Сурэ 56.дунейкъутэжыр(iэл уакъигiэ)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Дунейкъутэжыр къыщыскIэ,

(2) Ар фIэкIыпIэ зимыIэщ!,

(3) [джаурхэр] игъэпудынущ, [Iиман зиIэхэр] игъэлъапIэнущ.

(4) ЩIыр зджызджу щыуфафэкIэ,

(5) къуршхэр къутэу, лъалъэу,

(6) сабэ щыхъужкIэ,

(7) фэ гупищу фызэхэкIынущ.

(8) Гъуэгу махуэ ежьахэр[575], — уэ пщIэрэ гъуэгу махуэ ежьахэр?

(9) Гъуэгу мыгъуэ ежьахэр[576], — уэ пщIэрэ гъуэгу мыгъуэ ежьахэр?

(10) [ФIэрафIагъэкIэ] япэ ищахэр [ахърэтми] япэ щищынухэщ:

(11) ахэр Алыхьым и нэфI зыщыхуауэ

(12) жэнэтым ихьэнухэращ,

(13) ипэрейхэм щыщу зыкъом,

(14) иужьрейхэм щыщу зы тIэкIу,

(15) шэнтжьей хэдыкIахэм

(16) игъэщIеикIауэ зэпэщысынухэщ.

(17) ЩIалэ ныбжьыщIэхэр я IуэхутхьэбзащIэрэ

(18) фадэ къыщIэжхэр фалъэкIэ, кхъуэщынкIэ, IэгубжьэкIэ [къыхуахьу]

(19) Абыхэм ярытым уи щхьэр ягъэузыркъым, чэфи уащIыркъым.

(20) пхъэщхьэмыщхьэ IэфIхэм хагъадэуэ,

(21) къуалэбзуул ягу къэкIахэм хагъэIэбэу.

(22) Iэхулъэху нэ пIащэхэр

(23) налкъут яхъумэм хуэдэу [дахэу],

(24) я псапэм пэкIуэу къратынущ. (25) Абы щызэхахынукъым псалъэ нади гуэныхь зыпылъи.

(26) Зэхэпхынур: "Сэлам, сэламщ!"[577]

(27) Гъуэгу махуэ ежьахэр, — уэ пщIэрэ гъуэгу махуэ ежьахэр?

(28) Банэ зытемытыжу

(29) пхъэщхьэмыщхьэхэр пызу зыпыт [жыгхэм]

(30) я жьауэ укъуэдиям щIэсынущ,

(31) псыхэри блэжу,

(32) пхъэщхьэмыщхьэхэри щыкуэдрэ

(33) ухи ямыIэу,

(34) пIэ щабэхэри щIэту

(35) Дэ хьурхэр нэгъуэщI къэгъэщIыкIэкIэ къэдгъэщIащ,

(36) хъыджэбзу щытынхэу,

(37) ялIхэр фIыуэ ялъагъуу икIи зэныбжьхэу

(38) ар гъуэгу махуэ ежьахэм яйщ:

(39) япэрейхэм ящыщу зыкъом,

(40) иужьрейхэм ящыщуи зыкъом.

(41) Гъуэгу мыгъуэ ежьахэр, — уэ пщIэрэ гъуэгу мыгъуэ ежьахэр?

(42) Ахэр самумымрэ псывэмрэ хэсынущ,

(43) Iугъуэ фIыцIэм и жьауэм щIэсу,

(44) [а жьауэр] щIыIэтыIэкъым икIи гуакIуэкъым.

(45) Ахэр нэхъапэм сэхъуауэ щытащ,

(46) икIи инату джаурт.

(47) Абыхэм жаIэрт: "АтIэ дэ дылIэу сабэрэ къупщхьэрэ дыхъужа нэужькIэ, щIэрыщIэу дыкъагъэхъужыну,

(48) хьэмэрэ ди адэжьхэри [къагъэхъужыну]?"

(49) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "Япэрейхэри иужьрейхэри,

(50) дауикI, а Махуэ гъэнэхуам яугъуеижынущ.

(51) ИтIанэ фэ, гъуэщауэ [диныр] пцIыуэ зыбжахэр,

(52) Закъум жыгым фыпышхыхьынущ,

(53) абыкIэ фи ныбэхэр фкъунурэ

(54) псывэр теффыхьыжынущ,

(55) псы хуэлIа махъшэр зэрефэм хуэдэу".

(56) Аращ хеищIэ Махуэм ахэр зэрагъэхьэщIэнур.

(57) Дэращ фэ фыкъэзыгъэщIар, [фыкъызэрыдгъэтэджыжынур] щхьэ фи фIэщ мыхъурэ?

