Сурэ 94. зэiухыныгъэ (iэш шэрхь)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) АтIэ Дэ уи гур пхузэIутхакъэ!

(2) Пщхьэщытхакъэ хьэлъэу

(3) уи плIэр езыгъэшар!

(4) Уи цIэри дгъэлъапIакъэ!

(5) Пэжым ухуеймэ, гугъум тынш къыкIэлъокIуэ.

(6) Аращ, гугъум тынш къыкIэлъокIуэ.

(7) Уи Iуэхур щыбухкIэ уи Тхьэм хуэпщылI.

(8) Уи Тхьэми уи псэр къыхузэIух!

СУРЭ 95. АХЪУЭР[655] (IЭТ ТИН)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) СоIуэ ахъуэмрэ зейтунымкIэ[656],

(2) СинаI къуршымкIэ,

(3) мы къалэ шынагъуэншэмкIэ

(4) Дэ цIыхур я нэхъ зэкIужу къэдгъэщIакIэ!

(5) ИтIанэ, [мыдаIуэмэ], Дэ ар икIэм я нэхъ икIэж тщIыжынущ,

(6) ауэ Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэм апхуэдэ ятщIэнукъым - абыхэм фIыгъуэ мыухыжыр къапоплъэ.

(7) ИтIани сыт уэ, [цIыху], хеящIэ Махуэр пцIыуэ уэзыгъэлъытар?

(8) Алыхьыр хеящIэхэм я нэхъ Iущкъэ!

СУРЭ 96. ТКIУЭПС ПЦIАР[657] (IЭЛ ГIЭЛЭКЪ)[658]

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Къеджэ, уи Тхьэу псори къэзыгъэщIам,

(2) цIыхур ткIуэпс пцIам къыхэзыгъэщIыкIам и цIэкIэ [къэубли]!

(3) Къеджэ! Уи Тхьэр я нэхъ такIуэщ,

(4) Аращ [цIыхур] къэлэмкIэ [тхэуэ] езыгъэсар,

(5) цIыхум имыщIэри езыгъэщIар.

(6) АрщхьэкIэ цIыхур щокI

(7) бей хъуауэ зыщилъытэжкIэ.

(8) Уи Тхьэращ зи пащхьэ уихьэжынур.

(9) Плъэгъуа уэ [Алыхьым] и пщылIым пэувар

(10) нэмэз иримыгъэщIыну?

(11) [А узыпэувар] гъуэгу захуэм тетрэ

(12) Тхьэм и шынагъэм къыхуриджэмэ щэ?

(13) Плъэгъуа уэ [джаурым диныр] пцIыуэ илъытэу и щIыб зэрыхуигъэзар?

(14) Абы ищIэртэкъэ Алыхьым [псори] зэрилъагъур?

(15) Ауэ, абы щимыгъэтмэ, мафIэм тлъэфынщ и акIэр тIыгъыу,

(16) пцIыупсу гъуэщам и акIэр [тIыгьыу].

(17) ИтIанэ къыреджэ ар и ныбжьэгъу-жэрэгъухэм.

(18) Дэри [жыхьэнмэм] и плъырхэм дыкъеджэнщ.

(19) Аращи, абы уемыдаIуэу, [Алыхьым] уи щхьэр хуэгъэтIылъи* пэгъунэгъу зыщI.

*Сэдждэ

СУРЭ 97. КЪЭХЪУНУР ЩАУБЗЫХУР [ЖЭЩ] (IЭЛ КЪЭДР)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Дэ ар (КъурIэныр) къэхъунур щаубзыху жэщым недгъэхащ[659].

(2) Уэ сытым уигъэщIэн къэхъунур щаубзыху жэщыр зищIысыр?

(3) Къэхъунур щаубзыху жэщыр мазэ мин нэхърэ нэхъ лъапIэщ.

(4) А жэщым мелыIычхэри псэри (ЖэбрэIил) Тхьэм и IизынкIэ уафэм къох, Алыхьым и унафэхэр ягъэзэщIэну.

(5) [А жэщыр] мамырынущ нэху щыху.

