Сурэ 5. Iэнэ узэдар (iэл-маiидэ)
ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!
(1) Уэ Iиман зиIэхэ! ЗэгурыIуэныгъэм фемыпцIыж. Iэщым щыщу псэущхьэ псори фи хьэлэлщ, зи гугъу тщIынухэм нэмыщI, хьэж щыфщIкIи къэвущэкIуным нэмыщI. Алыхьым зыхуей унафэр ещI[166].
(2) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым и хабзэмрэ и мазэ лъапIэмрэ [уебэкъуэныр], тыхь ящIыну Iэщхэмрэ Iэщ гъэщIэрэщIахэмрэ[167] [къатепхыныр], я Тхьэм и жумартыгъэмрэ и арэзыныгъэмрэ щыгугъхэу хьэжыщI кIуэхэм [уащыхьэныр] хьэрэмщ. Хьэж щIыныр щывухкIэ фыщакIуэ, ауэ къыфпэуву Мэжджыт лъапIэм фыщIэзымыгъэхьахэм фыгубжьу лей явмых[168]. ФIы щIэнымрэ Тхьэм фIэлIыкIынымкIэ фызэдэIэпыкъу, ауэ гуэныхь къэхьынымрэ бииныгъэмрэ фызэдэмыIэпыкъу: Алыхьым фыфIэлIыкI, Алыхьыр тазыр телъхьэнкIэ лъэщщ!
(3) ФэркIэ хьэрэмщ псэхэлIэр, лъыр, кхъуэлыр, Алыхьым имыцIэкIэ фIагъэжар, тхьэлар, удынкIэ яукIар, щыхуу яукIар, къепыджу яукIар, хьэкIэкхъуэкIэм ныкъуэшх ящIар, и псэр хэмыкI щIыкIэ фIамыгъэжамэ! – тыхь щIыпIэм[169] щыукIахэр, пхъэтедзэкIэ[170] вгуэшар. Ар къемызэгъщ. Нобэ джаурхэм я гугъэр хахыжащ диным фытрашыным; абыхэм фащымышынэ, Сэ фыкъысщышынэ. Нобэ фи диныр нэзгъэсащ, Си фIыщIэри иризгъэкъуащ, Iисламыр дин зэрыфхуэхъуам арэзы сыкъещI. Гуэныхь ищIэн хуэмейуэ мэжэщIэлIагъэкIэ [хьэрэм] зышхым Алыхьым къахуегъэгъу, гущIэгъу къахуещI.
(4) Ахэр уэ къоупщI абыхэм хьэлэл хуащIамкIэ. ЯжеIэ: «ФэркIэ хьэлэлщ фIы псори, Алыхьым фызэригъэIущам тету вгъэса хьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ къыфхуаубыдари. Абыхэм къаубыдар фшхы, Алыхьым и цIэр жыфIэурэ [фIэвгъэжи], икIи Алыхьым фыфIэлIыкI, Алыхьым псынщIэу уегъэпшынэ.
(5) Нобэ фIыхэр хьэлэл фхуэтщIащ: ФIыцIагъэ къызыхуехахэм я шхыныгъуэхэр фэркIэ хьэлэлщ[171], фэ фи шхыныгъуэхэри абыхэмкIэ хьэлэлщ. Зызыхъумэжа мыIумин хъыджэбзхэм, ФIыцIагъэ къызыхуехахэм япхъу зызыхъумэжахэм, нэчыхь уасэр яIэщIэфлъхьэмэ, [къэфшэну хьэлэлщ], ауэ зинэкIэ фабгъэдыхьэныр, щIасэу фубыдыныр хьэрэмщ. Хэт диныр ибгынэжми и Iуэхур псыхэкIуадэщ, ахърэтми щыунэхъуащ».
(6) Уэ Iиман зиIэхэ! Нэмэзым фытеувэн ипэкIэ фи нэкIухэр, фи Iэхэр IэфракIэм нэс, фи лъакъуэхэр лъэкIэным нэс фтхьэщI, фи щхьэми фытелъэщIыхь. Фымыкъабзэмэ зывгъэпскIыж; ауэ фысымаджэмэ[172], е гъуэгу фытетмэ, е фящыщ щIыб икIамэ, е бзылъхугъэ фекIуэлIамэ, псы щывмыгъуэткIэ, щIы къабзэкIэ зывгъэкъэбзэж, абы фытеIэбэурэ фи нэкIури фи Iэри флъэщI. Алыхьыр хуейкъым гугъу фыригъэхьыну, ар зыхуейр фигъэкъэбзэну аращ, и фIыщIэр къыфлъигъэIэсын щхьэкIэ, фIыщIэ хуэфщ! Абы!
(7) Фигу ивгъэлъ Алыхьым къыфхуищIа фIыщIэри, быдагъэ щызэфщIылIэми «Зэхыдох икIи дожыIэдаIуэ!» зэрыжеф!ари[173]. Алыхьым ещIэ фи гум илъыр!
(8) Уэ Iиман зиIэхэ! Фыкъэмыланджэу Алыхьым фыхуэпэж, щыхьэт фыщыхъукIи фызахуэ. ЦIыху гуэрхэм яхувиIэ гужьгьэжьыр зытевгъакIуэу захуагъэм фемыбакъуэ. Захуэу фыщыт, ар Тхьэм фIэлIыкIыныгъэм нэхъ пэгъунэгъущ; Алыхьми фыфIэлIыкI, Алыхьыр щыгъуазэщ фэ влэжь псоми.
(9) Iиман зиIэу фIы зыщIахэр Алыхьым къигъэгугъащ гъэгъуныгъэрэ тыгъэ инкIэ.
(10) Мыдрейуэ, Iиман къэзымыхьауэ, Ди Iэятхэр пцIыуэ зыбжахэр жыхьэнмэхэсщ.
