Сурэ 35. къэгъэщiакiуэ (фатiыр)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) ФIыщIэ фхудощIАлыхьу, уафэхэмрэ щIымрэ къэзыгъэщIу, мелыIычхэр лIыкIуэ зыщIу дамэ тIурытI, щырыщ, плIырыплI къезытам! Езым къигъэщIам зыхуейм хуэдиз хегъахъуэ. Алыхьым сытри хузэфIокI!

(2) Алыхьым цIыхухэм фIыгъуэ къахуиутIыпщмэ, ар зыми хуэубыдынукъым, ауэ Езым иубыдри нэгъуэщIым къыхуэутIыпщынукъым. Езыращ лъэщу Iущыр!

(3) Уэ цIыхухэ! Алыхьым къыфхуищIар зыщывмыгъэгъупщэ! Алыхьым нэмыщI къэгъэщIакIуэ щыIэ? Абы уафэми щIыми фызэрыпсэуну къыщывет. Езым нэмыщI тхьэ щыIэкъым! Сыту тхьэкъуа фыхъуа!

(4) Уэ абыхэм пцIыупсу укъалъытэмэ, уяпэкIэ щыIа нэгъуэщIхэри пцIыупсу къалъытат, ауэ унафэр зэкIуэлIэжыр Алыхьыращ!

(5) Уэ цIыхухэ! Алыхьым фыкъызэригъэгугъар пэжщ. Дуней хьэхум зыдевмыгъэхьэх, икIи, гъэпцIакIуэм зыкъевгъэгъапцIэу, Алыхьым зыбгъэдевмыгъэш.

(6) ШейтIаныр фи бийщи бийуэ флъытэ! Абы и пэшэгъухэр зыхуишэр жыхьэнмэращ.

(7) Iиманыншэхэм гIэзабышхуэр къапэщылъщ, мыдрейуэ Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм я гуэныхьри къахуигъэгъунущ, тыгъэшхуэри къаритынущ.

(8) Зи бзаджэр зыхуагъэдахэ, ар дахэу зылъэгъужар [гъуэщакъэ]? Алыхьым зыхуейр егъэгъуащэ, зыхуейри еузэщI. Абыхэм щхьэкIэ зумышхыхьыж, Алыхьыр щыгъуазэщ абыхэм ящIэм.

(9) Алыхьыращ жьыхэр къезыгъапщэу пшэр къезыгъэIэтыр. ИтIанэ ар псэ зыхэмытыж щIылъэм дохури абыкIэ къыдогъэпсэуж. Апхуэдэущ [цIыхухэри] къызэрыдгъэтэджыжынур.

(10) ЛъапIэныгъэ лъыхъуэм лъапIэныгъэр зыIэщIэлъыр Алыхьыращ; псалъэфIри Езым деж нос, IуэхуфIри еIэт. Мыдрейуэ, бзаджагъэ зэрызыхъэхэм, гIэзабышхуэ къапэщылъщ; абыхэм я хъуэгъэщагъэр зыри къимыкIыу мэкIуэдыж.

(11) Алыхьым ятIэм фыкъыхигъэщIыкIащ, итIанэ нэпсырым фыкъыхигъэкIащ, зэхъузэбзи фищIащ. Зы бзылъхугъэ уэндэгъуи хъуркъым икIи лъхуэркъым Алыхьым и щIэныгъэкIэ фIэкIа. Зы пси жьы хъуху псэунукъым, игъуэ нэмысуи лIэнукъым, Тхылъым[484] зэритым хуэдэу фIэкIа. Ар Алыхьым и дежкIэ гугъукъым.

(12) ХитIыр зэхуэдэкъым: мыр IэфIщ, уефэнкIи гуакIуащ; мор шуугъэщ, дыджщ; дэтхэнэми къыхэкIа лы щабэ фошх, зэрызывгъэщIэращIэ цIуугъэнэхэри къыхывох. Езым и жумартыгъэр къызэрыфлъыхъуэ кхъухьхэри щызокIуэ. Щхьэ фIыщIэ фымыщIрэ?

(13) Езым жэщыр махуэм хегъэхьэ; дыгъэмрэ мазэмрэ игъэIурыщIащ, — псори Езым иуха пIалъэм нэсыхукIэ зекIуэнущ. Аращ Алыхьу фи Тхьэр, псори зыхузэфIэкIыр. Мыдрейуэ, Езым нэмыщIу фэ фызыхуэпщылIхэм, нэбдзыпэм ишэчыни яхузэфIэкIыркъым.

(14) Абыхэм феджэми фызэхахыркъым, фызэхахами къыфпэджэжынутэкъым. Къемэт махуэми Алыхьым Iыхьэгъу хуэфщIахэм фыкъадэжынукъым. Щыгъуазэм хуэдэу хъыбарыр зыми къыбжиIэфынукъым.

(15) Уэ цIыхухэ! Фэ Алыхьым фыхуэныкъуэщ, [Алыхьыр фэ къыфхуэныкъуэкъым], Ар бейщ, лъапIэщ!

(16) Алыхьыр хуеймэ, фэ фигъэкIуэдынщи, щIэуэ нэгъуэщI къигъэщIыжынщ,

(17) ар Алыхьым дежкIэ гугъукъым.

(18) Зым и хьэлъэ (и гуэныхь) нэгъуэщIым ихьынукъым; хьэлъэ зытелъыр лъаIуэми, ар щхьэщахыфынукъым, [зэлъэIуар] и благъэу щытми. Уэ пхэущиинур я Тхьэм щэхуу щышынэу нэмэз зыщIхэращ. Хэт зигъэкъабзэми и щхьэращ зыхуищIэжыр. Псори зэкIуэлIэжынур Алыхьыращ.

(19) Зэхуэдэ хъунукъым нэфымрэ зылъагъумрэ,

(20) кIыфIымрэ нэхумрэ,

(21) жьауэмрэ жьэражьэмрэ.

(22) Зэхуэдэ хъунукъым псэухэмрэ лIахэмрэ[485]: Алыхьым зыхуейм зэхырегъэх, уэ кхъэм щIэлъым зэхебгъэхыфынукъым:

(23) Уэ уущиякIуэ къудейщ.

(24) Пэжыр пIыгъыу Дэ удгъэкIуащ гъэгуфIакIуэрэ ущиякIуэу. Зы жыли щыIакъым ущиякIуэ зыхуэмыкIуа.

(25) Абыхэм уэ пцIыупсу уалъытамэ, нэхъапэм щыIахэми пцIыупсу къалъытат [Ди лIыкIуэхэр]. Абыхэм я лIыкIуэхэр къахуэкIуат Iэят наIуэхэр, фIыцIагъэхэр, зыузэщI тхылъхэр яIыгъыу.

(26) ИтIанэ Iиман къэзымыхьахэр Сэ згъэк1уэдащ. Пэзгъэуджэжащ Сэ ахэр ящIам!

(27) Уэ плъагъуркъэ, Алыхьым псыр уафэм ныригъэхыу, абыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ зэмыфэгъухэр къызэригъэкIар! Къуршхэми тхыпхъэ зэмыфэгъу телъщ — хужьу, плъыжьу, вындым хуэдэу фIыцIэу.

(28) Щыхухэми, псэущхьэхэми, Iэщхэми зэмыфэгъухэр яхэтщ. Аращ, цIыхухэм щыщу Алыхьым фIэлIыкIыр щIэныгъэ зиIэхэращ. Алыхьыр лъэщщ, гуэныхьгъэгъущ!

(29) Алыхьым и Тхылъым еджэу, нэмэз ищIу, яттам щэхууи нахуэуи хэзытыкIхэм сату мыкIуэдыжын ящIащ.

(30) Абыхэм къалэжьар нэсу яритыжынущ, и жумартыгъэмкIи яхуигъэбагъуэнущ. Ар гуэныхьгъэгъущ, зэхэзыщIыкIщ!

(31) Дэ уэ Тхылъым щыщу уэхьий къыпхуэтщIар пэжщ, уяпэкIэ къехахэри зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ. И цIыхухэм ящIэм Алыхьыр щыгъуазэщ, елъагъу!

(32) ИтIанэ мы Тхылъыр Ди цIыхум ящыщу Дэ къыхэтхахэм къахуэдгъэнащ, абыхэм яхэтщ зэран зыхуэхъужахэри[486], гугъущэ зезымыгъэхьахэри[487], яхэтщ Алыхьым и IизынкIэ IуэхуфIкIэ ятекIуахэри. Ар (КъурIэныр) [Тхьэм] и гущIэгъушхуэщ!