СУРЭ 98. КЪЭЗЫГЬЭНАIУЭР (IЭЛ БЭЙИНА)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) ФIыцIагъэр къызыхуэкIуа жылэм ящыщ джаурхэмрэ Алыхьым Iыхьэгъу хуэзыщIахэмрэ зытетам тетынут, къэзыгъэнаIуэр къахуэмыкIуатэмэ.

(2) Ар Алыхьым и лIыкIуэу тхыгъэ къабзэр къэзыуатэращ.

(3) Абы итщ хабзэ щыпкъэр.

(4) ФIыцIагъэ къызыхуэкIуахэр щызэгурымыIуэжар къэзыгъэпэжыр къахуэкIуа нэужьщ[660].

(5) Абыхэм унафэу къыхуащIар, нэгъуэщI динхэр къагъанэу, Алыхьым къабзэу хуэпщылIынырат, нэмэзри ящIу сэджытри хатыкIыну арат. Аращ дин захуэ хъужыр.

(6) ФIыцIагъэ къызыхуэкIуахэмрэ Алыхьым Iыхьэгъу хуэзыщIхэмрэ ящыщу къемыувэлIахэр жыхьэнмэм ягъэкIуэнурэ игъащIэкIэ хэсынущ. Ахэращ къигъэщIам я нэхъыкIэр.

(7) Мыдрейуэ Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэращ къигъэщIам я нэхъыфIыр.

(8) Абыхэм я Тхьэм къаритынур псыхъуэхэр щежэх жэнэтыращ, игъащIэкIэ абы исыну.

(9) Абыхэм Алыхьыр къахуэарэзыщ, езыхэри Алыхьым хуэарэзыщ. Ар зыхуэфащэр и Тхьэм щышынэращ.

СУРЭ 99. ЩIЫ ХЪЕЙР (IЭЗ ЗЭЛЗЭЛА)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) ЩIыр зджызджу щыхъейкIэ,

(2) щIым кIуэцIылъыр къыщыкIуэцIыкIыжкIэ,

(3) цIыхум [гужьеяуэ]: «Сыт мыбы къыщыщIар?» — щыжиIэкIэ

(4) а Махуэм абы (щIым) и хъыбархэр къахуиIуэтэнущ[661],

(5) [къащIыхуиIуэтэнур] уи Тхьэм и унафэщи аращ.

(6) А Махуэм цIыхухэр гуп-гупу къэкIуэнущ, [дунейм] щащIар ялъагъужын щхьэкIэ.

(7) Сабэ налъэ хуэдиз фIы зыщIам ар илъагъужынущ,

(8) Сабэ налъэ хуэдиз Iей зыщIами ар илъагъужынущ.

СУРЭ 100. ЖЭХЭР (IЭЛ ГIАДИЯТ)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) СоIуэ джалъэу жэхэмкIэ,

(2) хъуаскIэр зи лъэгум къыщIиххэмкIэ,

(3) нэхущым [и бийм] ятеуэу,

(4) сабейр къиIэту

(5) гупым яхэлъадэхэмкIэ

(6) цIыхум и Тхьэм фIыщIэ хуимыщIкIэ,

(7) абыкIи езыхэр щыхьэткIэ,

(8) мылъкури егъэлеяуэ фIэIэфIкIэ!

(9) Абы ищIэркъэ, кхъэм щIэлъхэр къыщIагъэкIыжу,

(10) гум илъыр наIуэ къыщыхъукIэ,

(11) а Махуэм абыхэм [ящIа псоми] Тхьэр щыгъуазэу зэрыщытынур?

СУРЭ 101. КЪАТЕУЭНУР (IЭЛ КЪАРИГIЭ)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Къатеуэнур!..

(2) Къатеуэнур зищIысыр сыт?

(3) Уэ сытым уигъэщIэн а къатеуэнур?

(4) А Махуэм цIыхухэр хьэндырабгъуэ зэбграхуам ещхь хъунущ.

(5) Къуршхэри цы удам хуэдэ хъунущ.

(6) Абдежым зи псапэр нэхъ хьэлъэр

(7) ехъулIащ.

(8) Мыдрей зи псапэр нэхъ псынщIэр

(9) хэхуэнущ.

(10) Ар зыхэхуэнур сытым уигъэщIэн?

(11) Ар мафIэ гуащIэращ.


Наши рекомендации