(11) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым къыфхуищIа фIыр зыщывмыгъэгъупщэ; зы гуп гуэрым зыкъыфтрашэщIэну щыхуежьэм, [Тхьэм] абыхэм я Iэр ипхащ. Алыхьым фыфIэлIыкI: Алыхьым щырегугъ мыIуминхэр!
(12) Алыхьым IисраIил и щIэблэм псалъэ быдэ яIихащ. ИкIи Дэ езыхэм ящыщу пщыкIутI тхьэмадэ яхуэтщIащ. Алыхьым яжриIащ: «Сэ сывигъусэщ. Нэмэзыр фщIымэ, сэджытыр хэвгъэкIмэ, си лIыкIуэхэр фи фIэщ фщIырэ вгъэлъапIэмэ, Алыхьым щIыхуэфI ефтмэ[174], бзаджэу фщIар фщхьэщытхынщи Iэмал имыIэу псыхъуэхэр зыщIэж жэнэтым фитшэнщ. Абы иужькIэ фэ фщыщу къемыувалIэр гъуэгу захуэм тогъуэщыкI».
(13) Ахэр я псалъэ быдэм зэрепцIыжам кьыхэкIкэ нэлат етхащ, ягухэри быдэ тщIащ[175]. Псалъэм я мыгIэнэхэр зэрахъуэкI зэблахъуурэ. [Тауратым] щыщ едзыгъуэ гуэрхэр дагъэхуащ. Уэ махуэ къэси уолъагъу абыхэм я нэхъыбэр (закъуэтIакъуэ фIэкI къэмынэу) зэрытхьэгъэпцIыр. Уэ ящIэгъакIуэ икIи яхуэгъэгъу. Алыхьым и щIасэщ фIы зыщIэхэр.
(14) «Дычыристанщ!» жызыIэхэми псалъэ быдэ къайIытхат [Iинджылым ирилэжьэну]. Ауэ абы щыщ едзыгъуэ гуэрхэри дагъэхуащ, абы къыхэкIыуи ахэр зэдуштыжащ Къемэт махуэ пщIондэ [зэмыкIужыну]. ИтIанэ абыхэм Алыхьым къажриIэжынущ ящIар.
(15) Уэ фIыцIагъэ зиIэхэ! Дэ ныфхуэдгъэкIуащ Ди лIыкIуэр, ФIыцIагъэм дэвгъэхуа зыбжанэр къигъэнаIуэну, зыбжанэр къимыгъэлъагъуэми; Алыхьым къыбгъэдэкIыу къыфхуэкIуащ нэхунэу ФIыцIагъэ наIуэр (КъурIэн);
(16) Алыхьым и арэзыныгъэм щIэхъуэпсхэр абыкIэ (КъурIэнымкIэ) мамыр гъуэгум трешэ икIи Езым и IизынкIэ кIыфIым къыхешри нэхум хешэ, гъуэгу захуэм трегъэувэ.
(17) «Алыхьыр Мэрям и къуэ Масихьыращ», - жызыIэхэр джаур хъуащ. ЯжеIэ: «Алыхьым и пащхьэм хэт къару щиIэ, Абы Мэрям и къуэ Масихьри, и анэри, щIым тет псори игъэкIуэдыну хуеймэ?» Алыхьым IэщIэлъщ уафэхэми щIылъэми щыIэр, а тIуми я кум дэтхэр. Абы къегъэщI зыхуейр: Алыхьым сытри лъокI!
(18) Ехьудхэмрэ чыристанхэмрэ жаIащ: «Дэ Алыхьым дырибынщ, фIыуи дыкъелъагъу». ЯжеIэ: «АтIэ щхьэ гIэзаб къыфтрилъхьэрэ фи гуэныхьхэм пэкIуэу? Хьэуэ, фэ Абы къигъэщIа цIыхухэм фащыщ къудейщ. Абы зыхуэфащэм хуегъэгъу, зыхуэфащэми тазыр трелъхьэ. Алыхьым IэщIэлъщ уафэхэми щIылъэми щыIэр, а тIуми якум дэтхэр. Псори Абы и пащхьэращ фызэрыхьэжынур».
(19) Уэ ФIыцIагъэ зиIэхэ! ЛIыкIуэ ныщымыкIуа зэманым[176] иужькIэ пэжыр фхуигъэнаIуэну Ди лIыкIуэр ныфхуэкIуащ: «Дэ къытхуэкIуакъым гъэгуфIакIуи гъэшынакIуи»[177], жывмыIэжын хуэдэу. Ар ныфхуэкIуащ фигъэгуфIэну, фигъэшынэну. Алыхьым псори лъокI!
(20) Муса и жылэм яжриIащ: «Уэ си лъэпкъэгъухэ! Алыхьым къыфхуищIа фIыр зыщывмыгъэгъупщэ: фящыщу бегъымбархэри къыфхуигъэкIуащ тепщэгъуэри къывитащ, дуней псоми зыми щыримытар къыфлъигъэсащ.
(21) Уэ си лъэпкъэгъухэ! Алыхьым фыкъызэригъэгугъа щIыпIэ лъапIэм фихьэ, икIи фыкъыщIэмыпхъуэж, армырамэ фыунэхъунущ»
(22) Абыхэм къыпадзыж: «Уэ Муса! Абы иныжь лъэпкъ исщи, ахэр къимыкIауэ дэ дихьэнкъым. Ауэ ахэр къикIмэ дэ дихьэнщ».
(23) Тхьэм фIэлIыкIыу фIы къызыхуищIахэм ящыщ лIитIым[178] жаIащ: «Мо куэбжэмкIэ фыдыхьэ. АбыкIэ фыдыхьэмэ фатекIуэнущ. Алыхьым фыщыгугъ, фэ Iиман фиIэмэ!».
(24) Абыхэм жаIащ: «Уэ Муса! Ахэр [а къалэм] дэсу дыдыхьэнукъым. Уэрэ уи Тхьэмрэ фыкIуи зэгъусэу фезауэ, дэ мыбдеж дыщысынщ»
(25) [Муса] жеIэ: «Уэ си Тхьэ! Сэ зи унафэ сIэщIэлъыр си щхьэмрэ си къуэшымрэщ: дахэгъэкI мы лъэпкъ гъуамэм!»
