Сурэ 51. зэбгырызыху (iэл зарият)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Сабэр зэбгырызыху [жьыбгъэмкIэ],
(2) уэшх къэыхь [пшэр] къэзыхумкIэ,
(3) [кхъухьхэр] къезыхуэкIымкIэ,
(4) унафэр зэбгрызых [мелыIычхэмкIэ] соIуэ!
(5) Фэ фызэрагъэгугъар пэжщ,
(6) хеищIэ Махуэр къэсынущ.
(7) [Вагъуэ] гъуэгухэр зиIэ уафэмкIэ соIуэ,
(8) фэ фи псалъэхэр зэтемыхуэкIэ!
(9) [Диным] бгъэдашыр абы хуэмейхэращ.
(10) Нэлатыр къатихуэ бзагуэ хъун [пцIыусхэм],
(11) дуней хьэхум дихьэхыу ахърэтыр зыщыгъупщахэм!
(12) Ахэр дыхьэшхыу къыщIоупщIэ: «Сытым щыгъуэ хеящIэ махуэр?» — жаIэри.
(13) Ар мафIэм и гIэзабыр къащылъэIэсыну Махуэращ:
(14) «ВгъэныщкIу иджы фи гIэзабыр! Аращ фэ фызыхуэпIащIэу щытар».
(15) Тхьэм фIэлIыкIыу щытахэр исынущ псынэхэр къыщыщIэж жэнэтым,
(16) Я Тхьэм къаритам щыгуфIыкIыу. Ахэр нэхъапэм фIэрафIэу псэуащ.
(17) Жэщым щыщу зы тIэкIущ ахэр зэрыжейуэ щытар,
(18) кIэху къыщищIым, ахэр Тхьэм елъэIуу щIадзэрт къахуигъэгъуну.
(19) Абыхэм я мылъкум хатыкIырт тхьэмыщкIэхэмрэ факъырэхэмрэ я Iыхьэр.
(20) [Алыхьыр] зи фIэщ хъуну хуейхэмкIэ мы щIым щыIэщ нэщэнэ Iэджи,
(21) фэри [апхуэдэ нэщэнэхэр] фхэлъщ. АтIэ щхьэ гу лъывмытэрэ?
(22) Фи насып Iыхьэри фыкъызэригъэгугъэри уафэращ здэщыIэр.
(23) Уафэмрэ щIымрэ я ТхьэмкIэ соIуэ, ар пэжкIэ фэ фызэрызэпсалъэр зэрыпэжым хуэдэу!
(24) Уэ Iибрахьим и хьэщIэ лъапIэхэм я хъыбырыр зэхэпха?
(25) Ахэр абы деж къыщIыхьэри сэлам къырахащ. Езыми сэлам ярихыжри: «Мыхэр сыту пIэрэ?»: жиIащ игукIэ.
(26) Ар псынщIэу и унагъуэм яхыхьэри, хьэщIэхэм танэ пшэр къахущIихьащ,
(27) Iэнэм къахутрилъхьэри: «ФыхэIэбэ!»
(28) [ХэмыIэбэ щыхъум] Iибрэхьим шынати, къыжраIащ: «Умышынэ!» — жаIэри, икIи щIалэ Iущ цIыкIукIэ ягъэгуфIащ.
(29) Абдежым абы и фызыр кIийуэ къыщIыхьащ: «Сэ сыфызыжь лъхуэгъэншэ мыгъуэщ!» — жиIэурэ зэкуэфауэу.
(30) ХьэщIэхэм къыжраIащ: «Ар уи Тхьэм и псалъэщ: Ар Iущщ, псори зыщIэщ!».
(31) Iибрахьим жиIащ: «Уэ лIыкIуэхэ! Сыт IэхукIэ фыкъысхуэкIуа?»
(32) Жэуап къратыж: «Дэ жылэ щIэпхъаджэм я деж дыкъагъэкIуащ
(33) ятIэм къыхэщIыкIа мывэ уэс къатедгъэсэну, [ар]
(34) щыкIахэм я нагъыщэхэр тету уи Тхьэм къахуигъэхьэзыращ».
(35) Iиман зиIэу абы дэсхэр Дэ къыдэдгъэкIащ.
(36) Дэ абы зы унагъуэ фIэкIа къыдэдгъуэтакъым [Тхьэм] еувэлIауэ.
(37) Дэ ар (къуажэр) щапхъэу къахуэдгъэнащ [Тхьэм] и гIэзаб гуащIэм щышынэхэм.
(38) Муса [и тхыдэри щапхъэщ], Дэ ар ФиргIэун хуэдгъэкIуат къэзыгъэпэж наIуэхэр иIыгъыу.
