Сурэ 53. вагъуэр (iэн нэджм)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Вагъуэ къехуэхымкIэ соIуэ,
(2) Фи ныбжьэгъур (Мухьэммэд) гъуэгу [захуэм] темыкIакIэ!
(3) Абы езым фIэфIыр жиIэу аракъым.
(4) Абы [жиIэр] уэхьийкIэ къыхуеха къудейращ.
(5) Ар къару лъэщ зиIэм[566] иригъэджащ,
(6) лъэщыгъуэр зыIэщIэлъым; мис ар занщIэу къытеуващ
(7) уафэ джабэм и лъагапIэм,
(8) итIанэ гъунэгъу зыкъищIри къехащ,
(9) шабзэкъуитI нэхъыбэ ямызэхуакуу, е нэхъ гъунэгъуу,
(10) икIи бегъымбарым къылъигъэIэсащ уэхьийр.
(11) И гум къигъэпцIакъым ар а илъэгъуамкIэ.
(12) Абы илъэгъуамкIэ феныкъуэкъуу ара?
(13) Ар абы етIуанэуи илъэгъуат
(14) гъунэ дыдэм Iут жыгым бгъэдэту.
(15) А жыгым деж щытщ жэнэтым и нэхъ лъапIэр.
(16) А жыгым къытепсар къыщытепсэм,
(17) [Бегъымбарым] и нэр блэплъакъым икIи щхьэпрыплъакъым[567].
(18) Пэж дыдэуи абы илъэгъуащ и Тхьэм и телъыджэхэм я нэхъ иныр.
(19) Сыт яхузэфIэкIыр Лат, ГIузза,
(20) адрей ещанэрей Манат[568] сымэ?
(21) АтIэ цIыхухъухэр фыфеуэ, цIыхубзхэр Абы ейуэ ара?
(22) Ар гуэшыкIэ захуэкъым.
(23) Ахэр – фи адэхэмрэ фэрэ фIэфща цIэ къудейщ. Ахэр [зэрытхьэр] къигъэпэжу Алыхьым зыри къригъэхакъым. [Джаурхэр] къафIэщIымрэ я псэм фIэфIымрэ тету аращ. – Ауэ абыхэм я Тхьэм къыбгъэдэкIыу гъуазэ къахуэкIуакIэщ.
(24) АтIэ цIыхум зыхуей псори къехъулIэу ара?
(25) Хьэуэ, Алыхьыращ зыIэщIэлъыр иужьрей гъащIэри ипэрейри.
(26) Сыт хуэдиз мелыIыч [лъапIэ] уафэхэм щыIэ! Ахэр къащхьэщыжми, зыми къащхьэпэфынукъым. Езы Алыхьыр зыхуеймрэ зыхуэарэзымрэ щхьэкIэ Iизын къаримытамэ.
(27) Ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм мелыIычхэм цIыхубзыцIэ фIащ.
(28) Абыхэм а Iуэхум зыри хащIыкIыркъым, хуагъэфащэр жаIэу аращ. Ауэ хуагъэфащэр пэжу къапщтэ хъунукъым.
(29) КъабгъэдэкI [Ди диным] зи щIыб хуэзыгъазэу дуней хьэхум фIэкIа хуэмейхэм.
(30) Аращ абыхэм я щIэныгъэр здынэсыр; уи Тхьэм нэхъыфIу ещIэ Абы и гъуэгум хэт тегъуэщыкIами, Абы нэхъыфIу ещIэ хэт гъуэгу захуэм тетми.
(31) Алыхьыращ уафэхэми щIыми щыIэр зыIэщIэлъыр, Iей зыщIар и Iейм пегъэуджэж, фIы зыщIами фIы хуещIэж.
(32) Гуэныхьышхуэхэмрэ цIапIагъэхэмрэ зыщызыхъумэу гуэныхь жгъей зыIэщIэкIахэм [уи Тхьэм яхуигъэгъунущ]: уи Тхьэр гъэгъунымкIэ щэджащэщ! Абы фэ нэхъыфIу фыкъицIыхурт щIым фыкъыщыхигъэщIыкIам щыгъуи, Фи анэхэм я ныбэм фыщридзам щыгъуи. Аращи фызыщымытхъуж Езым нэхъыфIу ещIэ хэт Тхьэм фIэлIыкIми.
(33) Плъэгъуа, [Мухьэммэд, диным] зи щIыб хуэзыгъэзар
(34) мащIэ фIэкIа зымыту къузгъун хъужар?
(35) Абы ущэхуам зыгуэр хищIыкIрэ, ар илъагъурэ?
