Сура 43. цiуугъэнэхэр (iэз зухъуруф)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ.
(1) Хьа, миим.
(2) Тхылъ наIуэмкIэ соIуэ!
(3) Дэ ар гIэрыпыбзэ КъурIэн тщIащ, къывгурыIуэн щхьэкIэ.
(4) Ар тхылъхэм я анэ[536] лъапIэу Iущым иту Ди деж щыIэщ.
(5) атIэ фэ фысэхъуауэ зэрывмыдэм щхьэкIэ КъурIэныр недмыгъэхыу къэдгъэнэнт?
(6) Сыт хуэдиз бегъымбар нахуэдгъэкIуат Дэ пасэрейхэм!
(8) Абыхэм (мэчэдэсхэм) нэхърэ нэхъ лъэщхэр Дэ дупм тщIыри щапхъэу цIыхухым къахуэдгъэнащ. (9) «АтIэ уафэхэмрэ щIымрэ хэт къэзыгъэщIар?» — жыпIэу уащеупщIкIэ, абыхэм жаIэнущ: «Ар къэзыгъэщIар лъапIэу щIэныгъэ зиIэращ».
(10) Езыращ щIыр гущапIэ фхуэзыщIу фыризекIуэн щхьэкIэ гъуэгуфIхэри фхухэзышар.
(11) Езыращ уафэм псыр мардэкIэ къригъэхыу псэ зыхэмытыж щIыр къэзыгъэпсэужыр. Ещхьыркъабзэу фэри щIым фыкъыхагъэкIыжынущ.
(12) Аращ зэгуэгъуу псори къэзыгъэщIар. Кхъухьхэри псэущхьэхэри къырифкIухь хъууэ фхуищIащ,
(13) фащытетIысхьэкIэ Алыхьым фIыщIэ хуэфщIыну, фатетIысхьа нэужьи жыфIэну: "Зихуэдэ щымыIэщ мы дэ тхуэмыщIыну щытар IурыщIэ тхуэзыщIар!
(14) ИкIи пэжщ, ди Тхьэм и пащхьэ дызэрихьэжынур!"
(15) ИтIани Езым и пщылIхэр и быну ягъэIуащ. Пэжым ухуеймэ, цIыхур инату джаурщ.
(16) АтIэ Абы къигъэщIахэм пхъухэр Езым къахихыу фэ къуэхэр къыфхуигъэна?
(17) ГущIэгъущIым хуагъэфэщам хуэдэкIэ езыхэм ящыщ щагъэгуфIэм деж[537] ар IуроуфIыцIыкI, ерагъкIэ и губжьыр зэтриIыгъэу.
(18) Хьэмэрэ цIуугъэнэм хапIыкIауэ мыгIэнэншэм щхьэкIэ ныкъуакъуэхэр [Алыхьым быну ищтэн?]
(19) ГущIэгъущIым и пщылI мелыIычхэр абыхэм бзылъхугъэу жаIащ. АтIэ [мелыIычхэр] къыщигъэщIым ахэр щыта? А жаIар ятхынурэ абыкIэ къайупщIыжынущ.
(20) ИкIи жаIэрт: "ГущIэгъущIыр хуеямэ, дэ абыхэм "тхьэнэпцIхэм) дахуэпщылIынтэкъым!" Абыхэм мы Iуэхум зыри хащIыкIыркъым, ахэр пцIыупсщ.
(21) АтIэ, мыбы япэкIэ, Дэ абыхэм (мэчэдэсхэм) тхылъ гуэр яхуэдгъэкIуауэ ар тегъэщIапIэ ящIу ара?
(22) Хьэуэ! Абыхэм жаIащ: " Дэ ди адэжьхэм ядэтлъэгъуа диным дырокIуэ".
(23) Ещхьыркъабзу Дэ зы къуажи ущиякIуэ дкIуэгъакIуэкъым мылъкум щигъэкIахэм къыжрамыIэу: " Дэ ди адэжьхэм ядэтлъэгъуа диным дырокIуэ"- жамыIэу.
