Сурэ 89. нэхущыр (iэл фэджр)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) СоIуэ нэхущымкIэ,

(2) жэщипщIымкIэ[647],

(3) зэпэбжымрэ зэпэмыбжымкIэ[648],

(4) жэщу екIуэкIымкIэ!

(5) Ахэр тхьэлъанэ ирикъуркъэ акъыл зиIэм дежкIэ?

(6) Уэ плъагъуркъэ уи Тхьэм ярищIар ГIад и жылэм,

(7) уардэ унэхэр Iирэмым щызыщIахэм

(8) Апхуэдэ зы щIыпIи щахуэщIакъым!

(9) [Плъэгъуакъэ] къуэладжэ мывэхэр зыIущIа самудхэр,

(10) бжэгъу[649] зи куэда ФиргIэуныр?

(11) Ахэр сэхъуат,

(12) дунейр ягъэутхъуэу.

(13) Абыхэм уи Тхьэм гIэзабыр къатригъэпсыхащ.

(14) Уи Тхьэр [абыхэм] къапэщысщ[650].

(15) Тхьэм цIыхум игъэунэхуну фIы къыхуищIа нэужь: «Си Тхьэм гущIэгъу къысхуищIащ», — жеIэр.

(16) Ауэ, ар Тхьэм игъэунэхун щхьэкIэ, и ерыскъым кIэрича нэужь: «Си Тхьэм сигъэпудащ», — жеIэр.

(17) Хьэуэ, [аракъым Iуэхур зытетыр]! Фэ ибэм гущIэгъу хуэфщIыркъым,

(18) тхьэмыщкIэр ягъэшхэным [цIыхур] хуэвущийркъым,

(19) [ибэм къыхуагъэна] щIэиныр[651] фыщымысхьу фошх,

(20) мылъкури егъэлеяуэ фIыуэ фолъагъу.

(21) Хьэуэ, [ар мыхъунщ]! ЩIыр щыкъуей щыхъужкIэ,

(22) уи Тхьэри мелыIыч зэбгъурытхэри къыщыкIуэкIээ,

(23) жыхьэнмэр къыщагъэувкIэ - а Махуэм цIыхум и IуэхущIафэхэр игу къэкIыжынущ, ауэ сыт и сэбэпыж апхуэдэ гукъэкIыжым?

(24) Абдеж [цIыхум жиIэнущ]: «Еууей мыгъуэ, ахърэтым зыгуэркIэ зыхуэзгъэхьэзырамэ аратэкъэ!

(25) А Махуэм абы Алыхьым къытрилъхьэну гIэзабым хуэдэ зыми къытрилъхьэфынукъым,

(26) Абы и лъэхъум хуэди зыми къырилъхьэфынукъым.

(27) [А Махуэм фIэрафIэм къыжраIэнущ]: «Уэ псэ зэгъэжа!

(28) Уи Тхьэм деж гъэзэж уарэзыуэ, Езыри арэзы къыпхуэхъуауэ!

(29) Яхэхьэ Сэ си цIыхухэм,

(30) Си жэнэтми ихьэ!»

СУРЭ 90. КАЛЭР (IЭЛ БЭЛЭД)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) СоIуэ мы къалэу (Мэчэ)

(2) уэ узыдэсымкIэ,

(3) соIуэ адэмкIи[652], абы и щIэблэмкIи

(4) Дэ цIыху къэдгъэщIар гугъу йохькIэ!

(5) Абы игугъэ зыри къыпэмылъэщыну?

(6) Абы [зигъэщIагъуэу] жеIэр: «Сэ мылъкушхуэ згъэкIуэдащ, [Мухьэмэд сеныкъуэкъуурэ]!»[653]

(7) Гугъэрэ ар зыми къимылъэгъуауэ?

(8) АтIэ Дэ еттатэкъэ абы нитI,

(9) бзэгу, IупитI,

(10) [фIымрэ Iеймрэ] хуэзышэ гъуэгуитIми хуит ухуэтщIатэкъэ?

(11) ИтIани абы зыхуигъэхьэзыракъым дэгъэзеигъуэм.

(12) Сытым уигъэщIэн дэгъэзеигъуэр зищIысыр?

(13) Ар пщылI бутIыпщыжыныращ,

(14) е гъаблэ махуэм бгъэшхэныращ

(15) благъэм щыщ ибэр,

(16) е тхьэмыщкIэ дэхуэхар.

(17) Абы ищIыIужкIэ ар Iиман къэзыхьахэм, шыIэныгъэмрэ гущIэгъумрэ хуэзыущийхэм ящыщу щытын хуейщ.

