Сурэ 48. текiуэныгъэ (iэл фэтхь)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ.

(1) Дэ уэ текIуэныгъэ наIуэр къоттащ.

(2) Нэхъапэм къэпхьа гуэныхьри иужькIэ къэпхьыну гуэныхьри Алыхьым къыпхуигъэгъун щхьэкIэ, уэ къыпхуищIэ фIыгъуэр нигъэсу гъуэгу захуэ утригъэувэн щхьэкIэ,

(3) Алыхьым текIуэныгъэ лъапIэкIэ [бийм] уатригъэкIуэн щхьэкIэ.

(4) Аращ — Езыращ Iиман зиIэхэм я гум гупсэхугъуэ къизылъхьар, абыхэм я Iиманым аргуэру Iиман къыхэхъуэжын щхьэкIэ. Алыхьыращ зыIэщIэлъыр уафэхэми щIылъэми зауэлIу тетыр. Алыхьыращ псори зыщIэр, Iущыр!

(5) Iиман зиIэхэр Абы псыхэр щежэх жэнэтым игъэкIуэнущ игъащIэкIэ абы исыну, я гуэныхьхэри яхуигъэгъунущ. Ар Алыхьым и пащхьэм щыехъулIэныгъэшхуэщ.

(6) НапитIхэм, Тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэм, Алыхьым щхьэкIэ зигу Iей илъхэм гIэзаб къатрилъхьэнущ. Абыхэм ягу илъ Iейр я щхьэм къытехуэжынущ. Алыхьыр абыхэм къахуэгубжьри нэлат къарихащ, жыхьэнмэри къахуигъэхьэзыращ - ар хэщIапIэ гъуамэщ.

(7) Алыхьыращ зыIэщIэлъыр уафэхэми щIылъэми зауэлIу тетыр. Алыхьыр лъэщщ, Iущщ.

(8) Дэ уэ [цIыхум] уахуэдгъэкIуащ щыхьэту, гъэгуфIакIуэу, ущиякIуэу.

(9) Алыхьымрэ Абы и лIыкIуэмрэ фи фIэщ хъун щхьэкIэ, абы федэIуэн, ар вгъэлъапIэн щхьэкIэ; Езым пщэдджыжькIи пщыхьэщхьэкIи щытхъур хуэвгъэшын щхьэкIэ.

(10) Мыдрейуэ уэ къоувэлIахэр Алыхьми еувэлIауэ аращ, Алыхьым и Iэр абыхэм я Iэм къытрилъхьэжащ[555]. Абы епцIыжыр и щхьэм епцIыжауэ аращ. Алыхьыр къызэригъэгугъар хэт игъэпэжми абы Езым тыгъэшхуэ къыхуищIынущ.

(11) Къумырысхэм ящыщу къакIэ-рыхуахэм жаIэнущ: «Дэ ди мылъкумрэ ди бынунэмрэ я зэранкIэ дыкъэнащ. ТхуелъэIу [Алыхьым] къытхуигъэгъуну». Абыхэм я гум имылъыр я жьэмкIэ жаIэу аращ. ЯжеIэ [Мухьэммэд]: «Хэт Алыхьым пэрыуэфын, Абы Iей къывищIэнуми фIы къыфхуищIэнуми?» Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм!

(12) Ае, фэ фигугъат лIыкIуэмрэ мыIуминхэмрэ зэикI я унэ къамыгъэзэжыну! Ар [шейтIаным] фи гум щыфхуигъэдэхат, фи гум гупсысэ бзаджэхэри кърилъхьат, фэ фыжылэ кIуэдат.

(13) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зи фIэщ мыхъуахэм Дэ жыхьэнмэр яхудогъэплъ.

(14) Алыхьыращ уафэхэри щIыри зыIэщIэлъыр. Абы зыхуейм хуегъэгъу, зыхуейри егъэпшынэ. Ар гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

(15) Къуентхъыхьэ фыкIуэну фыщежьэкIэ[556], япэм нэкIуэн зымыдахэм жаIэнущ: «Дыздэфшэ фи гъусэу». Абыхэм Алыхьым и псалъэр зэрахъуэкIыну я мурадщ[557]. ЯжеIэ: «Фэ зэикI ди гъусэу фынежьэнукъым! Аращ нэхъапэм Алыхьым жиIар». ИтIанэ абыхэм къыжраIэнущ: «Хьэуэ, фэ фыкъыдофыгъуэри аращ». Хьэуэ, абыхэм къагурыIуэр мащIэщ!

(16) ЯжеIэ а къумырысхэм: «Фэ жылэ лъэщым фыпагъэувыну фыхураджэнущ. Е фезэуэнщ, е езыхэм зыкъатынщ. Фэ жыIэдаIуэу фыщытмэ, Алыхьым тыгъэфI къывитынщ, ауэ нэхъапэм хуэдэу фи щIыб къэвгъазэмэ, гIэзаб гуащIэр къыфтрилъхьэнщ».




