Хьэжмахьсуд и къуэр нэмыцэ снайперым зэрезэуар
Къуэнхьэблэхэм жаIэ мыпхуэдэу:
- Еуэри, жеIэ, Хэку зауэшхуэр и гуащIэгъуэу екIуэкIыу арати, сэри псэзэпылъхьэпIэ гуэрым деж сыщызауэрт. Сэ сыснайперти, жыг Iув гуэрым и щхьэкIэм сыхэсу, нэмыцэм я пэзицэргупсэхуу слъагъуу, сыщыст. ПIэтIрон лентIыр езыр-езыру ныдэкIуейуэ сщIати, шэ сыхуэныкъуэтэкъым: зы шэрхъ цIыкIy зэрызгъэкIэрахъуэу лентIыр абы ныдришейрт. Абы щхьэкIэ сэри сигурэ си щхьэрэ зэтелъ хъурти, нэмыцэдзэм я щхьэр къезгъэIэттэкъым: Iэкопэм зи щхьэ кыIзыгъэжым, сеуэрти, и щхьэр фIезгъэхырт: зи Iэпхъуамбэ къизыгъэжым сеуэрти, и Iэпхъуамбэр фIезгъэхырт. Апхуэдэ защIэкIэ нэмыцэ полъку тхьэмахуэ енкIэ Iэкопэм изгъэсащ, емышхэрэ емыфэу, заукъуэдий мыхъуу, къихьар имыкIыжыфрэ икIар къимыхьэжыфу.
Щызмыгъэбауэм, нэмыцэм зы снайпер мэхъэша яIэти, ар къашэри къыспагъэтIысащ, банэ Iув гуэрым хэсу. Нэмыцэ снайперым къауэм, сэри сыуэурэ, тIури дызэрытемыгъакIуэу жэщибл-махуиблкIэ дызэрэщIэсащ, шэ фийр зэпэддзу. Жэщибл-махуиблым и кIуэцIкIэ си IэфракIэ къэзгъэшыну дакъикъэ сригъэхуакъым езыми, едзэкъэн дэнэ къэна, псы еIубыгъуэ естакъым. ТIуми ди нэбдзыпэ зэтетлъхьакъым, зедгъэщIу зыдгъэпсэхуакъым. Жэщибл-махуиблым и кIуэцIкIи ди яз къэхэшакъым.
ИужькIэ нэмьщэм хуэмышэчыжыххэ хъури, и IитIыр къиIэтщ аби, къэгуоуащ:
- Алыхьри бегъымбарри узогъэлъэIу, зэ а уи фочыр гъэбэяут! - жери.
- Сыт нэхъ узыхуейр, фашист?
- Уа, уэ Кумыщ Хьэжмахьсуд мыгъуэм уримыщIалэу пIэрэ? - жи.
- Так точнэ! - зизоIэ, - сытыт нэхъ узыхуейр? - соупщI аргуэру.
- Уэлэхьир алыхьым и цIэщ, укъэсцIыхуатэкIэ!
- СыткIэ сыкъызэрыпцIыхуар? - согъэщIагъуэри соупщI.
- Уэлэхьи, уи Iэщэ IыгъыкIэмкIэ укъэсцIыхуатэм! - жи нэмьщэ снайперым. - Уи Iэр кIакхъум щIэплъхьэу уи нэр щыщIэбукъуанцIэкIэ, Хьэжмахьсуд мыгъуэм ещхьыркъабзэ уохъу.
- А хьэмэ къилъхуа, дэнэ уэ си адэр щыпцIыхур? - сыхуолъ, мыбы си адэжь мыгъуэр щицIыхукIэ, предателъ гуэру къыщIэкIынущ, жызоIэри сигу къокI, хэт ищIэн зы зэман ди къуажэ дэсагъэнкIи мэхъу.
- Сэ, - жи, - си адэр япэрей Герман зауэжьым хэту Хьэжмахьсуд мыгъуэм хуэзауэ щытащ. А тIури, уэрэ дэрэ хуэдэу, снайперу зэпэщIэтати, ди адэм къызжиIэгъащ, мы зауэ бзаджэм сыкъыщагъакIуэм: «Уэ уцIыху гъэсащ, фIыуи уеджащ, виший Iэбрэзэвани уиIэщ, мы уздэкIуэм уэ къыппэлъэщын щыIэнукъым. Кумыщ Хьэжмахьсуд мыгъуэм и къуэ закъуэм уримыхьэлIэмэ! Iэмал закъуэ иIэу абы зыпэщIомыгъахуэ! Абы упэщIэхуэмэ, кIэ уиIэщ», - жиIэри, Хьэжмахьсуд мыгъуэм и сурэт сигъэлъэгъугъаш, - жи.
