Лъостнащрэ му3эрифрэ я пцiыупсыкiэр

Ди гъунэгъу щIалэм жиIэжыращ:

- Зы гъэ гуэр сымаджэ хьэлъэу сыхэлъти, сытрагъэуну щIэпщакIуэ схуащI. Абы нэхъ гушыIэрейуэ яхэтар ди Лъостнащрэ Музэрифрэт: «Хэт нэхъ пцIы дахэиупсын?» - жаIэри, пцIыупсынкIэ зэпеуэу щIадзащ. Ар къыщыхъуар 1957 гъэращ. Пщыхьэщхьэ къэс къакIуэрт а тIури, хэкIуэтэху щIэст, гушыIэу: пцIы яупсурэ цIыхур ягъэдыхьэшхыу, сэри абыкIэ сытрагъэууэ.

Л ъ о с т н а щ ы м к ъ ы х е д з э:

- Фэ фи фIэщ мыхъункIи хъунщ, ауэ си нэгу щIэкIа вжэсIэнщ.

Зауэм и гуащIэгъуэу дунейр ткъутэжу дыхэтт. Са щIалэ жыджэрщ, гушхуэ кIуэцIылъщ жиIэри ди кэмэндирым Iэдютанту , сакъыхихауэ сригъусэт. Сэр нэмыщIамэ, щэней жэнэтым кIуауэ и адэжь, анэжь дунейм ехыжахэм ябгъэдэст ар уэршэру.

Япэ щIыкIэ Iэкоп дызэрысым, мис мы Музэриф хуэдиз хъуну, зы, бомбэшхуэ нихуащ, «кIэдыкъуакъуэжьым» къридзыхауэ. Бомбэр, накIуэщ аби, кэмэндирым и сэмэгурабгъумрэ сэ си ижьырабгъумрэ хуэзэу дякум ныдэпсыхащ. Кэмэндирым и фэр пыкIри, и IитIыp и нэкIум Iуилъхьащ. Бомбэр къэуэн щIидзауэ, кIыкъыкъсыкъыкъ жиIэу къачэу хуежьауэ, «Бисмылэхь!» жысIэри, сепхъуэщ аби, Iэкопым къиздзащ. Къиздза щхьэкIэ, саржыних-блы нэхъ жыжьэ схуэдзакъым: цIапIэу хьэлъэт! А напIэзыпIэм къауэщ бомбэри: бомбэм щыщ зы къутахуэ техуэжри «кIэдыкъуакъуэжьыр» къриуды хащ.

Кэмэндирыр а щIыкIэм тету къыщезгъэлым, «афэрым, тэвариш Лъостнащ!» жиIэри орденым приставить сищIащ.

ЕтIуанэм деж, танкиплIым лъэныкъуиплIкIэ къаувыхьщ ди кэмэндирри, зэхуэкIуэжу щIадзащ, дапIытIэн мypaд яэу. Иджы aбы нэмыцэм хэщIыныгъэшхуэ яхилъхьати, къещакIIуэрт куэд щIауэ, «нэгъуэщI мыхъуми дилъ тщIэжынщ!» жаIэри. Танкер нэсыным лъэбакъуэ зытхух нэхъ имыIэжу арат къыщыслъэгъуари, сыгузэващ, «къэхь къурIэн, мыр япIытIу щытмэ, къысхуимыгъэгъун!» жысIэри.

СеIэбэкIщ аби, си аркъэныр къыкIэрыстIлыкIш, здзыщ, нэхъ гъунэгъуу епщылIа танкыжьым и пэщхъыным щыздзэри, сыкъеэ мыгъуэщ аби, танкыр тIэрабгъуу къыщхьэпрыдзащ, и ныбэгур къыдэгъэзеяуэ, зиIуантIэ-зишантIэ щхьэкIэ мыувыжыфу. Кэмэндирым гъуэгу зэрестар щилъагъум, къыдэлъщ, сэри сылъэри, къэзгъэкIэсщ аби, зэуапIэ губгъуэм къисхыжащ. Абы щхьэкIэ бэрычэт бесын къызжиIа уфIэщIрэ? Вигывыр къызитащ, дзэр губгъуэм кэмэндирыншэу къибнащ жиIэри. Апхуэдэщ кэмэндирхэр: ящIэри зэгупсысри къыбгурыIуэнукъым.