(33) Ахэр жэнэтым ихьэнущ лыIулыIукIэ щIэгъэна дыщэ Iэпщэхъухэр яIэрылърэ, шылэкIэ хуэпауэ.

(34) Абыхэм жаIэнущ: «Алыхьу нэщхъеягъуэр тщхьэщызыхам фIыщIэ худощI! Ди Тхьэр гущIэгъущIщ, зэхэзыщIыкIщ!

(35) Аращ — Езыращ гущIэгъу къытхуищIу игъащIэкIэ дызэрысыну [жэнэтым] дыкъизыгъэтIысхьар; дэ абы дыщезэшынукъым, дэ абы дыщешынукъым.

(36) Мыдрейуэ, Iиман къэзымыхьахэм жыхьэнмэ мафIэр къапэщылъщ, ахэр абы хэлIыхьу я гIэзабыр яухынукъым икIи хуагъэмащIэнукъым. Апхуэдэущ Дэ джаурхэр зэрыдгъэпшынэр.

(37) Ахэр абы щытхьэджэнущ: «Уэ ди Тхьэ! Мыбы дыкъыхэгъэкIи дэ фIы тщIэнущ — нэхъапэм тщIам хуэмыдэу!» Дэ фэ фыдгъэпсэуакъэ, зэхэзыщIыкIынум зэрызэхищIыкIын хуэдизкIэ, ущиякIуи къыфхуэкIуатэкъэ? ВгъэныщкIу иджы [гIэзабыр]! Iиман къэзымыхьахэм дэIэпыкъуэгъу яIэнукъым.

(38) Алыхьыр щыгъуазэщ уафэхэми щIылъэми щэхуу щыIэм, Абы ещIэ гум илъри.

(39) Аращ — Езыращ мы щIым зэкIэлъыкIуэу фыкъытезыгъэхьэр; джауру щытар и щхьэращ зыхуэджаурыжар; джаурыгъэм джаурхэр я Тхьэм нэхъри пэжыжьэ ещI; джаурыгъэм джаурхэр нэхъри егъэунэхъу!

(40) ЯжеIэ: «Фэ флъэгъуа Iыхьэгъу фщIауэ Алыхьым ипIэкIэ фызыхуэпщылIхэр? Сывгъэлъагъут абыхэм мы щIым зыгуэр къыщагъэщIамэ! Хьэмэрэ уафэхэм я къэгъэщIыным зыгуэркIэ хэлIыфыхьа? Хьэмэрэ Дэ абыхэм ФIыцIагъэ къахуедгъэхауэ а жаIэр къигъэпэжрэ?» Хьэуэ! Джаурхэр езырезыру къызэрогъэпцIэж!

(41) Алыхьым уафэхэмрэ щIымрэ зэтреIыгъэ, мыкIуэдын щхьэкIэ. Ахэр имыгъэкIуэду зыми хузэтеIыгъэнукъым, Езым нэмыщI, Езыр Iэсэщ, гущIэгъущIщ!

(42) Нэхъ тхьэлъанэшхуэу щыIэ Алыхьым и цIэмкIэ абыхэм тхьэ яIуащ: ущиякIуэ къахуэкIуэмэ, дэтхэнэ жылэми нэхърэ нэхъ узэщIа хъуну. Ауэ ущиякIуэр къахуэкIуэри ахэр [Гиманым] нэхъри пэжыжьэ хъуащ,

(43) дунейм зэрызыщагъэпIийм, хъуэгъэщагъэ бзаджэ зэрызэрахьэм къыхэкIкIэ. Ауэ хъуэгъэщагъэ бзаджэм илъэхъэжыр ар зи Iэужьыращ. Пасэрей [джаурхэм] къащыщIам нэмыщIу сыт ахэр зыпэплъэр? Уэ зэикI плъагъункъым Алыхьым иухам зихъуэжу! Уэ зэикI плъагъункъым Алыхьым иухар мызащIэу!

(44) Ахэр мы дунейм тетакъэ, щхьэ ямылъэгъуарэ пасэрей [джаурхэм] я кIэух хъуар? Ахэр къарукIэ нэхъ лъэщт, ауэ уафэхэми щIылъэми Алыхьым зыри щыпэрыуэфынукъым. Езым [псори] ещIэ, сытри лъокI!

(45) Алыхьым цIыхухэр зэхащIыхьам тригъэкIуадэу щытамэ, мы днейм и лъэ зекIуэу зыри къытенэжынутэкъым, ауэ пIалъэ хэхар къэсыхукIэ къызэтрегъанэ. Я пIалъэр къэса нэужь [жэуапым ирашэлIэнущ]. Алыхьым и пщылIхэр ецIыхуж!

СУРЭ 36. ЙАСИН

ГуащIэмрэ гущIэгьумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Иасин[488].

(2) КъурIэн Iущым и цIэкIэ соIуэ,

(3) уэ лIык1уэхэм уащыщкIэ,

(4) гъуэгу захуэ утеткIэ!

(5) Мы [КъурIэныр] ГущIэгъущIу лъэщым къригъэхащ,

(6) нэхъапэм зи адэжьхэр дымыущия лъэпкъыр ирибущиин щхьэкIэ — ахэр иджыри къэушакъым.

(7) Абыхэм я нэхъыбэм жыхьэнмэр къалэжьащ, Алыхьыр я фIэщ зэрымыхъум къыхэкIкIэ.

(8) Абыхэм я жьэпкъым щIэуэу Дэ уэрдыхъу япщIэхэтлъхьащ, я щхьэхэр Iэтауэ къэдгъэнащ[489].

(9) Я гупэкIи я щIыбкIи блын къыщыт нэхъей, я нэхэр щытпхъуащи, зыри ялъагьужыркъым.

(10) Уеущиеми уемыущиемитIури зыщ: [Iиман] къахьыркъым.

(11) Уэ буущиинур КъурIэныр зи фIэщ хъуауэ щэхуу Тхьэм фIэлIыкIыраиц; ар гъэгуфIэ и гуэныхьыр къызэрыхуэгъунумрэ Тхьэр къызэрегуэпэнумкIэ[490].

(12) Дэ л1ахэр къыдогъэпсэуж, я IуэхущIафэри я лъэужьри дотх, псори убзыхуауэ тхыгъэм идодзэ.

(13) Щапхъэу къахуэхь Ди лIыкIуэхэр зыдэдгъэкIуа жылэр.

(14) TIy яхуэдгьакIуэри пцIыупсу къалъытащ, ещанэрейр якIэлъыдгъэкIуэжри, абыхэм жаIащ: «Дэ Тхьэм дыкъыфхуигъэкIуащ», — жаIэри.

(15) КъыжраIэж: «Фэ дэ фытхуэдэ цIыху къудейщ, ГущIэгъущIым зыри къигъэкIуакъым, фэ пцIы фоупс», — жаIэри.

(16) [ЛIыкIуэхэм] жаIэ: «Тхьэм ещIэж дэ лIыкIуэу дыкъызэрыфхуигъэкIуар.

(17) Ди къалэныр Тхьэм и псалъэр зэхэхауэ къыфлъэдгъэIэсыныращ»

(18) КъыжраIэж: «Ди бзухэм я лъэтэкIэмкIэ къэтщIащ[491] [мыгъуагъэ къызэрытхуэфхьынур]; щывмыгъэтмэ, мывэкIэ фыдукIынщ, гIэзаб гуащIэри ныфтетлъхьэнщ».

(19) [ЛIыкIуэхэм] жаIэ: «Фэ фи бзур фи гъусэжщ; дэ фыдоузэщI, ауэ фэ ивогъэлей».

(20) Абдежым къуажэкIэмкIэ псынщIэу къикIри лIы гуэрым къажриIащ: «Уэ цIыхухэ! Тхьэм и лIыкIуэхэм я гъуэгум фытеувэ, — жиIэри

(21) пщIэншэу къывэущиехэм я гъуэгу фытехьэ, ахэр гъуэгу захуэм тетщ.

(22) Дауэ сыхуэмыпщылIынрэ Тхьэ сыкъэзыгъэщIауэ фызэкIуэлIэжынум?

(23) Езым нэмыщI, нэгьуэщI тхьэ щыIэу дауэ къэслъытэн: Езы ГущIэгъущIым Iей къызищIэну хуеймэ, сэ зыри къысщхьэщыжыфынкъым икIи сыкъригъэлыфынкъым.

(24) Абы щыгъуэ икъукIэ сыгъуэщащ.

