Сурэ 69. фiэкiыпiэ зимыiэр (iэл хьакъкъэ)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) ФIэкIыпIэ зимыIэр!
(2) Сыт а фIэкIыпIэ зимыIэр?
(3) Сытым уэ къыбгуригъэIуэн а фIэкIыпIэ зимыIэр?
(4) Самудхэмрэ гIадхэмрэ пцIыуэ ябжат гIэзаб къатеуэнур.
(5) Самудхэр думп ищIащ макъ лъэщым[600].
(6) Мыдрей гIадхэр жьапщэшхуэ фийм зэтриукIащ.
(7) Ар абыхэм къатригъэпщащ зэпыу имыIэу жэщиблрэ махуийкIэ. А лъэпкъыр, жыг курыгъу ищIыкIам хуэдэу, зэхэщэхат.
(8) Абыхэм ящыщ гуэр [а жьапщэм] къелынт?
(9) ФиргIэуни абы ипэкIэ иригъэсэхэжа жылэхэри[601] гуэныхьыщIэу щытащ:
(10) ахэр я Тхьэм и лIыкIуэм едэIуатэкъыми, кIуэдыкIейр къахуигъэкIуащ.
(11) Псыр къыщиум Дэ кхъухькIэ фыкъедгъэлащ,
(12) ар щапхъэ фхуэтщIащ, тхьэкIумафIэхэм зэхахыу къагурыIуэн щхьэкIэ.
(13) Бжьамийм зэ епщэгъуэ къепщэу,
(14) щIыри къуршри къиIэту, занщIэу къыщигъэлъалъэкIэ,
(15) а Махуэм къэхъуну иухар къэхъуауэ аращ.
(16) Уафэри зэгуэчынурэ а Махуэм махэ хъунущ.
(17) МелыIычхэри ибгъумкIэ щытынущ. А Махуэм уи Тхьэм и гIэршыр мелыIычийм яIэтынущ.
(18) А Махуэм псори утыку фыкъащIынущ, икIи зыри гъэпщкIуа хъунукъым.
(19) Тхылъыр зи Iэ ижьым къыIэщалъхьэжынум [гуфIэу] жиIэнущ: «Мис си тхылъыр, феджэ!
(20) [Дунейм сыщытетым] си фIэщ хъуат, сщIамкIэ къызэрызэупщIыжынур»
(21) Ар къылъысам щыгуфIыкIыу,
(22) Жэнэт лъапIэм исынущ,
(23) пхъэщхьэмыщхьэхэр икуэду.
(24) [КъыжраIэнущ:] «Фешхэ, фефэ, фи хьэлэлщ, блэкIа гъащIэм къыщывлэжьауэ!»
(25) Мыдрейуэ тхылъыр зи Iэ сэмэгум къыIэщIалъхьэжынум жиIэнущ: «Еууей, мы си тхылъыр къызамытыжатэмэ аратэкъэ!
(26) Абы итри сымыщIатэмэ аратэкъэ!
(27) Еууей, хьэдэу сыкъэнэжамэ аратэкъэ!
(28) Си мылъкуми сыкъригъэлакъым,
(29) си тетыгъуэри кIуэдыжащ!»
(30) [Абы зэхихынущ:] «Фубыди фпхы,
(31) Жыхьэнмэ мафIэм хэвдзэ!
(32) ИтIанэ IэфракIэ блыщI зи кIыхьагъ гъущI блар [и ныбэм] кIуэцIрыфлъэф.
(33) Абы и фIэщ хъуртэкъым Алыхь щэджащэр.
(34) ТхьэмыщкIэ ягъэшхэнуи
(35) Мыбдеж нобэ къыщхьэщыжын щиIэкъым,
(З6) уэтэпсым нэмыщIи, шхыныгъуэ иIэкъым,
(37) ар зырагъэшхыр гуэныхьыщIэхэм я закъуэщ».
(38) СоIуэ фэ флъагъумкIи,
(39) фымылъагъумкIи,
(40) мыр (КъурIэныр) лIыкIуэ фIэрафIэм къеIэуатэкIэ.
(41) Ар усакIуэ псалъэкъым. МащIэщ ар фи фIэщ зэрыхъур!
(42) Ар тхьэгурымагъуэми и псалъэкъым. МащIэщ ар зэрызэхэфщIыкIыр!
(43) Ар дунейхэм я Тхьэм къригъэхащ.
(44) Абы (Мухьэммэд) Дэ жыдмыIар къыткIэрилъхьэмэ,
(45) Дэ ар дыубыдынти,
(46) и гу зэпыдупщIынт.
(47) Ар къытпэувыфыни къыфхэкIынтэкъым.