(26) [Тхьэм] жэуап къырет: «Ар хьэрэм яхуэсщIащ икIи илъэс плIыщIкIэ щхьэрыуахэу къумым итынущ, умыгумэщI лъэпкъ гъуамэм щхьэкIэ».
(27) Къахуеджэ абыхэм Iэдэм и къуитIым я хъыбар пэжым[179]. А тIуми тыхь ящIати, зым ейр Iихащ, адрейм ейр Iихакъым. ЗыIимыхам жиIащ: «Iэмал имыIэу узукIынщ!» ЗыIихам къыжреIэж: «Алыхьым тыхьыр зыIихыр фIэлIыкIхэращ.
(28) Уэ сэ сыбукIыну зыкъыстепшэщIами сэ зыптесшэщIэнукъым узукIыну. Сэ Алыхьу дунейхэм я Тхьэм сыфIолIыкI.
(29) [Уэ узукI нэхърэ] нэхъ къызощтэ [сэ сыбукIрэ] си гуныхьри уи гуэныхьри къыптехуэу жыхьэнмэм щупшыныжыныр». Аращ яхуэфащэр лейзехьэхэм!
(30) Къуэш укIыныр тынш къыщыхъури, иукIщ аби, унэхъуащ.
(31) Алыхьым къегъакIуэ къуаргъи щIыр къыретхъу, и къуэшым и хьэдэр зэригъэпщкIуну щIыкIэр къыригъэлъагъуу[180]. Абы (Къабил) жеIэ: «Еууей! Мы къуаргъым лъэкIар сыту сигу къэмыкIарэ сэ, си къуэшым и хьэдэр згъэпщкIужыну». Ар абдежым щIегъуэжащ.
(32) Абы къыхэкIыу IисраIил и щIэблэм хабзэу яхуэдгъэуващ: псэу зымыгъэна е бзэджэнэджагъэ зымыщIа цIыху зыукIым дунейм цIыхуу тетыр иукIа хуэдэщ: зы псэ къезыгъэлми цIыху псори къригъэла хуэдэщ. Абыхэм Ди лIыкIуэхэр къахуэкIуащ Iэят наIуэхэр яIыгъыу, итIани ящыщ куэдым ямыщIапхъэхэр ящIащ.
(33) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ езауэу дунейр зэIызыщIэну хэтхэм къалэжьаращ: е яукIынущ, е жорым траIулIэнущ, е зэблэдзауэ я зыIэзылъэ паупщIынущ[181], е я щIым трахунущ. Ар абыхэм я дежкIэ дуней хьэхуми щынапэтехщ, ахърэтми гIэзабышхуэр къащыпэщылъщ.
(34) Абы хыхьэркъым къэвубыдын ипэкIэ тобэ къэзыхьыжахэр. ЗэвгъащIэ Алыхьыр зэрагуэныхьгъэгъур, зэрыгущIэгъущIыр!
(35) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым фыфIэлIыкI, гъунэгъу фызэрыхуэхъуным фыхущIэкъу, Алыхьым и диным щхьэкIэ флъэкI къэвмыгъанэ – сыхьэт махуэ фежьэнщ!
(36) Джаурхэм щIым фIыгъуэу телъым хуэдиз хэлъыжу яIэрэ, абыкIэ Къемэт махуэм и гIэзабым зыщахъумэну хуежьэми, ар Iахынукъым, абыхэм гIэзаб гуащIэр къапэщылъщ.
(37) Ахэр мафIэм къыхэкIыну хущIэкъунущ, ауэ къыхэкIыфынукъым. Абыхэм я гIэзабыр мыухыжщ.
(38) ДыгъуакIуэм, хъулъхугъэми бзылъхугъэми, я Iэр пывупщI, ар Алыхьым къыбгъэдэкI тезырщ, къадыгъуам пэкIуэу. Алыхьыр лъэщщ, Iущщ.
(39) Мыхъун ищIам иужькIэ тобэ къихьыжрэ игъэзэкIуэжмэ, абы и тобэр Алыхьым Iихынущ. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ.
(40) Уэ пщIэркъэ уафэхэри щIылъэри Алыхьым зэрыIэщIэлъыр? Абы зыхуэфащэм гIэзабыр трелъхьэ, зыхуэфащэми хуегъэгъу. Алыхьым сытри хузэфIокI.
(41) Уэ лIыкIуэ! Я жьэкIэ: «Iиман къэтхьащ», - жызыIэу, зи гум Iиман имылъхэр джаурыгъэм щыхуэпIащIэкIэ, абы уримынэщхъей; ехьудхэм яхэтщ пцIым едаIуэ, уи деж щымыIа нэгъуэщI гупхэм едаIуэ, абыхэм псалъэри зэблагъэувыкI; абыхэм жаIэ: «Мыр къывитмэ къафщтэ, къывимытмэ къэвмыщтэ[182]» Алыхьым зыгуэр игъэгъуащэмэ, уэ Абы Алыхьым и пащхьэм ущыдэIэпыкъуфынукъым. Алыхьыр хуейкъым абыхэм ягур игъэкъабзэжыну. Мы дуней хьэхум абыхэм я напэр щытекIынущ, ахърэтми гIэзабышхуэр къащыпэщылъщ.
(42) Ахэр зэпымыууэ пцIым йодаIуэ, абыхэм хьэрэмыр яшх. Ахэр уи деж къакIуэмэ, е хей яхуэщIэ е уи щIыб яхуэгъазэ. Уэ абыхэм уи щIыб яхуэбгъэзамэ, зыкIи я зэран къуагъэкIыфынукъым. Ауэ хей яхуэпщIамэ, захуэу яхуэщIэ: захуэхэр Алыхьым и щIасэщ.