(39) Ауэ абы и блыгущIэтхэм я дежкIэ зигъазэри, жиIащ: «Мыр удщ, е зэкIуэкIащ!»
(40) Арати, Дэ езымрэ и дзэмрэ хым едгъэтхьэлащ. Ар езым къилэжьат.
(41) ГIадхэм [я тхыдэри щапхъэщ]. Дэ абыхэм едутIыпщащ хьэлэч зыщI жьапщэр,
(42) ар зылъэIэсам щыщу зыри къигъанэртэкъым зэтримыгъэщащэу.
(43) Самудхэм [я тхыдэри щапхъэщ]. Абыхэм жраIат: «Зывгъатхъэ фи пIалъэр къэсыху».
(44) Ауэ ахэр я Тхьэм и унафэм епэгэкIати, я нэр къижу, щыблэ гуащIэм едгъэукIащ.
(45) Абы и ужькIэ ахэр къызэфIэувэжыфакъым, къадэIэпыкъуни ягъуэтакъым.
(46) Абы япэжкIэ Нухь и жылэри дгъэкIуэдат. Ар жылэ сэхъуат.
(47) Дэ уафэри Ди IэкIэ духуащ, икIи ар зэкIэщIэкI тщIащ.
(48) Дэ щIыри дубгъуащ. Дэ дыухуакIуэ Iэзэщ!
(49) Дэ сыт ищIысри къэдгъэщIащ зэгуэгъуу. Фегупсысыт абы!
(50) Алыхьым феувэлIэным фепIэщIэкI: сэ Абы сыкъыфхуигъэкIуауэ сыущиякIуэ наIуэщ.
(51) Алыхьым нэгъуэщI тхьэ Iыхьэгъу хуэвмыщI: сэ Абы ущиякIуэ наIуэу сыкъыфхуигъэкIуащ.
(52) Абыхэм япэкIэ псэуахэми зы лIыкIуэ къахуэкIуакъым: «Удщ е зэкIуэкIащ», — хужамыIэу.
(53) АтIэ ар зым адрейм уэсяту къыхуигъэнауэ ара? Хьэуэ, ахэр псори жылэ сэхъуауэ арат!
(54) Абыхэм уи щIыб яхуэгъуазэ, уэ абыкIэ уагъэкъуаншэнукъым.
(55) Еущие абыхэм, уэ уи ущиер Iиман зиIэхэм я дежкIэ щхьэпэщ.
(56) Сэ жинхэмрэ цIыхухэмрэ къыщIэзгъэщIар къысхуэпщылIын къудей щхьэкIэщ.
(57) Сэ абыхэ я ерыскъым сыхуэныкъуэкъым. Сэ абы сагъэшхынуми сыщыгугъыркъым.
(58) Алыхьыракъэ Iыхьэр зыгуэшри, къару зиIэри, лъэщри!
(59) Залыму щытахэм я гуэныхьыр нэхъапэкIэ щыIа [джаурхэм] я гуэныхьым хуэдэщ – срамыпIащIэ!
(60) Унэхъунщ джаурхэр а зыщагъэшына Махуэр къыщыскIэ.
СУРЭ 52. ТIУР [IУАЩХЬЭР] (IЭТ ТIУР)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) ТIур IуащхьэмкIэ,
(2) ФIыцIагъэу
(3) тхылъымпIэ укъуэдиям тетымкIэ,
(4) унэу[563] куэд зыщIэмкIэ,
(5) унащхьэ[564]IэтамкIэ,
(6) хы мафIэмкIэ соIуэ
(7) уи Тхьэм и гIэзабыр [джаурхэм] ятохуэкIэ!
(8) Абы укъезыгъэлыни щымыIэкIэ!
(9) А Махуэу уафэр щыуфэфэнум,
(10) къуршхэри къыщежьэнум
(11) гуIэнущ [диныр] пцIыуэ зыбжахэр,
(12) псым хэджэгухьым хуэдэу, [дунейм] щыджэгухэр.
(13) А Махуэм еIунщIынурэ ахэр жыхьэнмэ мафIэм хэдзэнущ.
(14) «Ар фэ пцIыуэ къэфлъытэ мафIэращ!» къыжраIэурэ.
(15) Мыр уд Iэужь, хьэмэрэ зэхэвмыщIыкIыу ара?
(16) Фыхресхьэ абы! Фхуэшэчми – абы мыгIэнэ иIэжкъым, фэ къэвлэжьар къыватыжауэ аращ.
(17) Тхьэм фIэлIыкIыу щытахэр жэнэтым исынущ фIыгъуэм хэсу,
(18) я Тхьэм къаритам иригуфIэрэ, жыхьэнмэ гIэзабым Тхьэм щихъумауэ.
