Танк къуэлэныжьым и кiуэдыжыкiар
Ар уэ уи фIэщ мыхъункIи хъунщ, щIалэ, ауэ, и пэжыпIэм ухуеймэ, Iуэхур мыращ зэрыщытар.
Йоуэри, гъатхэкIэ дахэрэ жыгхэр вууэ гъэгъауэ, гупэ хадэм сыпэщащэу ситт. Гитлъыр къыттеуэну дзэ зэхуешэс щыжаIэм, си шыплIэ пылимотыжьыр къызэфIэздзэжри, зызгъэхьэзырауэ сыдэст сыдэмыкIыу. Сыдэсти, зы шу цIыкIу къыIуолъадэ:
- Ярэби, Лыкъынэ и унэр дэнэ дей? - жеIэри.
- Лыкъынэ и унэм ухуеймэ, мес! - жызоIэри ди унэм Iэпэ хузоший. - Езы Лыкъынэ ухуеймэ, сымис! - жызоIэри Iэпэ зыхузошииж.
- Пэкет от тэвариш Бидонэ! - жери къызет.
Зэтесчрэ сеплъмэ, «укъызэрысын!» жери итт. Бидонэм и псалъэм гушыIэ илът: шу цIыкIур уанэгум къисхщ, сэ сышэсщ, си шыплIэ пылимотыжьри къыздэсщтэщ аби, сеуэри, сыкIуащ къэрал гъунэм. Бидонэм и жэз нэрыплъэр зыIуидзауэ бийр зэпиплъыхьу щытти, сыщыIухьэм, си шы лъэ макъымкIэ сыкъицIыхуагъэнт, къемыплъэкIыу:
- Сыту фIыт, - жи, - укъызэрысар!
- Умыгузавэ, си ныбжьэгъужь, - жызоIэ, - уэлэхьи, сэ си псэр пыту узмыгъэукIытэн!
И жэз нэрыплъэр къызет:
- Яхэплъэт, - жи, - мо къэува къомым!
Сызижэгъуэн и махуэт сэ сызыхэплъар: танкхэр, хьэIуцыдзым хуэдэу, зэхэтщ, «уирэ!» - щыжаIам къилъыну. Сэ къысхуэзанщIэ танк къуэлэныжьым зы Iэфицар сырыхужь къытесщ, и натIэгум хьэмцIыракIэ морэшхуэ къытепIиикIыу. И нэр мыупIэрапIэу къызоплъ а гъуамэр, сэри соплъыж. А цIапэращ зауэр зэхэзыублар.
Ухуеймэ, уи фIэщ щIы, ухуеймэ, умыщI, ауэ, зауэр къэхъейри, нэмьщэм япэу къадза шэр зытехуар сэращ; зауэр иухри, нэмьщэм иужь дыдэу къадза шэри зытехуар сэращ.
Иджы ар зэрыхъуаращ: тхьэмахуэ енкIэ дызэпэщIэтащ а сырыхужьым дэрэ нэщхъкIэ дызэныкъуэкъуу. А тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ тIуми ди нэ упIэрэпIакъым. АрщхьэкIэ псы сыхуэлIауэ псы къезгъэхьри, сефэну щысIэтым, къауэщ сырыхужьри, си пхэ щхьэлым зыкъыхригъэсащ. Абдежым дыкъыщрахужьэщ мо дзэ фIыцIэми, пхэщIкIэ Дон сыхэтIысхьэху, сыкъамыгъэувыIэу сыкъахуащ. АпхуэдизкIэ сыкъызэщIэплъауэ сызауэрти, илъэс псокIэ сигу къэкIыжакъым шэ зэрысхэлъыр. Нэмьщэм я хьэкъи зытезгъэхьакъым сэ а гъэм, ауэ сэ сыкъэзыгъэгузэвар Доныжьырат. Псым лъэмыж телъкъым, икIыпIэ иIэкъым. Къэсыр холъэ - есыкIэ зыщIэр зэпрокI, есыкIэ зымыщIэр щIелъафэ. Сэ есыкIэ сщIэркъыми, сыкъыхэхьэн сошынэ, мо гъуэгу мыгъуэ ежьахэри къэсащи, шэр къыттрагъэлъалъэ, уэфым хуэдэу ...
- Уэлэхьи, щIалэ, сэ гъэр сыхъунти е саукIынти жысIэу зэи сымышына, сэ сыщIэгузэвар, зыгуэр къысщыщI хъужыкъуэмэ, си ныбжьэгъужьым игу хэщIынути аращ ...
Арати, сщIэнур сымыщIэу сыздэщытым, зы ерпылан гуэр къосри, сыкъеуфэрэзыхь. Сэ си насыпти, си шыплIэ пылимотым шэ илъыжтэкъым, ахъумэ зэрымыщIэкIэ ерпыланыр къезудыхынкIэ хъунут. Ерпыланым и щхьэр кърегъэжри зы майор лIы фIьщIэшхуэ къоджэ:
- Уо Лыкъынэ, Лыкъынэ! - жи. - Алыхьым хьэтыр иIэмэ, псым ухэмыхьэ, сэ узэпрысхынущ, - жи.
Майорым зыкърегъэлъэхъшэх, и фочыр кърегъэжэхри, сэ фоч мыжурэр соубыд аби, си лъапэ псы лъэмыIэсу Дон сыкъызэпрех. Сыкъызэпрех аби, езыри къотIысри, тхьэрыкъуэф Iэнэ къеухуэ. Уэ джэд гъэвар къытрелъхьэ, уэ щIакхъуэ- хужьыр къытрелъхьэ, уэ нащэфIэIур къытрекIутэ, а уэ пщIэ нащхъуэжьри кърегъэцIэф ... Дошхэ, дофэ, дохъуахъуэ ... Майорыр и пащIэкIэм щIогуфIыкI:
- Догуэ, сыкъомыцIыхужу аракъэ иджы уэ? - жи.