(43) Абыхэм уэ дауэ хеящIэ уащIын. Алыхьым и унафэр зэрыт Тауратыр щаIэкIэ? [Уи унафэм] иужькIэ абыхэм я щIыб къыпхуагъэзэж. Ахэр Iиманыншэщ!
(44) Дэ ныфхуедгъэхащ Тауратыр гъуазэу икIи нэхунэу, [Тхьэм] еувэлIа бегъымбархэм ехьудхэм хей ирыхуащIэну, Алыхьым и ФIыцIагъэр зыхъумэжа дингъуазэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ [ирилэжьэну] ахэр езыхэри абыкIэ щыхьэтщ[183]. ЦIыхухэм фащымышынэ, Сэ фыкъысфIэлIыкI! Си Iэятхэр уасэ мащIэмкIэ[184] фымыщIэ! Алыхьым къыригъэхамкIэ хей зымыщIэхэр джаурщ.
(45) Дэ [ТауратымкIэ] абыхэм яхуэдгъэуващ: псэм псэ покIуэ, нэм нэ покIуэ, пэм пэ покIуэ, тхьэкIумэм тхьэкIумэ покIуэ, дзэм дзэ покIуэ, уIэгъэм хуэдэ покIуэ. Ауэ ар сэджыт зыщIым (зыгъэгъум) и гуэныхьым поув. Алыхьым ныригъэхам тету хей зымыщIэр къуаншэщ.
(46) Абыхэм (лIыкIуэхэм) накIэлъыдгъэкIуащ Мэрям и къуэ ГIиса, нэхъапэм недгъэха Тауратыр къигъэпэжу, икIи гъуазэрэ нэхунэу Iинджылри IэщIэтлъхьащ, нэхъапэм недгъэха Тауратыр къигъэпэжу, Тхьэм фIэлIыкIхэр иригъуазэну, ириущиину.
(47) Iинджылыр зыIэщIэлъхэм хей иращIэ Алыхьым абы иту къригъэхамкIэ. Алыхьым къригъэхамкIэ хей зымыщIэхэр фасикъщ.
(48) Дэ ныпхуедгъэхащ пэжыр зэрыт ФIыцIагъэр (КъурIэныр) япэкIэ недгъэха ФIыцIагъэр къигъэпэжрэ къихъумэу[185]. Алыхьым къыпхуригъэхам тету [зэгурымыIуэхэм] хей яхуэщIэ; пэжыр къыпхуэкIуа нэужь, абыхэм я гукъыдэжым зыдомыгъэшэх. Фящыщ дэтхэнэми Дэ хуэдгъэнэIуащ хабзэрэ гъуэгурэ. Алыхьым хуеямэ зы Iумэт фищIынт, ауэ а къывитамкIэ фигъэунэхуну аращ. Фызэпеуэ фIы щIэнымкIэ! Псори Алыхьым и пащхьэ фихьэжынурэ фыщIызэгурымыIуахэр къыфхуигъэнэIуэжынущ!
(49) Аращи, Алыхьым къыпхуригъэхам тету [зэгурымыIуэхэм] хей яхуэщIэ, икIи абыхэм я гукъыдэжым зыдомыгъэшэх: хуэсакъи, Алыхьым къыпхуригъэхам щыщ гуэрхэм зытромыгъэш. Ауэ [уи унафэр] ямыдэмэ, зэгъащIэ, ахэр ящIа гуэныхь гуэрхэм щхьэкIэ Алыхьым игъэпшынэну зэрыхуейр. ЦIыхухэм ящыщ куэдыр фасикъщ!
(50) АтIэ ахэр жэхьил зэманым[186] щыIа хейщIэкIэм хуейуэ ара? Тхьэр быдэу зи фIэщ хъуа жылэм я хейр Алыхьым нэхърэ нэхъыфIу хэт ищIэн?
(51) Уэ Iиман зиIэхэ! Ехьудхэмрэ чыристанхэмрэ телъхьэ фымыщI. Ахэр езыхэр зыр адрейм и телъхьэжщ. Фящыщу ахэр телъхьэ зыщIыр абыхэм ящыщщ. Алыхьым иузэщIыркъым лейзехьэхэр.
(52) Уолъагъу зи гур узым иубыдахэр (напитIхэр) зэхэзежэу зэрахэтыр: «Догузавэ къекIэрэхъуэкIыу ди щхьэм къихуэжынкIэ!» - жаIэурэ. Ауэ Алыхьым текIуэныгъэр [муслъымэнхэм] къаритмэ, е [напитIхэм] зыгуэр къащигъэщIмэ, ахэр хущIегъуэжынущ я гум щаущэхуам,
(53) икIи Iиман зиIэхэм ягъэщIэгъуэнущ: «АтIэ мыхэра Алыхьым и цIэкIэ тхьэрыIуэу щыIэм я нэхъ лъэщымкIэ! – дывигъусэщ жаIэу тхьэ зыIуахэр?» Абыхэм я Iуэхур псыхэкIуадэ хъури унэхъуахэщ.
(54) Уэ Iиман зиIэхэ! Фящыщ диным икIмэ, Алыхьым нэгъуэщI жылэ къигъуэтынущ, Езым фIыуэ илъагъуу, езыхэми фIыуэ къалъагъуу, Iиман зиIэхэм яхуэщабэрэ Iиман зимыIэхэм яхуэпхъашэу, Алыхьым и диным щIэбэнхэрэ губгъэн къахьынкIи мышынэхэу. Ар Алыхьым и жумартыгъэщи зыхуейм ирет. Алыхьым псори къызэщIеубыдэ, ещIэ!
(55) Фэ фи телъхьэр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэщ икIи Iиман къэзыхьахэу нэмэз зыщIхэр, сэджыт зытхэр, щхьэщэ зыщIхэращ[187].
(56) Алыхьыр, Абы и лIыкIуэр, Iиман зиIэхэр телъхьэ зыщIхэр Алыхьым и Iумэтщи, ахэращ текIуэнур.