- Уэлэхьи, фриц, уэри лIыгъэ уиIэу укъыщIэкIамэ, ауэ уэ пхуэдэлIым хуэзгъэфашэркъым фашистыдзэм яхэту къэзэуэну! – щыжесIэм.
- Алыхь-алыхь, уэлэхьи, си напэжьыр текIтэмэ! - жиIэри, фрицыр плъыжь хъуауэ къакIуэри, зыкъызитащ, и IитIыр зэрыIэтам хуэдэу.
Сэри сызыхуейрати, фрицыр гъусэ кьэсщIри, ди штабым сыкъэкIуащ.
- Азэлыхьыр согъэпцI, лIыгъэшхуэ зомыхьам! - жаIэри Гирой Cоветский Союз сащIащ. АрщхьэкIэ си документхэр зауэм хэкIуэдащ, алыхьым ещIэ здэщыIэ!
А штабым Сталиныр къэкIуауэ щIэсу къыщIокIри, си Iуэхур абы деж щынагъэсым, сыщIешэри:
- Мэлэдцы куркужанцы! – жи. Мыр едапщанэ Къулъкъужын щIалэ гирой тщIырэ! Фэр нэмыщIамэ, сыт тщIэжынт дэ! – Си Iэр къиубыдыжри: - Еуэ-тIэ, Кумыщ и къуэ, хейт жегъэIэ! Зауэр иухмэ, дызэхуэзэнщ, иджыпсту емыкIу сыкъомыщI, сопIащIэ! – жиIэри, шэсыжри ежьэжащ.
Заур иухщ аби, Германым сыкъикIыжу сыкъыздэкIуэжым, ПащIэм деж сыдыхьащ слъагъунщ, жысIэри. Сыздыдыхьам, зы цIыхубз къабзэ гуэр матэкIэ - мис а зи кIуэцIкъикIа матэ цIыкIухэм хуэдэкIэ - хугу щIигъэпщу пщIантIэм дэтт; лъэныкъуэкIи, къахьа къудейуэ, къэрэкъурэ пхыр щылът. ЦIыхубзым сыбгъэдохьэри:
- Хэзяныр дэс? - жызоIэри соупщI.
- Дэсщ хэзянри, неблагъэ! - жи цIыхубзым. - Нэчыхьытх къикIыжауэ, тIэкIу зигъэукIуриящи, къэгъэуш: и гуапэ хъунщ укъызэрыкIуар! - жери бжэр сегъэлъагъу.
СытемыуIуэу, сымынэгъуэщIу сыщIохьэри, и щхьэ тхъуам соIусэр аби, къызогъэуш. СыкъимыцIыхужыпIэр иIэт? Зызэддзш аби, IэплIэ зэхуэтщIащ. Абдеж хьэгъуэлIыгъуэ къызищIэкIри, жэщибл-махуиблкIэ сигъэхьэщIащ, сигъэлъэпIащ.
- Къанэ, фыз къозгъэшэнщ, унэ дэгъуэ пхуезгъэщIынщ! - жиIэри къызэлъэIуащ, арщхьэкIэ сэр папщIэ ди анэм джэш иригъэдзу къысхуэзэшырт, къыспэплъэрт: жэщи махуи сыкъыхуэнакъым. Сыкъыщыхуэмынэм:
- EмыкIy сыкъомыщI, Кумыщ и къуэ, зауэм рэсхуодышхуэ щытщIащ, хьэгъуэлIыгъуэ-сыт жыпIэми дызэтехуащи, мы зэкIэ мы тIэкIур щIалэ ахъшэ пхуэхъунщ! - жиIэри, сомминищэ си жып кърилъхьэщ аби, сыкъиутIыпщыжащ.
ШЫЩIЭР ЗЫШХ БЛЭЖЬЫР
Уи фIэщ мыхъун бжесIэнщ сэ. Зауэм и пэкIэ ди адэр шыбзыхъуэу Къущхьэхъу щыIэти, йоуэри, зы махуэ гуэрым тIэкIу зигъэпсэхуну къыдохьэж аби, мыпхуэдэу жеIэ:
- Мызэ, сэ тIэкIу зызгъэпсэхуну сыкъэкIуэжащи, уэ си пIэкIэ кIуэи, си гъусэхэм ядэIэпыкъ, арыншэмэ кьатехьэлъэнщ!- жери и шыр къызет:
- Мыри къыпщхьэпэжынщ! - жи, Iэдакъэсэ емынэ гуэр иIэти, ари къызет.
Сэри сошэсри Къущхьэхъум сокIуэ. СыздэкIуам къысщыгуфIыкIыу срагъэблэгъащ. Махуэ и ужькIэ я нэхъыжьым унафэ ещI, сэри шы згъэхъун хуейуэ.