(48) Мыр (КъурIэныр) Тхьэм щышынэхэм я ущиякIуэщ!
(49) Дэ фIыуэ дощIэ ар пцIыуэ зылъытэ гуэрхэр фэ зэрыфхэтыр:
(50) ар джаурхэм я дежкIэ насыпыншагъэщ.
(51) Ар (КъурIэныр) шэч зыхэмылъыж пэжщ.
(52) Аращи щытхъур уи Тхьэшхуэм хуэгъэш!
СУРЭ 70. ПКIЭЛЪЕЙХЭР (IЭЛ МЭГIАРИДЖ)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1)Зыгуэр щIэлъэIуащ [джаурхэм] къатехуэ гIэзабым.
(2) Джаурхэр абы зыми IэщIихыфынукъым,
(3) ар (гIэзабыр) пкIэлъейхэр зыIэщIэлъ Алыхьым къыбгъэдокIри.
(4) МелыIычхэмрэ Псэмрэ Езым деж докIуей ди илъэс мин щэныкъуэм хуэдиз хъу зы махуэм[602].
(5) Аращи, шыIэкIэ дахэкIэ зышыIэ.
(6) [Къемэт махуэр] абыхэм жыжьэу къащохъу,
(7) Дэ ар благъэу долъагъу.
(8) Уафэр гъуаплъэ ткIуам хуэдэ щыхъу,
(9) къуршри цы удам хуэдэ щыхъу Махуэм,
(10) ныбжьэгъур и ныбжьэгъум щIэупщIэжынукъым,
(11) зэрагъэлъагъуами. А Махуэм гуэныхьыщIэм гIэзабым зыкъригъэлын щхьэкIэ щIитынут и бынри,
(12) и щхьэгъусэри, и къуэшри,
(13) къызыхэкIа и лъэпкъри,
(14) щIым тет псори — гIэзабым зыкъригъэлын къудей щхьэкIэ!
(15) АрщхьэкIэ къелынукъым! Ар мафIэщ,
(16) щхьэфэр трисыкIыу.
(17) Абы хелъафэ [диныр] зымыдэу зи щIыб хуэзыгъэзахэр,
(18) мылъку зэхуэзылъэфэсу зыгъэпщкIуахэр.
(19) ЦIыхур зэкIуэкIыгъуафIэу къигъэщIащ:
(20) Iей къылъысмэ мэгузавэ,
(21) ФIы къехъулIэмэ быдэ мэхъу.
(22) Апхуэдэкъым нэмэз зыщIхэр,
(23) зи нэмэз блэзымыгъэкIхэр,
(24) зи мылъкум Iыхьэ наIуэ къыхихыу
(25) лъэIуакIуэмрэ тхьэмыщкIэмрэ езытхэр,
(26) хеищIэ Махуэр зи фIэщ хъухэр,
(27) Я Тхьэм и гIэзабым щышынэхэр;
(28) я Тхьэм и гIэзабыр шынагъуэщ!
(29) зи укIытапIэр зыхъумэу
(30) щхьэгъусэхэмрэ пщылIу щыта щхьэгъусэ ящIахэмрэ фIэкIа бгъэдэмыхьэхэм губгъэн къахьыркъым;
(31) ауэ а хабзэм ебакъуэр щIэпхъаджэщ.
(32) Анэмэтымрэ псалъэ ятамрэ зыгъэпэжхэр,
(33) щыхьэту щыувкIэ пэжыр темыкIхэр,
(34) зи нэмэзым хуэсакъхэр
(35) ахэращ щIыхь яIэу жэнэтым исынур.
(36) Сыт джаурхэм къащыщIар? [Уаз щыпткIэ] ахэр уи деж къожэ
(37) гуп-гупу ижьымкIи сэмэгумкIи къижу.
(38) Абыхэм ящыщ дэтхэнэри щыгугърэ Жэнэтыр тхъапIэ ягъэкIуэну?
(39) КIуэнукъым! Дэ ахэр псори къызыхэдгъэщIыкIар езыхэм ящIэж[603]!
(40) КъуэкIыпIэхэмрэ къухьэпIэхэмрэ[604] я ТхьэмкIэ соIуэ Дэ тхузэфIэкIынкIэ
(41) ахэр нэхъыфIк1э зэблэтхъуныр, икIи Дэ ахэр тIэщIэмыкIынкIэ!
(42) Къэгъанэ ахэр джэгурэ къавэу, а зыщагъэшына Махуэр къэсыху.
(43) А Махуэм ахэр я кхъэхэм къыщIэкIыжынурэ, я тхьэнэпцIхэм зэрабгъэдэлъадэу щытам ещхьу, жэнущ [хейщIапIэм],
(44) я напIэр къахуэмыIэту, пуд хъуахэу. А Махуэращ ахэр зыщагъэшынэу щытар.
