Сурэ 49. унэ кiуэцiхэр (iэл хьуджурат)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Aлыхьым и цIэкIэ.
(1) Уэ Iиман къэзыхьахэ! Алыхьымрэ Абы и лIыкIуэмрэ япэ фимылъадэ икIи Алыхьым фыщышынэ. Алыхьым псори зэхех, ещIэ!
(2) Уэ Iиман къэзыхьахэ! Фи макъым бегъымбарым и макъым нэхърэ нэхъ лъагэу зевмыгъэIэт; фэ фызэрызэпсалъэм хуэдэу, абы ину фемыпсалъэ— фи IуэхущIафэхэр фымыщIэххэу пщIэншэ хъуну фыхуэмеймэ.
(3) Алыхьым и лIыкIуэм и пащхьэм зи макъыр щызыгъэлъахъшэхэр — ахэр зигухэр фIэлIыкIыныгъэм хузэIухаращ. Абыхэм [я гуэныхьри] къахуигъэгъунущ, тыгъэшхуи къахуищIынущ.
(4) Унэ щIыбым дэту [ущIэзышыну] къоджэхэм нэхъыбэм я акъылыр хунэсыркъым.
(5) Ахэр уэр-уэру укъыщIэкIыху къыппэплъатэмэ, езыхэм я дежкIэ нэхъыфIт. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!
(6) Уэ Iиман къэзыхьахэ! ЦIыху бзаджэ хъыбар къыфхуихьмэ, ипэжыпIэр зэхэвгъэкI, зэрымыщIэкIэ цIыхухэм фи зэран евгъэкIыу фщIам фыхущIемыгъуэжын щхьэкIэ.
(7) ЗэвгъащIэ фэ Алыхьым и лIыкIуэ зэрыфхэтыр. Ар Iуэху куэдкIэ фэ къывэдаIуэу щытамэ, фэ гугъу фехьынут. АрщхьэкIэ фэ Алыхьым, Iиманыр фигъэлъагъури, ар фигухэми щигъэдахащ; джаурыгъэр, бзаджагъэр, мыдаIуэныгъэр гущыкI фщищIащ. Апхуэдэхэр гъуэгу захуэ техьахэращ
(8) Алыхьым и жумартыгъэрэ и гущIэгъукIэ. Алыхьыр псори зыщIэщ, Iущщ!
(9) Iиман зиIэ гупитI зэзауэмэ, ахэр фэ зэвгъэкIуж. Зы гупыр адрейм екъуэншэкIамэ, фэри къуаншэм фезауэ, Алыхьым и унафэр ящтэху. Абыхэм къагъэзэжмэ, язми телъхьэ фыхуэмыхъуу, захуагъэкIэ зэвгъэкIуж. Алыхьым фIыуэ елъагъу захуэхэр.
(10) Iиман къэзыхьахэр зэкъуэшщ. Фи къуэшхэр зэвгъэкIуж, Алыхьым фыщышынэ — гущIэгъу къыфхуищIынщ.
(11) Уэ Iиман къэзыхьахэ! ЦIыхухэр зыр адрейм щIыремынакIэ: ахэр езыхэм нэхърэ нэхъыфIу къыщIэкIынкIэ мэхъу! Бзылъхугъэхэри бзылъхугъэхэм щIремынакIэ: ахэр езыхэм нэхърэ нэхъыфIу къыщIэкIынкIэ мэхъу! Фызэрымыгъэпуд, дзыи зэхуэвмыус. Iиман къэфхьа нэужь дзы зэхуэвусыныр гъуамагъэщ! Къэзымыгъэзэжхэр къуаншэщ.
(12) Уэ Iиман къэзыхьахэ! Гурыщхъуэ щIыным зыщывдзей. Гурыщхъуэм гуэныхь къыщы-хэкI щыIэщ. ТIасхъэщIэхыу фызэхущымыт. НэщIыбагъкIэ фызэрымыуб. Фэ фщыщ гуэ-рым и къуэш лIамэ, абы и лыр игу техуэу ишхыжын? Фэ абы фыщомэхъашэ[560]. Алыхьым фыщышынэ. Алыхьым къэзыгъэзэжыр ещтэ, Ар гущIэгъущIщ!
(13) Уэ цIыхухэ! Дэ фэ зэлI-зэфызым фыкъытедгъэпщIыкIащ икIи жыли лъэпкъи фытщIащ, фызэрыцIыхун щхьэкIэ. Алыхьым и пащхьэм нэхъ щынэхъыфIыр Тхьэм нэхъ фIэлIыкIхэращ. Алыхьыр псори зыщIэщ, псоми щыгъуазэщ!