(17) Нэфми емыкIу къытехуэркъым, лъашэми емыкIу къытехуэркъым, сымаджэми емыкIу къытехуэр-къым [зекIуэ емыжьэкIэ]. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ яхуэжыIэщIэр Езым псыхъуэхэр щежэх жэнэтым игъэкIуэнущ, зи щIыб хуэзыгъазэм гIэзаб гуащIэр трилъхьэнущ.

(18) Жыг щIагъым пэжыгъэкIэ къыщоувэлIа мыIуминхэм Алыхьыр арэзы яхуэхъуащ. Абыхэм я гум илъыр къищIэри гупсэхугъуэр къаритащ, текIуэныгъэ благъэри къаритащ,

(19) къуентхъ куэди къалъигъэсащ. Алыхьыр лъэщщ, Iущщ!

(20) Алыхьым къуентхъ куэдкIэ фыкъигъэгугъэри икIи къыфхуигъэпсынщIащ. Бийм я къаруми фыщихъумащ, Iиман зиIэхэм я дежкIэ нэщэнэ хъун щхьэкIэ; Езым гъуэгу захуэми фытригъэуващ.

(21) Адрейм фэ фыпэлъэщынутэкъым, ар Езы Алыхьым къывитащ. Алыхьым сыт ищIысри хузэфIокI.

(22) Iиман зимыIэхэр фэ къывэзэуами щIэпхъуэжынухэт икIи телъхьи дэIэпыкъуэгъуи ягъуэтынутэкъым.

(23) Ар апхуэдэу Алыхьым нэхъапэм иухат. Алыхьым иухар ихъуэжыркъым.

(24) Аращ - Езыращ Мэчэ къуэладжэм деж абыхэм фащытекIуа нэужь[558], фэ абыхэм фащызыхъумари езыхэр фэ къыфщызыхъумари. Алыхьым елъагъу фэ фщIэр.

(25) Ахэращ (мэчэдэсхэращ) Iиман къэзымыхьари, Мэждыт ЛъапIэм фыщIэзымыгъэхьари, къурмэны-пхъэхэр зыубыду здынэсыпхъэм нэзымыгъэсари. Фэ фымыцIыху мыIуминхэр абыхэм яхэмытамэ, ахэр къыфIэщIэукIэу я гуэныхьыр къыфтехуэну щымытамэ, [фэ Дэ абыхэм файдгъэзэуэнт, ауэ ахэр къывэдгъэлащ], Алыхьым и гущIэгъур зыхуейм лъигъэIэсын щхьэкIэ. Ахэр зэпэщхьэхуэу щытамэ, дауикI, Дэ Iиманыншэхэм гIэзаб гуащIэр ятетлъхьэнт.

(26) Iиманыншэхэм я гур пагэныгъэм щиубыдым, Алыхьым Езым и лIыкIуэмрэ Iиман зиIэхэмрэ гупсэхугъуэ къаритри Тхьэм зэрыфIэлIыкI псалъэри я гум имыкI ищIащ. Ар [мэчэдэсхэм нэхърэ] абыхэм нэхъ яхуэфащэт. Алыхьыр сыт ищIысми щыгъуазэщ.

(27) Алыхьым къигъэпэжащ и лIыкIуэм и нэгу щIэкIа пщIыхьэпIэр: «Фэ Алыхьым жиIэмэ, Мэжджыт ЛъапIэм фыщIыхьэнущ фи гур псэхужауэ. Фи щхьэхэр фупсынущ е фщынущ, шынагъуи щыIэжынукъым. Фэ фымыщIэр Абы ищIэрти, абы и пIэкIэ текIуэныгъэ благъэр[559] къывитащ.

(28) Аращ — Езыращ и лIыкIуэр къэзыгъэкIуар, гъуазэмрэ дин пэжымрэ къихьу, [Ислъамыр] дину щыIэм ящIыIу ищIын щхьэкIэ. Алыхьыр щыхьэт ирокъу.

(29) Мухьэммэд Алыхьым и лIыкIуэщ; абы и гъусэхэр джаурхэм яхуэинатщ, езыхэр зэхуэмахуэщ. Уэ уолъагъу абыхэм щхьэщэ зэращIри я щхьэр зэрагъэтIылъри. Ахэр зыщIэ-хъуэпсыр Алыхьым и гущIэгъумрэ и нэфIымрэщ. Ахэр къызэрыпцIыхунур щхьэгъэтIылъыным я натIэм къытрина лъэужьхэращ. Апхуэдэущ ахэр Тауратым къызэрыхэщыр, ауэ Инджылми ахэр къызэрыхэщыр къудамэм ягъэбыда къэкIыгъэ лъэдий лъэщущ — зысахэм ягъэщIагъуэрэ джаурхэр зэгуигъэпу. Абыхэм ящыщу Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр Алыхьым къигъэгугъащ гъэгъуныгъэрэ тыгъэ инкIэ!


Наши рекомендации