Соплъ, согупсысэ, щыслъэгъуар къысхуэщIэжыркъым.
- А зиунагъуэрэ, - жи, - трицыт сидмом Свердловск къыщебгъэлъхуа уи къуэр сэракъэ! - жи.
- Iay, синоку! - жызоIэри сыщогуфIыкI, Iэ дызолъэ, дахэ жызоIэ. - НтIэ, мыпхуэдиз цIыхум дауэ сакъыхэбгъуэта?
- Уэлэхьи, ар сэмыра зи лIыгъэр! - жи. - Ар уи ныбжьэгъужьыращ ...
- Дауэ хъунт? - согъэщIагъуэ.
- Зэрыхъуаращ, - жи, - Берлин бомбэкIэ сеуэну зызгъэхьэзыру, тылифоныр къоуэ. Къытесхмэ Сталинырат. ПсынщIэу узэрынэсын, жи, уядэр зэпрымыкIыфу Дон Iуфэ Iутщи, кIуэи зэпрых. И чэзум унэмысмэ, езыр лIы пхъашэщ, псым хыхьэнщи, дунэхъуащ: абы есыкIэ ищIэркъым. ЕужьэрэкI! - жери.
Iыхьэлейуэ си гуапэ хъуащ си ныбжьэгъужьым сызэрыщымыгъупщар.
Арати, щIалэр ежьэжын щыхъум, спрафкIэ къызет:
- КIуэжи, дядэ, зы мазэкIэ зыгъэпсэху, - жи. - Ухуеймэ, Свердловск усхьынщ, ухуеймэ, мафIэгум уизгъэтIысхьэнщи, Кушмэзыкъуей кIуэж!
Дэгъуэщ жысIэри, мафIэгум сыкъитIысхьэщ аби, сыкъежьэжащ, Нэгъуейхэ я пхъум деж: шхурэ мырамысэрэ цIапIэу сигу къэкIат!
Арати, тепкIэ-теуэу дыкъокIуэ, зы инэралыжь дэрэ дызэбгъурысу.
ДыкъыздэкIуэм, си пхэщхьэл сэмэгур шхэуэ щIедзэ, бадзэ къедзакъэм хуэдэу. Инэралым гу лъимытэy си Iэр гъуэншэдж тхьэIум дызохуэри - гъущI Iунэм ещхьу зыгуэрым сытоIэбэ. Къыхэсчрэ сэплъмэ - шэ къэуэжт! Мис а зинэкIэ къалъхуа сырыхужьым къидза шэ къэуэжырт!
Сыгузэващ абдежым: мафIэгум къызодзри - станцыр зэтрикъутэнущ, къизмыдзщи - мафIэгури исри хьэбэсабэу дызэпкърихынущ! Насыпыжьыр сиIэти, а дакъикъэм си нэ тохуэри къызолъагъу уэрам гуэрымкIэ къыдэжауэ танк къуэлэныжьыр къажэу, а уэ пщIэ сырыхужьри и нэр къицIыщхъукIыу тесу. И шэр и щхьэм ихуэжа жыхуаIэрати, здзыри, шэ къэуэжыр танк лъабжьэм щIэздзащ. ПцIыр хьэрэмкъэ - тхьэуэ нобэ уэрэ дэрэ дызэзыгъэпсалъэ, шэ къэуэжыр къауэщ аби, танк къажэр дрихуейщ уафэгуми, НэрыплъэкIэ дэплъеям танкрэ сэмэлотрэ яхузэхэмыгъэкIыу сыхьэтитху енкIэ кIэрахъуэу пшэм хэтамэ! Бэтайск щыдрихуея танкыр Армэвир дыкъэсыжауэщ къыщехуэхыжар. Къэхь къурIэн, Iунэ-Iунэу зэпкъриудри къахуэмыщыпыжз!
Арати, Кушмэзыкъуей сыкъэкIуэжри мазэкIэ зызгъэпсэхуащ, районым къикIрэ сыкъалъагъуу, Налшыч къикIрэ къысщIэупщIэу, дышхэу-дефэу ...
ШЭМПАУЛ
Арати, мазэр докIри фронтым согъэзэж.
Здэзгъэзэжам, зэрыдивизу дашэри псыпцIэ гуэрым дыхакIутэ, зывмыгъэхъей, цIутIи жывмыIэ жаIэри. Дыхэгъуалъхьэщ псыпцIэми, илъэс енкIэ зыдмыгъэхъейуэ дыхэлъащ, ди щIыбхэм къамылхэр къикIэжауэ. ПсыпцIэм и гъунэм нэрыплъэкIэ соплъэри сынэплъысыркъым, сыхоплъэри лъащIэ щIэтыххэкъым: псыр апхуэдизкIэ жэбзащи, узэпхоплъри, адрей лъэныкъуэмкIэ щыIэ уафэм къитIысхьа вагъуэхэр IупщIу уолъагъу. Ди нэр къижу деплъу IамрыкIым я кхъухьхэр къытохьэри бдзэжьей къаубыд. Джей къаукI. Си шыплIэ пылимотыр мыулъиин щхьэкIэ, махуэ къэс зэ згъауэрти, зы махуэ гуэрым абы къридзыжа пIэтIрон нэщIыжьыр «цIомпI » жиIэу псым хэхуэри, щIэтIысыкIащ. ЩIэтIысыкIщ аби, адэкIэ бдзэжьей ещэу къытет кхъухьым и щIэр пхиудри ихуащ.
Апхуэдэу илъэс хъурейкIэ псыпцIэм дыхэлъауэ, приказ къокIуэ, Сталиным и Iэ телъу: «АдрыщI къалэр - ypa!» - жери арат итри, мо илъэскIэ щылъа дивизыр долъри, щхьэж и занщIэр и гъуэгуу къалэм дыдолъадэ. Дэ псыпцIэм дыхэлъу абдеж дызэрыщылъыр хэт и пщIыхьэпIэ къыхэхуэнт! Мо Iэнкун хъуа нэмыцэжь къомым зыкъамыщIэж щIыкIэIэрубыд дощI. А махуэм сэ къыслъысу зы инэрзлрэ сэлэт минрэ, танк къуэлэнищэрэ пылимот пщыкIутхурэ къуентхъыу къызоубыд. Ар щызэхихым, си ныбжьэгъужьым унафэ къещI: Ригэ къэзыубыдыжа дивизыр мэзкуу къафши, зевгъэгъэпсэху, Лыкъынэ си дежкIэ къевгъэблагъэ! - жери.