(57) Уэ Iиман зиIэхэ! Телъхьэу къэвмыщтэ фяпэкIэ ФIыцIагъэ зыхуэкIуахэмрэ джаурхэмрэ ящыщу фи диныр щIэнэкIалъэрэ джэгупIэрэ зыщIхэр. Фэ Iиман фиIэмэ, Алыхьым фыфIэлIыкI!
(58) Фэ [цIыхур] нэмэзым щыхуевджэкIэ, абыхэм ар гушыIэрэ джэгуу къалъытэ. Ар къызыхэкIыр, абыхэм къагурыIуэркъыми аращ.
(59) ЯжеIэ [Мухьэммэд]: «Уэ ФIыцIагъэ зиIэхэ! АтIэ дэ Алыхьри, къытхуеха [КъурIэнри], япэкIэ къехауэ щытари ди фIэщ зэрыхъум дыпэвгъэуджэжу ара? Фэ фи нэхъыбэр Алыхьым хуэпэжкъым».
(60) ЯжеIэ: «Абы нэхърэ нэхъыкIэр нывжесIэн? Алыхьым тазыр зытрилъхьэхэращ: Алыхьым нэлат зрихар, зыхуэгубжьар, номинрэ кхъуэрэ ищIар, ТIагъуутым[188] хуэпщылIхэращ. Ахэр я увыпIэкIи нэхъыкIэщ, гъуэгу захуэми нэхъ жыжьэу тегъуэщыкIащ».
(61) Ахэр уи деж къыщыкIуэкIэ: «Iиман къэтхьащ!» жаIэр. Ауэ ахэр джауру къыщIохьэ, джауруи щIокIыж. Алыхьым нэхъыфIу ещIэр абыхэм яущэхур.
(62) Уолъагъу, абыхэм ящыщ куэдыр гуэныхь къэхьыным, зэбииным, хьэрэм шхыным зэрыхуэпIащIэр. Гъуамэщ абыхэм ящIэр.
(63) Ягъэ кIынт [ехьуд] динпашэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ ахэр гуэныхь псалъэм, хьэрэм шхыным щахъуматэмэ! Гъумэщ абыхэм ящIэр!
(64) Ехьудхэм жаIащ: «Алыхьым и Iэр пхащ». Езыхэм я Iэр угъу! ЖаIэм пэкIуэуи нэлатыр къатехуащ. Хьэуэ! Абы и IитIри хуитщи зэрыхуейуэ мэгуашэ. Уи Тхьэм ныпхуригъэха [КъурIэным] егъэбагъуэ абыхэм ящыщ куэдым я щыкIыныгъэмрэ я джаурыгъэмрэ. Дэ ахэр зэдуштри жэгъуэгъу зэхуэтщIащ Къемэт махуэр къэсыху [зэмыкIужыну]. Абыхэм зауэм и мафIэр щIагъэстыху ар Алыхьым егъэункIыфIыж. Абыхэм дунейр яуцIэпIыну хэтщ, ауэ Алыхьым фIыуэ илъагъуркъым цIапIагъэ зезыхьэхэр.
(65) Ауэ ФIыцIагъэ зиIэхэм Iиман къахьрэ Тхьэм фIэлIыкI хъуатэмэ, Дэ абыхэм я гуэныхьыр ящхьэщытхынти жэнэт тхъэжыгъуэм итшэнт
(66) Ахэр Тауратым Iинджылым я Тхьэм къахуригъэха [КъурIэным] тетамэ, уэм хэтри щIым тетри шхыныгъуэу ястынт. Абыхэм яхэтщ зэпIэзэрыт гупи, ауэ ящыщ куэдри бзэджащIэщ
(67) Уэ лIыкIуэ! Уи Тхьэм ныпхуригъэхар яхэпщэ [цIыхум]. Ар умыщIэмэ, Абы и тхыгъэр ялъэбгъэIэсакъым. Алыхьым уащихъумэнщ[189] цIыхухэм. Алыхьым джаурхэр иузэщIыркъым.
(68) ЖыIэ [Мухьэммэд]: «Уэ ФIыцIагъэ зиIэхэ! Фэ зыми фыщыщкъым, Тауратым, Iинджылым, фи Тхьэм къыфхуригъэха [КъурIэным] фытемытмэ». Уэ уи Тхьэм ныпхуригъэха [КъурIэным] егъэбагъуэ абыхэм ящыщ куэдым я щыкIыныгъэмрэ я джаурыгъэмрэ. Умыгузавэ а джаурхэм щхьэкIэ!
(69) Муслъымэным, ехьудым, чыристаным, сабиIым[190] ящыщу Алыхьымрэ Къемэт махуэмрэ зи фIэщ хъуауэ фIы зыщIэхэм я псапэр Тхьэм деж щагъуэтыжынущ, шынагъуи нэщхъеягъуи къалъэIэсынукъым.
(70) Дэ IисраIил и щIэблэм псалъэ быдэ къайIытхащ икIи лIыкIуэхэр яхуэдгъэкIуащ. ЛIыкIуэ къахуэкIуэхукIэ, ар абыхэм ягу иримыхьмэ, иныкъуэр пцIыупсу ягъэIурт, адрейхэр яукIырт.
(71) Абыхэм ягугъащ лажьэ къатемыпсыхэну, [динми] хуэнэфт, хуэдэгут. ИужькIэ абыхэм я тобэр Алыхьым яIихащ, итIани абыхэм ящыщ зыкъомыр [диным] хуэнэф-хуэдэгуу къэнащ. Алыхьым елъагъу абыхэм ящIэр.
(72) «Алыхьыр Мэрям и къуэ Масихьыращ», - жызыIэхэр джаур хъуащ. Масихьым яжриIащ: «Уэ IисраIил и щIэблэхэ! ФыхуэпщылI Алыхьу сэри си Тхьэм фэри фи Тхьэм!» Алыхьым Iыхьэгъу хуэзыщIэхэм я жэнэтыбжэр Алыхьым зэхуищIащ. Абыхэм я хэщIапIэр мафIэращ, джаурхэм дэIэпыкъуэгъу яIэнукъым.