(25) Сэ фи Тхьэр си фIэщ хъуащ, фыкъызэдаIуэ![492]»

(26) КъыжраIащ абы: «Ихьэ жэнэтым!» Езым жеIэ: «Уэ бетэмал, си лъэпкъым ящIащэрэт

(27) гуэныхьыр си Тхьэм къызэрысхуигьэгьуар, щIыхь зиIэм сазэрыхибжар».

(28) Ар яукIа нэужь, абы и жылэм уафэм къедгъэхыу дзэ къатедгъэуакъым, къатедгъэуэнуи Ди щхьэ тетлъхьакъым.

(29) Зы макъ закъуэ къэIури зэтриукIащ.

(30) Еууей, цIыхур тхьэмыщкIэщ, лIыкIуэ дапщэ къахуэдгъэкIуами къащIонакЬхэр.

(31) Ялъэгъуакъэ абыхэм япэ щЬблэ Iэджэ зэрыдгъэкIуэдари, абыхэм къэгъэзэж зэрамыIэри!

(32) [Ахэр], дауикI, Ди пащхьэ кърашэжынущ.

(33) Тхьэр уи фIэщ зэрыхъун телъыджэщ: псэ зыхэмытыж щIыр къэдгъэпсэужу фэ фшхы гъавэр абы къызэрытедгъакIэр.

(34) А щIым хадэхэр къытедгъэхъуащ, жызумымрэ чыцIыбжьэмрэ[493] къыщыкIыу, псынэхэри къыщIэжу,

(35) а пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ я IэкIэ езыхэм хасэмрэ яшхын щхьэкIэ. Ар фIыщIэ ящIын хуейкъэ!

(36) Тхьэуэ зихуэдэ щымыIэм, псори зэгуэгъуу къигъэщIащ — щIым къыхэкIри, цIыхум къилъхури, ямыщIэу щыIэхэри[494].

(37) Нэщэнэщ жэщри: нэхур тыдогъэкIуэтри псори кIыфIым къыхонэ.

(38) Дыгъэр мажэ и увыIэгьуэр къэсыху, ари зыгъэпсар Лъэщу щIэныгъэшхуэ ЗиIэращ[495].

(39) Мазэм и теплъэми зэрызихъуэжыр дгъэпсащ, ар и кIэм хъурмэкI гъуам ещхь мэхъуж.

(40) Дыгъэр мазэм лъэщIыхьэнукъым, жэщри махуэм и пэ ищыфынукъым, псори уэгум щосхэр[496].

(41) [ЦIыхум] я дежкIэ нэщэнэщ я лъэпкъыр кхъухькIэ [псыдзэм] къызэредгъэлар[497]. (42) Абы хуэдэ Iэджи къахуэдгъэщIащ иризекIуэнхэу.

(43) Дэ дыхуеятэмэ, ахэр едгъэтхьэлэнт, къадэIэпыкъуни къезыгъэлыни ягъуэтынутэкъым.

(44) Ауэ Дэ гущIэгъу яхуэтщIри къедгъэлащ, я гъащIэр яухыху дунейм тетыну.

(45) «Тхьэм фыфIэлIыкI, фяпэкIэ кIуэдахэри фэ къыфпэщылъри къывгурыIуэу фыпсэумэ, Тхьэм гущIэгъу къыфхуищIынщ» — [джаурхэм] щыжраIэкIэ

(46) я Тхьэм и нэщэнэхэм щыщу сыт хуэдэ нэщэнэ къахуэпхьми, къыпэрыуэхэрт[498].

(47) «Алыхьым къывита ерыскъым щыщ [тхьэмыщкIэхэм] яхуэвгуэш», — щыжраIэкIэ, джаурхэм жаIэрт: «Дауэ яттын? Езы Тхьэр хуеямэ яритынт: фэ нахуэу фыщоуэ».

(48) Абыхэм жаIэ: «Фэ жыфIэр пэжмэ, сыт щыгъуэ къыщысынур а дызэрывгъэшынэ [Махуэр]?»

(49) Ахэр нэгъуэщIым пэплъэркъым, езыхэр зэрышхрэ пэт зыхьыжыну макъ закъуэм фIэкIа[499].

(50) Хунэсынукъым уэсяти къащIыжыну, я Iыхьлыми яхыхьэжыну.

(51) Бжьэмийм къызэрепщэу, ахэр я кхъэхэм къыщIэкIыжынурэ я Тхьэм деж яунэтIынущ.

(52) Абыхэм жаIэнущ: «Еууей мыгъуэ, хэт дыкъэзыгъэтэджыжар?» [МелыIычхэм] къыжраIэнущ: «Мыращ Тхьэм жыхуиIари, лIыкIуэхэм къагъэнахуэри»[500].

(53) Зы макъ закъуэ къахэIуа нэужь, Ди пащхьэм псори кърашэжынущ.

(54) А Махуэм зыми лей къылъысынукъым, игъуэтыжынури къилэжьаращ.

(55) Жэнэтыр къэзылэжьахэр а Махуэм гуфIэжынущ.

(56) Абыхэмрэ я ныбжьэгьухэмрэ[501] шэнтжьейм тегъэщIауэ жыг жьауэм щIэсынущ.

(57) Пхъэщхьэмыщхьэхэри якуэдынущ, зыхуей псори ягъуэтынущ.

(58) Я Тхьэ ГущIэгъущIым сэлам къарихынущ.

(59) [Джаурхэм къажриIэнущ]: «ЩIэпхъаджэхэр нобэ фыкъыхэкIуэт!

(60) Уэ Iэдэм и щIэблэхэ, быдэу нывжесIатэкъэ, шейтIаным фыхуэмыпщылIыну? Ар нахуэу фи бийщи.

(61) Сэращ фызыхуэпщылIынур. Аращ гъуэгу захуэр.

(62) Фэ фщыщ жылэ куэд [шейтIаным] щигъэуащ, щхьэ къывгурымыIуэрэ?

(63) Мис жыхьэнмэу фызыщагъэшынар.

(64) Нобэ фис абы джауру фызэрыщытам щхьэкIэ»

(65) Нобэ я бзэр дубыдынущ, ауэ яIэ я лъэхэр къэпсэлъэнурэ ящIахэм щыхьэт къытехъуэнущ.

(66) Дыхуеямэ абыхэм я нэр щытпхъуэнти, зэдэжэу илъами, гъуэгур дэнэ къыщагъуэтынт?

(67) Дыхуеямэ, ахэр я щIыпIэм идгъэдиенти, мыкIуэфу е къамыгъэзэжыфу къэдгъэнэнт.

(68) Дэ ныбжьышхуэ зэттыр, [жьы хъуа нэужь], зэщIыдогъэкIуэж, абы щхьэ гу лъамытэрэ?

(69) [Бегъымбарыр] усэу дгъэсакъым, ар абы хуэныкъуэкъым; къиIуатэр Дэ недгъэха КъурIэн нахуэращ, [абыкIэ]

(70) зигу зэIухахэр иущиину, джаурхэм къапэщылъ гIэзабыр зэрыпэжыряпхригъэкIын щхьэкIэ.

(71) Абыхэм ялъагъуркъэ къахуэдгъэщIа псэущхьэхэр зэрахуэIурыщIэр?

(72) Ахэри Iэсэ яхуэтщIащ, иныкъуэм тесыну, иныкъуэр яшхыну.

(73) Фейдэ къыхах, зэфэни къыщIаш, щхьэ фIыщIэ ямыщIрэ?

(74) Абыхэм Алыхьыр къагъанэри нэгъуэщI тхьэхэр къащтащ — къадэIэпыкъун я гугъэу.

(75) Я [тхьэнэпцIхэм] къахъумэным и пIэкIэ, ахэр езыхэм яхъумэж.

(76) Абыхэм къыпхужаIэр уигу къомыгъауэ, [Мухьэммэд], Дэ дощIэ абыхэм яущэхури къагъэнахуэри.

(77) Щыхум и щIэркъэ нэпсырым къызэрыхэдгъэхъукIар, итIани инату мэныкъуаюьуэр. (78) Езыр къызэрыхъуа щIыкIэр щогъупщэжри, къытпегъэув: «Мы къупщхьэжьхэм хэт псэ хэзылъхьэжыфынур!» - жеIэри.

(79) Абы уэ жеIэ: «Псэ хэзылъхьэжынур япэ дыдэу къэзыгъэщIаращ, абы ещIэ дэтхэнэми и къэхъукIэр;

(80) Аращ — Езыращ жыг щхъуантIэм мафIэ къыфхухэзыхар, иджы мис абыкIэ фэ [мафIэ] щIывогъанэ».

(81) Уафэмрэ щIымрэ къэзыгъэщIам абыхэм хуэдэ къигъэщIыфынкъэ! КъигьэщIыфынущ. Езыращ къэзыгъэщIри зыщIэри.