(18) Ахэращ зи тхылъыр Iэ ижькIэ къеIызыхыжынур.

(19) Мыдрейуэ Ди Iэятхэр зымыдахэм [я тхылъыр] Iэ сэмэгумкIэ къыIахыжынущ.

(20) Ахэр мафIэ щIагъым щIиубыдауэ щIэсынущ.




СУРЭ 91. ДЫГЪЭР (IЭШ ШЭМС)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) СоIуэ дыгъэмрэ абы и нурымкIэ,

(2) мазэу абы кIэлъыкIуэмкIэ,

(3) махуэу [дунейр] къэзыгъэнэхумкIэ,

(4) жэщу [дунейр] щIэзыуфэжымкIэ,

(5) уафэмкIи, ар къэзыухуамкIэ,

(6) щIымкIи, ар къэзыубгъуамкIи,

(7) дэтхэнэ зы псэмкIи, ар къэзыгъэщIу

(8) даIуэныгъэмрэ мыдаIуэныгъэмрэ къыхэзылъхьамкIи!

(9) ЕхъулIащ зи псэр зыгъэкъабзэр,

(10) унэхъуащ ар зыгъэуфIейр.

(11) Самудхэр сэхъуати [лIыкIуэр] пцIыупсу къалъытащ.

(12) Абыхэм я нэхъ насыпыншэр [махъшэр иукIыну] щежьам,

(13) Алыхьым и лIыкIуэ [Салихь] яжриIащ: «Алыхьым [къывита] махъшэм игугъу фымыщI, псыи хуэвмыгъалIэ».[654]

(14) Ауэ ахэр [лIыкIуэм] емыдаIуэу [махъшэр] яукIащ, ахэр я гуэныхьым тригъэкIуадэри Тхьэм думп зэтрищIащ,

(15) абы къырикIуэнум иримыгузавэу.

СУРЭ 92. ЖЭЩЫР (IЭЛ ЛЕИЛ)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) СоIуэ жэщу [дунейр] щIэзыуфэмкIэ,

(2) махуэ къэнэхумкIэ,

(3) хъумрэ бзымрэ къэзыгъэщIамкIэ

(4) фызыхущIэкъур зэтемыхуэкIэ!

(5) Куэд зыту, Алыхьым щышынэу,

(6) [жэнэту] дахэр пэжу зылъытэр

(7) нэхъыфIым хуэтшэнущ.

(8) Мыдрей нэпсейуэ, [Алыхьым] хуэмыныкъуэу,

(9) [жэнэту] дахэр пцIыуэ зылъытахэр

(10) нэхъ хьэлъэм хуэтшэнущ.

(11) Ар жыхьэнмэм щыхадзэкIи, и мылъкур къыщхьэпэжынукъым.

(12) Дэ ди къалэнщ гъуэгу захуэр ядгъэлъагъуну.

(13) Дэращ зыIэщIэлъыр дуней хьэхури ахърэтри.

(14) Сэ фыхузогъэсакъ мафIэ гуащIэм,

(15) абы хисхьэнур нэхъ насыпыншэу,

(16) [диныр] пцIыуэ зыбжу зи щIыб хуэзыгъэзаращ.

(17) Абы пэжыжьэнущ Тхьэм щышынэу,

(18) зигъэкъабзэн щхьэкIэ, зи мылъкур зытар.

(19) КъыхуащIэжыным щыгугъыу аракъым абы фIы щIищIэр,

(20) и Тхьэ лъагэращ щIищIэр.

(21) Ар арэзы ящIынущ.

СУРЭ 93. ПШЭДДЖЫЖЬЫР (IЭД ДУХЬА)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) СоIуэ пщэдджыжьымкIи,

(2) жэщ кIыфIымкIи,

(3) уи Тхьэм уимыбгынакIэ икIи укъимыужэгъуакIэ!

(4) Уи дежкIэ ахърэтыр нэхъыфIщ дуней хьэхум нэхърэ.

(5) Уи Тхьэм узыхуейр къыпхуищIэнущ арэзы ухъуху.

(6) уэ узеиншэу укъигъуэтри егъэзыпIэ къуитакъэ?

(7) Угъуэщауэ укъигъуэтри уиузэщIакъэ?

(8) УтхьэмыщкIэу укъигъуэтри бей уищIакъэ?

(9) Аращи, уэри ибэр домыкъузэ,

(10) лъаIуэри Iуомыхуж,

(11) уи Тхьэм и фIыщIэри Iуатэ!


Наши рекомендации