Арати, пщыIэм cытекIын щыхъум, сыкъегъэувыIэри, и IэшхуитIыp си дамащхьэ зырызым къытрелъхьэр аби, си нэм къыщIэплъэурэ, мыри къызжеIэ:
-Иджы, щIалэ, уэ дызэрыпщыгугъыр шы бгъэхъуну абы и закъуэкъым. Мы хакIуапщIэм зы шыбз гуэр хэтщ псэфуи, хуэсакъ: а шыбзым къилъхур алъп лъэпкъщ, алъплъэпкъым я лъым нэхърэ нэхъ IэфI щыIэкъым. Мис абы щхьэкIэ зы хьэпщхупщ емынэ гуэр къеуэсащи, шыбзыр лъхуэху, къилъхуар тфIешх. Ар йомыгъэшхыу къытхуэпхужмэ, лIыгъэжьыр уиIэу къэтлъытэнт, - жери.
- Деплъынкъэ а хьэпщхупщри зыхуэдэм! - жызоIэри, соуэр аби, шыбзыр тызоху.
Сымыбэлэрыгъыу шыбз псэфым сыкIэлъоплъ. СыкIэлъоплъ зы махуэ сыкIэлъоплъ махуитI; ещанэ махуэм сызэрыщхьэукъуар сымыщIэжу сыщхьэукъуэщ аби, абыирихьэлIэу Шыбзыр лъхуэри, къилъхуар кIуэдауэ сыкъызэщыужащ Шыбзыр зэрылъхуар къызэрысщIар шыбзым и ныбэ пцэхыжараш: итIанэ шыбз тхьэмыщкIэмщтэIэщтаблэу, пIейтейуэ зиплъыхьырт, гужьеяуэ и пIэ имытыжыфу апхуэдэт. Сыт сщIэнт? ШыщIэр схуэмыхъумами, шыбз гуартэр пщыIэм къытесхуэжын хуейти, къытесхуэжащ. ПщыIэ тхьэмадэр ныспежьа щхьэкIэ, шыбзым шыщIэр зэрыщIымыгъур щилъагъум, нэщхъей къэхъуауэ пщыIэм сыщIишэжащ. Сэри ахьмакъыу сыкъызэрыщIэкIам сытеукIытыхьыжауэ сыкIуэри сыгъуэлъыжащ. Сыгъуэлъыжа щхьэкIэ, жейм сезэгъакъым.
Нэху дыкъекIри, пщэдджыжьым жьыуэ сыкъэтэджщ, си шыуанэ зэтеслъхьэри, шыщIэ лъыхъуэ сежьащ. Куэдрэ сылъыхъуамащIэрэ сылъыхъуа, сытми зы зэман блэ ин гуэри лъэужь сытехьащ. Лъагъуэм срикIуэурэ блэ абрагъуэ гуэрым сришэлIащ. Тылифон пкъо хуэдиз зи гъумагъ блэжьым шыщIэр ихьауэ ишхыу, шхын имыухауэ къэслъэгъуащ. Ар щыслъагъум, си фоч зэгуэтыжьыр зыпщIыхэсхщ аби, тезгъэпсащ, сеуэу cыукIын си гугъэу. АрщхьэкIэ абдеж кIий макъ гуэр къоIу:
- Ей, щIалэ, пщIэну уи гугъэр сыт? жери къоджэ лIыжь цIыкIу гуэр: хэтми сщIэркъым, сцIыхуркъым.
- Уэлэхьи, мы блэжьыр сыукIын си мураду армэ, - жизоIэ.
- А блэр фочкIэ пхуэукIынукъым, а уи гугъэм хуэдэу, - жи лIыжь цIыкIум.
- Абы и укIыкIэ хъунуращ: езым шхэн иухмэ, жейр къытеуэнурэ и гъуэм ипщхьэжынущ: ипщхьэжа нэужь, жэщищ-махуищкIэ жеинущ. И жеин зэрырикъуарауэ, пщэдджыжьым дыгъэр къыщыщIэкI дакъикъэм къипщыжынурэ, щэ хущхьэнущ и жьэр иущIурэ. Абдежым блэм и нэрщIрегъэукъуанцIэри игъаплъэркъым. Мис а дакъикъэм урихьэлIэу и жьэ ущIам ужьэдэуэм, блэм уи насып текIуэри уукIащ. Ауэ абдежым укъилъагъумэ, блэм и насыпкъыптекIуэри уишхащ. Иджы арыншауэ уеуэми уи шэр, нартыху пIэнкIым хуэдэу, къигъэлъеижыну мыхъумэ, зыри пхуещIэнукъым: абы и фэр темланкIэм[6] хуэдэу быдэщ!