СУРЭ 71. НУХЬ
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Дэ Нухь хуэдгъэкIуащ и жылэм: «Уи жылэр къэгъэуш, гIэзаб гуащIэр къатемыхуэ щIыкIэ», — жытIэри.
(2) [Нухь] яжриIащ: «Уэ ди жылэ! Сэ [Тхьэм] ущиякIуэ наIуэу сыкъыфхуигъэкIуащ:
(3) Алыхьым фыщышынэ, сэри фыкъызэдаIуэ!
(4) Мис итIанэ Езым фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъунщ, икIи пIалъэ убзыхуам нэс [фи гIэзабыр] игъэIэпхъуэнщ. Алыхьым иуха пIалъэр къыщыскIэ, ар зыми хуэгъэгувэнукъым, ар фщIащэрэт фэ!»
(5) [Нухь] жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Сэ си жылэр жэщми махуэми [диным] къыхуезджащ,
(6) ауэ сэ къызэрыхуезджам ахэр нэхъри ппэIэщIэ ищIащ.
(7) Къахуэбгъэгъун щхьэкIэ сэ ахэр Iиманым къыхуезджэхукIэ, абыхэм я Iэхъуамбэхэр я тхьэкIумэм ираIурт, я щыгъыныр я щхьэм фIакъуэрт, икIи инату загъэпагэрт.
(8) ИтIанэ псоми зэхахыу [диным] къыхуезджащ.
(9) ИтIани нахуэуи щэхууи абыхэм сепсэлъащ,
(10) икIи яжесIащ: «Фи Тхьэм фелъэIу къыфхуигъэгъуну, ар гуэныхьгъэгъущ.
(11) Абы уэшхышхуэ къыфхуригъэшхынщ,
(12) фи мылъкуми фи бынми хигъэхъуэнщ, хадэхэр фхуигъэкIынщ, псыхэри къыфхуигъэжэнщ.
(13) Сыт къфщыщIар: Алыхьыр зэрыхуэфащэкIэ щхьэ фымагъэлъапIэрэ?
(14) Абы фи теплъэхэр ихъуэжурэ фыкъигъэщIащ[605].
(15) Фымылъагъуу ара Алыхьым уафэр блыуэ зэтету къызэригъэщIар?
(16) Мазэр лыду, дыгъэр уэздыгъэ къепсу уэгум иригъэуващ[606].
(17) Алыхьым щIым фыкъыхигъэщIыкIащ, къэкIыгъэм ещхьу.
(18) ИтIанэ абы фыхигъэхьэжынущ, аргуэруи фыкъыхигъэкIыжынущ.
(19) Алыхьым щIыр фхуиубгъуащ,
(20) гъуэгу хуитхэмкIэ абы фыщызекIуэн щхьэкIэ».
(21) Нухь жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Ахэр сэ къызэмыдаIуэу мылъкумрэ бынымрэ ягъэунэхъуахэм гъусэ яхуэхъуащ.
(22) Хъуэгъэщагъэшхуэм хуекIуэри
(23) абыхэм жаIащ: «Фи тхьэхэр IэщIыб фымыщI, икIи фымыбгынэ Уэдди, СуагIи, Егъууси, ЕгIукъи, Нэсри[607]».
(24) Абыхэм цIыху куэд щагъэуащ. [Уэ си Тхьэ], щIэпхъаджэхэм зыри яхуомыгъэбагъуэ, я гъуэщэныгъэм фIэкIа!»
(25) Я щIэпхъаджагъэм щхьэкIэ [Тхьэм] ахэр [псым] иригъэтхьэлащ, МафIэми хадзэнущ, икIи, Алыхьым фIэкIа, нэгъуэщI дэIэпыкъуэгъу ягъуэтыжынукъым.
(26) Нухь жиIащ: «Уэ си Тхьэ! Мы джаурхэм ящыщ зыри щIым къытумынэ.
(27) Къытебнэмэ, абыхэм Уи цIыхухэр ягъэгъуэщэнщ, бзаджэрэ джауррэ нэмыщI, нэгъуэщI къалъхункъым.
(28) Уэ си Тхьэ! Къытхуэгъэгъу сэри, си адэанэми, Iиман иIэу си унэм къихьами, Iиман къэзыхьа псоми. ЩIэпхъаджэхэр думп щIы уащымысхьу!»
СУРЭ 72. ЖИНХЭР (IЭЛ ДЖИН)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) ЖыIэ, [Мухьэммэд]: «Сэ уэхьий къысхуащIащ жин зыбжанэ къызэдаIуэу, итIанэ: «Дэ КъурIэн телъыджэ зэхэтхащ, — зэрыжаIар.