(73) «Алыхьыр щым ещанэщ»[191], — жызыIэхэр джаурщ: зы тхьи щыIэкъым Тхьэ Закъуэм фIэкIа. Абыхэм я жьэр ямыгъэбэяумэ, ящыщ джаурхэм гIэзабышхуэр къатехуэнущ.
(74) АтIэ абыхэм къагъэзэжу Алыхьым елъэIу хъунукъэ къахуигъэгъуну! Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!
(75) Мэрям и къуэ Масихьыр лIыкIуэ къудейщ, абы япэкIи лIыкIуэхэр щыIащ, и анэри фIэрафIэщ. ТIуми шхын яшхыу щытащ. Еплъ Iэятхэр зэрахуэдгъэнаIуэм, итIани аплъ ахэр пэжым зэрытекIым!
(76) ЯжеIэ: «АтIэ фэ Алыхьым фыфIэкIыу зи ягъи зи фIыгъи къывэмыкIыну нэгъуэщIым фыхуэпщылIрэ? Алыхьыращ зэхэзыхри зыщIэри!»
(77) ЯжеIэ: «Уэ ФIыцIагъэ зиIэхэ! Пэжым фытекIыу фи диным евмыгъэлей икIи япэм гъуэща, куэди зыгъэгъуэща, гъуэгу захуэм тегъуэщыкIа цIыхухэм я гурыщIэм зыдевмыгъэшэх».
(78) Даути Мэрям и къуэ ГIиси нэлат ирахащ IисраIил и щIэблэм щыщу джаур хъуахэм! Ар къызыхэкIар жыIэмыдаIуэт, щIэпхъэджащIэти аращ.
(79) Ахэр зэдэIэпыкъуртэкъым Iей зэрамыщIэнымкIэ. Гъуамэт абыхэм ящIэр!
(80) Уэ уолъагьу абыхэм ящыщу Iсуэдым джаурхэр телъхьэ зэращIыр. Сыту Iей абыхэм я щхьэм хуагъэхьэзырар: Алыхьыр къахуэгубжьынущ, гIэзабри игъащIэкIэ ятелъынущ!
(81) Алыхьыр, бегъымбарыр икIи абы къыхуеха [КъурIэныр] я фIэщ хъуатэмэ, абыхэм ахэр (джаурхэр) телъхьэ ящIынтэкъым, ауэ ящыщ куэдыр фасикъщ!
(82) Уэ, дауи, гу лъыптэнщ цIыху псоми ящыщу мыIуминхэр нэхъ къэзылъагъу мыхъур ехьудхэмрэ тхьэм Iыхьэгъу хуэзыщIхэмрэу зэрыщытым; уэ, дауи, гу лъыптэнщ мьIуминхэм нэхъ къахуэгуапэр: «Дэ дычыристанщ!» жызыIэхэр арауэ зэрыщытым. Ар къызыхэкIыр абыхэм щоджэнхэмрэ рухьбанхэмрэ[192] яхэтщи аращ, абыхэм загъэпагэркъым.
(83) ЛIыкIуэм ныхуедгъэха [КъурIэныр] щызэхахкIэ уэ уолъагъу абыхэм къапкъырыхьа пэжым щхьэкIэ я нэпситIыр къызэрещэщэхыр. Абыхэм жаIэ: «Уэ ди Тхьэ! Дэ Iиман къэтхьащи щыхьэтхэм[193] дахэтхэ!
(84) Сыт дэ Алыхьри, къытхуэкIуа пэжри ди фIэщ щIэмыхъунур, фIэрафIэхэм я гъусэу жэнэтым дыкIуэну дыхуеймэ?»
(85) Абы жаIэхэм щхьэкIэ Алыхьыр къахуэупсащ псыхъуэхэр зыщIэж жэнэтымкIэ икIи ахэр абы игъащIэкIэ исынущ. Аращ фIы зыщIэхэм къалэжьыр.
(86) Мыдрейуэ, Iиман къэзымыхьауэ Дэ ди Iэятхэр пцIыуэ зылъытэхэр жыхьэнмэхэс хъунущ!
(87) Уэ Iиман зиIэхэ! Алыхьым хьэлэл фхуищIа фIыр хьэрэм зыщывмыщIыж икIи [хьэрэм-хьэлэлым] фемыбакъуэ. Алыхьым и щIасэкъым ебакъуэхэр[194].
(88) Алыхьым хьэлэл фхуищIа ерыскъыфIхэр фи шхыныгъуэу щырет, икIи фи фIэщ хъуа Алыхьым фыфIэлIыкI!
(89) ПсалъэдэкIуэу фщIа тхьэрыIуэм щхьэкIэ Алыхьым фигъэпшынэнукъым, Абы фыщIигьэпшынэнур къывгурыIуэжу фщIа тхьэрыIуэращ. Ар пшыныжа зэрыхъунур: фи унагъуэм евгъэшхым нэхърэ мынэхъыкIэкIэ тхьэмыщкIипщI вгъэшхэнщ, е фхуэпэнщ, е зы пщылI хуит фщIынщ. Ар зыхузэфIэмыкIыр махуищкIэ нэщIыжынщ. Аращ фи тхьэгъэпцIыр зэрыфпшыныжынур. Фыхуэсакъ фи тхьэрыIуэм! Апхуэдэу Алыхьым фхуегъэнаIуэ и Iэятхэр, фIыщIэ хуэфщI!
(90) Уэ Iиман зиIэхэ! Фадэр, ахъшэджэгур, тыхь щIыпIэр, пхъэтедзэр шейтIаным и Iуэху гъуамэщи зыщыфхъумэ. Сыхьэт махуэ фежьэнщ!
(91) ШейтIаныр зыхуейр фадэмрэ ахыпэджэгумкЬ бий, жэгъуэгъу фызэхуищIыну, Алыхьым и цIэ къиIуэнымрэ нэмэз щIынымрэ фIэщIигъэхуну аращ. КIэ иIэну пIэрэ мыбы?