Арати, сыт сщIэнт, си жагъуэ хъури, пщыIэм къэзгъэзэжащ, ауэ, къэзгъэзэжыным и пэкIэ, лIыжь цIыкIум берычэт бесын жесIэнщ жысIэри, сыщыбакъуэм, дэнэ кIуамисымыщIэу, лIыжь цIыкIур уэм хэбзэхэжащ: алыхьым ещIэ, жин хужь жыхуаIэм хуэдэ хъунт! Арати, пщыIэм къэзгъэзэжри, тIэкIу седзакъэщ аби, шыбзыр тезгъэкIащ. МахуищырдэкIыху сеплъэкIуащ блэжьым и гъуэм. Ещанэ махуэр къэсри, пщэдджыжьым дыгъэр къыщыщIэкIым хуэзэу, блэжьри гъуэм къипщри, хущхьэу щIидзащ. Зэ хущхьэрихъуаскIэр къыIурихащ, етIуанэу хущхьэри мафIэ бзийр къыжьэдихащ. Ещанэу щыхущхьэм ирихьэлIу дыгъэр си щIыбу сиувыкIщ, си фоч зэгуэтыр тезубыдэри, шэ пIащэр ижьэ ущIам жьэдэхуэу, блэм сеуащ. Блэм зэуэ зиупцIри зыщхьэпридзащ, итIанэ зиIуантIэзишантIэурэ махуэ псом щылъри, дыгъэр щыкъухьэм ирихьэлIэу, кIыхьу зиукъуэдийрии псэр хэкIащ. И кIэ къинамэ, метрэ щитхурэ ныкъуэрэ хъунт а цIапIэжьым и кIыхьагъыр!
Блэм и псэр зэрыхэкIыу сеувалIэри, си адэм и Iэдакъэсэр къисхщ аби, блэм и фэр тесхащ: ар тесхыу къэзмыхьамэ, хэт и фIэщ хъунт ар сэ сыукIауэ? Сытми арати, блэм ифэр тесхри, пщыIэм къэслъэфащ, пщIэнтIэпсыр къызэлъэлъэхыу. ПщыIэ тхьэмадэм ар щилъагъум;
- Афэрым!- жиIащ.
Абдежым цIыхуми я фIэщ хъуащ гъэ къэс алъп щыщIэр къащIэзымыгъахъуэу щыта блэжьыр зэрызукIар!
Блафэр Къущхьэхъу щыIэ Iэхъуэ-шыхъуэм хэт гуэншэрык ищIащ, хэт лъэгущIыхьу щIидащ, хэти лъей къыхихащ; хэти ехъуапсэри кIапсэшхуэ къыгуихащ. Щхьэж зыхуэныкъуэищIащ. Сэ лъэгущIыхьитI къыхэсхри фэдэнкIэ щIэздэжати, илъэсипщIкIэ схуэгъэлэжьакъым. ИкIэм икIэжым сыужэгъури, мэлыхъуэхьэхэм яхуэздзыжати, яхуэшхакъым;мафIэм пэрыздзати, исакъым. Щымыхъужым, щыкъуейуэ зэпызупщIщ аби, псым хэздзэжащ. Уэлэхьи, ар фэ фи фIэщ мыхъункIи хъунщ, ауэ блафэр зэрытесха Iэдакъэсэриджыри ди унэ щIэлъкIэ, пIастэ къригуагъэжу.
Абы и ужькIэ шыбзыжьым шыщIэу къикъхуар, псори къэхъури, алъп хъуащ, приз Iэджи Европэми, АмрыкIи, Тыркуми къыщахьащ.
Абы иужькIэ Къэбэрдеймылъп къыщапъхужакъым.
МЫЗЭ-ПЭРЭШЮТИСТ
Еуэри, зауэм и гуащIэгъуэу екIуэкIырт. Вэсточнэ Прус жыхуаIэм и зы мэз гуэрым дыщIэст ди полъкур. Зы инэрал накIуэри хэплъыхьауэ зы гуп дыкъыхишщ полъкуми, десанту драгъэджэну дашащ.
Дыздашам куэд дэмыкIыу цIыхубз инструктыр къытхуагъакIуэ, лъагъугъуафIэрэ набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу: псы щефэкIэ и джийм ежэх псыр плъагъурт; и лыр, уэздыгъуэм хуэдэу, нэхути, къупщхьэ хэлъыр плъагъурт. Урыс хъыджэбзт иджы ари, сеуэри зыкъыпезгъэхыу щIэздзащ. Езыр ауи къызэплъыртэкъым, сыкъилъагъуртэкъым; дыщигъасэкIэ сэ нэхъ къыстрикъузэурэ нэхъ гугъу сригъэхьырт.