(58) КъызжефIэт, фэ ныбэм иревгъадзэр

(59) фэра къэзыгъэщIыр хьэмэрэ Дэра?

(60) Дэ лIэныгъэкIэ фызэхуэдгъэдащ: зыри къытпэрыуэфынукъым

(61) фэ нэгъуэщIкIэ фытхъуэжын хъуми, икIи фэ фымыщIэ щIыкIэкIэ фыкъэдгъэхъужынущ.

(62) Дэ япэ къэгъэщIыгъуэу фыкъызэрыдгъэщIар фощIэ, атIэ щхьэ фемыгупсысрэ [фыкъызэрыдгъэтэджыжыфынум]?

(63) Флъагъурэ а фэ зефхьэ щIыр,

(64) абы тефсэр къэзыгъэкIыр фэра хьэмэрэ Дэра?

(65) Дэ дыхуеямэ ар къэрэкъурэу дгъэлъэлъэжынт, икIи фытхьэусыхэу фыкъызэхэнэнт:

(66) "Дэ щIыхуэм дыщIигъэнащ,

(67) гъасэри тфIэкIуэдащ", — [жыфIэу].

(68) Флъагъурэ псыуэ фызэфэр,

(69) ар пшэм къыхэзыгъэкIыр Дэра хьэмэрэ фэра?

(70) Дэ дыхуеямэ ар шуугъэ тщIынт, щхьэ зэхэвмыщIыкIрэ?

(71) Флъагъурэ мафIэу фэ зэщIэвгъанэр?

(72) фэра хьэмэрэ Дэра ар зыхидзэ жыгыр къэзыгъэщIыр?

(73) Ар Дэ тщIащ [жыхьэнмэр] фигу къигъэкIыжыну, къумырысхэми сэбэп къахуэхъуну.

(74) Уи Тхьэ щэджащэм и цIэр гъэлъапIэ!

(75) Вагъуэхэм я увыпIэмкIэ соIуэ,

(76) ар, фщIэуэ щытмэ, тхьэрыIуэшхуэщ,

(77) мыр КъурIэн лъапIэкIэ,

(78) Тхылъ ущэхуам иткIэ[578].

(79) Абы къабзэ фIэкIа еIусэ хъунукъым.

(80) Ар дунейхэм я Тхьэм къригъэхащ!

(81) АтIэ мы хъыбарыр (КъурIэныр) къивмыдзэу ара?

(82) Фи ерыскъы Iыхьэр къывэзытар пцIыуэ флъытэу ара?

(83) [псэр щыхэкIкIэ] къурмэкъейм къэса нэужь,

(84) фэ [фхузэфIэкIынур] абы феплъын къудейщ.

(85) Дэ фэр нэхърэ абы нэхъ дыпэблагъэщ, ауэ ар фэ флъагъуркъым.

(86) АтIэ, хеищIэр (Къемэт махуэр) щымыIэнумэ,

(87) евгъэгъэзэжыт а псэм, фэ жыфIэр пэжмэ.

(88) [А зи псэ хэкIыр] Тхьэм и нэфIыр зыщыхуахэм ящыщмэ,

(89) абы игъуэтынущ тыншыгъуэр, мэ IэфIыр, жэнэт тхъэгъуэр.

(90) Ар гъуэгу махуэ ежьам ящыщмэ,

(91) гъуэгу махуэ ежьахэм: "Сэлам алейкум!" — къыжраIэнущ.

(92) Ауэ ар [диныр] пцIыуэ зыбжу гъуэщахэм ящыщмэ,

(93) зэрагъэхьэщIэнур псывэрэ

(94) мафIэрэщ.

(95) Мыр шэч зыхэмылъыж хьэкъщ.

(96) Уи Тхьэ щэджащэм и цIэр гъэлъапIэ!

СУРЭ 57. ГЪУЩIЫР (IЭЛ ХЬАДИД)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Уафэхэми щIыми щыIэм Алыхьыр ягъэлъапIэ. Ар лъэщщ, Iущщ!

(2) Абы IэщIэлъщ уафэхэми щIыми щыIэр. Абы къегъэщI икIи егъэлIэж: Абы сытри хузэфIокI.

(3) Ар щIэдзапIи ухыпIи зимыIэжщ, къэнаIуэри къэмынаIуэри[579] Езыращ. Абы сыт ищIысри ещIэ.

(4) Аращ - Езыращ уафэхэри щIыри махуихым къигъэщIу ГIэршым тепщэ хуэхъужар. Абы ещIэ щIым хыхьэри къыхэкIри, уафэм къехри дэкIуейри. Дэнэ фыщыIэми Ар фэ фи гъусэщ. Алыхьым елъагъу фэ фщIэр.

