Сурэ 75. къэтэджыжыгьуэ махуэр (iэл къиямэ)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Къемэт махуэмкIэ соIуэ,
(2) псэ зэгиижымкIэ соIуэ [фыкъэтэджыжынукIэ]!
(3) АтIэ цIыхум и къупщхьэр зэхуэдмыхьэсыжыну и гугъэ?
(4) [Ар дэнэ къэна], уеблэмэ, и Iэхъуамбэхэри дгъэпсыжынущ.
(5) Ауэ цIыхум сэхъуауэ [дунейм тетыну] нэхъ къещтэ.
(6) Ар щIоупщIэ: «Сыт щыгъуэ къэтэджыжыгъуэ Махуэр къыщысынур?» — [жеIэри]
(7) Нэр щыункIыфIыкIыу,
(8) мазэр иубыду,
(9) дыгъэмрэ мазэмрэ щызэбгъэдыхьэжкIэ,
(10) а Махуэм цIыхум жиIэнущ: «Дэнэ мыгъуэм сыкIуэн?»
(11) Хьэуэ! ЕгъэзыпIэ щыIэжкъым!
(12) А Махуэм уи Тхьэращ егъэзыпIэ хъунур.
(13) А Махуэм цIыхум ищIари, имыщIэу къигъэнари къыжраIэжынущ.
(14) Ае, [а Махуэм] цIыхур ищIам щыхьэту теувэжын хуей хъунущ,
(15) щхьэусыгъуэ гуэрхэр ищIу щытми.
(16) [Уэ Мухьэммэд, уэхьийм] япэ зибгъэщу [Iэятхэр] къэпIуэтэну ухуемыжьэ.
(17) Дэращ зи къалэныр [Iэятхэм] я угъуейинымрэ къеджэнымрэ.
(18) Дэ абы дыкъыщеджэкIэ, дяужь уиту къеджэ.
(19) Абы и зэхэхунри Дэ ди пщэ илъщ.
(20) ИтIани [цIыхухэм] дуней хьэхур къыхывох,
(21) ахърэтыр зыщывгъэгъупщауэ.
(22) А Махуэм зыкъомыр нэфIэгуфIэу
(23) я Тхьэм еплъынущ.
(24) Зыкьомри а Махуэм я нэгур уфауэ щытынущ,
(25) я тхыр зэпаудынкIэ шынэу.
(26) [Псэр] къурмэкъейм къыщыскIэ,
(27) жаIэнущ: «Хэт и Iэзэгъуэ ит мыбы?»
(28) Абдежым абы и фIэщ хъунущ дунейм зэрыхэкIыжыр.
(29) И лъэкIампIэхэм зызэрашэкIэжынущ[616].
(30) А Махуэм уи Тхьэм и пащхьэ урахуэжынущ:
(31) абы Iимани къихьакъым, нэмэзри ищIакъым.
(32) Ар (диныр) пцIыуэ къилъытэри и щIыбыр хуигъэзэжащ,
(33) икIи зигъэщIагъуэу и Iыхьлым яхэхьэжащ.
(34) Уунэхъуащ уэ, насыпыншэ!
(35) ИтIани уунэхъуащ уэ, насыпыншэ!
(36) АтIэ цIыхум и гугъэ ищIамкIэ къемыупщIыжыну?
(37) Ар нэпсыр ткIуэпсу зэхэткIуакъэ?[617]
(38) ИтIанэ, псы дыуэм ещхь хъури, иужькIэ цIыхуу игъэпсыжащ.
(39) ИкIи ар зэгуэгъуу къигъэхъуащ, цIыхухъурэ цIыхубзу.
(40) АтIэ [ар зыщIам] хузэфIэкIынукъэ лIахэр къиъэхъужын?
СУРЭ 76. ЦIЫХУР (IЭЛ IИНСАН)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) ЦIыхур дунейм къытехьэн ипэкIэ зэман Iэджи блэкIакъэ?
(2) Дэ цIыхур нэпсыр зэхэткIуам къыхэдгъэщIыкIри, дгъэунэхун щхьэкIэ, зэхихыу, илъагъуу тщIащ.
(3) Дэ абы гъуэгу еттащи, е Iиман къихьынщ, е джаур хъунщ.