ЦIыхубзым и дахагъэм хуэдэт и IэкIуэлъакIуагъэри и Iэзагъэри. Арати, дригъаджэм-дигъасэурэ къэсащ парашюткIэ дыкъыщелъэну махуэри. Дыдрахьейуэ зэи-тIэуи дыкърагъэтлъаи, арщхьэкIэ Марусэ дахэр зиикI арэзы хъуртэкъым. Еуэри, apгyэpy зыкъомрэ дригъэджэжа-дигъэсэжа нэужь, ещанэу дыкъелъэн хуеиуэ долъатэ. Си гъусэхэр къригъалъэм-къакIэлъыплъурэ, псори къригъалъэри, иужьрей елъэгъуэр сэ къыслъос. Си -пэкIэ къелъахэм зэрахуэшхыдар, арэзы къызэрамыщIар зэхэсхати, сэ нэхъыфIу зызгъэхьэзыращ. Зызогъэхьэзырри, си чэзур къыщыскIэ, соуэри сыкъолъэ. Хьэуам сыкъыхэлъа къудейт, Марусэ дахэр:
- Стой! - жиIэу ныщыджам.
Сыт сщIэнт, стой щыжиIэкIэ? Кэмандэр кэмандэщ жысIэри, сыкъ жиIэу сыкъэувыIащ. СыкъыщыувыIэм, Марусэр неIэбыхри сыкъыдрилъэфеижащ.
- Апхуэдэукъым зэрелъэр, Ныр и къуэ! Зэрелъэ ухуеим, мис мыпхуэдэущ зэрелъэр! - жиIэри езыр къелъащ.
Си гъащIэм слъэгъуатэкъым абы нэхърэ нэхъ къелъэкIэ дахэ.
Ислъэмей ищIу фIэкIа пщIэнтэкъым ар къыщехым! Мис арыххэурэ къехщ аби, япэм къелъахэр гупу зэхуэсыжати, а гупым и курыкупеэм кIуэри хэтIысхьащ, и парэшутыр, джэдкъурт дамэм хуэдэу, ятриубгъуэри.
Ар апхуэдэу щIищIар къыбгурыIуа? ЩIищIаращ, езыр къыщелъэм ирихьэлIэу нэмыцэ сэмэлот къащхьэщыхьати аращ. Нэмыцэ сэмэлотым бомбэ иридзыхыну зигъэхьэзыру щыслъагъум, си кIэрахъуэр къиспхъуэтщ аби, сеуэри, лотчик фэрэкI напэжьыр сыукIащ, и нэзэрыхъэм тезгъахуэри. АрщхьэкIэ, си шэр темыхуэ щIыкIэ, бомбэр къиутIыпщауэ къыщIокI. Бомбэр къыкIэщIэхуауэ щыслъагъум, «Марусэ дахэ мыгъуэр сфIеукI» жысIэри, сыгужьейщ аби, сыкъыкIэлъелъэри, бомбэри къехым, сэри сыкъехыурэ, гъуэгум и зэхуэдитIыр къикIуа-къимыкIуауэ, сылъэIэсри къэзубыдащ. Къэзубыда нэужь, си парэшутыр, жьауэм хуэдэу, зэIусхри сымыпIащIэу бомбэм и сэмпалыр къисIуэнтIыкIщ аби, зы псышхуэ къежэхырти, а псышхуэм хэздзащ. Ар уи нэгу щIэмыкIамэ, сыткIэ уи фIэщ хъун? НтIэ, уэлэхьийр алыхьым и цIэщ, мо Днепыр псышхуэр псыщхьэрэ псыкIэу зэкIэщIихущ сэмпал къэуами, ди зы дивизэ псо икIыхукIэ зэгуэмыхьэжа! Сэ бомбэр сIыгъыу сыкъетIысэхри, Марусэ дахэм сыкъыбгъурытIысхьащ. А дакъикъэм ирихьэлIэу нэмыцэ сэмэлотри къехуэхщ аби, къэуэжри, нэмьшэ танкищэ къакIуэрт ди дежкIэ къаутIыпщауи, танкищэри щIиващ, зы танк къыщIэмыкIыжыфу.
Марусэ дахэм сэ сIыгъ бомбэ фIыцIэжьыр щилъагъум, гужьейри, бомбэр сIэщIипхъуэтщ аби, ныбэкIэ тегъуалъхьэри, кэмандэ къитащ:
- Фызэбгрыж, тэварищи! Щхьэж и занщIэр и гъуэгуу фызэбгрыж! - жиIэри.
Десантыр зэбгрыжри игъуэлъыкIащ.
- Зэбгрыж, тэварыш Ныров! - жиIэурэ, зэрыкIийм хуэдэурэ, сеIэбыхщ аби, къэсIэтыжащ. УсфIеукI мыгъуэри соунэхъу, Мызэ-а-а! - жиIэри, Марусэ дзхэ гъыуэ щыщIидзэм, езгъэлъэгъуащ бомбэм сэмпал Ззэримылъыжыр:
- Умышынэ, тэварыш инструктыр, мыбы и сэмпалыр къисIуэнтIыкIри псым хэздзащ, - жысIэри.