Арати, утхъэнум къеблагъэ! Зэрыдивизу мафIэгум дракIутэри дашэ Мэзкуу. МафIэгур Красний площадым телъадэри, дыкърикIутщ аби, тежыжаш. ЦIыхур къызэхуэжэсри, щхьэж къыпэщIэхуэ и хьэщIэу зэбграшащ мо дивизэшхуэр. Сэ Сталиным деж сыкIуэну КремлымкIэ згъэзащ. Зызоплъыхь - си ныбжьэгъум и куэбжэр къысхуэцIыхужыркъым: сыт и жыл щIа сэ мыбы сыкъызэрымыкIуэрэ! Инэрал гуэр къикIукI-никIукIыy щытти, соупщI:
- Дэтхэнэра Сталиным и куэбжэр? - жызоIэри.
ЗыкъегъэкIэрахъуэри инэралым и Iэпэр еший:
- Мес мо куэбжэ щхъуантIэр плъагъурэ? - жи. - Аращ Сталиным и куэбжэр.
Куэбжэм сызэрыдыхьэу, Сталиным и щхьэгъусэр матэ цIыкIукIэ ху щIигъэпщу щытти, Iэдакъэ жьауэ ищIри, къэплъащ:
- Азалыхь, сэ си нэр нэжмэ, у-Лыкъынэм! - жери.
- Уэлэхьи, сыкъэпцIыхужам, ди нысэ цIыкIy! - жызоIэри согъэщIагъуэ. - Сыту гуфI уиIэ, тхьэ, уэ!
Нагъуэ дахэрэ къамылыфэ лъакъуэ лъагэу - апхуэдэт Сталиным и фызри, къыспежьэщ аби, сэлам къабзэ къызихащ:
- НакIуэ, нэблагъэ, тхьэм щхьэкIэ, Езыри иджыпсту къэсыжынщ! - жи.
Хъунщ, ди нысэ, умыгузавэ, уэ уи Iуэху и ужь ит: сэ мыбы си щыпэ еблагъэкъым! - жысIэри хьэщIэщымкIэ сыщIыхьащ.
СызыщIыхьа пэшым шы щыбгъажэ хъунт, апхуэдиз и инагъти, нтIэ, абы хьэщIэ Iэджэ къыхуокIуэ къэрал Iэджэм къикIыу. Пэшыр алэрыбгъукIэ къеIулIэкIаш. и лъэгури алэрыбгъукIэ къищIыкIащ, шы щыбгъэжам, и лъэ макъыр зэхыумыхыну. Шэнтжьеим ситIысхьа къудейуэ, Сталиным ипхъу цIыкIуитIыр къосыж, шкIуолым къокIыжри. Я тхылъылъэхэр хыфIадзэри кIийуэ къыщIолъадэ:
- Лыкъынэ къэкIуаш! - жаIэри.
Си дамэхэм къытотIысхьэ, си щхьэм къыдокIуей - мы дунейм къызамыщIэ къагъэнэркъым: зэзгъэсат апхуэдэу, уогъэсэхъу жиIэри Сталиныр шхыдэу. ИужькIэ си куэ зырызым къэшэсыжауэ «Чыху-чыху, алащэ» езгъэщIу, йоуэри, си ныбжьэгъужьыр къосыж. Уэлэхьэ, жьым щIихам хуэдэу, щIэбзэхыкIам хъыджэбз цIкIуитIыр, я адэр зэрилъагъуу.
Зызыдодзри IэплIэ зэхудощI, ди Iэ зэроубыд, сэлам-чэламыр зэфIокIри:
- Зэхэсхащ, - жи, - си ныбжьэгъужь: гугъу узэрехьари зэхэсхащ, лIыгъэу зепхьари зэхэсхащ. Ар сэ сщыгъупщэнкъым, - жи, сэ сщыгъупщэми, къэралым щыгъупщэнкъым!
АпщIондэху бысым фызми Iэнэр къиузэдащ, и джэд лыбжьэм тхъур къыщIэжу, и пIастэри, данагъуэм хуэдэу, гъуэжьрэ бэлагъыпэ зырызу къытелъу, и аркъэ чэтвертми нартыхужэпкъыр IуукIэжауэ! Стэчан пIащIэжьхэм изу къытхуригъахъуэри езыр щIэкIыжащ. Жэщ ныкъуэ хъуху дыщысащ дешхэ-дефэу, дыуэршэру, Гитлъыр и шхужьыр зэридгъэпкIынум и унафэр тщIыуэ.
МазэкIэ сыщыIати, зы пщыхьэщхьэ дэкIакъым е Вэрэшилофыр, е Калининыр, е Жукуфыр е Бидонэр ныщIэмыхьэу. Псом хуэмыдэу къысщыгуфIыкIар Бидонэращ, Дон уимытхьэлэу узэпрыкIыфащ жиIэри. Ар щызэхихым, Сталиным нащхьэ къысхуищIри, и пащIэкIэм щIэгуфIыкIыжащ. Молэтэфыр зэ закъуэ фIэкIа ныщIыхьакъым:
- СхущIыхьэркъым, уи жагъуэ умыщI: зауэр иухмэ, дызэбгъэдэсыжынщ! - жиIэри.
ЯхущIыхьэртэкъым, пэжым ухуеймэ: зауэр зезыгъэкIуэн хуейр ахэрат. Уэлэхьи, Сталиныр къыщымыкIуэжыххэ жэщ Iэджэрэ къэхъуам! И фызыр зэфIэсу нэху къекIт апхуэдэхэм деж: «Езыр къэмыкIуэжу дауэ сыгъуэлъыжын!» - жиIэрти.
