Сурэ 58. зэдауэ (iэл муджадилэ)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Алыхьым зэхихащ и лIым щхьэкIэ уэ къодауэу Алыхьым хуэтхьэусыхам и псалъэр. Фи псалъээмакъыр Алыхьым зэхихащ: Алыхьым зэхех, елъагъу.
(2) Фящыщу зи фызым зи щIыб хуэзыгъэзэжахэм жаIэр, дауикI, мыхъунщ, пцIыщ; ахэр абыхэм анэ яхуэхъунукъым, уи анэр укъэзылъхуаращ-1. Алыхьым [къэзыгъэзэжым] къуаншагъэр щхьэщех, гуэныхьыр хуегъэгъу.
(3) Зи фызым зи щIыб хуэзыгъазэу[586], иужькIэ щIегъуэжам, и фызым екIуэлIэн ипэкIэ, зы пщылI хуит ищIыжын хуейщ. Аращ фэ къалэн къыфщащIыр: Алыхьыр щыгъуазэщ фэ сыт фщIэми.
(4) Ар зылъэмыкIыр, и фызым екIуэлIэн ипэкIэ, зэкIэлъхьэужьу мазитIкIэ нэщIын хуейщ. Ар хузэфIэмыкIмэ, тхьэмыщкIэ хыщI игъэшхэн хуейщ. Ар Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фи фIэщ хъун щхьэкIэщ. Аращ Алыхьым и унафэр, Джаурхэм гIэзаб гуащIэр къапэщылъщ.
(5) Мыдрейуэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ емыдаIуэхэр ягъэпудынущ, ипэрейхэр зэрагъэпудам хуэдэу. Дэ Iэят наIуэхэр недгъэхащ; джаурхэм зыгъэпуд гIэзабыр къапэщылъщ.
(6) Алыхьым цIыхухэр къыщигъэтэджыжыну Махуэм яжриIэжынущ абыхэм ящIа псори. Ар псори Алыхьым ибжащ, ауэ мобыхэм ящыгъупщэжащ. Алыхьыр сыт ищIысымкIи щыхьэтщ.
(7) Уэ плъагъуркъэ уафэхэми щIыми щыIэр Алыхьым зэрищIэр? ЦIыхуищым щэху яIуэтэфынукъым Езыр еплIанэу яхэмыту, цIыхуитхуми Езыр еханэу яхэмыту. Абы нэхърэ нэхъ мащIэми, нэхъыбэми зы щIыпIи [щэху щаIуэтэфынукъым] Езыр яхэмыту. ИтIанэ, Къемэт махуэм, къажриIэжынущ абыхэм ящIэу щытар: Алыхьыр сыт ищIысми щыгъуазэщ.
(8) Уэ плъэгъуакъэ зэхъуцэцэныр зыхуамыдахэр? Абыхэм къытрагъэзэжри гуэныхьымкIэ, биигъэмкIэ, лIыкIуэм емыдэIуэныгъэмкIэ зэхъуцацэу щIадзэж. Ахэр уи деж къыщыкIуэкIэ, Алыхьым къузэрихым хуэмыдэу сэлам къуахырт[587], ягукIэ жаIэрт: «[Ар бегъымбару щытмэ], мы жытIэм щхьэкIэ Алыхьым сыту гIэзаб къыттримылъхьэрэ?» Яхурикъунщ абыхэм жыхьэнмэр, ахэр абы исынущ. Ар кIэух мыгъуэщ!
(9) Уэ Iиман зиIэхэ! Щэхуу фыщыпсалъэкIэ зэбиигъэм, гуэныхьым, лIыкIуэм емыдэIуэныгъэм фытемыпсэлъыхьу, фIы щIэнымрэ Алыхьым фIэлIыкIынымрэ фытепсэлъыхь. Зи пащхьэ фырашэжыну Алыхьым фыщышынэ!
(10) Хъуцэцэныгъэр шейтIаным къыбгъэдокI, Iиман зиIэхэр игъэнэщхъеин щхьэкIэ Ауэ Алыхьым и Iизыныншэу ар абыхэм зыкIи зэран къахуэхъуфынукъым. Алыхьым щырегугъ Iиман зиIэхэр.
(11) Уэ Iиман зиIэхэ! Фи зэIущIэхэм: «Зэхэгуауэ фымытIыс», — къыщывжаIэкIэ, фытэдж. Алыхьым нэхъ лъагэу хиIэтыкIыр фящыщу Iиманрэ щIэныгъэрэ зиIэхэращ. Алыхъыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.
(12) Уэ Iиман зиIэхэ! ЛIыкIуэм щэхуу фепсалъэн ипэкIэ, сэдэкъэ вгуэш, ар фи дежкIэ нэхъыфIщ икIи нэхъ къабзэщ. Ауэ фымыгъуэтмэ, Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ.
(13) Фызэпсэлъэн ипэкIэ сэдэкъэ вгуэшыныр фигу пыкIыркъэ? Ар фымыщIамэ, Алыхьым къыфхуигъэгъуащи, нэмэзыр фщIы, сэджытыр хэфтыкI, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фахуэжыIэщIэ. Алыхьыр фэ фщIэм щыгъуазэщ.