(82) Ар зыхуейуэ «Ирехъу!» жыхуиIэр мэхъу.

(83) Зихуэдэ щымыIэращ псори зыIэщIэлъыр, икIи Абы и пащхьэ псори фихьэжынущ.

СУРЭ 37. САТЫРУ ЩЫТХЭР

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Сатыру щытхэм,

(2) ерыщу [пшэр] зезыхуэхэм,

(3) КъурIэным еджхэм — я цIэкIэ соIуэ,

(4) фи Тхьэр закъуэкIэ!

(5) Ар уафэхэми, щIыми, абыхэм яку дэтми я Тепщэщ, къухьэпIэхэми я Тепщэщ!

(6) Дэ уафэ благъэр вагъуэхэмкIэ дгъэщIэрэщIащ,

(7) дэтхэнэ шейтIан мыдаIуэми [уафэр] щытхъумэн щхьэкIэ.

(8) Ахэр мелыIыч нэхъыщхьэхэм якIэщIэмыдэIухьын щхьэкIэ, дэнэ лъэныкъуэкIи къыщеуэурэ

(9) къыIуахуж; абыхэм гIэзаб гуащIэр къапэщылъщ.

(10) Ауэ зыгуэр къахэзытхъыфами сытри зылыгъуэ вагъуэижкIэ къы-кIэлъоуэ

(11) ЕупщI [джаурхэм]: езыхэр нэхъ къэгъэщIыгъуей адрей къэдгъэщIахэм нэхърэ? Езыхэр ятIэ бдзантхьэм къыхэдгъэщIыкIащ.

(12) Уэ уогъэщIагъуэ [къазэрыгурымыIуэр], езыхэр уэ къыпщIонакIэ.

(13) Еущиеми къафIэIуэхукъым.

(14) Абыхэм [Тхьэм] и нэщэнэ щалъагъукIи ауан ящI.

(15) Абыхэм жаIэ: "Мыр наIуэу уд Iэужьщ!

(16) АтIэ дэ дылIэу сабэрэ къупщхьэрэ дыхъужа нэужь дыкъагъэтэджыжыну?

(17) Хьэмэрэ ди адэжьхэри [къагъэтэджыжыну]?"

(18) ЯжеIэ: "Ае! [Фыкъагъэтэджыжынурэ] фагъэпудынущ".

(19) Ахэр макъ закъуэм къиIэтыжынущ, итIанэ заплъыхьынурэ

(20) жаIэнущ: "Еууей мыгъуэ, мыр ХеищIэ Махуэраи!"

(21) [КъыжраIэнущ]: "Аращ – мыр фэ фи фIэщ мыхъуу щыта зэхэгъэкIыпIэ Махуэращ".

(22) Къызэхуэхус щIэпхъаджэу щытахэри, я пэшэгъухэри, зыхуэпщылIу щытахэри

(23) Алыхьыр къагъэнауэ. ИкIи Жыхьэнмэ гъуэгум тефшэ аби,

(24) къэвгъэувыIэ, — абыхэм къайупщIынущ:

(25) "КъыфщыщIар сыт, щхьэ фызэдэмыIэпыкъужрэ?" — жаIэнурэ.

(26) Флъагъуркъэ ахэр нобэ жыIэдаIуэ зэрыхъуар!

(27) Абдежым абыхэм зэдауэу щIадзэнущ.

(28) Абыхэм жаIэнущ: "Фэ ижьымкIэ[502] фыкъыщытпэувырт".

(29) Абыхэм къыжраIэж: "Хьэуэ! Фэ Iиман фиIэу щытакъым,

(30) дэри фэ къару фхудиIакъым, фэ жылэ мыдаIуэу фыщытащ.

(31) Алыхьым и псалъэр пэжу къыщIэкIащ, дэ блэкI имыIэу гIэзабыр къыттехуэнущ.

(32) Дэ фэ фыдгъэгъуэщащ[503], дэри гъуэщауэ дыщытащ".

(33) ИкIи а Махуэм ахэр гIэзабкIэ зэIыхьэгъу хъунущ.

(34) Аращ Дэ гуэныхьыщIэхэм ятщIэр.

(35) "Алыхьым нэмыщI Тхьэ щыIэкъым", — щыжраIэкIэ, загъэпагэурэ

(36) абыхэм жаIэрт: "Мы усакIуэ зэкIуэкIам щхьэкIэ дэ ди тхьэхэр дыбгынэн?"

(37) Хьэуэ (ар усакIуэкъым)! Абы пэжыр къыфхуихьри, лIыкIуэхэми щыхьэт ятехъуэжащ.

(38) Фэ, дауикI, гIэзаб гуащIэр вгъэныщкIунущ.

(39) ИкIи фэ фщIам пэкIуэращ къыфлъысыжынур.

(40) Апхуэдэнукъым Тхьэм и пщылI пэжхэр:

(41) абыхэм Iыхьэ хэхауэ яIэнущ

(42) пхъэщхьэмыщхьэхэр, икIи пщIэ къыхуащIу

(43) Жэнэт тхъапIэм исынущ,

(44) я гупэр зэхуэгъэзауэ шэнтжьейхэм ису.

(45) Абыхэм къыхуахьынущ Iэгубжьэхэр

(46) ярытыр хужьрэ уефэнкIэ гуакIуэу[504].

(47) Абы уи щхьэр игъэузынукъым, икIи уигъэудэфынукъым.

(48) Абыхэм [я хьур хъыджэбзхэр], я напIэр ягъалIэу, нэ пIащэхэу,

(49) джэдыкIэ къутэным хуэдэу хъумауэ щытынущ.

(50) [Жэнэтым исхэр] зэдэуэршэру хуежьэнущ.

(51) Абыхэм язым жеIэ: "Сэ [дунейм] ныбжьэгъу щызиIащ.

(52) Абы жиIэрт: "Уэ зи фIэщ хъухэм уащыщ?

(53) АтIэ дэ дылIэу, сабэрэ кхъупщхьэрэ дыхъужа нэужь, ди хейр ящIэну?"

(54) Абы къыпещэ: "Зыдвгъэплъыхьыт!"

(55) Езыр плъэри, ар Жыхьэнмэм хэсу илъэгъуащ.

(56) ЖриIащ:"Алыхьым и цIэмкIэ соIуэ, сыбгъэунэхъу пэтакIэ!

(57) Си Тхьэм и нэфI къысщымыхуамэ, Жыхьэнмэм хашэхэм сащыщынут.

(57) Дэ дылIэжынукъым

(59) а зэ лIэгъуэм фIэкIа, гIэзаби къыттехуэнукъым".

(60) Ар ехъулIэныгъэшхуэщ!

(61) Мыпхуэдэм щхьэкIэ ирелажьэ [Тхьэм] хуэлажьэ псори!

(62) Мы тхъапIэра нэхъыфIыр хьэмэрэ ЗакъумкIэ[505] зэджэ жыгыра?

(63) Дэ мыр къэдгъэщIащ щIэпхъаджэхэр иридгъэунэхуну.

(64) Ар Жыхьэнмэ лъабжьэм къыхэкIа жыгщ.

(65) Абы къыпыкIэхэр шейтIанхэм я щхьэхэм хуэдэщ.

(66) [Жыхьэнмэхэсхэм] ар яшхынурэ, абыкIэ я ныбэр якъунущ.

(67) Абы нэмыщI псыфапIи яIэщ, ирафынури псывэ зэхэщIащ.

(68) ИтIанэ Жыхьэнмэм къашэжынущ.

(69) Ахэр адэжь гъуэщахэм къащIэхъуат.

(70) Абыхэм [адэжьхэм]я лъагъуэр яхуащ.

(71) Абыхэм япэкIи пасэрейм я нэхъыбэр гъуэщат,

(72) Дэ езыхэм ящыщ ущиякIуэхэр яхуэдгъэкIуа пэтми.

(73) Плъагъурэ ущиякIуэ зыхуэдгъэкIуахэм я кIэух хъуар!

(74) Апхуэдэ къыщыщIакъым Алыхьым и пщылI пэжхэм!

(75) Нухь къыдэлъэIуати, гулъытэншэу дыкъыхущIэкIакъым:

(76) езымрэ и Iыхьлыхэмрэ лажьэшхуэм къедгъэлащ.

(77) Къедгъэлари и щIэблэращ.

(78) КъыкIэлъыкIуэну и щIэблэхэми къыхужаIэн тщIащ:

(79) "Нухь дунейхэм я сэлам идох!"

(80) Дэ фIы зыщIэхэм апхуэдэу яхудощIэж!