Си отпыстыр иухри, пщэдджыжь хуэдэм сыкъежьэжыну, йоуэри, ристэранымкIэ сешэ:
- ГъэхьэщIа ухъуакъым, - жи, - си ныбжьэгъужь, мы дуней мафIэм гъэпсэхупIэ къыдитыркъым. Уи жагъуэ умыщI: зауэр зэфIэкIмэ, узгъэфIэжынщ! - жи.- ныжэбэризэм мыбы ди закъуэ цIыкIуу дыщIэсыжынщ, зэран къытхуэмыхъуIауэ.
Моуэ зыдуныгъуэджри зы Iэнэ цIыкIу дыпэрытIысхьауэ, инэралищ зыныщIагъэпшахъуэ, мы Лыкъынэ жыхуаIэр зэдгъэцIыхунщ жаIэри. Сталиным и гуапэ зэрымыхъуар слъагъуу и гуапэ хъуакъым ар. Мыхъуа щхьэкIэ, закъримыгъащIэу, нригъэблагъэри, нигъэтIысащ. ИкъукIэ нэжэгужэу дызэхэсащ жэщми, ауэ тэджыжыгъуэр къэсри - Сталиныр си лъапэм къытоувэ. Си щхьэр изохьэлIэри, къызоупщI
- Ярэби, зы тумэнитху пкъуэмылъу пIэрэ? - жери. - Си ахъшэр адрей кIэстум жыпым къизнащ.
Ар жиIэ щхьэкIэ, улахуэр кърамыта щIыкIэу арат. Умыгузавэ, си къуэшыжь! - жысIэри, Iэнэ щIагъымкIэ тумэнитхур хуэсшиящ. Рашшотыр зэфIокIри дызэбгрокIыж. Пщэдджыжьым сэлам ясхыжщ, тхьэигъэпеэу яжесIэри сыкъежьэжащ. Къэхь къурIэн, фронтым сынэмысыжат, си тумэнитхур пакет хужь дахэм дэлъу ныщысIэригъэхьэжам!
ШЭ КЪЭУЭЖ ЕТIУАНЭМ И ХЪЫБАР
Соуэри, пщыхьэщхьэхуэкIуэу Сталинград сынос. Сызэрынэсарауэ, къоджэ жаIэри Жукуфым деж сашэ. ФIэхъус-сэламыр зэфIокIри, Iэпэ еший:
- Мо Iуащхьэ цIыкIур плъагъурэ? - жи.
- Солъагъу.
- НтIэ, плъагъумэ, нэху мыщ щIыкIэ, мы псым исыкIи, а Iуащхьэм тетIысхьэ, - жи. - Нэхущым деж сэ Iэ нэсщIынщ; Iэ нызэрысщIу, уи шыплIэ пылимотыр къызэIудзи, плъэкI къомыгъанэу ятегъэлъалъэ нэмыцэм: куэдщ ахэр ди хэку зэрыщыхьэщIар, унэ яIэм ирекIуэж!
КъызгурыIуащ сэ абы и мурадыр.
Захуэщ жысIэри, псы Iуфэм сыкъыщыIухьэм, си къуэ гуэрыр нэсащ ерпыланкIэ. Пэлъковник хъуат иджы ар абы ирихьэлIэу. А зэрихабзэжьым хуэдэу сызэпридзщ Индыли, сыкIуэри Iуащхьэжь цIыкIум сытетIысхьащ - сыплъэмэ, слъагъуу, къаплъэмэ, сыкъамылъагъуу. Си шыплIэ пылимотри згъэпсри сытIысыжащ. Тутын щIэбгъанэ мыхъуу, уэрэд жыпIэнкIэ Iэмал имыIэу - гугъущ уи закъуэу апхуэдэ жэщыр бгъэкIуэныр! КIэху къищIыным сыпэплъэу сыщысащ зызмыгъэхъейуэ.
Ауэрэ нэхущ мэхъури сыкъоплъэ - зыми Iэ нищIыркъым, дыгъэ къыщIэкIыгъуэм зэрынэхьэсауэ сыкъоплъэ - зыми Iэ нищIыркъым, Жукуфри слъагъуркъым, дыгъэр къыщыщIэкIым сыкъотэджри Iэдакъэ жьауэкIэ сыкъоплъэ. Сыкъоплъэри - Жукуфыр дыгъэ къуагъым къыкъуэувауэ Iэ къещIри къуэтщ, нэмьщэм къамылъагъун щхьэкIэ. Ар къызэрыслъагъуу зездзыхыжщ аби, мо мазэ псокIэ нэщIа си шыплIэ пылимотыжьым и кIакхъур щIэсчащ. ЗэрыщIэсчарауэ мы дунеижьыр игъэзджызджу уэн щIедзэ. Жэщищрэ махуищкIэ схуэмыувыIэжу лъэлъащ мо пылимот зэшар! Жэщ ещанэр кIэху къищIауэ, си дамэм зыгуэр къытоуIуэ. СыкъеплъэкIмэ - Жукуфырат.
- Зэ гъэбэяуж, - жи, - мы уи хьэщхьэрыIуэр! СуткIищ мэхъури цIыхуитI зэгуригъэIуэжыркъым. Нэмыцэр зэтебукIар хъунщ, ауэ ди дзэри думыгъакIуэ: дыгъуасэ лъандэрэ шэмпаул ебгъэдзыркъым, гъуэгу мыгъуэ емыжьэн!
КIакхъур сыутIыпщыжрэ сыкъэтэджмэ - нэм къиплъыхьыр нэмыцэ хьэдэрэ топ къутахуэрэ танк сахуэрэт!
- Iагъу, мыр сыт мы къомым къащыщIар! - жызоIэри согъэщIагъуэ.