(14) Къумырысхэм жаIащ: «Дэ Iиман къэтхьащ». ЯжеIэ абыхэм, [Мухьэммэд]: «Фэ Iиман къэфхьакъым, ауэ муслъымэн дыхъуащ жыфIэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иджыри Iиманыр фи гум хыхьакъым. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фахуэжыIэщIэмэ, Езым фи Iуэхум зыри хигъэщIынукъым. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!»
(15) Iиман иIэу зыхужыпIэнур Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ я фIэщ хъуауэ, абы шэч къытрамыхьэжу, я мылъкумкIи я псэмкIи Алыхьым и диным щIэбэнхэращ. Ахэращ пэжыр.
(16) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: «АтIэ фэ Алыхьыр фи диным хуевгъэджэжыну ара? Алыхьым ещIэ уафэхэми щIыми щыIэр. Алыхьыр сытми щыгъуазэщ.
(17) Ахэр муслъымэн зэрыхъуам щхьэкIэ, фIыщIэ зыхуагъэщIыну хэтщ. ЯжеIэ: «Фи муслъымэныгъэр фIыщIэ сывгъэщIыну фыхэмыт. Алыхьым Езым и фIыщIэу къелъытэж фэ Iиманым фызэрыхуишар, фыпэжу щытмэ».
(18) Алыхьым ещIэ уафэхэми щIыми щыущэхуар. Алыхьым елъагъу фэ фщIэр!
СУРЭ 50. КЪААФ
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Къааф. КъурIэн лъапIэмкIэ соIуэ!
(2) Ае, езыхэм ящыщ ущиякIуэ къащыхуэкIуэм, джаурхэм ягъэщIагъуащ: «Мыр сыт телъыджэ! – жаIэри.
(3) АтIэ дэ дылIэу сабэ дыхъужа нэужь [дыкъагъэтэджыжыну]? Ар къэмыхъун Iуэхущ!»
(4) Дэ дощIэ фэ [IфызыщIэлъыну] щIым фхигъэщIынур, ауэ Дэ диIэщ псори зыхъумэ Тхылъыр[561].
(5) Абыхэм пэжыр къахуэкIуа нэужь, пцIыуэ къалъытащ; иджы ахэр Iэнкунщ.
(6) Абыхэм ялъагъуркъэ уафэр къазэрыщхьэщыдгъэувар, ар зэрыдгъэщIэрэщIар, абы чагъэ зэримыIэр?
(7) Дэ щIыри дубгъури хъурзэхэри хэддзэжащ[562], къэкIыгъэ зэгуэгъу дахэхэри къытедгъэкIащ,
(8) къыдэувэлIа Ди пщылIхэм пэжгъэнаIуэ, щапхъэ яхуэхъун щхьэкIэ.
(9) Дэ уафэм уэшхыфIыр недгъэхри, абыкIэ къэдгъэкIащ жыг хадэхэри, хьэсэхэри,
(10) пальмэ лъагэхэри, пхъэщхьэмыщхьэхэр япызу,
(11) цIыхухэм яшхын щхьэкIэ; икIи псэ зыхэмытыж щIыр къэдгъэпсэужащ. Абы ещхьущ (щIым) фыкъызэрыхэкIыжынур!
(12) Абыхэм япэкIи [Си лIыкIуэхэр] пцIыупсу къалъытащ Нухь и цIыхухэми, Рэсс щыпсэухэми, Самудхэми,
(13) ГIадхэми, ФиргIэуни, ЛутI и къуэшхэми,
(14) Iэйкэ щыпсэухэми, ТуббэгI жылэми – псоми Си лIыкIуэхэр пцIыупсу къалъытати, Си гIэзабыр ятепсыхащ.
(15) Дэ япэрей къэгъэщIыгъуэм дригъэша? Хьэуэ! Ауэ абыхэм шэч къытрахьэ къызэрыдгъэтэджыжынум.
(16) ЦIыхур Дэ къэдгъэщIащи дощIэ абы и псэр къызэрехъуцацэр; Дэ абы нэхъ дыпэгъунэгъущ, и пщэм дэлъ лъынтхуэшхуэм нэхърэ.
(17) Абы ижьымкIи сэмэгумкIи мелыIыч зырыз къытесщ, къакIэлIыплъу.