(19) Фешхэ, фефэ, ар фэ къэвлэжьащи: узыншагъэ шхын фхухъу!
(20) Ахэр сатыру егъэувэкIа шэнтжьейхэм исынущ. Дэ абыхэм щхьэгъусэ яхуэтщIынущ Iэхулъэху нэ пIащэхэр.
(21) Мыдрейуэ Iиман къэзыхьауэ зи щIэблэр IиманкIэ зыгъэсахэр зэхэтшэжынущ, къалэжьам щыщу зырикI дгъэкIуэдынкъым. Щхьэж езым ищIар и шэсыпIэжщ.
(22) Пхъэщхьэмыщхьэрэ лыуэ зыхуей псори Дэ яттынщ.
(23) Абыхэм бжьэр зэIэпахыу ирафынущ, ауэ а [бжьэм] итынукъым укъэзыгъави гуэныхь уэзыгъащIи.
(24) Налкъут къабзэм хуэдэ щIалэхэр абыхэм я IуэхутхьэбзащIэу щытынущ.
(25) Абыхэм уэршэрын къыщIадзэ.
(26) Абыхэм жаIэнущ: «Дэ нэхъапэм ди бынунэм дащыхэсам дыгузавэрт,
(27) иджы Алыхьым, и нэфI къытщыхуэри, самумым[565] и гIэзабым дыкъригъэлащ.
(28) Дэ нэхъапаэми Арат дызэлъэIуу щытар. Ар фIэрафIэщ, гущIэгъущIщ»
(29) Ущий ахэр, [Мухьэммэд]! Уэ Тхьэм и фIыгъэкIэ икIи узэкIуэкIакъым.
(30) Абыхэм жаIэнущ: «Ар усакIуэщ, дэ абы къыщыщIынум дыпоплъэ!»
(31) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «Фыпэплъэ, сэри фи гъусэу сыпоплъэ!»
(32) Ара я акъылым къитIэсыр, хьэмэрэ жылэ сэхъуауэ ара?
(33) Е абыхэм: «Ар езым къигупсысащ!» — жаIэу ара? Ае, ахэр Iиманыншэщ.
(34) Абыхэм жаIэр пэжмэ, мыбы (КъурIэным) хуэдэ хъыбар кърахьыт!
(35) Хьэмэрэ ахэр зыми къимыгъэщIу [къэхъуа], е ахэр езыхэр къэгъэщIакIуэ?
(36) Хьэмэрэ абыхэм уафэхэмрэ щIымрэ къагъэщIа? Хьауэ, абыхэм фIэщхъуныгъэ яIэкъым.
(37) Е уи Тхьэм и хъарзыналъэр абыхэм яIэщIэлъ, хьэмэрэ езыхэра тепщэр?
(38) Е абыхэм пкIэлъей яIэу, абы тету [мелыIычхэм] якIэщIэдэIухьрэ? ЯкIэщIэдэIухьмэ, къытхурехь къэзыгъэпэж.
(39) Хьэмэрэ пхъухэр Езым ейуэ, къуэхэр фыфейуэ ара?
(40) Е абыхэм уэ пщIэ япэбубыду, ар къайхьэлъэкIыу ара?
(41) Е абыхэм ущэхуа яIэу, ар ятхыу ара?
(42) Уэ абыхэм хъуэгъэщагъэ къыпкIэлъызэрахьэу ара? Джаурхэм я хъуэгъэщагъэр езыхэм къатехуэжынущ.
(43) Е абыхэм, Алыхьым нэмыщIкIэ, нэгъуэщI тхьэ яIэ? - Алыхьыр зихуэдэ щымыIэщ, Ар куэдкIэ нэхъ лъагэщ Iыхьэгъу къыхуащIхэм нэхърэ!
(44) Уафэ къутахуэ къехуэхыу ялъагъуми, абыхэм: «Ар пшэ гуэрэнщ!» — жаIэнущ.
(45) Къэгъанэ ахэр, щыблэм щызэтриукIэну Махуэр къэсыху.
(46) А Махуэм абыхэм я бзаджагъэри къащхьэпэжынукъым, зыгуэркIэ къадэIэпыкъуни ягъуэтыжынукъым.
(47) Мыдрейуэ, хэт щIэпхъаджэу щытами, абы ипэжкIэ гIэзабыр [къатепсыхэнущ]. Ауэ я нэхъыбэм ар ящIэркIым!
(48) Зыхуэгъэшэч уи Тхьэм и унафэр! Дэ уэ ди нэIэ къыптетщ. УкъэтэджыхукIи уи Тхьэм щытхъур хуэгъэш!
(49) ГъэлъапIэ Ар. Жэщми вагъуэхэр щыкIуэдыжым дежи!