Ещанэм щыгъуэ мэз гуэрым дыщIэст зыдгъэпсэхууи, ди сэнитар­кэ дахэ цIыкIyp и IэплIэм ису щысу, еуэщ аби, и фызыр къэсащ, «Сирожэ слъагъунущ» жиIэри. ЛъэбакъуитI къичыжам, натIэкIэ жьэхэуэнут и лIым. АрщхьэкIэ сыкъэхутэщ абдежи, «накIуэ, сэ усшэнщ Сирожэ деж», жысIэри, есшажьэщ аби, хъуреиуэ къесшэ­кIри къэсшэжащ и лIым деж. «Сыкъызэбгъэла псом ящхьэжщ ар!­- жиIэрт кэмэндирым. - Мы дунейм теткъым сэ сызыщышынэ, а зым фIэкIа: нэгъуэщI цIыхубз уеплъауэ гу къыплъитамэ, занщIэу узыIуригъэлъэдэнущ!» - жери.

НтIэ, арати, кэмэндирым сыбгъурыту, Iэтакэ дыздэкIуэм, еуэри, си шыр щIаукIыкI. МафIэгу из шы къытхуашат абдежи, кэмэндирым сыхегъадэри - щолэхъу къунан къыхызох. Къунаныр мазэкIэ згъэ­сащ, «шы хъунукъым ар, нэгъуэщI къыхэх: мо шы дахэ къомыр плъагъуркъэ!» - жаIэурэ ауан сыкъащIу. Абыхэм хащIыкIрэ сытмишым! Шы хъунумрэ мыхъунумрэ зэхэбгъэкIын щхьэкIэ щIэныгъэ хуейщ, тIасэ.

Арати, мазэ нэужьым зауэм дыIухьэжащ.

Нэмыцэ пихотэр дзэ фIыцIэу къокIуэ, ди пихотэри дунейр яуфэбгъуауэ макIуэ. Зызэраупсейщ аби, зэзауэм-зэрыукIым, зэрыукIым-зэрытхьэлэурэ, ди пихотэр токIуэри, ирахужьэж. Нэмыцэ зызыублэрэкIыу щIэпхъуэжам ущIэрыхьэнт? Ди пихотэр щIэрымыхьэ щыхъум:

- Кэвалерия, пирот! – жаIэри, дилъщ аби, хьэлэчыр яхэтлъхьащ.

Апхуэдэу, деуэм-тхум, деуэм-тхуурэ, сыхьэтитI енкIэ тхужауэ, «фшист кIуэду докIуэд иджы, абы фIэкIмэ!» жаIэри танк гупышхуэ къыкъуагъэкI.

- Е дылIэн, е дылIын! – жеIэ ди кэмэндирми, сэшхуэ къихакIэ дахолъадэ танк гупым.

Абы щымыгугъа танк къомыр, ящIэнур ямыщIэу, загъэкIэрахъуэу къонэ. Дэ дызыхуеиххэр арти, зы танкым и шэрхъым джатэр дэддзрэ щхьэпредгъэдзу, адрей танкым деуэри и пэ кIыхьыр пыдгъэхуурэ зэтыдоупщIатэ.

Абдэж зы ву макъ зэхэсхри, сыкъеплъэкIмэ – зигъэемынэу зы танкыжь цIыкIу цIыву къокIуэ. «Нацэ ущыхуэзар, уэлэхьи, мис иджым уэ!»- жизоIэри сыпожьэ. Сери сокIуэ, езыри къокIуэ. АрщхьэкIэ къэсыным зы саржынище иIэжу, матхъуэри, егъэзэж: и нерв мыгъуэм хуэхьакъым. СылъоIэри сыщIэрохьэ. СызэрыщIэрыхьэу, си къунаныр малъэри, танкым и люкым тоувэ. Соуэри Iэнтенэр пызоупщI, гъэчым хуэдэу. Си щIакIуэр и пэм къыпызопхъуэр. Танкыр къызэщIоувыIыкI. ХьэдагъэкIэ къызэщIэмыувыIыкIынрэ, дэгу сщIамэ, нэф сщIамэ! «Сызыхуейуэ хъуащ иджы!» - жизоIэ, си шым сопсыхри, къызоутIыпщыж.