(36) АтIэ абы зэхихатэкъэ Мусарэ
(37) Iибрахьим пэжрэ я фIыцIагъэхэр:
(38) зым адрейм и хьэлъэр зэримыхьынур,
(39) цIыхум къилэжьам фIэкIа зэримыгъуэтыжынур,
(40) ищIари зэрырагъэлъагъужынур,
(41) итIанэ [къилэжьам] пэкIуэр нэсу къызэрыратыжынур,
(42) уи Тхьэм деж сытри зэрыщиухыр,
(43) зыгъэдыхьэшхри зыгъагъри Езырауэ зэрыщытыр,
(44) зыгъалIэри къэзыгъэхъужри Езырауэ зэрыщытыр,
(45) зэгуэгъухэр хъурэ бзыуэ
(46) напсыру бзылъухугъэм и жылэм хидзам къыхэзыгъэщIыкIар Езырауэ зэрыщытыр,
(47) етIуанэрей къэгъэщIыжыгъуэри Езым зэрыIэщIэлъыр,
(48) бей зыщIри тхьэмыщкIэ зыщIри Езырауэ зэрыщытыр,
(49) Езыр Сириусым (ШигIрам) и тепщэу зэрыщытыр,
(50) ипэрей ГIадхэр хьэлэч зыщIари,
(51) Самудхэм щымысхьари,
(52) абыхэм япэжкIи нэхъ щIэпхъаджэжрэ нэхъ сэхъуауэ щыта Нухь и жылэр зыгъэкIуэдари Езырауэ зэрыщытыр.
(53) [ЛутI и] къуажэхэри къэзыIэту зыIубыжу
(54) щIэзыхъумэжари Езырауэ зэрыщытыр.
(55) Уи Тхьэм и IуэхуфI дэтхэнэра шэч къызытепхьэр?
(56) Мыри япэрей бегъымбархэм яхуэдэ зы бегъымбарщ.
(57) Сыхьэтыр (Къемэт махуэр) къэблэгъащ.
(58) Алыхьым фIэкIа абы и щхьэ тезычыфыни щыIэкъым.
(59) АтIэ фэ мы хъыбарым (КъурIэным) фригушыIэу ара?
(60) Фыгъыным и пIэкIэ фыдыхьэшхыу ара?
(61) Фэ зыри къыффIэIуэхукъым.
(62) Алыхьым фи щхьэр хуэвгъэтIылъи фыхуэпщылI!*
*Сэдждэ
СУРЭ 54. МАЗЭР (IЭЛ КЪЭМЭР)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Аллыхьым и цIэкIэ!
(1) Сыхьэтыр (Къемэт махуэр) къэсри мазэр зэгуэудащ.
(2) Абыхэм телъыджэ ялъагъуми, я щIыб хуагъазэри: «Мыр удыгъэ мыухыжщ!» — жаIэ.
(3) Абыхэм [бегъымбарыр] пцIыупсу къалъытэри я гукъыдэжым зыдагъэшащ, ауэ дэтхэнэ зы Iуэхуми кIэ Iиэщ.
(4) Абыхэм къахуэкIуакIэщ хъыбархэр, гуэныхьым щихъумэну.
(5) Ар Iущыгъэ кууращ. Ауэ [мыдаIуэм] ущиер къыщхьэпэн?
(6) КъабгъэдэкI абыхэм! ДжакIуэр къаджэу ахэр зыщышынэм щришэлIэну Махуэм
(7) я напIэр къамыIэтыфу псори я мащэхэм къипщыжынурэ, мацIэдзэм ещхьу,
(8) джакIуэм и деж яунэтIынущ: «Сыту махуэ хьэлъэ мыр!»
(9) Абыхэм япэкIэ Нухь и жылэм диныр пцIыуэ къалъытэщ, Ди пщылIым пцIыупс къыфIащри: «Уэ узэкIуэкIащ!» — къыжраIэри къызыхахуащ.
(10) Ар и Тхьэм елъэIуащ: «Сэ мыхэр къыстекIуащи къыздэIэпукъу!» — жиIэри.
(11) Арати, уафэм и куэбжэхэр къызэIутхри псыр къедутIыпщхьэхащ.
(12) Псынэхэри щIым къыщIдгъэури псыхэр зэхэдгъэлъэдащ, Ди унафэм тету.
(13) Дэ ар пхъэбгъурэ Iунэм къыхэщIыкIа [кхъухьым] идгъэтIысхьэри
(14) ди нэIэ тету псым тедутIыпщхьащ. Ар Ди нэфIу щыдгъэхуащ я фIэщ мыхъуа [бегъымбарым].
(15) Дэ ар щапхъэу дунейм къытеднащ, абы егупсыс фхэт?
(16) КъыщемыувалIэм сыт хуэдэ гIэзаб абыхэм ятетлъхьар!
(17) Дэ КъурIэныр гурыIуэгъуафIэ тщIащ, ауэ абы егупсыс фхэт?
(18) ГIадхэми [диныр] пцIыуэ къалъытат, ауэ къыщемыувалIэм сыт хуэдэ гIэзаб абыхэм ятетлъхьар!