(81) Ар Iиман зиIэ Ди пщылIхэм ящыщт.

(82) ИтIанэ Дэ адрейхэр [псыдзэм] едгъэтхьэлащ.

(83) Абы и мэсхьэбым щыщт Iибрахьими.

(84) Ар Тхьэм и пащхьэм гу къабзэкIэ ихьащ.

(85) Ар и адэмрэ и жылэмрэ яупщIащ: "Сыт фэ фызыхуэпщылIыр? —[жиIэри]

(86) Алыхьым и пIэкIэ тхьэнэпцIхэм фыхуейуэ ара?

(87) Мы дуней псом я Тхьэр дауэ фэ къызэрыфщыхъур?"

(88) Ар вагъуэхэм яхэплъэри

(89) жиIащ: "Сэ сысымаджэщ[506]!"

(90) Арати, абыхэм я щIыб къагъазэри IукIыжащ.

(91) Ар (Iибрахьим) абыхэм я тхьэхэм деж щэхуу кIуэри еупщIащ: " Щхьэ фымышхэрэ?

(92) Сыт фи лажьэр, щхьэ фымыпсалъэрэ?" – [жиIэри].

(93) Ар абыхэм яхыхьэри, Iэ ижькIэ яхэуэу щIидзащ.

(94) Ахэр (цIыхухэр) къызэхуэжэсащ: ["Мы пщIар сыт?" – жаIэри].

(95) Жэуапу яретыж: "Мы фэ къыхэфIущIыкIахэм фахуэпщылIрэ?

(96) Фэри, мы фэ фщIахэри Алыхьыращ фыкъэзыгъэщIар".

(97) Абыхэм жаIащ: "МафIэ фщIыи хэвдзэ!"

(98) Абы хъуэгъэщагъэ къыкIэлъызэрахьати, езыхэр дыущхьэкIуащ[507]

(99) [Iибрахьим] жиIащ: "Сэ си Тхьэ деж сокIуэри[508], Абы гъуэгу захуэм сытригъэхьэнщ.

(100) [Ар и Тхьэм елъэIуащ] – Уэ си Тхьэ! [ЩIэблэу] фIэрафIэ къызэт!"

(101) Арати, Дэ ар щIалэ IэсэкIэ къэдгъэгугъащ.

(102) [И къуэр] дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуным щынэсым, [адэм]жиIащ: "Уэ си щIалэ, сэ пщIыхьэпIэу слъэгъуащ[509] уфIэзгъэжу, дауэ уеплърэ?" ЩIалэм къыжреIэж: "Уэ си адэ! Унафэу къыпхуащIар гъэзащIэ, Алыхьым жиIэмэ, бэшэчу сыкъыпхущIэкIынщ!"

(103) ТIури Алыхьым и унафэм арэзы техъуэу, [адэм] и къуэр щыхиIубэм,

(104) Дэ дыкъеджащ: "Уэ Iибрахьим!

(105) Уэ пщIыхьэпIэр бгъэпэжащ!" – [жытIэри]. Апхуэдэу фIы зыщIэхэм Дэ яхудощIэж.

(106) Ар гъэунэхукIэ хьэлъэт.

(107) Дэ ар тыхь инкIэ хузэтхъуэкIащ.

(108) КъыкIэлъыкIуэну щIэблэхэм къыхужаIэн тщIащ:

(109) "Iибрахьим сэламыр идох!"

(110) Дэ фIы зыщIэхэм апхуэдэу яхудощIэж!

(111) Ар Iиман зиIэ Ди пщылIхэм ящыщт.

(112) Дэ ар дгъэгуфIащ бегъымбар фIэрафIэ хъуну ИсхьэкъкIэ.

(113) Езыми Исхьэкъи Ди нэфI ящыдгъэхуащ. И щIэблэми къахэкIынущ фIы зыщIи, зи щхьэм нахуэу зэран хуэхъужыни.

(114) Дэ Муси Хьэруни Ди нэфI ящыдгъэхуат.

(115) Езыхэри я жылэри лажьэшхуэм къедгъэлащ.

(116) ИкIи дадэIэпыкъури ятедгъэкIуащ.

(117) Тхылъ наIуэри къахуедгъэхащ.

(118) Гъуэгу захуэми тедгъэувахэщ.

(119) КъакIэлъыкIуэну щIэблэми къыхужаIэн тщIащ:

(120) "Мусарэ Хьэрунрэ сэламыр ядох!"

(121) Апхуэдэу фIы зыщIахэм Дэ яхудощIэж!

(122) А тIури Iиман зиIэ Ди пщылIхэм ящыщт.

(123) Iильяси Ди лIыкIуэхэм ящыщт.

(124) Абы и жылэм яжриIащ: "Фэ [Тхьэм] фыфэлIыкIынукъэ?

(125) Фэ БэгIл[510] фыхуопщылIри, къэгъэщIакIуэхэм я нэхъыфIыр къывогъанэ,

(126) Алыхьу фэри фи адэжьхэми я Тхьэр".

(127) Абыхэм ар пцIыупсу ялъытащ. Ахэр ди пащхьэми къитшэжынущ [ГIэзаб ятетлъхьэну]

(128) Апхуэдэнукъым Алыхьым и пщылI пэжхэр,

(129) КъакIэлъыкIуэну жылэми къыхужаIэн тщIащ:

(130) "Iильясрэ гъусэ хуэхъуахэмрэ сэламыр ядох!"

(131) Апхуэдэу фIы зыщIахэм Дэ яхудощIыж.

(132) Ар Iиман зиIэ Ди пщылIхэм ящыщт.

(133) ЛутIи лIыкIуэу щытащ.

(134) Езыри и Iыхьлыхэри къедгъэлащ.

(135) Фызыжь къакIэрыхуам нэмыщI.

(136) Къэнахэр Дэ зэтеткъутащ.

(137) Фэ (Мэчэдэсхэр) абыхэм фаблокI пщэдджыжьми

(138) жэщми. Щхьэ Iущ фымыхъурэ?

(139) Инуси лIыкIуэу щытащ.

(140) Ар щIэпхъуэжри зи хьэлъэ ирикъуа кхъухьым ежэлIащ.

(141) [Кхъухьым исхэм] пхъэидзэ ядищIри[511], [хым хадзэн хуейуэ] и пхъэр къикIащ.

(142) Ар джейм иригъэлъэтэхащ, [Ди] губгъэнри къилэжьащ.

(143) Алыхьым и цIэр зыгъэлъапIэхэм ар ящыщу щымытамэ,

(144) Къемэт махуэр къэсыху [джейм] и ныбэм илъынут.

(145) Дэ ар лъэрымыхьу щIым и пцIанапIэм къытеддзэжащ.

(146) [ИтIанэ] Дэ абдеж ЙакътIин жыг къыщыдгъэкIащ.

(147) Дэ ар лIыкIуэ яхуэтщIащ цIыху минищэ е нэхъыбэ [хъу жылэм].

(148) Абыхэм Iиман къахьати, пIалъэ ухакIэ тхъэуэ дгъэпсэуащ.

(149) ЕупщI [Мухьэммэд мэчэдэсхэм]: "Уи Тхьэм пхъухэр ейуэ, езыхэм къуэхэр яйуэ ара?"

(150) Хьэмэрэ мелыIычхэр бзылъхугъэу къэдгъэщIауэ ахэр щыхьэт?

(151) Ей! Ахэр пцIыупсщи жаIэнущ:

(152) "Тхьэм бын къыщIэхъуащ!" – [жаIэурэ] абыхэм пцIы яупс.

(153) Абы къуэхэм нэхърэ пхъухэр нэхъ къищта?

(154) Сыт къыфщыщIар, дауэ ар фи жьэм къекIуэрэ?

(155) Щхьэ фымыгупсысэрэ?

(156) Хьэмэрэ ар къызэрывгъэпэжын тегъэщIапIи фиIэ?

(157) Къафщтэ фи Тхылъыр, фэ жыфIэр пэжмэ!

(158) Абыхэм ягъэIуащ Езымрэ жинхэмрэ благъэ зэрыщIауэ[512], ауэ жинхэм ящIэ [Тхьэм] и пащхьэм зэрихьэжынур.

(159) Алыхьыр зихуэдэ щымыIэщ! Ар куэдкIэ нэхъ лъагэщ ирапэсым нэхърэ!

(160) [Апхуэдэ Тхьэм езыпэсым] яхэткъым Езым и пщылI пэжхэм

(161) [МелыIычхэм жаIэ]: "Фэри, фызыхуэпщылIхэми

(162) фхузэфIэкIынукъым зыгуэр фтхьэкъуну,

(163) Жыхьэнмэм хэсынухэм фIэкIа.