(2) Ар гъуэгу захуэм утезышэнти, къэтщтащ, икIи ди Тхьэм зэи зыри Iыхьэгъу хуэтщIынукъым.
(3) Ди Тхьэращ лъагэу лъапIэр, Абы щхьэгъуси быни иIэкъым.
(4) Дэ тщыщ делэ гуэрым[608] Алыхьым хуэмыфащэ ирипэсащ.
(5) Дэ дигугъат, цIыхумрэ жинымрэ Алыхьым пцIы зэи трамылъхьэну.
(6) ЦIыхухэм яхэту щытащ жинхэм къахъумэну щыгугъахэр, ауэ абыкIэ я акъылыншагъэм хагъэхъуауэ аращ.
(7) Фэ фхуэдэу, абыхэми къафIэщIырт Алыхьым зыри къимыгъэтэджыжыну.
(8) Дэ уафэм дыщынэсым, абы хъумакIуэ лъэщхэмрэ вагъуэижхэмрэ тезу дыхуэзащ.
(9) Дэ абы псори щызэхэпх тIысыпIэм деж дытIысырт; иджы абы якIэщIэдэIухьым вагъуэижыр къыпоплъэ.
(10) Дэ тщIэркъым ар Тхьэм щIым тетхэм я зэрану ищIарэ, иузэщIыну ищIарэ.
(11) Дэ фIэрафIэхэри тхэтщ, тхэтщ абы нэмысахэри, — дэ гъуэгу зэхуэмыдэм дытетащ.
(12) Дэ ди фIэщ хъуащ Алыхьыр щIым къызэрыщыдмыгъэтIасхъэфынур, дыщIэпхъуами дызэрыIэщIэмыкIынур.
(13) Дэ гъуазэр (КъурIэныр) щызэхэтхым, Iиман къэтхьащ. Хэт Iиман къихьми, щIэшынэн щыIэкъым и [псапэм] хагъэщIынкIи, [и гуэныхьым] хагъэхъуэнкIи.
(14) Дэ тхэтщ Алыхьым еувэлIахэри, дэ тхэтщ зи щIыб хуэзыгъэзахэри. Хэт Алыхьым еувэлIами гъуэгу захуэм техьащ.
(15) Зи щIыб хуэзыгъэзахэр жыхьэнмэ гъэсынщ!»
(16) Ауэ ахэр гъуэгу захуэм тетатэмэ, псы[609] щыдгъэщIэнтэкъым.
(17) дгъэунэхун щхьэкIэ. Алыхьым и диным зи щIыб хуэзыгъазэм и гъуэгур дэгъэзеигъуэ ищIынущ.
(18) Мэжджытхэр Алыхьым щыхуэпщылI унэщи, Алыхьым зыри Iыхьэгъу хуэвмыщI.
(19) Алыхьым и пщылI [Мухьэммэд] нэмэзым щытеувэм, [жинхэр] къызэрыхьэсащ.
(20) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Сэ си Тхьэм сыхуопщылI, икIи зыри Абы Iыхьэгъу хуэсщIыркъым!»
(21) ЯжеIэ: «Сэ еми фIыми я унафэр сIэщIэлъкъым».
(22) ЯжеIэ: "Сэ Алыхьым сыщызыхъумэфын щыIэкъым, Езым нэмыщI и щхьэегъэзыпIэ згъуэтынукъым,
(23) Езы Алыхьым къригъэха [ФIыцIагъэр] ныфлъэзмыгъэIэсмэ. Хэт Алыхьымрэ Абы и лIыкIуэмрэ емыдаIуэми жыхьэнмэ мафIэр къыпэщылъщ, игъащIэкIэ хэсыну".
(24) Зыщагъэшынэу щыта [гIэзабыр] щалъагъукIэ, абыхэм къагурIуэнущ хэт дэIэпыкъуэгъуншэми, хэт нэхъ гуащIэ мащIэми.
(25) ЯжеIэ: «Сэ сщIэркъым а фызыщагъэшынэр благъэми е Алыхьым игъэIэпхъуами.
(26) Езыращ ущэхуар зыщIэр, икIи ар Абы зыми къыхузэIуихыркъым,
(27) Езым и лIыкIуэу зыхуэарэзым фIэкIа; а лIыкIуэм и гупэмкIи и щIыбымкIи плъырхэр къыбгъэдигъэуващ,
(28) ищIэн щхьэкIэ [лIыкIуэхэм] Тхьэм и ФIыцIагъэр зылъэIэсыпхъэм зэрылъагъэIэсыр. Езым и щIэныгъэм къызэщIиубыдащ абыхэм я IуэхущIафэр, сыт ищIысми я бжыгъэри къилъытащ».