(18) Абы зы псалъи къыжьэдэкIынукъым кIэлъыплъакIуэм зэхимыхыу.
(19) ФIэкIыпIэ зимыIэ лIэныгъэм и гузэвэгъуэр ипэжыпIэкIэ къапкърыхьэнущ: мис фэ фыIэщIэкIыну фызыхэтар! – жыхуаIэу.
(20) Сурым къепщэнущ: аращ фызыщагъэшына Махуэр!
(21) Дэтхэнэ псэри къэкIуэнущ, къезыхулIэмрэ щыхьэтымрэ ягъусэу.
(22) [КъыжраIэнущ]: «Уэ мыр къыпфIэIуэхуакъым, иджы Дэ тепхъуэр птетхащи, уи нэр жан хъуащ».
(23) И [мелыIыч] гъусэм жиIэнущ: «Мис с э сызыкIэлъыплъыну къызэфтар!»
(24) [Алыхьым къажриIэнущ]: «Зэгъусэу жыхьэнмэм хэвдзэ, дэтхэнэ джаур инатри!
(25) Мис ар фIыр фэзымыгъащIэу, щIэпхъаджэу, гуитIщхьитIу,
(26) Алыхьым Iыхьэгъу хуэзыщIу щытар! Хэвдзэ ар гIэззаб гуащIэм!»
(27) И пэшэгъу шейтIаным жиIэнущ: «Уэ ди Тхьэ! Сэракъым ар зыгъэгъуэщар, езыр гъуэщагъэжт».
(28) [Алыхьым] къыжриIэнущ: «Си пащхьэ фыщызэмыдауэ, мыбы фыхуэсакъыну Сэ нывжесIауэ щытат.
(29) Сэ си псалъэм хъуэж иIэкъым, Си цIыхухэми сайкъуэншэкIкъым».
(30) А Махуэм Дэ жыхьэнмэм деупщIынущ: «ЗыбгъэнщIа уэ» жэуап къитынущ: «КъыщIывгъун щыIэкъэ?» — жиIэнурэ.
(31) Тхьэм фIэлIыкIхэм жэнэтыр щалъагъукIэ къыжыраIэнущ:
(32) «Мис мыращ къызэрагугъауэ щытар тобэ къыхэзыхыжу абы темыкIыжар,
(33) ГущIэгъущIым щэхуу щышынэу, [Тхьэм и пащхьэм] гу къабзэкIэ къихьэжар.
(34) Фихьэ [жэнэтым] мамыру, мыр ух зимыIэ Махуэщ!»
(35) Ахэр зыхуей псори абы щагъуэтынущ, щIыдгъуни диIэщ.
(36) Абыхэм япэкIэ сыт хуэдиз щIэблэ дгъэкIуэда Дэ! Ахэр мыбыхэм нэхърэ нэхъ лъэщт, дунейми нэхъыбэ щагъэхъат. АтIэ абыхэм егъэзыпIэ къагъуэта?
(37) Ахэр ущиещ, гурэ псэкIэ едаIуэхэм я дежкIэ.
(38) Дэ уафэхэри, щIыри, абыхэм яку дэтхэри махуихым къэдгъэщIащ, еш жыхуаIэри тщIакъым.
(39) Абыхэм жаIэр зыхуэгъэшэч, [Мухьэммэд]! Уи Тхьэми щытхъур хуэгъэш дыгъэр къыщIэкIыным ипэкIи, къухьэжыным ипэкIи.
(40) Жэщми, нэмэзыр буха нэужьми гъэлъапIэ.
(41) Хуэсакъыу щIэдэIу [Мухьэмэд, Iисрафил и сурыр] псоми зэхахыу къыщыджэну Махуэм.
(42) А макъыр псоми щызэхахыну Махуэращ цIыхухэр къыщытэджыжынур.
(43) Дэращ къэзыгъэщIри зыгъэлIэжри, Дэращ зи пащхьэ къихьэжынури.
(44) А Махуэм щIыр зэгуэчынурэ цIыхухэр епIэщIэкIыу къэтэджыжынущ. Абыхэм я зэхуэшэсыжыныр Ди дежкIэ гугъукъым.
(45) Дэ нэхъыфIу дощIэ Абыхэм жаIэр, уэ ахэр хэбгъэзыхьыну уи къалэнкъым. Си шынагъэм фIэлIыкIхэращ уэ КъурIэнымкIэ бущиинур.