(164) Дэ увыпIэ хэха зимыIэ къытхэткъым.

(165) Дэращ зэбгъурыту щытыр,

(166) дэращщытхъур [Алыхьым]хуэзыIэтыр".

(167) [Джаурхэм] жаIэу щытат:

(168) "Дэ ипэрейхэм я фIыцIагъэм худэ диIатэмэ,

(169) Алыхьым пщылI пэж дыхуэхъунт".

(170) Ауэ [КъурIэныр къыщехым] ар я фIэщ хъуакъым. [И пIалъэр къэсмэ] сыкъащIэнщ абыхэм!

(171) Дэ ди лIыкIуэхэм япэ ищат Ди Псалъэр

(172) абыхэм дазэрыдэIэпыкъунур,

(173) Ди дзэр зэрытедгъэкIуэнур.

(174) ЗэкIэ [Мухьэммэд] я гугъу умыщIу

(179) якIэлъыплъ: абыхэм [къащыщIыр] ялъэгъунщ!

(180) Уи Тхьэр зихуэдэ щымыIэщ, Лъэщщ, ЛъапIэщ, Ар куэдкIэ нэхъ лъагэщ Абы ирапэсхэм нэхърэ!

(181) ЛIыкIуэхэми и нэфIыр ящыхуащ!

(182) Алыхьу дунейхэм я Тхьэм фIыщIэ худощI

СУРЭ 38. ЩААД

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Щаад.ЩIыхь зиIэ КъурIэным и цIэкIэ соIуэ [Мухьэммэд захуэкIэ]!

(2) Ауэ Iиман зимыIэхэр пагэщ икIи мэныкъуакъуэ.

(3) Нэхъапэм Дэ сыт хуэдиз щIэблэ дгъэкIуэда! Ахэр лъэIуат [къедгъэлыну], ауэ лъэIуэгъуэ зэманыр икIат.

(4) Абыхэм ягъэщIэгъуат ущиякIуэу ящыщ зэрыдгъэкIуар, джаурхэми жаIащ: "Мыр удщ икIи пцIыупсщ!

(5) АтIэ мыбы тхьэхэм япIэ зы Тхьэ къригъэувауэ ара? Ар сыту телъыджэлажьэ!"

(6) ЛIэкъуэлIэшхэм къыхураджэрт:"Фызытетам фытемыкI, фи тхьэхэри фымыбгынэ –жаIэурэ- Ар зыхуейр [фи тхьэхэм фабгъэдишыну] аращ.

(7) Ар иужьрей диным къыщыкIуауэ зэхэтхакъым, ар езым къигупсысауэ аращ.

(8) Дэ тщыщу мыра фIыцIагъэ къызыхуагъэфэщар?" Ае,абыхэм Си ФIыцIагъэм шэч къытрахьэ!Ае, абыхэм иджыри Си гIэзабыр ягъэныщкIуакъым!

(9) Хьэмэрэ абыхэм уи Тхьэ ТакIуэ Лъэщым и хъарзыналъэр яIэщIэлъу ара?

(10) Хьэмэрэ уафэхэри,щIылъэри, абыхэм яку дэтри яIэщIэлъу ара? Арамэ [уафэм] и дэкIуеипIэр кърагъуэти дрекIуей!

(11) Абдежым щыт дзэ кIапэр ипэкIэ хьэлэч ящIа джаур гупхэм хуэдэщ.

(12) Абыхэм япэкIи [лIыкIуэхэр] пцIыупсу къалъытэу щытащ Нухь и жылэми,гIадхэми, фиргIэун лъэщми,

(13) самудхэми, ЛутI и жылэми, Айкэ щIэсахэми[513] –ахэращ джаур гуп хъужыр.

(14) Дэтхэнэми лIыкIуэхэр пцIыупсу къалъытати пэдгъэуджэжащ.

(15) Ахэр зыпэплъэр макъ закъуэращ[514], ар фIэкIыпIэ зимыIэщ.

(16) Абыхэм жаIащ: "Уэ ди Тхьэ! Къемэт махуэм ипэ ди гIэзабыр къыттелъхьэ[515]".

(17) Абыхэм жаIэр зыхуэгъэшэч, [Мухьэммэд], икIи зыщумыгъэгъупщэ къаруушхуэ зиIа Ди пщылI Даут! Ар пэжу къыдбгъэдэтащ.

(18) Дэ къуршхэр жыIэщIэ тщIащ, абы и гъусэу пщыхьэщхьэми пщэдджыжьми [Алыхьыр] ягъэлъэпIэн щхьэкIэ,

(19) къуалэбзухэри – угъуеяуэ и гъусэу. Ахэр псори пэжу [Алыхьым] бгъэдэтщ.

(20) Дэ абы и тепщэгъуэр дгъэбыдэри Iущыгъэри (бегъымбарыгъэр) къеттащ,жьакIуи тщIащ.

(21) Уэ зэхэпха зэныкъуэкъуитIым я хъыбарыр? Ахэр мухьэрэб блыным щхьэпырыпщащ.

(22) Ахэр Даут деж щыщIыхьэм, къащышынащ. Абыхэм жаIащ:"Умышынэ, дэ тIур дызэдауэу аращ,зым и зэран адрейм екIауэ. Ди Iуэхур пэжкIэ зэхэгъэкI, укъыдэмыкъуэншэкI,гъуэгу захуи дытегъэувэ.

(23) Мыр си къуэшщ,абы мэл бгъущIрэ бгъурэ иIэщ, сэ сиIэр зы мэлщ. "Мыр хъудзу къызэт" — жиIэри къыскIэрыхъыжьащ".

(24) [Даут] жиIащ: "Ар уэ къокъуэншэкIащ,уи мэлыр хъудзу пIихыну къызэрыпкIэрыхъыжьамкIэ. ЗэIыхьэгъухэм ящыщ куэдыр зыр адрейм йокъуэншэкI, Iиман зиIэу фIы зыщIэхэм нэмыщI — апхуэдэхэр мащIэщ". ИтIанэ Даут къыфIэщIащ Дэ ар абыкIэ дгъэунэхуу,икIи и Тхьэм елъэIуащ къыхуигъэгъуну, лъэгуажьэмыщхьи зыригъауэри,тоби[516] къихьыжащ.

(25) Дэ ар абы хуэдгъэгъуащ, гъунэгъу къызыхуэтщIащ, хэщIапIэфIри къыхуэдгъэхьэзыращ*.

(26) Уэ, Даут! Дэ уэ щIым тетыгъуэ щоттащи, цIыхухэм пэжкIэ хей яхуэщIэ,уи гурыщIэм зыдомыгъэш,зыдэбгъэшмэ, абы Алыхьым и гъуэгум утришынщ.Алыхьым и гъуэгум тегъуэщыкIхэм гIэзаб гуащIэ къапэщылъщ,жэуап щатыну Махуэр зэращыгъупщам

(27) Дэ уафэри, щIылъэри абыхэм яку дэтри пщIэншэу къэдгъэщIакъым,апхуэдэу гугъэр джаурхэращ. Джаурхэм мафIэм и гIэзабыр къапэщылъщ.

(28) Iиман къэзыхьу фIы зыщIахэр дауэ хуэгъэдэн щIыр зыгъэутхъуэхэм, Тхьэм фIэлIыкIхэри дауэ хуэдгъэдэн сэхъуахэм?

(29) Дэ уэ фIыцIагъэр ныпхуедгъэхьащ фIым ухуишэу, Iэятхэм цIыхур ягъэгупсысэн, акъыл зиIэхэри яузэщIын щхьэкIэ.

(30) Дэ Даут къыщIэдгъэхъуащ Сулимэн – ар цIыху гъуэзэджэт! Ар пэжу къыдбгъэдэтт.

(31) Пщыхьэщхьэ гуэрым абы и пащхьэ кърашащ шы гуэрхэр, лъакъуищкIэ тетрэ, еплIанэр щIым еIусэ къудейуэ[517].

(32) [Даут] жиIащ: "Дыгъэр къепсыху, мы фIыгъуэм сыдахьэхри, си Тхьэм и цIэр сщагъэгъупщащ.

(33) Къифшэжыт ахэр си пащхьэ!" [Шыхэр къыщашэжым], абыхэм я лъакъуэхэм, я пщэхэм Iэ дилъэу щIидзащ.

(34) Сулимэни дгъэунэхуащ, и пкъыр мыхъеижу тахътэм къидгъанэри. ИтIанэ зыкъытхуигъазэри

(35) жиIащ: " Уэ си Тхьэ! Къысхуэгъэгъуи,сяужькIэ зыми къылъымысыну мылъкум хуэдиз къызэт:Уэращ такIуэр!"