(5) Аращ зыIэщIэлъыр уафэхэри щIыри. Унафэхэр зэкIуэлIэжри Алыхьыращ.

(6) Абы жэщыр махуэм пещэ, махуэри жэщым пещэ. Абы ещIэ хэт игу илъри.

(7) Алыхьри и лIыкIуэри фи фIэщ фщIы, фи IэмыщIэ кърилъхьами [сэджыт] хэвгъэкI. Фэ фщыщу Iиман зиIэу [зи мылъкум] хэзытыкIахэм псапэшхуэ къапэщылъщ.

(8) Iиман къэфхьыну лIыкIуэм фыщыхуриджэкIэ, сыт фэ Алыхьыр фи фIэщ щIэмыхъунур? Абы фэ псалъэ фIихауэ щытащ, фщIэжу щытмэ[580].

(9) Аращ-Езыращ и пщылIым Iэят наIуэхэр къыхуезыгъэхьыр, кIыфIым фыкъыхишу нэхум фыхишэн щхьэкIэ. Алыхьыр гумахуэщ, гущIэгъущIщ.

(10) Фэ фи мылъкур Алыхьым и диным дауэ тевмыгъэкIуэдэнрэ, уафэхэри щIыри Алыхьым къыщыхуэнэжынукIэ?[581] Адрейхэм яхуэдэнукъым текIуэныгъэм[582] ипэкIэ зи мылъкур зыгъэкIуэдамрэ зауэм хэтамрэ. Мыхэр увыпIэкIэ нэхъ лъагэщ иужькIэ зи мылъку зыгъэкIуэдахэмрэ зауэм хэтахэмрэ нэхърэ. Алыхьым псори фIыкIэ (жэнэткIэ) къигъэгугъащ. Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.

(11) Хэт [фIы ищIэн щхьэкIэ] Алыхьым щIыхуэ иритын? Ар Абы хуигъэбэгъуэнущ, псапэшхуи къыпэщылъщ.

(12) [Къемэт] махуэм плъагъунущ Iиман зиIэхэр нурым хэту кIуэуэ. [Абыхэм къыжраIэнущ]: "Нобэ фыдогъэгуфIэ псыхъуэхэр зыщIэж жэнэтымкIэ, фэ абы игъащIэкIэ фисынущ". Ар ехъулIэныгъэшхуэщ!

(13) А Махуэм напитIхэр елъэIунущ Iиман зиIэхэм: "ФымыпIащIэу фи нурым щыщ къыттревгъадзэт!" Жэуапу къратыжынущ: "[Дуней хьэхум] вгъэзэжи абы нур фыщылъыхъуэ!" Абыхэм я кум блын дэтщ, куэбжэ хэлъу, и кIуэцIыр гущIэгъущ, и щIыбыр гIэзабщ.

(14) [НапитIхэр] къайджэнущ: "Дэ дывигъусатэкъэ фэ?" — жаIэнурэ. Мыдрейхэм жаIэнущ: "Ае, ауэ фэ фи щхьэр къэвгъэпцIэжащ, [мыIуминхэм] IейкIэ фахуэхъуэпсащ, [диным] шэч къытефхьащ, гугъэ нэпцIхэм зевгъэтхьэкъуащ: Алыхьым иухар къэсыху (фылIэху), Алыхьым фызэрыщимыгугъыпхъэкIэ фыщигъэгугъащ шейтIаным.

(15) Нобэ фэри (напитIхэми), джаурхэми щхьэ уасэ фIахынукъым. Фи хэщIапIэнур мафIэращ, аращ тепщэу фиIэнури, ар екIуэлIапIэ мыгъуэщ!"

(16) И чэзукъэ Iиман къэзыхьахэм я гур щабэ хъуну, Алыхьым и цIэмрэ Абы къригъэха пэжымрэ щызэхахкIэ? Япэм фIыцIагъэ къызыхуэкIуахэм ещхь мыхъун щхьэкIэ. Зэман блэкIа нэужь, [фIыцIагъэ къызыхуэкIуахэм] я гур быдэ хъуащ, я нэхъыбэри фасикъщ.

(17) ЗэвгъащIэ, щIыр лIа нэужь Алыхьыращ псэ къыхэзылъхьэжыр. Дэ фхуэдгъэнаIуащ Iэятхэр, зэхэфщIыкIын щхьэкIэ.

(18) Сэджыт зыту фIы ищIэн щхьэкIэ Алыхьым щIыхуэ езытхэм къахуигъэбэгъузнуш, псапэшхуи къапэщылъщ.