Йоуэри, зым люкыр къытрехри и щхьэр кърегъэж. Соуэри и щхьэр пызоупщIри ар йохуэх, и блыпкъыр сэ соубыдри, къызолъэф аби, хыфIызодзэ. ЕтIуанэм и щхьэр кърегъэж. Соуэри, аргуэрым и щхьэр пызоупщI аби, ар йохуэх; и блыпкъыр сэ соубыд аби, къыхолъэф мо уэдыкъуари, япэрейм тызодзэж. Ещанэри апхуэдэу сощI аби, танкыр кызохри сыкъокIуэж.

А псор зылъэгъуа ди кэмэндирым:

- Уи шыр къызэт! – жеIэри къысщешэ.

- Уэстмэ, алыхьыр согъэпцI! – жизоIэ. – Сыт щхьэкIэ, мазэ и пэкIэ уэратэкъэ ар ауан зыщIар? Уэратэкъэ ар къыдыру жызыIар?

Кэмэндирыр щIоукIытыхьыжри, и щхьэр ирехьэх. Естакъым, сыт имыщIами! АрщхьэкIэ, мыгувэу сэ уIэгъэ сыхъури, си къунаныр абы къыхуэнащ. Госпитэлым сыкъыщIэкIыжа нэужь, нэгъуэщI часть сагъакIуэри, зауэр иухыху дызэхуэзэжакъым а кэмэндирымрэ сэрэ.

Зауэр иухри, Берлин дыдету, сэ сыдэкIуейуэ, езыр си къунаным тесу къехыу, щокъу жиIэу дызэIуощIэ. ИлъэситI дэкIат абы лъандэрэ, итIани си къунаным зы мэскъалкIэ зихъуэжатэкъым. Къалъэри сыкъыщилъагъум, кэмэндирым и нэкIур къызэхэуцэрэфащ.

- ЛIо, Сирожэ, щхьэ узэхэуцэрэфа? – жизоIэ.

А зэманым ирихьэлIэу званэкIэ сыщIэрыхьэжати, апхуэдэу сепсалъэми, хъунут.

- Уэлэхьи, Лъостнащ, услъагъум си жагъуэу армыра, ауэ уи къунаныр степхыжынкIэ сошынэри аращ, - жи. - Сэ, уи къунаным нэмыщIамэ, алъандэрэ хэ-блэ caукIaт!

Къунанми сыкъицIыхужауэ мэхъухъу-мэщыщ, и тхьэкIумэхэр забледз, фIалъэкIэ щIым йоуэ. Сирожэм и нэпсхэм къызэпажыхьати, сфIэгуэныхь хъури:

- Узот! - жесIащ. - Хьэлэл пхухъу! Ауэ танк къызэрызубыду щыта си аркъэныр къызэтыж!

- Уи узыгъуэ укIуэд, абы нэхъ жумыIэнумэ! - жиIэщ аби, аркъэныр къызитыжри, щыIукIыжым, къунан цIыкIy мыгъуэр къеп­лъэкIыжри, зы нэпс къыщIигъэткIущ аби, ежьэжащ. Сэри ар, си бын стам хуэдэу, си гум къыщIитхъри, уэлэхьи, си нэпсыр къысфIэкIуатэм, ауэ си Iэдютант щIалэм гу лъезгъэтакъым - ар абы къызэры­фIэщIынур алыхьым ещIэт!

Музэрифым псалъэр Iэпех:

- Улэхьэ, Лъостнащ, а уэ жыпIам уи фIэщ мыхъун хуэдэу зыгуэри хэмылъ: зауэ щыхъукIэ Iэджи къохъу. Ауэ сэ уи фIэщ мыхъун гуэр уезгъэдэIуэнщ.