(19) Дэ абыхэм махуэ мыгъуэ кIыхьым жьапщэ фийр яхуэдгъэкIуащ.
(20) жыгхэр къызэрытритхъым хуэдэу, цIыхухэри щIым къытричу.
(21) КъыщемыувалIэм сыт хуэдэ гIэзаб абыхэм ятетлъхьар!
(22) Дэ КъурIэныр гурыIуэгъуафIэ тщIащ, ауэ абы егупсыс фхэт?
(23) Самудхэми Ди ущиякIуэхэр пцIыупсу къалъытэри,
(24) жаIат: «АтIэ дэ тщыщ зы цIыхум дедэIуэн? Абы щыгъуэ дэ дыгъуэщащ, ди акъылри зэкIуэкIащ.
(25) АтIэ дэ псом нэхърэ, абы нэхъ лъысыпхъэт Iущыгъэр (КъурIэныр)? Хьэуэ, ар пцIыупсщ, зызыгъэпIийщ»,
(26) Пщэдей къащIэнщ абыхэм хэт пцIыупсми, хэт зигъэпIийми!
(27) Дэ ахэр дгъэунэхуну яхудогъакIуэ махъшэбз, якIэлъыплъ абыхэм икIи зышыIэ! — жыдоIэри.
(20) ЯжеIэ абыхэм псыр яхуэгуэшауэ икIи дэтхэнэм и ефыгъуэри гъэбелджылауэ зэрыщытыр.
(29) Ахэр я ныбжьэгъу гуэрым къеджэщ, гурыIуэри ирагъэукIащ [махъшэр].
(30) Абдеж сыт хуэдэ гIэзаб абыхэм ятетлъхьар!
(31) Дэ абыхэм зы гуо макъ къатедгъауэри къэрэкъурэ щэщэжам хуэдэ зэтехъуащ.
(32) Дэ КъурIэныр гурыIуэгъуафIэ тщIащ, ауэ абы егупсыс фхэт?
(33) ЛутI и жылэми ущиякIуэхэр пцIыупсу къалъытат.
(34) Дэ абыхэм мывэ уэс къатедгъэсащ, ЛутI и быным фIэкIа къэмынэу, дэ ахэр нэхущым деж къедгъэлащ
(35) ди гущIэгъукIэ. Дэ апхуэдэ яхудощIэ фIыр зэхэзыщIыкIхэм.
(36) Абы ахэр Ди лъэщыгъэмкIэ игъэшынэну хэтат, ауэ я фIэщ хъуакъым.
(37) Ахэр [ЛутI] и хьэщIэхэм екIуэлIэну мурад ящIати, я нэхэр щытпхъуащ. ФыщымыдаIуэкIэ вгъэныщкIу иджы Си гIэзабыр! – жытIэри!
(38) Пщэдджыжьым гIэзаб мыухыжыр къатедгъэпсыхащ:
(39) ФыщымыдаIуэкIэ, вгъэныщкIу Си гIэзабыр! – жытIэри.
(40) Дэ КъурIэныр гурыIуэгъуафэ тщIащ, ауэ абы егупсыс фхэт?
(41) ФиргIэун и жылэхэми зыгъэсакъынхэр къахуэкIуат.
(42) Абы Ди телъыджэ псори пцIыуэ къалъытати, убыдыкIэ лъэщкIэ дубыдащ.
(43) Фэ фи джаурхэр нэхъыфI а къомым нэхърэ, хьэмэрэ фэ фIыцIагъэхэм хьэфэ тхылъ къыщыфхуэкIуа?
(44) «Дэ дынэхъыбэщи абыхэм датекIуэнущ!» — жаIэнкIи мэхъу [мэчэдэсхэм].
(45) [муслъымэнхэр] нэхъыбэм ятекIуэнурэ къызэрамыгъэплъэкIыу ирахужьэжынущ.
(46) ИкIи Къемэт махуэр абыхэм я пIалъэщ, а Къемэт махуэр нэхъ гуащIэжщ, нэхъ дыджыжщ.
(47) ГуэныхьыщIэхэр гъуэщащ, я акъылри зэкIуэкIащ.
(48) А Махуэм ахэр нэкIукIэ телъу мафIэм халъэфэнущ: «вгъэныщкIу иджы жыхьэнмэм и мафIэр!» — жаIэурэ.
(49) Дэ сыт ищIысри къызэрыдгъэщIар щапхъэкIэщ.
(50) Дэ ди унафэр зы напIэ дзыгъуэм мэзащIэ.
(51) Дэ фэ фхуэдэхэр думп тщIащ, ауэ ар зыщымыгъупщэ къыфхэту пIэрэ?
(52) Тхылъым итщ абы ящIа псори,
(53) цIыкIури инри тхауэ.
(54) Тхьэм фIэлIыкIхэр щытхъэнущ псыхъуэхэр щежэх жэнэтым,
(55) Тхьэм и пащхьэ псэхупIэ тыншым ису.