыр, ар къызэрыббгъэдэкIар, Мухьэмэди Уэ узэрилIыкIуэр зи фIэщ хъуахэм ящыщ дыщI, жыхуиIэщ.
[194]Бегьымбарым и зэманым зыкъомым фыз къамышэу, лы ямышхыу, абыкIэ Алыхьым хуэпщыл! ягугъэу ирагъэжьати, Алыхьым къахуидакъым: Алыхьым игъэдурысыркъым рухьбаныгъэр. Мухьэмэд бегьымбарым и хьэдисхэм ящыщ зым: «Исламым рухьбаныгьэ хэткъым»жеIэр.
[195]Мыбдежым: Алыхьым хьэрэм ищIахэм зыщахъумэмэ, жыхуиIэщ.
[196]Мыбдежым: Фадэмрэ ахъшэджэгумрэ зыщахъумэмэ, жыхуиIэщ.
[197]Мыбдежым: гуэныхь псоми щыпкъэу зыщахъумэмэ, жыхуиIэщ.
[198]Мы Iэятым зи гугъу ищIыр цIыхум хьэж щищIым деж щакIуэ зэрымыхъунуращ.
[199]Пигьэувын Iэщ имыгъуэтмэ, уасэ хуащIри абы къыщIэкI шхыныр тхьэмыщкIэм ярегьэшх.
[200]3ы тхьэмыщкIэм лъыс Iыхьэм зы махуэ хуэзэу унэщIыжын хуейщ.
[201]Мы Iэятыр къехын ипэкIэ хьэжыщ! ущыIэу къэбущэкIуаIамэ йр гуэныхь пщищIыркъым, жыхуиIэщ.
[202]Чэбэм цIыхум лей къыщылъыс хъунукъым, мазэ лъапIэми узауэ хъунукъым.
[203]Япэм фызыщIэупщIа куэдыр къыфхуигъэгъуащ, жыхуиIэщ.
[204]Бахьирэр — жэхьил зэманым щыIа хабзэщ: махъшэр тхуэ лъхуэрэ иужьрейр хъууэ къыщIэкIмэ, махъшэ анэм тхьэбзэ ирадзэрти, тхьэхэм я тыхьу яутIыпщыжырт, зыри еIусэнухуимыту.
[205]СаIибэр - жэхьил зэманым щыIа хабзэщ: лIыр зауэм къеламэ, е сымаджэу къэтэджыжамэ, е узыншэу зекIуэ къикIыжамэ, зы махъшэбз тхьэхэм я тыхьу иутIыпщыжырт.
[206]Уаидилэр — жэхьил зэманым щыIа хабзэщ: махъшэм зэкIэлъыкIуэу бзитI къилъхумэ, я тхьэхэм я тыхьу яутIыпщыжырт (мэлри япхуэдэу ящIу щытауэ жызыIи щыIэщ).
[207]Хьамир, жэхьил зэманым щыIа хабзэщ: махъшэхъум пщIы къыщригъэлъхукIэ, арикI я тхьэхэм я тыхьу яутIыпщыжырт.
[208]Мыбдежзи гугьу ищIыр ДжэбрэIил мелыIычыращ.
[209]Зи гугъу ищIыр къыщысынур цIыхум ямыщIэ, Езым ищIэж Къемэт махуэращ.
[210]Ахэр зыщIэнэкIа КъурIэныр зэрыпэжыр гува-щIэхами къагурыIуэжынущ, жыхуиIэщ.
[211]МелыIыч къехыу ар я фIэщ мыхъумэ абыхэм гIэзаб къатрилъхьэнут, жыхуиIэщ.
[212]МелыIычыр зэрымелыIычу къехмэ, ар цIыхум ялъагъун ялъэкIынутэкъым, нурым къыхэщIыкIащи. ЛIы теплъэ иIэмэ: «Мыр дэ тхуэдэ цIыхущ», - жаIэнурэ я фIэщ хъунутэкъым.
[213]Абыхэм я гум тебзэ хуэзыщIари, я тхьэкIуиэхэр зыкудар я джаурыгъэращ.
[214]КъызэрыбгурыIуэн хуейр: Алыхьым дэтхэнэ цIыхуми къыхихыну гъуэгумкIэ хуитыныгьэ иритащ; хуеямэ, а хуитыныгъэр яримыту псори зы гьуэгум тришэфынут.
[215]Нэхъыбэм ямыщIэу жыхуиIэр телъыджэр къеха нэужь, ар зи фIэщ мыхъуахэр зэрытекIуэдэнуращ.
[216]Дахэу япежьэ, жыхуиIэщ.
[217]Джаурхэм бегъымбарым къыпаубыдырт: «Мы уэ жыпIэр пэжмэ, мывэ уэшх къегъэшхи дегьэукI, уэ адрей гIэзабхэри дыгъэлъагъут», - жаIэрти. Мы Iэятыр абы и жэуапу Мухьэмэд къыхуехащ.
[218]Тхы