(92) Алыхьым фыхуэжыIэщIэ, лIыкIуэми фыхуэжыIэщIэ икIи фысакъ! фымыдаIуэмэ, зэвгъащIэ, лIыкIуэм и къалэныр [Тхьэм и псалъэр] IупщIу къыфлъигъэIэсын къудейращ.
(93) Iиман зиIэхэу фIы зыщIахэм гуэныхь къатехуэркъым япэм яшха [хьэрэмымкIэ], Тхьэм фIэлIыкIыу[195], Iиман яIэу, IуэхуфI ялэжьу [псэумэ]; иужькIи Тхьэм фIэлIыкIыу[196], Iиман яIэу щытмэ; иужькIи Тхьэм фIэлIыкIыу[197], фIы ящIэу щытмэ. Алыхьым и щIасэщ фIыр нэгъэсауэ зыщIэхэр.
(94) Уэ Iиман зиIэхэ! Дауи фэ Алыхьым фигъэунэхунущ фи Iэрэ фи бжыпэкIэ къэвущэкIухэмкIэ[198]. Езым щэхуу щышынэхэр Алыхьым къигъэнаIуэн щхьэкIэ. Абы иужькIэ хэт ебакъуэми, абы къыпэщылъщ зыгъэгуIэ гIэзаб.
(95) Уэ Iиман зиIэхэ! Хьэжы фащэр фщыгъыу фымыщакIуэ, фящыщу ищIэу псэущхьэ къэзыущэкIум тазыру къытохуэ къиукIам пэувын Iэщ - ар зыгъэтэрэзынур нэхъ захуэу фэ фщыщ лIитIщ - Чэбэм тыхьу здэфшэн щхьэкIэ; е упшыныжын хуейщ тхьэмыщкIэ бгъашхэу[199], е абы пэкIуэ нэщIкIэ[200] мыхъун зэрищIар къыгурыIуэжын щхьэкIэ. Алыхьым блэкIар[201] игьэгъуащ, ауэ къытезыгъэзэжыр Алыхьым пигъэуджэжынущ: Алыхьыр инщ, Iейми пэзыгъэуджэжщ!
(96) Фэри гъуэгурыкIуэхэми фшхыну хьэлэлщ псым къыщывущэкIур. Ауэ хьэжы фащэ фщыгъыу щIылъэм фыщыщакIуэныр хьэрэмщ. ФыфIэлIыкI зи пащхьэ фырахуэжыну Алыхьым!
(97) Алыхьым къигъэуващ Чэбэу унэ лъапIэр, мазэ лъапIэр, къурмэныпхъэ псэущхьэр, [псэущхьэ] гъэщIэрэщIар цIыхум къащхьэпэн щхьэкIэ[202]. Ар щIищIар уафэхэми щIылъэми къыщыхъухэм Алыхьыр зэрыщыгъуазэр фщIэн щхьэкIэщ. Алыхьыр сытми щыгъуазэщ.
(98) ЗэвгъащIэ Алыхьыр тазыркIэ зэрылъэщыр. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ гущIэгъущIщ.
(99) ЛIыкIуэм и къалэныр [Тхьэм и псалъэр] къыфлъигъэIэсын къудейращ; Алыхьым ещIэ фэ къэвгъэнаIуэри фэ фущэхури!
(100) ЯжеIэ: «Гъуамэмрэ фIымрэ зэхуэдэкъым; гъуамэм и куэдагъым уэ удихьэхми». Алыхьым фыфIэлIыкI акъылыфIэхэ, сыхьэт махуэ фежьэнщ!
(101) Уэ Iиман зиIэхэ! ФIыщIэмыупщIэ: наIуэ къыфхуащIа нэужь фи жагъуэ хъужыну куэдым. Ауэ КъурIэныр къыщехкIэ фыщIэупщIэмэ, ахэр къыфхуэнаIуэнущ. Алыхьым ахэр къыфхуигъэгъуащ[203]. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, тэмакъкIыхьщ.
(102) Апхуэдэхэм фи япэкIэ щыIа цIыхухэри щIэупщIат; иужькIэ [жэуапыр щызэхахым] ядэжакъым.
(103) Алыхьым къигъэувакъым бахьирэри[204], саIибэри[205], уэщилэри[206], хьамири[207], ауэ Iиман зимыIэхэм ахэр Алыхьым пцIыуэ тралъхьэ икIи абыхэм я нэхъыбэр зэхэщIыкIыншэщ.
(104) Абыхэм: «Алыхьым ныригъэхамрэ и лIыкIуэмрэ феувалIэ» - щыжраIэкIэ, къыпадзыж: «Ди адэжьхэм ядэтлъэгъуам дырокъу!» АтIэ, а я адэжьхэм зыри къагурымыIуэу, ахэр гъуэгу захуэм темытамэ щэ?
(105) Уэ Iиман зиIэхэ! Фэ фызэхуэсакъыж. Фэ гъуэгу захуэ фытетмэ, гъуэщар зэран къыфхуэхъуфынукъым. Псори зи пащхьэ фихьэжынур Алыхьыращ, икIи фэ фщIар Абы фигъэлъагъужынущ.
(106) Уэ Iиман зиIэхэ! Фящыщ гуэрым лIэныгъэр къыщIэзэрыхьу, уэсят къыщищIыжкIэ, фэ фщыщу цIыху щыпкъитI щыхьэту вгъэув, ауэ гъуэгу фытету лIэныгъэ лажьэр къыщыфщIэзэрыхькIэ, [фэ фщыщ фымыгъуэтмэ], фщымыщу тIу [щыхьэту вгъэув]. Дзыхь яхуэвмыщIмэ, зэтефIыгъи нэмэзым иужькIэ Алыхьым и цIэкIэ тхьэ евгъаIуэ: «Дэ сыт хуэдэ уасэкIи ди тхьэрыIуэм депцIыжынкъым, [а пцIым] зи сэбэп хэлъыр ди благъэу щытми, икIи дыбзыщIынкъым Алыхьым и цIэкIэ щыхьэту дызытеувар, арыншамэ дэ гуэныхьыщIэхэм дащыщщ!»