(24) "Фи адэжьхэм ядэфлъэгъуам нэхърэ нэхъ дин пэж къыфхуэсхьамэ щэ?"- щыжраIэкIэ, къыжраIэжырт: "Мы уэ къытхуэпхьар ди фIэщ хъуркъым".
(25) Дэ ахэр абы пэдгъэуджэжащ. Плъагъурэ [Ди диныр] пцIыуэ зылъытам къащыщIар!
(26) Iибрахьим и адэмрэ и жылэмрэ яжриIащ: "Фэ фызыхуэпщылIхэм сэ си Iуэху хэлъкъым,
(27) [сэ сызэхуэпщылIыр] сыкъэзыгъэщIаращ. Езыращ сэ гъуэгу захуэ сытезгъэувэнур!"
(28) А псалъэр абы и щIэблэм уэсяту къахуигъэнащ, [гъуэщахэм] къагъэзэжынкIэ щыгугъыу.
(29) Ае, сэ абыхэмрэ я адэжьхэмрэ згъэпсэуащ пэжымрэ лIыкIуэ наIуэмрэ къахуэкIуэху.
(30) Ауэ пэжыр къащыхуэкIуэм, абыхэм жаIащ: "Мыр удыгъэщ, мыр ди фIэщ хъуркъым".
(31) Абыхэм жаIащ: "Мы КъурIэныр жылитIым[538] ящыщу зы лIы щэджащэхэм къыхуэкIуамэ аратэкъэ!"
(32) АтIэ абыхэм и Тхьэм и гущIэгъур (бегъымбарыгъэр) ягуэшу ара? Дэ абыхэм фIыгъуэр мы дуней хьэхум щахуэдгуэшащ, зыхэр адрейхэм яхэдгъэфIыкIащ, зыхэр адрейхэм яхуэлэжьэн щхьэкIэ. Уи Тхьэм и гущIэгъур нэхъыфIщ абыхэм яугъуейм нэхърэ.
(33) ЦIыхухэр псори [мылъкум дихьэхыу] зы [джаур] Iумэт хъуну щымытатэмэ, ГущIэгъущIыр зи фIэщ мыхъухэм я унащхьэхэри я дэкIуеипIэхэри дыжьыну дгъэжынт,
(34) я унэбжэхэри зэрылъ шэнтжьейхэри
(35) дыщэкIэ яхуэдгъэщращIэнт. Ауэ к псори мы дуней хьэхум и фIыгъуэ къудейщ. Ахърэтым и фIыгъуэр зылъысынур уи Тхьэм фIэлIыкIхэращ.
(36) ГущIэгъущIым и диным хуэдэгум Дэ шейтIан гъусэ хуэтщIынурэ ар пэшэгъуу иIэнущ.
(37) Ахэр, дауикI, [шейтIанхэм] ягъэгъуэщэнущ, гъуэгу захуэм тет къыфIагъэщIу.
(38) Абыхэм ящыщ гуэр Ди пащхьэм къыщихьэжкIэ, [шейтIаным] жыриIэнущ: "Бетэмал, уэрэ дэрэ къуэкIыпIитIым[539] хуэдэу дызэпэжыжьэу щытамэ аратэкъэ! Сыту у пашэшъу цIапIэ уэ!"
(39) Фэ щIэпхъэджэу фыщыщытакIэ, зэгъусэу гIэзабыр къыфщигъэпсынщIэнукъым.
(40) АтIэ уэ дэгум зэхебгъэхыфын, е нэфымрэ наIуэу гъуэщамрэ гъуэгу захуэм тепшэфын?
(41) Дэ уэ, [Мухьэмэд], дунейм уетшэхыжми ахэр ящIам пэдгъэуджэжынущ.
(42) Е дэ уэ уэдгъэлъагъунщ ахэр зэрыдгъэшынэу щытар, Дэ абыхэм дахурикъунщ!
(43) Аращи, уэ ныпхуедгъэхьахэм иригъуазэ, уэ гъуэгу захуэ утетщ.
(44) Мыр уи жылэри уэри фызыущий [ФIыцIагъэщ]. ИужькIи фэ жэуап фхьынущ.