Жукуфыр къыщеудри мэдыхьэшх:
- Уа, мы Лыкъынэ жиIэр зэхэфхрэ? - жи инэралхэм я дежкIэ зыкърегъэзэкIри. - «Мы къомым къащыщIар сыт», - жи, а къомыр зэтезыкъутар езыр армыра нэхъей.
Инэралхэри къыщетхъри мэдыхьэшх.
Абы хэту «ура, маржэ хъужыххэн!» жаIэри, ди дзэм зрачщ аби, ежьащ. Деуэм-тхум, деуэм-тхум, деуэм-тхуурэ, илъэс хъурейкIэ тхуа нэужь, Берлин дынос. Берлин гуэрым си шыплIэ пылимотыр тызоунащIэри дыдолъадэ къалэм. Абдежым нэмьщэхэм я Iэр къаIэтри къолъаIуэ:
- Алыхьым хьэтыр иIэжмэ, мы Лыкъынэ Iуфш закъуэ, зыныдот! - жаIэри.
Арати, зауэр доух.
Зауэр дыухащ жысIэри, псы тIэкIу сефэну зыкъыщызгъазэм, аргуэру зы нэмыцэ емынэ къоуэри си пхэщIыщхьэ псом къытохуэ.
«ЫI» - жысIэрэ зыкъэзгъазэмэ, а къызэуа нэмыцэр рейхстаг щхьэкъубжэмкIэ къыдоплъри щытщ, ауанышхуэ сыкъищIу. СызэIэбэкIщ аби, шэр къыхэсчыжри - шэ къэуэжти - нэмыцэ къэуар зыIут щхьэгъубжэмкIэ дэхуэу здзыжащ. Шэ къэуэжыр къэуэжщ аби, рейхстагыр зэтрикъутащ, шэр къэзыдза делэри абы щIипIытIэжащ.
Ар и ухыкIэу зауэр иухащ.
Си шыплIэ пылимотыжьыр сIахри музей жыхуаIэм щIагъэувауэ щIэткIэ, къэхь къурIэн, къэдабэ плъыжьым тетрэ дагъэ егъэфэжауэ!
ИЛЭ И ШЫПЛIЭ ПЫЛИМОТЫЖЬЫР
Уэлэхьи, щIалэ, дэри зыдмыгъэпIий щхьэкIэ, пэкIэ псы дефэу дыхэмыта а зауэ кIyaм! Сэри жысIэжын си куэдыкIейщ, псалъэ кIыхь сфIэфIкъым ахъумэ. Ухуейм уи фIэщ щIы, ухуэмейм умыщI, ауэ, Илэ жаIамэ, и цхьэфэцыр мытэджу зы нэмыцэ хэтакъым а зауэшхуэм и кIыхьагъкIэ. Си шыплIэ пылимотыр згъэуа нэужь, «уэлэхьи, ар зи шыплIэ пылимот къэуэкIэр Илэм!» жаIэу адэкIи мыдкIии сыкъыщацIыхурт. «Си фэеплъу зехьэ!» - жиIэри Бидонэм къызитауэ арат а шыплIэ пылмотыр.
НтIэ, йоуэр аби, къэрал гъунэм дыщрагъажьэри, пирот жаIэм дыкърагъэкIуэтым, пирот жаIэм дыкърагъэкIуэтурэ, Днепр жыхуаIэ псыхьым дыIъэсащ. Ди ротэм и зэхуэдитIырат къэнэжари, псым къикIщ аби, пэзицэ гъэхьэзырам зытрагуэшащ: сэ си шыплIэ пылимотыжьыp хьэлъэIуэти, я ужь сыкъинауэ сыкъэсри, Днепр пхъэ закъуэ лъэмыIж телъти, сыкъикIащ. СыкъикIри, сыкъэувыIэщ aби, тхьэ сIуащ:
- Тхьэр нахуэу зыгъэпцIа ИлэкIэ фыкъызэджэмэ, сэ а гъуэгу мыгъуэ ежьа нэмыцэм зы хэщIыныгъэшхуэ хэзмылъхьауэ мы лъэмыж кIапэр сыутIыпщым! - жысIэри.
Апхуэдэу тхьэ сIуэри, си шыплIэ пылимотыжьыр къызэфIэздзэщ аби, дзэ фIыцIэ къакIуэм cахэплъэу сытIысаш. Ротнэм сыкъилъыхъуэри, сыкъыщимыгъуэтым, Iэкопэм зэриту къоджэ:
- ШыплIэ пылимотчик Илэ, нэ пэзицэм! - жи.
Сэ си тхьэкIумэм цIыв изгъэпщхьащи, цIутI жысIэркъым.
- ШыплIэ пылимотчик Илэ!- жери, къоув аби, къоджэ.
Зызгъэхъейркъым.
- Тэварыщ Илэ! - жери ещанэуи къоджэ.
ЦIутI щыжызмыIэм, «уэлэхьий, шыплIэ пылимотчик тэварыш Илэ псэужу къыщIэкIынкъым, ахъумэ зыгъуэркIэ зыкъыдигъэщIэнтэм!» жаIэри, ротэр иувыкIщ аби, Iэгу ущIакIэ дыуэ къыстращIэри, щхьэж и пIэ итIысхьэжащ.
АпщIондэху дзэ фIынцэри къос. Къэсыр пхъэ закъуэ лъэмыжым къытохьэри къокIуэ, къыкIэлъысыр къыкIэлъытоувэри къыкIэлъокIуэ, сэри цIутI жызмыIэу къызогъакIуэ. КIапсэлъэрышэу къыздэкIуэм, сэлэт пашэр лъэмыж кIапэм къызэрысу, и натIэгум изубыдэри сеуащ - абы и натIэм техуа шэр я ужь дыдэ къитым и щхьэпхэтIыгумкIэ щыпхыкIыжри, фриц защIэу щитIым щIигъун къытехьат а пхъэ закъуэ лъэмыжми, псэ зи Iэдэм къытемынэу псори псым хэхуащ, жьгъумпI жиIэу. ЕтIуанэ гупыр къытехьэри, ар дыдэр ясщIащ. Дыдейхэм сызэрыпсэур къагурыIуэри ягу къызэрыгъуэтыжауэ мэкIий, мэгуфIэ. Апхуэдэурэ си шыплIэ пылимотым зы пIэтIрон къимынэжыхукIэ, а лъэмыжым къытехьэу хъуар езгъэпсыхаш.