(107) А тIум гуэныхь ящIауэ къыщIэщмэ, щIэиныр зылъысхэм ящыщу благъитI щыхьэту вгъэув. Тхьэлъани ирыращI: «Мо тIум я щыхьэтыгъэм нэхърэ дэ ди щыхьэтыгъэр нэхъ пэжщ, - [жаIэурэ]. - Дэ [пэжым] дебакъуэркъым, арыншамэ лейзехьэм ящыщ дохъу».
(108) Апхуэдэр щыхьэт щыпкъэм нэхъ пэгъунэгъущ, аргуэру щыхьэтитI къэуву я пцIыр къыщIагъэщынкIэ мэшынэри. Алыхьым фыфIэлIыкI икIи федаIуэ, Алыхьым иузэщIыркъым фасикъхэр!
(109) [Къемэт] махуэм Алыхьым и лIыкIуэхэр зэхуишэсыжынурэ къайупщIынущ: «Сыт [фыздэдгъэкIуам] жэуапу къыватар?», - жиIэнурэ. [ЛIыкIуэхэм] жаIэнущ: «Дэ щIэныгъэ диIэкъым, Уэращ щэху псори нэхъыфIу зыщIэр».
(110) Алыхьым жиIэнущ: «Уэ Мэрям и къуэ ГIиса! Уигу къэгъэкIыж уэри уи анэми фхуэсщIа фIыр, Псэ лъапIэми къару къызэрыпхезгъэлъхьар[208]. Уэ цIыхухэм уайпсэлъащ гущэм ухэлъуи лIыпIэ уиувауи. ИкIи ухуезгъэджащ тхыгъэми, Iущыгъэми, Тауратми, Iинджылми; Си IизынкIэ ятIэм бзу къыхэпщIыкIырти, ущепщэкIэ, Сэ си IизынкIэ ар бзу хъурт; Сэ си IизынкIэ уэ нэфри, лышх зэфыкIри бгъэхъужырт; Сэ си IизынкIэ лIахэри къэбгъэхъужырт. Телъыджэхэр къащыхуэпхьам IисраIил и щIэблэм уащысхъумащ. Абыхэм ящыщ джаурхэм жаIащ: «Мыр наIуэу удыгъэщ!»
(111) Арати, Сэ хьэуарийхэм ягу ислъхьащ Сэри Си лIыкIуэри я фIэщ дыхъун хуейуэ. Абыхэм жаIащ: «Ди фIэщ фыхъуащ! Къытхуэщыхьэт муслъымэн дызэрыхъуамкIэ!»
(112) Арати, хьэуарийхэм жаIащ: «Уэ Мэрям и къуэ ГIиса! Уи Тхьэм хузэфIэкIыну пIэрэ уафэм Iэнэ узэда къытхуригъэхыну?» ЯжриIащ: «Iиман фиIэмэ, Алыхьым фыфIэлIыкI!»
(113) Абыхэм жаIащ: «Дэ дыхуейщ абы телъым щыщ тшхыну, дигури дгъэзэгъэну, пэж къызэрыджепIар ди фIэщ хъун, [Iэнэми] щыхьэт дытехъуэжын щхьэкIэ».
(114) Мэрям и къуэ ГIиса жиIащ: «Уэ Алыхьу ди Тхьэ! Мы уафэм къытхуегьэх Iэнэ узэда! Ар дэри, дяпэкIэ щыIахэми, дяужькIэ къэкIуэнухэми гIидрэ Уэ къыббгъэдэкI телъыджэрэ яхуэхъун хуэдэу. Ерыскъыр къыдэт, Уэ ерыскъы зытхэм уранэхъыфIщ!».
(115) Алыхьым къажреIэ: «Сэ ар ныфхуезгъэхынщ, ауэ абы иужькIэ фящыщу Iиман къэзымыхьым Сэ дунейхэм зыми щатезмылъхьа гIэзаб езгъэшэчынщ!»
(116) Арати,Алыхьым жиIащ: «Уэ Мэрям и къуэ ГIиса! Уэ яжепIа цIыхум: «Сэрэ си анэмрэ, Алыхьым ипIэкIэ, тхьитIу дыфщтэ», жыпIэу?» [ГIиса] жиIащ: «Уэ зихуэдэ щымыIэ! Сэ жызмыIапхъэ дауэ жысIэн? Сэ ар жысIамэ Уэ уощIэ. Уэ уощIэ сэ си гум илъыр, ауэ сэ сщIэркъым Уэ уи гум илъыр: Уэращ щэхур нэхъ зыщIэр.
(117) Сэ абыхэм зыри яжесIакъым Уэ си пщэм къиплъхьам нэмыщI, [яжесIаращ]: «ФыхуэпщылI Алыхьу сэри си Тхьэм, фэри фи Тхьэм!» Сэ абыхэмкIэ щыхьэту сыщытащ сахэтыху, ауэ сакъыщыхэпхыжым, абыхэм кIэлъыплъакIуэу яIар Уэращ, Уэ сытми урищыхьэтщ.
(118) [Ухуитщ] гIэзаб ятеплъхьэнуми ахэр Уэ уи пщылIщ; ауэ яхуэбгьэгъумэ Уэращ лъэщри Iущри!»
(119) Алыхьым жиIащ: «Мыр пэжхэм я пэжагъэр къащыщхьэпэ махуэщ. Абыхэм къалъысынущ псыхъуэхэр зыщIэж жэнэтыр икIи ахэр абы игъащIэкIэ исынущ». Алыхьыр абыхэм къахуэарэзынщ, ахэри Алыхьым хуэарэзынщ. Ар ехъулIэныгъэшхуэщ!
(120) Алыхьым IэщIэлъщ уафэхэми, щIылъэми, абыхэм якуми щыIэр, Абы сытри хузэфIокI!