(45) ЕупщIыт уяпэкIэ къэдгъэкIуа лIыкIуэхэм: "Дэ абыхэм къахуэдгъэува, ГущIэгъущIыр къагъэнэу, нэгъуэщI тхьэхэм хуэпщылIыну?"
(46) Дэ Муса ди нэщэнэхэр иIыгъыу ФиргIэунрэ и блэгущIэтхэмрэ яхуэдгъакIуэри яжриIащ: " Сэ дунейхэм я Тхьэм сырилIыкIуэщ".
(47) Дэ ди нэщэнэхэр щаригъэлъагъум, ахэр абы къыщыдыхьэшхащ.
(48) Дэ абыхэм ядгъэлъэгъуа нэщэнэхэр зым нэхърэ адрейр нэхъ гуащIэжт. ИкIи Дэ абыхэм гIэзаб ятетлъхьащ, къагъэзэжынкIэ дащыгугъыу.
(49) Абыхэм жаIащ: "Уэ уд, уи Тхьэм укъызэригъэгугъауэ щытамкIэ тхуелъэIу: [гIэзабыр тщхьэщихмэ] гъуэгу захуэм дытеувэнщ."
(50) ГIэзабыр щащхьэщытхым, ахэр я псалъэм епцIыжащ.
(51) ФиргIэуни и жылэм яхэджащ: "Уэ си жылэ! Сэракъэ Мысырыр зыIэщIэлъыр, му псыхъуэхэр зыщIэжыр си лъабжьэракъэ? Ар фэ флъагъуркъэ?
(52) Сэрмыраи нэхъыфIыр мы мыгIэнэншэу псалъэкIэ зымыщIэм[540] нэхърэ?
(53) щымыхъужми дыщэ Iэпщэхъухэр къыIэралъхьамэ, е мелыIычхэр гъусэ къыхуащIами аратэкъэ?[541]
(54) Мис апхуэдэу [ФиргIэун] и лъэпкъыр игъэделэри жыIэщIэ зыхуищIаз, ахэр жылэ гъуамэт.
(55) Абыхэм Дэ дагъэгубжьати, яхуэдгъэгъуакъым: псори хым едгъэтхьэлащ.
(56) Дэ ахэр щапхъэрэ хъыбару къэкIуэну щIэблэм къахуэдгъэнащ.
(57) Марям и къуэр щапхъэу къыщыхуахькIэ, уи жылэм ямыдэу зыкъаIэт.
(58) ИкIи жаIэр: "Ди тхьэхэра нэхъыфIыр хьэмэрэ ара [ГIиса]?" Ар щапхъэу къыщIахьыр къоныкъуэкъун къудей щхьэкIэщ. Ае, ахэр жылэ инатщ.
(59) Ар ди пщылI къудейщ, ауэ бегъымбар тщIащ, Iисраил и щIэблэм щапхъэ яхуэхъун щхьэкIэ.
(60) Дэ дыхуеямэ, фэ мелыIычхэр къыфхэдгъэкIынти, фи пIэкIэ щIым къытеднэнт.
(61) Ар (ГIиса), шэч хэмылъу, Къемэт махуэм и щыхьэтщ[542]. Абы шэч къытевмыхьэу си гъуэгум фыкъытеувэ, ар гъуэгу захуэщ.
(62) ШейтIаным абы зытыревмыгъэш, ар гъэнахуауэ фи бийщ.
(63) ГIиса къэзыгъэпэж наIуэхэр иIыгъыу къахуэкIури яжриIащ: "Сэ фэ Iущыгъэ къыфхуэсхьащ, фызэрызэгумыIуэм щыщхэр фхузэхэсхун щхьэкIэ. Алыхьым фыщышэнэ, сэри фыкъызэдаIуэ.
(64) Алыхьыр сэри си Тхьэщ, фэри фи Тхьэщи, абы фыхуэпщылI, ар гъуэгу захуэщ".
(65) Ахэр зэгурымыIуэу гуп-гуп зэрыгъэхъуащ. Къуаншэу щытахэм Къемэт махуэм уанэ мыгъуэр тралъхьэнущ: гIэзаб гуащIэр къапэщылъщ.