Мы зауэшхуэ екIуэкIам и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыхукIэ сыхэтати, икIэрауэ, бадзэ къызэдзэкъакъым. Зауэр иухщ аби Берлин сыдэту а площэдь нэхъ дахэ дыдэм сыкъытехьауэ, «пIив!» жиIэу зыгуэр къауэщ аби, си блэгъукIэ зэхуакум къыхигъэтIысхьащ – гъуанэдэууэ къызэуащ зинэкIэ къалъхуар! Си гупэ къиувэу къызигъэпщэфакъым. Арати, шэр си лэгъукIэ зэхуакум къызэрыхэтIысхьэу, «хъущт!» жиIэу сыкъызэплъэкIри, унипщI зэтетым и щхьэ дыдэм тет этажым хэлъ щхьэгъубжэ щищым язым зынэмыцэ сырыхужь и фочыр трипхъуэтыжу къэслъэгъуащ. Си кIэрахъуэ цIыкIур къизгъэцIэфтри, шэр и щхьэщIыбым ихуэу сеуэри, зэфIэзгъэщэхащ.

Ауэ хьэлэмэтыракъым. Хьэлэмэтыр абы и ужькIэ къэхъуаращ. Еуэри, шэр зыхэтIысхьа си блэгъукIэ зэхуакур къэбэгыу щIидзащ – щхъухькIэ псыхьа хъунт шэр. ЛIыгъэм зезгъэхурэ зы тхьэмахуи згъэкIуаи, арщхьэкIэ лъэрымыхь сыхъуу щыхуежьэм, сыкIуэщ лэзэрытми, дохутыр езгъэплъащ. Езгъэплъар ди Налщыч журтым ящыщ хирург бэлыхь гуэрт, къызэпиплъыхьщ-нызэпиплъыхьри:

- Уэлэхьи, си къуэш, срочний Шэпирацэ удмыщIу мыхъуну! – жиIэри сигъэгъуэлъащ.

Iэпирацэ сищIым-сищIурэ, шэр здыхэлъым нэсрэ аплъмэ – хэлъыр шэ къэуэжт. Ар зылъэгъуар зэбгрыжащ, къоуэри деукI жаIэри. Журт хирургым фIэкIа къэнакъым.

- Умыщынэ, земляк! – жиIэри, кэмандэ итщ аби, къызэхуигъэсыжащ. Унэри пщIантIэри зэпиплъыхьщ аби: «ПсынщIэу щхьэгъубжэр Iуфх!» - жиIащ.

Щхьэгъубжэр зэIуагъэжщ, щхьэгъубжэм сралъэфалIэщ аби, хирургым щэ къэуэжыр и тIыгум деж щиубыдри къеIащ, къеIа щхьэкIэ, къыхуэгъэхъеякъым. Къыщыхуэмыгъэхейм, гъущI Iунэ къыхэч IэдэкIэ иубыдщ, кIыргъыу къыхилъэфри, зигъэкIэрахъуэщ аби, зэрыхуэдзкIэ щхьэгъубжэм дидзащ. Лэзэретым пэмыжыжьэу мывэ унэшхуэ щытт, тIууэ зэтетуи, абы и щхьэгъубжэм техуэщ, щхьэгъубжэ абджыр икъутэщ аби, унэ кIуэцIым щIэхуащ. Унэ кIуэцIым щIэхуа шэ къэуэжыр къауэщ аби, мывэ унэжьыр, пшахъуэрэ кхъуэщын хьэжыгъэрэ фIэкIа къыхимьшэу, икъутэгъащ. Лэзэретым и щхьэгъубжэри къыхиудри, щIэтхэм зыхамыдзамэ, думпу иукI пэтащ.

Уэлэхьэ, ар дауэ цIыхум и фIэщ хъун, ауэ апхуэдиз емынэр зи ныбэм илъа шэ къэуэжыр тхьэмахуэ енкIэ си блэгъукIэ зэхуакум хэсу къэскIухъакIэ сэ сыкъэплъагъур!

Ар щIыжысIэращи, Iэджэ къыщохъу зауэ щыхъукIэ ..

http://thd-shrks.narod.ru/taurughIsha.htm

[1] Тхьэпс- зэрызагъэщIэращIэ фащэ.

[2] ЗыщIрегъэудэ - быдз ирегъафэ жыхуиIэщ.

[3] ГуэщIыркъым - хэщIыркъым жыхуиIэщ.

[4] ЩIылъху - щIымахуэм къалъхуа.

[5] Губорэ - яжьэ пщтыркIэ гъэжьа мэжаджэ. КъылышкIи йоджэ.

[6] ТемланкIэ - псалъэм къикIыр къытхуэгъуэтакъым.

Наши рекомендации