(14) Уэ плъэгъуакъэ Алыхьыр зыхуэгубжьа лъэпкъыр ныбжьэгъу зыщIахэр? Ахэр фэ фщыщкъым, езыхэми ящыщкъым. Абыхэм нэпцIу тхьэ яIуэ, нэпцIу зэраIуэр ящIэжрэ пэт.
(15) Алыхьым абыхэм гIэзаб гуащIэр къахуигъэхьэзыращ. Гъуамэщ абыхэм ящIэр!
(16) Я тхьэлъанэхэр мэIу ящIырти, цIыхухэр Алыхьым и гъуэгум тырагъэхьэртэкъым. Абыхэм зыгъэпуд гIэзабыр къапэщылъщ.
(17) Я мылъкуми я бынхэми ахэр Алыхьым [и гIэзабым] зыкIи щахъумэфынукъым. Ахэр жыхьэнмэ дакъэжьщи, игъащIэкIэ абы исынущ.
(18) Алыхьым псори къыщигъэтэджыжыну Махуэм абыхэм Алыхьым тхьэ хуаIуэнущ, иджыпсту фэ къызэрыфхуаIуэм хуэдэу - ар зыгуэркIэ къащхьэпэн я гугъэу. Еей, ахэр пцIыупсщ!
(19) Абыхэм шейтIаныр къатекIуэри Алыхьыр ящигъэгъупщащ. Ахэр шейтIаным и гупщ. Еей, шейтIаным и гупыращ унэхъуар!
(20) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ пэувхэращ ягъэпудынур.
(21) Алыхьым итхащ: «Сэрэ Си лIыкIуэхэмрэ датекIуэнущ». Алыхьыр лъэщщ, лъагэщ!
(22) Алыхьымрэ Къемэт махуэмрэ зи фIэщ хъуахэм цIыху къахэбгъуэтэнкъым Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ пэувхэр фIыуэ ялъагъуу ахэр езыхэм я адэми, е я бынми, е я къуэшми, е я лъэпкъэгъуми. Алыхьым абыхэм я гум иритхащ Iиманыр, Езым и къарумкIи я лъэр игъэбыдащ, икIи псыхъуэхэр щежэх жэнэтым иришэнущ, игьащIэкIэ щыпсэуну. Алыхьыр абыхэм яхуэарэзыщ, ахэри Алыхьым хуэарэзыщ. Ахэращ Алыхьым и гупыр. Еей, Алыхьым и гупыращ ехъулIар!
СУРЭ 59. ЗЭХУЭХУСЫЖЫГЪУЭ (IЭЛ ХЬЭШР)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Уафэхэми щIыми щыIэм Алыхьыр ягъэлъапIэ. Езыращ лъэщыр, Iущыр!
(2) Аращ — Езыращ ФIыцIагьэ зиIэхэм ящыщу джаурхэр япэу я хэкум изыхуар. Фэ фигугъакъым ахэр икIыну, езыхэри гугъащ я быдапIэхэм ахэр Алыхьым щахъумэну. Ауэ, Алыхьыр езыхэр здэмыгугъамкIэ къыщыкъуэкIри, ягуми шынагъуэр кърилъхьащ. Абыхэм я унэхэр якъутэж езыхэм я IэкIи, Iиман зиIэхэм я IэкIи. Акъыл къыхэфх абы гулъытэ зиIэхэм!
(3) Ахэр хэкум икIыну Алыхьым къахуиухауэ щымытамэ, мы дуней хьэхум гIэзабыр къащытрилъхьэнут. Абыхэм ахърэтым мафIэм и гIэзабыр къащыпэщылъщ
(4) Ар апхуэду щIэхъуар Алыхьымрэ Абы и лIыкIуэмрэ зэремыдэIуаращ. Алыхьым зыгуэр емыдаIуэмэ, Алыхьыр тезыркIэ лъэщщ!
(5) Фэ пальмэхэ щыщу сыт пывупщIами, е иту къивнами, ар Алыхьым и Iизынщ, фасикъхэм я напэр трихын щхьэкIэ [хуит фахуищIауэ].
(6) Абыхэм я мылъкум щыщу и лIыкIуэм хэхъуэу Алыхьым къыритам фэ шыкIи махъшэкIи гугъу фыдехьакъым: зыхуейм ятригъэкIуэн щхьэкIэ Алыхьым и лIыкIуэхэм къару къарет. Алыхьым сытри хузэфIокI.
(7) Къуажэдэсхэм я мылъкум щыщу Алыхьым и лIыкIуэм сыт къыритами ар Алыхьым, и лIыкIуэм, и благъэхэм[588], ибэхэм, тхьэмыщкIэхэм, гъуэгум къытенахэм ялъос, бейхэм зыIэщIамылъхьэжын щхьэкIэ. ЛIыкIуэм сыт къывитми къафщтэ, фемыIусэну жыхуиIами фемыIусэ. Алыхьми фыщышынэ, Алыхьыр тезыркIэ лъэщщ!