- А сымыгъуэщ! - жиIэри зэкуэфэуащ. - Догуэ а нетIэ Днепрыжь псыкIэрэ псыщхьэу зэкIэщIэзыхуар арат?
- Арат.
- Тобэ Iэстофрилэхь, сыту гушхуи пкIуэцIылъ, сытуи лIыгъэшхуэ пхэлъ! Аракъэ адыгэлI щIыжаIэжари! - жиIэщ аби, щIач жиIэу, ба къысхунщIри, си щхьэр игъэкIэрэхъуат.
Абы и ужькIэ илъэс енкIэ дызэдэзэуащ Марусэ дахэ дэрэ, итIани а хъыджэбзыр къэлэнджауэ слъэгъуакъым. Сыт и лъэныкъуэкIи цIыхубз зэкIэлъыкIуэт - и Iуданэ-мастэкIи, и пщэфIэкIэкIи, и дуней тетыкIэкIи! Арати, дигу зэкIэрыпщIэри псалъэ зэттащ, зауэр зэриухыу дызэрышэну. АрщхьэкIэ, сэ уIэгъэ сыхъущ аби, сакъыкIэрыхущ ди частми, сыт сымыщIами, сащIэрыхьэжакъым. ИужькIэ, зауэр иуха нэужь, Берлин сыдэту, нэхъ уэрам дахэ дыдэм шокъу жиIэу сыщыIуощIэ Марусэ дахэ, сэлэт гуэрым и Iэблэр иIыгъыу къехыу. ДыщызэIущIэм, Марусэ дахэр, дэпым хуэдэу, плъыжь къэхъури, сыкъимьщIыхуж зищIри, зблэкIри ежьэжащ. Аращ цIыхубзым я нэхъыфIми укъызэригъэпэжынур! Аууей, мыдэ къащти, зы тутын дегъафэ, абы нэхърэ!
МЫЗЭ СЭМЭЛОТ КЪРЕЛЪЭФЭХ
Еуэри, бжьыхьэхуегъэзэкIи хъуауэ, бийри ди щIыналъэм итхужыну тедгъэнэцIыхьауэ апхуэдэт. Апхуэдэ зы махуэ бгыщхьэ гуэр къэдубыдыжауэ зыдгъэпсэхуу дытест. Дытести, йоуэри, приказ къытIэрохьэ: «Бийм фебгъэрыкIуи, и Iэбэронэр фкъутэ!» - жиIэу иту.
Уи Къару илъмэ, ар куэдрэ: зыкъыдоIэтри Iэтакэ докIуэ. Дежьа щхьэкIэ, куэд дымыкIуауэ, «Фоку» жыхуаIэ нэмьщэ истрибитилым хуэдэ зым дыкъегъэунэху. Дыкъигъэунэхури, пылимоткIэ къытхэуэурэ хьэлэч дыкъищI щыхъум -сыт тщIэнт? - ди пэзицэм къэдгъэзэжащ. Бгы нэпкъ дызэрысым пхъэхуей ин тетт и щхьэкIэр инрэ баринэу, лъагэрэ пшэм хэту. Мы ди щIыпIэхэм къыщыкIыркъым апхуэдэ жыгышхуэ! Апхуэдэ нэхъ къыщыкIыр Урысей пхащIэрщ. Илъэсищэм щIигъуа хъунт а пхъэхуеижьыр! «Фокужьым» зыщыдгъэпщкIун хуей щыхъукIэ, абы и щIагъым дыщIэтIысхьэрти, дыщIэст. Сэмэлетми дыкъилъагъуртэкъым, неухми, жыг щхьэкIэ Iувым шэр ныпхыкIтэкъым! УщIэсыну хуэдэ щыIэтэкъым, ауэ жыг щIагъым дыкъызэрыщIэкIарауэ, къыздикIари къыздихуари дымыщIэу, истрибитилыр къэсти, шэ къэуэжкIэ къытхэуэурэ, дыкъыщIихуэжт. Жыгыр къилъэтыхьурэ дыщIимыгъэкIыу диIыгът. Приказыр срив хъункIэ Iэпаснэ мэхъу. Сэр и сызэгуоп. Сызэгуопри кэмэндирым деж сокIуэри жизоIэ:
- Тэварыш кэмэндир, Iэлъпинистхэр бгы лъагэ-бгы задэхэм дэкIыу плъэгъуакъэ?
- Слъэгъуащ, - жи. - Сыт-тIэ иджы нэхъ узыхуейр абы щхьэкIэ?
- Сызыхуейрат, тэварыш кэмэндир, а Iэлъпинистхэр бгы задэм щыдэкIкIэ яIыгъ кIапсэ быдэр пщIэркъэ?
- СощIэ.
- НтIэ, пщIэмэ, кхъыIэ, апхуэдэ кIапсэ метр щитI хуэдиз къысхуэгъуэт!- жызоIэри солъэIу.