ШыплIэ пылимотышэр сыуха нэужь, сыкъэтэджрэ сыплъэмэ нэмыцэм я кIэр щиухыр умылъагъуу къокIуэ.
- Е гъуэгу мыгъуэм ежьэн, мыпхуэдиз фрицыр къыздикIыр дэнэ!- жысIэри, лъэмыжым къикIхэм сапэуващ, Iэ ижьымкIэ сэшхуэр сIыгъыу, Iэ сэмэгумкIэ мозыр кIэрахъуэр сIыгъыу. Къэсым сеуэм, и щхьэр пызгъэхуурэ си сэшхуэдзэмрэ сэшхуэ тIыгумрэ зэхуэдэ хъужыху сризэуащ. ПимыупщIыжыххэ щыхъум, сэшхуэр хыфIэздзэри, мозыр кIэрахъуэмкIэ сахэуэу щIэздзащ: зэ сыуэм, зыбгъупщI зэуэ псым хэхуэрт, жьгъумпI жиIэу. ПщIэнтIэпсыр къыспыхуу сешауэ, си кIэрахъуэшэри сыухауэ нэмыцэм къэкIуэн щагъэтащ.
Сэ фашистыдзэр сIэщIэуха си гугъа щхьэкIэ, аратэкъым; Iэказивэицэ, къэхъуауэ мы дзэр зымыгъакIуэр сыту пIэрэ жаIэри, кIэгъуанэжьыр къагъакIуэри сурэт ттрагъэх, сурэтыр Гитлер щрагъэлъагъукIэ, занщIэу сыкъецIыху. СыкъецIыхур аби, къахогубжьэ, къахогъуагъуэ:
- Сыхьэт мыгъуэм ежьэн инэрал гуп, мы псы икIыпIэм деж къэтIысауэ къыIусыр шыплIэ пылимотчик Илэщ! - жи. - Мыбдежым си дзэр евгъэзауэ щIыIувгъэкIуадэр сыт? КъыIуфшыж иджыпсту! - жиIэри Iуригъэшыжауэ арат.
Сэ а псор дэнэ щысщIэнт абы щыгъуэ: «Шыкурыр азалыхьым ейщ: сыуха хуэдэщ мы гъуамэхэр!» - жысIэри, сытIысри зызгъэпсэхуащ. Сышха-зызгъэпсэхуа нэужь, сигу къокI: «Уэлэхьэ, мы нобэ къысIэщIэукIар бжамэ хъунтэм: хэт ищIэн, псэууэ дыкIуэжмэ, тIуэтэжынщ», - жысIэри, сыкъэтэджщ аби, псым кIартIузу тесыр, къамышыпэкIэ сытеIэбэурэ, збжащ: псым Iуихамрэ щIилъэфамрэ зыхуэдизыр тхьэм ещIэ, ауэ, ахэр хэмьпу, пыIэ миниплIрэ пыIэ щиплIрэ пыIэ плIыщIрэ пыIиплIрэ псым кIэрахъуэу тесу къэзбжащ. Си гъусэхэм яукIар псым адрыщI щызэтелъти, ар хэзбжакъым, ауэ ари мы сэ cыукIaм къызэрыкIэрыху щIагъуэ щыIэтэкъым.
ИЛЭ ЕМЫНЭ ШУ КЪЫЗЭРЫФIАЩАР
Йоуэри, щIалэ, зауэм дыздэщыIэм, махуэ хуабэти, зызыкъуэздзэн жьауапIэ сымыгъуэту, си Iэкопэжь тIэкIур нэхъ куууIуэу къистхъури ситIысхьэжащ. Нэмыцэр зэ Iэтакэ къакIуэри, фIыуэ дыубэрэжьщ аби, етхужьэжауэ иджы етIуанэ къэкIуэгъуэм дежьэу арат.
Сыздэщысым, сигу къокI: «Уэлэхьи, мыбыхэм щIэх зыкъаужьыжу къытрамыгъэзэжын», - жызоIэри, си шыплIэ пылимотыжьыр зэпкърызох згъэкъэбзэну. Зэпкърызох аби, фэтыджэным хэслъхьа къудеиуэ Iэуэлъауэшхуэ къоIу. Сыкъыдэплъеймэ - «тигр» жыхуаIэ танкыжьым хуэдэ зы емынэ си занщIэр иIыгъыу къопщ ...
А зинэкIэ къалъхуахэм я рэзведкэр фIыуэ лажьэрт. «Илэ и шыплIэ пылимотыр зэпкърихри фэтыджэным хилъхьауэ хэлъщ», - жаIэри Гитлыр деж нагъэсати, унафэ къахуещI: «Илэ фыукIын фи гугъэххэмэ, иджы нэхъ укIыпIэфI фихуэжынкъым, - жери. - Евушт зы «тигри», евгъэпIытI!» - жи.
«Iыхьы-ы иджы, шыплIэ пылимотчик Илэ и анэр дэ удмыгъагъмэ, тхьэр зыгъэпцIа фрицыр дэращ!» - жаIэри, танк нэхъ бзаджэIуэ къыхах аби, срагъэпIытIу загъэпсэхужын я гугъэу къаутIыпщ. КъокIуэ иджы ар гъунэгъу къэхъуауэ, сэри соплъ сщIэнур сымыщIэу. ПцIыр хьэрэмкъэ, мис абдежым тIэкIу сыкъэгузэващ: си шыплIэ пылимотыр схузэпкърылъхьэжынутэкъым, ар къэсыху. «Сыту Iейуэ сыушыпIыртIэхъут нобэ!» - жысIэри, нэгъуэщI Iэмал сиIэжтэкъыми, си гъуэмбым зисIубащ. Танкыр къэсщ абы, си гущIыIур зэригъуэту, зигъэкIэрахъуэщ-зриIуэнтIыхьри:
- Тхьэр нахуэу игъэпцIащ иджы тэварыш Илэ къэмытэджыжмэ! - жиIэри, сипIытIа и гугъэу, игъэзэжауэ цIыву мэкIуэж, ордин пэплъэу.