(36) Арати, Дэ абы жьыбгъэр IурыщIэ хуэтщIащ, езыр зыхуеймкIэ щабэу хуепщэу,

(37) шейтIанхэри [жыIэщIэ къыхуэтщIащ] ухуакIуи къыхуэхъуу, псыми зыхущIагъауэу,

(38) гъущI блакIэ зыкIуэцIыпха нэгъуэщIхэри [IурыщIэ хуэтщIащ].

(39) Аращ уэ къоттар, ухуеймэ фIы хэщIыкI, ухуейми хомыщIыкI, Дэ абыкIэ дыноупщIыжынукъым.

(40) Дэ ар гъунэгъу къызыхуэтщIащ, хэщIапIэфIри къыхуэдгъэхьэзыращ.

(41) Уигу къэгъэкIыж Ди пщылI Аюби. Ар и Тхьэм хуэтхьэусыхащ:"Сэ шейтIаным узрэ гIэзабрэ къызитащ" – жиIэри,

(42) [Тхьэм] къыжреIэ: "ЛъакъуэкIэ [щIым] еуи псы щIыIэ [къыпхущIэжынущи], икIи зригъэпскI, икIи ефэ!

(43) И унагъуэри еттыжащ, Ди гущIэгъукIи абы хуэдиз хущIыдгъуащ, акъылыфIэхэм зэхащIыкIын щхьэкIэ[518].

(44) [Тхьэм Аюб къыжреIэ]: "Чымпэ Iэрамэ къащти [уи щхьэгъусэм] еуэ[519]? Уи тхьэрыIуэми уемыпцIыж!" Ар Дэ бэшэчу тлъэгъуащ. Ар пщылI гъуэзэджэт! Ар пэжу къыдбгъэдэтт!

(45) Уигу къэгъэкIыж Ди пщылIхэу Iибрахьим, Исхьакъ, Екъуб сымэ – лъэщыгъуэшхуэрэ гулъытэшхуэрэ зиIэу щытахэр.

(46) Дэ абыхэм щэн дахэ яхэтлъхьащ: абыхэм ахърэтыр зэикI ящыгъупщэртэкъым.

(47) Ахэр Ди пащхьэм щыдгъэлъапIэхэм, фIэрафIэхэм ящыщт.

(48) Уигу къэгъэкIыж ИсмэгIили, Iэлисэхьи, Зульчифи – ахэр хэдгъэфIыкIахэм ящыщт.

(49) Мыр- гукъэкIыжщ. Тхьэм фIэлIыкIхэм Дэ къахуэдгъэхьэзыращ хэщIапIэфIыр

(50) абыхэм я Жэнэтыбжэр зэIухащ;

(51) ахэр абы тыншу исынущ, яшхынумрэ зэфэнумрэ къыхуахьу.

(52) Абыхэм яIэнущ зи напIэхэр зыгъалIэ (хъур) зэныбжьхэр.

(53) Аращ фэ фщIам пэкIуэу фыкъызэрыдгъэгугъэр.

(54) Аращ Дэ къыфлъыдгъэсыну Iыхьэр, абы ух иIэнукъым.

(55) Ауэ сэхъуахэм я хэщIапIэнур бзаджэщ.

(56) Ахэр Жыхьэнмэм исынущ, ар хэщIапIэ мыгъуэщ!

(57) Аращ [я Iыхьэр]! Ирыраф иджы псывэри уэтэпсри,

(58) абы яхуэдэ нэгъуэщIхэри.

(59) Аргуэру зы гуп [Жыхьэнмэм] кърахулIэнущ, [Жыхьэнмэхэсхэм къыжраIэнущ]: "Дэ сэлам фэтхыркъым, фэри Жыхьэнмэм фисынущ!"

(60) [КърахулIа гупым] жаIэнущ: "Хьэуэ, фэращ сэлам зэдмыхыр! Фэращ мыбы дыхуэзышар,мыр хэщIапIэ мыгъуэщ!"

(61) ИтIани жаIэнущ: "Уэ ди Тхьэ!Мыбы дыхэзышам я гIэзабыр тIуащIэ яхуэщI!"

(62) [Жыхьэнмэхэсхэм] жаIэнущ: "Мыр дауэ, дэ цIыху бзаджэу тлъытахэр щхьэ дымылъагъурэ?

(63) Ахэр джэгупIэу щытлъытам [дыщыуауэ пIэрэт], хьэмэрэ иджыпсту ди нэм къимыщтэу ара?"

(64) ИпэжыпIэкIэ апхуэдэущ мафIэм хэсхэр зэрызэрышхынур.

(65) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "Сэ сыущиякIуэ къудейщ, Алыхь закъуэу лъэщым фIэкIаи тхьэ щыIэкъым.

(66) Ар уафэхэми, щIыми, абыхэм яку дэтми я Тхьэщ. Ар лъэщщ, гуэныхьгъэгъущ!"

(67) ИкIи яжеIэ: "Мыр (КъурIэныр) – тхыдэшхуэщ,

(68) фэ фи щIыбыр хуэвгъэза щхьэкIэ.

(69) Сэ [мелыIыч] нэхъыщхьэхэм я зэдауэм зыри хэсщIыкIыртэкъым,

(70) уэхьий къысхуэмыкIуамэ. Сэ сыущиякIуэ наIуэщ".

(71) Уи Тхьэм мелыIычхэм яжриIат: "Сэ ятIэм цIыху къыхызогъэщIыкI.

(72) Ар щIын сыухыу, сепщэу псэр хэслъхьа нэужь, зевдзыхи фи щхьэр хуэвгъэтIылъ!"

(73) МелыIычхэм псоми я щхьэр [Iэдэм] хуагъэтIылъащ,

(74) Iиблис нэмыщI. Ар зигъэпагэри,джаур хъуащ.

(75) [Тхьэм] жиIащ: "Уэ Iиблис!Мы Сэ си IэкIэ къэзгъэщIам сыт уи щхьэр щIыхуумыгъэтIылъар? Уэ [къэзгъэщIам] уепэгэкIауэ ара, хьэмэрэ зыкъысхуэбгъэину ара?"

(76) [Iиблис] жиIащ: "Сэ абы нэхърэ сынэхъыфIщ: сэ мафIэм сыкъыхэбгъэщIыкIащ, ар къызыхэбгъэщIыкIар ятIэщ".

(77) [Тхьэр] къыхуэгубжьащ: "ИкI мыбы! Уэращ мывэкIэ зыкIэлъыуэнур,

(78) Си нэлатри птелъынущ Къемэт махуэр къэсыху".

(79) [Iиблис] жиIащ: "Уэ си Тхьэ! Ахэр къыщыбгъэтэджыжыну Махуэм нэс сыгъэпсэу".

(80) КъыжреIэ: "Уэ уащыщщ згъэпсэунухэм,

(81)дунейр къутэжыху!"

(82) [Iиблис] жиIащ: "Уэ уи лъэщагъымкIэ соIуэ, сэ псори згъэгъуэщэнкIэ,

(83) Уэ уи пщылI пэжхэм фIэкIа къэмынэу!"

(84) [Тхьэм] жиIащ: "Сэ пэжыр ныбжызоIэ:

(85) уэрэ уэ гъусэ пхуэхъуахэмкIэ Сэ Жыхьэниэр згъэнщIынущ!"

(86) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "Сэ улахуэкIэ сыфщыгугъыркъым, сэ сызэрыщымытуи зысщIыркъым".

(87) Мыр (КъурIэныр) дуней псори зэраущий Тхылъщ.

(88) Абы и пэжыпIэри фэ къэфщIэнщ и пIалъэр къэсмэ!".

СУРЭ 39. ГУПХЭР (IЭЗ ЗУМЭР)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэАлыхьым и цIэкIэ!

(1) Алыхь лъэщу Iущым къригъэхащ мы Тхылъыр.

(2) Дэ уэ ныпхуедгъэхащ Тхылъ щыпкъэр;Алыхьым гу къабзэкIэ хуэпщылI икIи хуэжыIэщIэ!

(3) Аращ, Алыхьым къабыл ищIыр Iиман къабзэращ. "Дэ мыбы дащIыхуэпщылIыр Алыхьым пэгъунэгъу дащIын щхьэкIэщ", — жызыIэу, Езым нэмыщI, нэгъуэщI телъхьэ зыщIахэмрэ [Iиман зиIэхэмрэ] щIызэгурымыIуэр Алыхьым зэхигъэкIынщ! Алыхьым иузэщIыркъым пцIыупсхэмрэ джаурхэмрэ!