(8) ТхьэмыщкIэу, зи хэкум къырахуауэ, зи мылъкур зытрахауэ, Алыхьым и жумартыгъэм щыгугъыу, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фIэрафIэу хуэлажьэхэми [ялъос]. Ахэращ щыпкъэр.
(9) Мыдрейуэ япэ Iиман къэзыхьауэ зи унэ исыжхэм къахэтIысхьахэр фIыуэ ялъагъу, тыгъэ къыхуащIами ефыгъуэжыркъым: ахэр езыхэри хуэныкъуэми, модрейхэр япэ ирагъэщ. Хэт и псэр нэпсеигъэм щыхъумэфми ехъулIащ.
(10) Мыдрейуэ яужькIэ къэкIуахэм жаIэ: "Уэ ди Тхьэ! Дэри, дэпэкIэ Iиман къэзыхьа ди къуэшхэми [ди гуэныхьыр] къытхуэгъэгъу! Iиман къэзыхьахэм щхьэкIи ди гум гужьгъэжь къомылъхьэ. Уэ ди Тхьэ! Уэращ гумахуэр, гущIэгъущIыр!"
(11) Уэ зэхэпхакъэ, [Мухьэммэд], мыдрей напитIхэм фIыцIагъэ зиIэ жылэм ящыщу Iиман къэзымыхьа я къуэшхэм жыраIэр: "Фэ хэкум фыраху хъужыкъуэмэ, дэри фи гъусэу дыникIынщ, икIи фэ фи бийхэм дедэIуэнкъым. Къывэзауэ хъужыкъуэмэ, Iэмал имыIэу дывдэзэуэнщ". Алыхьыр щыхьэтщ ахэр зэрыпцIыупсымкIэ.
(12) Ахэр ирахуми, мохэр ядикIынукъым; зауэ къыращIэкIми къадэIэпыкъунукъым; къадэIэпыкъуну хуежьэми щIэпхъуэжынущ, текIуэныгъи къахьынукъым.
(13) Ахэр Алыхьым нэхърэ фэ нэхъ къыфщошынэ. Ар къызыхэкIыр къызыгурымыIуэ жылэщи аращ.
(14) Ахэр быдапIэхэм дэсу, е блын къуагъхэм къуэту фIэкIа фэ зэгъусэу къывэзэуэфынукъым. Абыхэм якум зэгурмыIуэныгъэ гуащIэ дэлъщ. Уэ ахэр зэгъусэу къыпфIощI, ауэ псэкIэ зыкъым. Ар къызыхэкIыр къызыгурымыIуэ жылэщи аращ.
(15) Ахэр зэщхьыр ипэрейхэращ: ахэр я щIэпхъаджагъэми игъэкIуакъым, гIэзаб гуащIэри къапэщылъщ.
(16) [НапитIыр] зэщхьыр шейтIаныращ. [ШейтIаным] къыжриIат цIыхум: "Джаур хъу!" — жиIэри. Мор джаур хъуа нэужь, и щIыб къыхуигъэзэжащ: "Си Iуэху ныпхэлъыжкъым, сэ дунейхэм я тхьэ Алыхьым сыщошынэ",
(17) А тIум кIэухыу яIэнур жыхьэнмэращ, игъащIэкIи абы хэсынущ. Аращ щIэпхъаджэхэм яхуэфащэр!
(18) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым фыфIэлIыкI, икIи феплъ [Къемэт] махуэм фи щхьэм хуэвгъэхьэзырыжам. Алыхьым фыщышынэ! Алыхьыр щыгъуазэщ фэ сыт фщIэми.
(19) Алыхьыр зыщыгъупщам, Алыхьым зи щхьэр зыщигъэгъупщэжам хуэдэ фымыхъу. Ахэр фасикъщ.
(20) МафIэр зыпэщылъхэмрэ жэнэтыр зыпэщылъхэмрэ зэхуэдэкъым. Жэнэтыр зыпэщылъхэращ уанэ махуэ тезылъхьар.
(21) Мы КъурIэныр къуршым ныхуедгъэхатэмэ, уэ плъагъунт, Алыхьым щышынэу а къуршыр къызэрычэр. Апхуэдэщ Дэ цIыхухэм къахуэтхь псалъэжьыр, егупсысын щхьэкIэ.
(22) Езыращ Алыхьыр, Абы нэмыщIи тхьэ щыIэкъым. Нэрымылъагъури нэрылъагъури зыщIэр Аращ. Аращ гуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэр.
(23) Езыращ Алыхьыр, Абы нэмыщIи тхьэ щыIэкъым. Ар тепщэщ, лъапIэщ, мамырщ, щыпкъэщ, плъырщ, щэджащэщ, лъэщщ, лъагэщ. Алыхьыр зихуэдэ щымыIэщ, Iыхьэгъу хуащIхэм нэхърэ куэдкIэ Ар нэхъ лъагэщ!
(24) Езыращ Алыхьу къэгъэщIакIуэр, ухуакIуэр, гъэпсакIуэр. ЦIэуэ щыIэм я нэхъ дахэхэр зейри Аращ. Абы щытхъур хуагъэш уафэхэми щIыми щыIэм. Езыращ лъэщыр.