Сэри си щхьэр къэсIэтри:
- Сэ фэ фхуэфI иджы сымыхъумэ, тхьэр зыгъэпцIа ИлэкIэ фыкъызэджэ-тIэ! - жысIэри, сеIэщ-сепхъуэщ аби, си шыплIэ пылимотыжьыр къызэфIэздзэжщ, цIыву кIуэж танкым и пхэм изубыдэри, шэ закъуэкIэ сеуэ мыгъуэщаби ... Алыхьри уэри фызгъэпцIакъэ, апхуэдизкIэ зэпкърызудат ари, танкыр здэщытам деж сабэ Iэтэ фIэкIа щызгъуэтыжам!
Нэмыцэм я гугъаращ танкым катушэ еуэу икъутауэ, сэ сызэрыщымыIэжым шэчи шубыхьэи къытрахьэжыртэкъыми, куэд дэмыкIыу дзэ фIыцIэу къожьэ:
- ШыплIэ пылимотчик Илэ щахэмытжкIэ, дэ сэвецкэм яхуэфI дыхъункъэ! - жаIэри.
Гъунэгъуу зыбгъэдэзгъэхьэщ аби, сахэуэр езгъажьэри, хьэдэ лъэмыж исщIыкIа нэужь - дыкъацIыхужынтэкъэ си шыплIэ пылимотымрэ сэрэ! - къэнам заублэрэкIри ягъэзэжащ, нэмыцэ кIуэдыр къытхуокIуэ жаIэри.
Плъагъурэ абы я сагъызыр вэнвейм зэрыхэхуа? «Илэ танккIэ тпIытIащи, къэувыIэ диIэнукъым, пщэдей ичынды нэмэзыр Iурал гупэм щытщIыну укъыдогъэгугъэ!»- жаIэри Гитлерым хуатхауэ къыщIокI. «ЕIым-еIыж, сэ сыкъэвгъапцIэщ, си дзэр щIым ипцIанапIэм ифшэри къызэтревгъэукIащ!» - жиIэри, инэрал защIэу инэрал пщыкIуплI езы Гитлер и Iэ цIынэжьхэмкIэ итхьэлэжащ. Адрей къэнар - инэрали Iэфицари! - сэлэт къабзэу иукъэбзыжщ аби, къызиуштащ: «Мазэ пIалъэ фызотри, Илэ е псэурэ и пашпортыр иIыгъыу е и щхьэр пыупщIарэ щхьэцыкIэкIэ фIыгъыу къысхуэвмыгъэсмэ, фыслIынщ-фысшхынщи, фи къупщхьэхэм сыщIэфыжынщ!» - жиIэри.
Арати, мо насыпыншэ къомыр зэхотIысхьэри, жэщищ-махуищкIэ я Iэдакъэ я жьэпкъыпэм щIэгъэкъуауэ мэгупсысэр аби, къагупсысаращ: «Девгъауи, - жаIэ, - мы Илэ хуэзанщIэр щIы щIагъкIэ щIэдвгъэтIыкIи, жэщу иредгъэхьэлIэнщи, къитлъэфэнщ аби, ажэжьым хуэдэу чачэу къэтлъэфынщ: ар псэууэ а ди нэ закъуэм и пащхьэ идгъэувэмэ, къэхь къурIэн, ди инэралыгъэри, ди Iэфицарыгъэри ординрэ чресу тхичыжари къыдимытыжмэ!» - жаIэри.
Ар сэ сыткIэ сщIэнт? СщIэркъым. Мазэ псокIэ фрицым цIутI жамыIэу щысащ, дагъэбэлэрыгъыу. Нэмыцэр къызэрымыуэрэ нобэ мазэ ирокъу щыжысIэм, Iэуэлъауэ гуэрхэр зэхэсхыу щIызодзэ. Сыдоплъейри - сэмэлот къакIуэркъым, зызоплъыхьри - дзэми загъэхъейркъым. Iэуэлъауэр къыздикIыр къызгурыIуэркъым. Бел макъ, кIыpкI макъ хуэдэу къысщохъу. «Уэлэхьи, мыр сэ си гугъэм щыщыIэ хуэмыдэ, мыбы зы емынэ ягу иралъхьауэ арамэ!» - жызоIэри, полъкум сопсалъэ-цIыху згъуэтыркъым, дивизым сопсалъэр - псэ зи Iэдэм згъуэтыркъым, штаб Iармэм сопсалъэри къомандушэр къыIуохьэ:
- Узыхуейр сыт? - жи. - Щхьэ домыгъэлажьэрэ?
Ар жиIэ щхьэкIэ, жейбащхъуэ макъщ: Илэ къоджэ щыжаIэм гузавэри къыщылэтауэ арат, армыхъуамэ нэху щыхукIэ пырхъыжу хэлъынут.
- ФыщIэзмыгъэлажьэращ, - жызоIэ, - мы зинэкIэ къалъхуахэм зы мурад мыгъуэр ящIащ.
- ЛIо, - жи, - ящIар?
- Уэлэхьи, абы ящIа мурадыр сэ къызжамыIа, ауэ мы сыхьэткIэ си лъабжьэр щIатIыкIыу ара къудейщ.
- АтIэ сыт уи унафэр? - жи.
- Си унафэращ, - жизоIэ, - хьэлъэзешэу грузэвич зы тIощIырыпщI къэвгъэкIуэну, сэлэт плIырыплI ису!