(66) Ахэр нэгъуэщI зыгуэр пэплъэрэ, ямыщIэххэу къатепсыхэну Къемэт махуэм нэмыщI?
(67) А махуэм зэгыбжьэгъухэр бий зэхуэхъужынущ. Тхьэм фIэлIыкIхэм фIэкIа къэмынэу.
(68) Уэ си пщылIхэ! Фэ нобэ шынагъуи нэщхъеягъуи фиIэнукъым,
(69) фэращ Си Iэятхэр зи фIэщ хъуауэ муслъымэну щытар.
(70) Фихьэ жэнэтым фэри фи щхьэгъусэхэри, фагъэгуфIэнущ.
(71) Абыхэм дыщэ тепщэчхэмрэ фалъэхэмрэ къыхуахьынущ. Абыхэм псэм фIэIэфIымрэ нэм фIэдахэмрэ ярылъынущ. Фэ ар игъащIэкIэ тхъапIэу фиIэнущ.
(72) Апхуэдэщ фэ къэвлэжьа жэнэтыр.
(73) Абы фэ шхыныгъуэу щывиIэнущ пхъэщхьэмыщхьэ Iэджэ.
(74) Джаурхэр къыхэкI ямыIэу жыхьэнмэс хэсынущ.
(75) Абыхэм [гIазабыр] щагъэпсынщIэнукъым, гугъапIэншэуи хэсынущ.
(76) Абыхэм Дэ дайкъуэншэкIакъым, езыхэр зэкъуэншэкIыжауэ аращ.
(77) Ахэр къэджэнущ:" Уа Малик[543]! Уи Тхьэм ди псэр хырех!" ЯжриIэжвнущ: "Фызэрыщыту фыхэсынущ!"
(78) Дэ фэ пэжыр къыфхуэтхьат, ауэ фи нэхъыбэм пэжыр ялъагъу хъуртэкъым.
(79) Абыхэм хъуэгъэщагъэ зэрахъэмэ, Дэри хъуэгъэщагъэ яхузэрытхъэнщ.
(80) Хьэмэрэ абыхэм ягугъэ я щэхумрэ зэрызэIущащэхэмрэ Дэ зыхэдмыхыу? Хьэуэ, абыхэм я деж щыIэ Ди лIыкIуэхэм[544] псори ятх.
(81) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "ГущIэгъущIым сабий иIэу щытамэ, сэ псом япэ абы сыхуэпщылIынт."
(82) Зихуэдэ щымыIэщ уафэхэмрэ щIымрэ я Тхьэр, ГIэршым и тепщэр. Ар куэдкIэ нэхъ лъагэщ Абы ирапэсхэм нэхърэ.
(83) Зэхырет ахэр къавэрэ джэгуу, къызэрагъэгугъа я Махуэр къэсыху.
(84) Аращ уафэми и Тхьэр, щIыми и Тхьэр, Ар Iущщ, псоми щыгъуазэщ!
(85) ЛъапIэщ икIи жумартщ уафэхэри, щIыри, абыхэм яку дэтхэри зи IэмыщIэ илъыр! Аращ зыщIэр Къемэт махуэм и пIалъэр, Аращ зи пащхьэ фихьэжынури!
(86) [Алыхьым] хуагъадэу ахэр зэлъэIухэр абыхэм къащыжыфынукъым, [къащыжыфынур] пэжыр зыщIэу абы щыхьэт техъуахэращ[545].
(87) "ФыкъэзыгъэщIар хэт?" — жыпIэрэ уайупщIмэ, абыхэм дауикI: "Алыхьыращ", — къыбжаIэнущ. АтIэ сыт абыхэм инату пцIым зыщIыкIэращIэр!
(88) [Мухьэмэд и Тхьэм] хуотхьэусыхэ: "Уэ си Тхьэ! Мыхэр Iиманым пэIэщIэ жылэщ!"
(89) [Уэ, Мухьэмэд,] къакIэрыкIи мамыру ядэпсэу. ИужькIэ сыкъащIэнщ абыхэм!