- Сыт зэрыпщIынур?
- Плъагъунщ!
Йоуэри, кэмэндирыр йожьэри, къысхуегъуэт апхуэдэ кIапсэ быдэ; «мыр зэрищIынур сыт мыбы, и натIэ иримыукIэнум?» - жиIэурэ гъумэтIымэурэ, къехьри къызет. Арати, мо кIапсэ быдэм и кIапэ лъэныкъуэр аркъэным хуэдэу зэрызохъэ, адрей кIапэ лъэныкъуэр пхъэхуей лъэдийм щызогъэлъадэ. Щызогъэлъадэ быдэуи, «Фокум» сежьэу сотIысыж. Сэлэтхэми сщIэр къагурымыIуэу ней-нейуэ къызоплъ. Сэмэлетри къакIуэркъыми, сызэгуоп. Щымыхъужым, сокIуэри кэмэндирым солъэIу:
- ИIэт, дыгъакIуэт Iэтакэ! - жызоIэри.
Кэмэндирми, мыарэзы-мыарэзыурэ, гъумэтIымэурэ, кэмандэ етри Iэтакэ докIуэ. Жыг щIагъым дыкъызэрыщIэкIыххэу истрибитилыр къос. Къосри, шэ къэуэжкIэ къытхэуэу щыщIидзэм, кэмэндирым аргуэрыжьти:
- Нэзат! - жеIэри къыдегъэгъэзэж.
«Фокум», зэрихабзэжьти, ди жыгыр къиуфэрэзыхьурэ, бгъэ къеухым ещхьу, пикировэтъ ищIу щIидзащ. Сэр и абы пикировэть щищIым ирезгъэхьэлIэри, си аркъэныр згъэкIэрахъуэщ-згъэкIэрахъуэри, здзыщ аби, сэмэлот етам и пэм фIэзгъэхуащ. Нэмыцэ лотчыкым ар къыщилъагъум, «ыI, саубыд!» жеIэри, зиIэтыжыну хуожьэ, арщхьэкIэ пхъэхуейм епхащи, игъакIуэркъым: еIэху кIапсэр нэхъри щолъадэ. ИтIанэ жыгыр иричынкIэ хъуну, Iуэхур абы щынэсым, «алыхьыр согъэпцI, апхуэдэ жыг дыщэр сеплъу мо бзаджэнаджэм ирезгъэчым!»- жысIэри, кIапсэр сыубыдщ аби, сыкъекъум-сшыхьым, сыкъекъум-сшыхьурэ, «Фокужьу» плъагъур къеслъэфэхри, дахэ цIыкIуу къэзгъэтIысащ.
Кэмэндирыр къысщытхъуащ, апхуэдэ смекалъкэ узэриIэм щхьэкIэ орденышхуэ къуезгъэтынщ жиIэри тхылъ итхащ. Итха щхьэкIэ мо зауэ гуащIэм тхылъыр здэкIуар алыхьым ещIэ - кIуэдащ. КIуэдами ягъэ кIынкъым: апхуэдэ Iэджэ хэкIуэдащ зауэм. Дэ дыщIэзэуар ординкъым, дэ дыщIэзэуар ди щIыр тхъумэжыну арати, тхъумэжащ ...
... НтIэ, арати, «Фокужьыр» ямыIэж щыхъум, нэмыцэр щтэри икIуэтыжащ: бетэмал, ди «Фокужь» мыгъуэр диIэжам сыт хъунт, жаIэурэ.
ХЬЭМЗЭТ И ХЪУШЭР
Сэ си Iуэхур зэрыхъуар мыращ:
Зауэр щиуха махуэм, Берлин сыдэтрэ, си жыпым щай имылъу срихьэлIащ.
Псэемыблэжу сызэрызэуар ищIэрти, ди инэралым сриджэри, и жыпым кърихщ аби, тумэнипщI гъэкIэрэхъуа къызитащ:
- Мэ, Хьэмзэт, мыбы узэрыунэн къыхэкIынкIэ хъунщ! - жиIэри. Унэм сыкъыщысыжам, зы джэджьей къызыщIэкIын нэхъыбэ си жыпым имылъыжу, ахъшэр сыухащ. Сыт сщIэнт? Бэзэрым сыкIуэри зы джэджьей къэсщэхуащ; джэджьейр щыкъункIэ згъашхэм, уэсэпс езгъафэурэ, етIуанэ махуэм джэд пшэр ахъырзэман хъуащ. Ар ди гъунэгъум щилъагъум, къехъуапсэри:
- Къызэщэ! - жиIэри сыхигъэзыхьащ.
- Уэлэхьи, уэзмыщэн, зиунагъуэрэ: сондэджэр сыхъуа уфIэщIрэ къэсщэху-сщэжу! - жысIэри хуэздакъым.