(4) Алыхьым сабий къищтэну хуеямэ, Езым къигъэщIахэм зыхуейр къахихынт. Ар зихуэдэ щымыIэщ! Ар Алыхь зи закъуэу лъэщыращ!

(5) Алыхьыращ уафэхэри щIыри хабзэм тету къэзыгъэщIар. Абы жэщыр махуэм къырешэкI, махуэри жэщым къырешыхьэкI; Абы игъэIурыщIащ дыгъэри мазэри. Дэтхэнэми и пIалъэр къэсыхукIэ зекIуэнущ. Езыращ лъэщыр, гуэныхьгъэгъур!

(6) Абы фэ псори зы псэм фыкъихэгъыщIыкIащ; [Iэдэм] и щхьэгъусэри абы къыхигъэщIыкIыжащ. Зэгуэгъуу Iэщ лIэужьыгъуиплI къывитащ. Абы фи анэхэм я ныбэм фыкъыщегъэщI, зы къэгъэщIыгъуэм, адрейр къыкIэлъыкIуэрэ[520], кIыфIищым фыхэту[521]. Апхуэдэщ Алыхьу фи Тхьэр, тепщэгъуэр зыIэщIэлъыр, Езым нэмыщIи тхьэ щыIэкъым. Дэнэ фыздэгъуащэр?

(7) Фэ фемыувалIэми, Алыхьыр къыфхуэныкъуэнукъым. Ар арэзыкъым и цIыхухэр мыжыIэдаIуэмэ,ауэ, фIыщIэ хуэфщIмэ, арэзы къыфхуэхъунущ. Зым и хьэлъэ адрейм тралъхьэнукъым. ИужькIэ, фи Тхьэм фекIуэлIэжынурэ, къыфхуиIуэтэжынущ фэ фщIэуэ щытар. Абы ещIэ хэт и гум илъри.

(8) ЦIыхум бэлыхь къылъысмэ, ар и Тхьэм зыхуегъазэри йолъэIу. ИтIанэ, фIы къыщыхуищIэкIэ, япэм зыщIэлъэIуар щогъупщэжри, Алыхьым [тхьэ нэпцIхэр] хуигъадэу щIедзэ, [цIыхухэр] игъэгъуэщэн щхьэкIэ. ЖеIэ, [Мухьэммэд]: "Уи джаурыгъэм иджыри тIэкIу иритхъэж, уэ мафIэм хэсынухэм уащыщщ!"

(9) АтIэ [абы хуэдэ] и Тхьэм хуэпщылIу жэщкIэ нэмэз зыщIыр, ахърэтым зыщихъумэу и Тхьэм и гущIэгъум щыгугъыр? ЖыIэ, [Мухьэммэд]: "АтI щIэныгъэ зиIэмрэ зимыIэмрэ зэхуэдэ?! Ар зыщымыгъупщэр акъылыфIэхэращ".

(10) ЯжеIэ,[Мухьэммэд], Iиман къэзыхьа Си цIыхур я Тхьэм фIэлIыкIыну! Мы дунейм фIы щызыщIам фIы игъуэтыжынущ. Алыхьым и щIыр гъунэншэщ[522]. Бэшэчхэм къалъысыну фIыгъуэр бжыгъэншэщ!

(11) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "Сэ унафэ къысхуащIащ гу къабзэкIэ си Тхьэм сыхуэжыIэщIэну,

(12) икIи си пщэ къралъхьащ, [си Iумэтым щыщу],япэрей мыслъымэн сыхъуну".

(13) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "Сэ си Тхьэм сыхуэмыжыIэщIэмэ,сошынэ Къемэт махуэм и гIэзабыр къыстехуэнкIэ".

(14) ЯжеIэ, [Мухьэммэд]: "Сэ Алыхьым сыыхуопщылI,гу къабзэкIи сыхуожыIэщIэ.

(15) Фэ, Езым нэмыщI, фызыхуейм фыхуэпщылI!" ЯжеIэ:"Унэхъуар Къемэт махуэм деж зи щхьэмрэ зи бынунэмрэ хэкIуэдэнуращ. Еей,аращ унэхъупар!"

(16) Абыхэм я тепIэнри я щIэлъынри мафIэу щытынущ. АбыкIэ Алыхьым и цIыхур егъэшынэ: "Уэ си цIыхухэ!ФыкъысфIэлIыкI!"

(17) Мыдрейуэ, ТIагъутхэм[523] къабгъэдэкIыу, Алыхьым еувэлIахэм гуфIэгъуэшхуэ къапэщылъщ. ГъэгуфIэ Си цIыхухэр

(18) псалъэр зэхэзыщIыкIыу нэхъыфIым ирикIуэхэр. Ахэращ Алыхьым иузэщIар, ахэращ акъылыфIэр.

(19) АтIэ Алыхьым и гIэзабыр къэзылэжьар [уэ пхуэузэщIыжын], мафIэм хэсыр уэ къыпхуегъэлын?

(20) Мыдрейуэ, зи Тхьэм фIэлIыкIыу щытахэр унэ зэтетхэм щIэсынущ, я бжэIупэмкIэ псыхэр щежэхыу. Ар Алыхьым и псалъэщ, Алыхьыр и псалъэм епцIыжыркъым.

(21) АтIэ уэ плъагъуркъэ Алыхьым псыр уафэм къригъэхыу псынэу къызэрыщIигъэжыжыр, абыкIи къэкIыгъэ зэмыфэгъухэр къызэригъэкIыр! ИтIанэ ар мэгъу, гъуэжь мэхъури мэщэщэж. Ар акъыл зиIэхэр зыгъэгупсысэн Iуэхущ.

(22) АтIэ [Iиманыншэм хуэбгъадэ хъун] Алыхьым зи бгъэр ислъамым хузэIуихар! Ар и Тхьэм и нурым къигъэплъэжащ. УнэхъуащАлыхьым и цIэмзи гур хузэхуэщIахэр. Ахэр гъуэщэпащ.

(23) Алыхьым псалъэм я нэхъыфIыр Тхылъу къригъэхащ, [и Iэятхэр] зэхуэдэрэ къытригъэзэжу; [абы къыщеджэкIэ] зи Тхьэм щышынэхэм я фэр золъэ; Алыхьым и цIэр щызэхахкIэ, я фэри я гури щабэ мэхъуж. Аращ Алыхьым гъуазэ ищIар, абыкIэ (КъурIэнымкIэ) зыхуэфащэр еузэщI, ауэ Алыхьым игъэгъуэщахэм гъуазэ ягъуэтыжынукъым.

(24) АтIэ Къемэт махуэм гIэзаб гуащIэм нэкIукIэ зыщызыхъумэнур[524] [хуэбгъадэ хъун зи жэнэтыбжэр зэIухам]! КъыжраIэнущ щIэпхъаджэхэм: "ВгъэныщкIу иджы къэвлэжьар!"

(25) Ипэрейхэм [Ди лIыкIуэхэр] пцIыупсу къыщалъытэм, зыщымыгугъа лъэныкъуэмкIэ гIэзабыр къащытехуащ.

(26) Алыхьым ахэр дуней хьэхум щигъэпудащ, ауэ ахърэтым и гIэзабыр нэхъ иныжщ. Бетэмал, ар ящIэу щытыгъамэ!..

(27) Дэ мы КъурIэным цIыхухэм къащыхудохь псалъэжь Iэджи, зыщIэгупсысыжын щхьэкIэ!

(28) КъурIэнри, и щхьэр течауэ, гIэрыпыбзэкIэ къедгъэхащ, [Езым] фIэлIыкIынхэ щхьэкIэ.

(29) Алыхьым щапхъэу къехь цIыхуитI: зым щхьэкIэ зэIыхьэгъухэр зэрошх, мыдрейр цIыху тыншым IэщIэлъщ. А тIур я насыпкIэ зэхуэдэ хъун?[525] Щытхъур зыхуэфащэрАлыхьу [Iущыращ]! Ауэ нэхъыбэм ар ящIэркъым.

(30) Уэри, [Мухьэммэд], улIэжынущ, ахэри лIэжынущ.

(31) ИтIанэ, Къемэт махуэм, фи Тхьэм и пащхьэм фыщызэдэуэжынущ.

(32) Алыхьым пцIы тезылъхьэу, пэжыр къахуэкIуа нэужьи, ар пцIыуэ зыбжым нэхърэ хэт нэхъ джаур!АтIэ джаурхэм ЖыхьэнмэмхэщапIэ

Наши рекомендации