(19) Мыдрейуэ Алыхьымрэ и лIыкIуэхэмрэ зи фIэщ хъуахэращ [цIыху] пэжхэр. Щэитхэми[583] я Тхьэм деж щагъуэтыжынущ я псапэри я нурри. Модрейуэ Iиман зимыIэу Ди Iэятхэр пцIыуэ зыбжахэр жыхьэнмэ дакъэжь хъунущ.

(20) ЗэвгъащIэ, мы дуней хьэхур зэштеупIэрэ джэгупIэрэщ, зыгъэщIэрэщIапIэрэ щхьэщытхъупIэрэщ, мылъкубэрэ быныбэкIэ зэпеуапIэщ; ар зэщхьыр уэшхым къигъэкIа къэкIыгъэхэм мэкъумэшыщIэхэр зэригъэгуфIэращ. ИтIанэ ар мэхуэлэж, мэгъужри мэлъэлъэж. Ахърэтым щыIэр гIэзаб лъэщыращ е Алыхьым и гъэгъуныгъэмрэ и арэзыныгъэмрэщ. Мы дуней хьэхум щыIэр укъэзыгъапцIэ тхъэгъуэщ.

(21) Фызэпеуэ Алыхьым и гъэгъуныгъэр, уафэмрэ щIылъэмрэ хуэдиз жэнэтыр къэвлэжьын щхьэкIэ. Ар Алыхьым къахуигъэхьэзыращ Алыхьымрэ и лIыкIуэхэмрэ зи фIэщ хъуахэм. Ар Алыхьым и жумартыгъэщи зыхуейм ирет. Алыхьым и жумартыгъэр гъунэншэщ.

(22) Зы лажьи щIым къыщыхъунукъым фэри къыфтепсыхэнукъым, ар къэдгъэхъун ипэкIэ, Тхылъым[584] имытауэ. Ар Алыхьым дежкIэ гугъукъым.

(23) [Ар апхуэдэу щIэтщIыр] къывэмыхъулIам фимыгъэнэщхъеин, къывэхъулIами фыщимыгъэкIын щхьэкIэ. Алыхьым и щIасэкъым зызыгъэпIий щхьэщытхъухэр:

(24) ахэр къузгъунхэу, цIыхухэри къузгъуныгъэм хуезыджэхэращ. Ауэ зыгуэрым [фIы ищIэну] хуэмеймэ, Алыхьыр абы хуэныкъуэкъым, Абы щытхъур ибэщ!

(25) Дэ ди лIыкIуэхэр къэзыгъэпэжхэр яIэщIэлъу дгъэкIуащ, ФIыцIагъэмрэ шэчалъэмрэ яхуедгъэхьащ, цIыхухэр захуэу псэун щхьэкIэ. Дэ гъущIри недгъэхащ, абы цIыхухэм я дежкIэ быдэу, фIагъи хэлъу. Алыхьым игъэунэхун щхьэкIэ, мынаIуэр зи фIэщ хъууэ и динымрэ и лIыкIуэмрэ къащхьэщыжхэр. Алыхьыр лъэщщ, лъапIэщ!

(26) Дэ Нухьрэ Iибрахьимрэ лIыкIуэ тщIащ, я щIэблэми яхэтлъхьащ бегъымбарыгъэмрэ фIыцIагъэмрэ. Абыхэм яхэтщ узэщIаи, ауэ ящыщ куэдыр фасикъщ.

(27) Дэ абыхэм яужь иту дгъэкIуащ ди лIыкIуэхэр. Абыхэм якIэлъыдгъэкIуащ Мэрям и къуэ ГIиси, Инджылри хуедгъэхьащ. [ГIиса] и гъуэгум теувахэм я гум итлъхьащ щабагъэмрэ гущIэгъумрэ. Рэхьбаниер[585] езыхэм къагупсысыжащ, Дэ ар абыхэм къалэн ящытщIакъым. Дэ къалэн ящытщIар Алыхьыр арэзы ящIынырат, ауэ ар абыхэм зэрыхуэфэщэнкIэ ягъэзэщIакъым. Абыхэм ящыщу Iиман къэзыхьахэм Дэ къалъыс псапэ яттынущ, ауэ ящыщ куэдыр фасикъщ.

(28) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым фыщышынэ, Абы и лIыкIуэри фи фIэщ фщIыи и гущIэгъум щыщу IыхьитI къывитынщ, фи гъуэгур фхуигъэнэхунщ, [фи гуэныхьри] къыфхуигъэгъунщ. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(29) ФIыцIагъэ зыIэщIэлъхэм ирыращIэ Алыхьым и тыгъэм (бегъымбарыгъэм) я Iуэху зэрыхэмылъыр. Ар абы зыхуейм ирет. Алыхьым и тыгъэр гъунэншэщ!


Наши рекомендации