- АтIэ къызомыщэнумэ, къызэхъуэж!
- СыткIэ?
-Мо щынэр узот! - пщIантIэм земыкIуэжыфу зы щынэ ныкъуэ-дыкъуэ дэтти, ар сигъэлъэгъуащ, Iэпэ хуишийри. Сыт сымыщIэми, си ужь икIакъым езмыхъуэжу. Апхуэдэ щынэ Ныкъуэдыкъуэр къыщыспэщIэхуэм, - сыт сщIэнт? - хущхъуэ езгъафэм, гъуэгунапщIэ удз езгъэшхыурэ, тхьэмахуэкIэ сопI. Тхьэмахуэм и кIэм щынэжь цIыкIур мэл домбей мэхъу. Ар си гъунэгъум щилъагъум, аргуэрыжьти, къохъуапсэри:
- Къызэщэ! - жеIэри къыспеубыд.
- Уэлэхьи, уэзмыщэн, зиунагъуэрэ: къэсщэху-сщэжу сондэджэр сыхъуа уфIэщIрэ! - жызоIэри хуэздэркъым.
- АтIэ къызомыщэнумэ, къызэхъуэж: мо танэр узот! - жеIэри, Iэпэ хуешийр аби, зы танэ ныкъуэлIэ сегъэлъагъу, ебзым къыхэнэжауэ.
Сыт жезмыIэми, сигъэпсэуакъым езмыхъуэжу. Танэ ныкъуэлIэм сеIэзэу щIызодзэ: хущхъуэ езгъафэу, гъуэгунапщIэ удз езгъэшхыу, уэсэпскIэ згъэпскIыу. Танэр къызэфIэзгъэувэжа къудейуэ, си мэл домбейр жэщIауэ къожэкI:
- Сэр ялъыр, Iэнлъэжьейр ятхьэщIыр: пщэдей саукIынущи, алыхьым хьэтыр иIэмэ, сыкъегъэл! - жеIэри.
- Хъунщ! - жызоIэри, мэл домбейм и пIэкIэ къызита танэр хуэсшэжыну сыхуежьэ щхьэкIэ, танэм и лъакъуиплIри фIигъанэри нысхуэкIуэжакъым:
- Хьэтыр алыхьым иIэмэ, сомышэж! - жиIэри.
Сыт си Iэмалт? Танэмрэ мэл домбеймрэ Дзэлыкъуэ схуну къесхужьащ. ЕтIуанэ махуэм мэл домбейр лъхуэри, щыниплIрэ зы чыцIрэ къилъхуащ. ТIэкIу жэпхъакъэ щыжысIэм, дежьэжри, дыкIуэм-деIэурэ, уиит иджы дынос щыжысIэм, танэр жэм хъури лъхуэщ аби, шкIитI къилъхуащ, зыр натIэхуу, адрейр лъакъуэхуу. «Узэгугъур къогугъуж жыхуаIэр аракъэ!» - жысIэри згъэхъуу щIэздзащ си мэлыр, щыниплIыр, жэмыр, шкIитIыр.
Си хъушэр лъхуэм-пIэм, лъхуэм-пIэурэ, бжьыхьэр къыщысым ирихьэлIэу, мэл щитхурэ бжэнищэрэ жэм щэ ныкъуэрэ выщIэ тIощIырыпщIрэ мэхъу. Абы къащIэсша шэм шатэ пэгунищэрэ щэ ныкъуэрэ тесхащ, кхъуей плъыжь гулъищэ хэсхащ - сэ сшхамрэ цIыхум язгъэшхамрэ хэмыту! Выгуищэ хьэхуу къасщтэри, си выщIэхэр щIэщIауэ, шатэмрэ кхъуеймрэ абы илъыжу, сыкъехыжащ, хъушэри къэсхужри. Си гъунэгъу делэм зы жэм, зы бжэн, зы мэл домбей естри згъэгуфIэжащ, шатэмрэ кхъуеймрэ цIыху цIыкIум яхуэзгуэшащ, хъушэм и зэхуэдитIыр колхозым естащ.
Хьэрычэт пщIэмэ, берычет хыхьэнщ жыхуаIэрати, хъушэм и ныкъуэ къэнар сщэри, унэ сщIащ; абы къыдэхуамкIэ фыз къэсшащ; абы къелам маршынэ кърисщэхуащ; абы къыдэхуэжамкIэ, ди инэралыр къасшэри, фIыуэ згъэхьэщIащ; сежьэжынщ, щыжиIэм, зы адыгэш згъэшэсщ аби, гуфIэу сыутIыпщыжащ.
Сэри сыкъызэрыплъагъущи, сошхэ-сотхъэри къуажэкIэ такъынэм деж сыщысщ: уныблэкI хъумэ, ныдыхьэ, узгъэхьэщIэнщ!