(4) Джаурхэм Дэ къахуэдгъэхьэзыращ гъущI блахэр, лъэхъухэр, мафIэр.
(5) ФIэрафIэхэр ефэнущ мэ гуакIуэ къызэхих бжьэм,
(6) абы итыр псынэу къыщIож, Алыхьым и пщылIхэр ефэн щхьэкIэ.
(7) Абыхэм нозыр ящIар ягъэзэщIэжырт, гIэзабыр къащытепсыхэну Махуэм щышынэрт.
(8) Езыхэм замыгъэнщIа пэтми [шхыныфIыр] тхьэмыщкIэхэм, ибэхэм, гъэрхэм ирагъэшхырт:
(9) «Дэ Алыхьым и хьэтыркIэ фыдгъашхэу аращ, — жаIэурэ, — армыхъумэ зыгуэр къыпэкIуэнуи фIыщIэ къытхуэфщIынуи дыщIэхъуэпсыркъым.
(10) Дэ [ар щIэтщIэр] а Махуэ дыдж, Махуэ гугъум Тхьэм гущIэгъу къытхуимыщIынкIэ дошынэри аращ».
(11) Алыхьым ахэр а Махуэм и гIэзабым щихъумэнущ икIи гуфIэгъуэ тхъэгъуэр къаритынущ.
(12) Яшэчам пэкIуэуи къаритынущ жэнэтымрэ шылэ фащэмрэ.
(13) Шэнтжьейхэми илъынущ, дыгъи уаи къалъэIэсынукъым.
(14) Жыг жьауэми щIэсынущ, дэIэбеймэ [зыхуей] пхъэщхьэ-мыщхьэр къыпачу.
(15) [Яшхынумрэ зэфэнумрэ] дыжьын хьэкъущыкъурэ абджкъабзэ IэгубжьэкIэ къыхуахьынущ.
(16) Абджкъабзэм хуэдэ дыжьын Iэгубжьэм щхьэж зыхуейм хуэдиз итынущ.
(17) Ахэр ирагъэфэнущ мэ гуакIуэ къызыхих бжьэм,
(18) СэлсэбилкIэ зэджэ псынэм къыщрагъахъуэурэ.
(19) Абыхэм я IуэхутхьэбзащIэнущ жьы мыхъу щIалэхэр, уахэплъамэ налкъутым хуэдэу къабзэхэу.
(20) [Жэнэтым] уиплъэ пэтми плъагъунур тхъэгъуэрэ мылъкушхуэмрэщ.
(21) Абыхэм я щыгъыныр данэ удзыфэм къыхэщIыкIаиц. Дыжьын Iэпщэхъухэри и яIэрылъынущ, я Тхьэми узэфэн къабзэ иригъэфэнущ.
(22) Ар фэ фи дежкIэ тыгъэшхуэщ, гугъу фызэрехьар игъэлъапIэу!
(23) [Уэ Мухьэммэд], Дэ КъурIэныр Iыхьэ-Iыхьэурэ ныпхуедгъэхащ.
(24) Уи Тхьэм унафэ ищIыхукIэ зышыIэ, икIи зыдомыгъэхьэх [цIыхум] ящыщ гуэныхьыщIэхэмрэ джаурхэмрэ.
(25) Уи Тхьэм и цIэр жыIэ пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми.
(26) Жэщми уи щхьэр хуэгъэтIылъ, икIи нэху щыхукIэ щытхъур хуэгъэш.
(27) Мыдрейхэм (джаурхэм) дуней хьэхур фIыуэ ялъагъури, Махуэ гугъур къырадзэркъым.
(28) Дэ ахэр къэдгъэщIри я Iэпкълъэпкъыр дгъэбыдащ. Дыхуейми ахэр нэхъыфIкIэ зэтхъуэкIынщ
(29) Мыр зэхэзыщIыкIымкIэ узыгъэгупсысэщ, хуейм Тхьэм и гъуэгур къыхихынщ.
(30) Фэ фызыхуейракъым хъунур, Алыхьыр зыхуейращ[618]. Алыхьым сытри ещIэ, Iущщ!
(31) Езыр зыхуейм и гущIэгъур лъегьэIэс, ауэ щIэпхъаджэхэм гIэзаб гуащIэр къахуигъэхьэзыращ.