- Дэнэ къисхыу? - жи.
- Уэлэхьи, сэ абы си Iуэху хэмылъ! - жызоIэри трубкэр тызолъхьэж.
Къэхь къурIэн, сыхьэт ныкъуэ дэмыкIат грузэвич тIощIымрэ грузэвичипщIымрэ къыщысам. Абы ирихьэлIэу фрицым я белри щIыp къызэпхиудащи, дунейм къытехьащ. Гъуэгу щIатIыкIам цIыхуитI-щы зэдихуэн хуэдэу быхъуфIти, и Iyp ягъэкъэбзэжри езыхэр бзэхыжащ. Куэд дэмыкIыу зы сырыхужь гуэрым и щхьэр къригъэжащ зиплъыхьыну - къригъэжар сыубыдри, и жьэр сIыгърэ быхъ жиIэ мыхъуу, къислъэфщ аби, сэлэт къэкIуахэм къайстащ-къаистар япхри афтэнэбилым ирагъэлъэдащ; къыкIэлъыкIуэм зыкъыщыдригъэжейм, аргуэрым и жьэр сыубыдри, къислъэфщ аби къаистащ - къаистар япхри афтэнэбилым ирагъэлъэдащ...
Тхьэуэ уэрэ дэрэ дызэзыгъэпсалъэ, апхуэдэ защIэу нэху щыхукIэ къислъэфурэ къыIуезмыгъэшам нэмыцэ Iэфицарымрэ инэралымрэ зэщIэлъу! Iэфицар защIэу гулъэ тIощIрэ инэралыжьу гулъипщIрэ хъуащ къыIуезгъэшар зэхадзыжа нэужь.
НтIэ зы пщIэ гуэр къыпэкIуэн хуейтэкъэ абы? Штабы зэхэтIысхьэщ аби, къагупсысаращ - Емынэ Шу фIыдощ жаIэри. Тхьэ дыгъэIэ, а зауэшхуэ екIуэкIам, сэр фIэкIа, апхуэдэ цIэ лъапIэ зыхуагъэфэща зылI къахэмыкIа!
Фрицхэм я гур кIуэдарэ щIэцIывэжауэ, цым-цым жаIэу зэрыкIуэжым сеплъу си шыплIэ пылимотым сыздыIулъым, си дамащхьэм зыгуэр къытоуIуэ. СыкъызоплъэкIри - Сталиныр щытщ къызоплъри
- Уэра тэварыш Илэ хъужыр? - жи.
- Сэращ, - жызоIэ. - Еблагъэ.
Уэлэхьи, аIуондэху сыкъимыцIыхуа сэ Сталиным.
- Мэлэдец, тэварыш Илэ! - жиIэри, фэеплъу дыщэ чысэ тутыныр иубауэ илъу къызитщ аби, IукIыжащ.
Бетэмал, чысэр фронтым щызгъэкIуэдащ, армыхъуамэ фэзгъэлъагъунтэкъэ!
ИЛЭ ГЕРОЙ ЩIАМЫЩIАР
Ар къыщыхъуар, щIалэ, Iукрайнэращ, Пэлтавэ деж.
Дивизыр дагъэувауэ Бидонэр къыдэплът. ИщхьэмкIэ къыщыщIидзауэ къехыурэ къокIуэ: хэт щотхъу, хэт еуб, хэти йошхыдэ. Къэсщ аби, Iэдакъэ жьауэ ищIри, къызэплъащ. СыкъимыцIыхужыпIэр иIэт, грэжданыскэм дыздыхэтат, аби Iармэ иIыгъыу, сэ полъку сIыгъыу! Унафэ ещI, нафшэ мыр штабым жери. Штабым сашэри дызэбгъэдэсащ, Iэджэ дигу къэдгъэкIыжу, Iэджэм я щхьэфэ диIэбэу ... Бидонэр кэняч йофэ, сэ, кэняч сыхуемыфэу, къущхьэ аркъэ софэ. Нэху щыри, дыщызыбгъэдэкIыжым:
- Илэ, - жи, - иджы сэ пхуэсщIэфыну псом я щхьэу зы Iэщэ емынэ уэстынущи, умыкъэкIуэд: ар уиIэмэ, танки къыппэлъэщынукъым, сэмэлоти къыпхьэщыхьэнкъым, пехотэ-бжьэхуотэми къыуакункъым. Зауэм ухэмыкIуадэу укъезыгъэлын Iэмэпсымэщ ари, хьэлэл пхухъу! - жери зы гаубицэжь цIыкIу сыбгъэдешэ, и пэр шэтвэр нэхърэ мынэхъ кIыхьу.
Берычэт бесын жесIэри, гаубицым зыщIэсщIэри пэзицым къэсшащ.
- Мыр дэнэ къыздипхар? - жи кэмэндирым.
- Бидонэм къызитащ.
- ЗэрыпщIынур сыт, мывэ хъурей иплъхьэу уризэуэну?
Абы хэту зы грузэвич къыIуолъадэ, топышэ къысхуешэри. Ар зэрилъагъуу ди инэралми и гур къызэрыгъуэтыжащ.
Сризэуащ сэ а гаубицыжь цIыкIум куэдрэ. ИджыикI сигъэшыпIыртIэхъуакъым сэ абы, зэ закъуэ фIэкIа.
Зэрыхъуаращ, йоуэри, нэмыцэм я зы Iэтакэр етхужьэжауэ, тIэкIу зызгъэпсэхуну гаубицым зыкIэрызгъэщIауэ сощхьэукъуэ. Жьы щIыIэ къепщэрти, жьыуэгъуэджэ лъыхъуэу хьэпшыр цIыкIу гуэр къакIуэурэ, мо си топыпэ хуабэм къыхуозэри йопщхьэ. Хьэпшыр къэхуэбэжар Iypex.
Ар сэ сщIа мыгъуэ! Нэмыцэр дзэ фIыцIэу къокIуэ щыжаIэм, сыкъыщылъэтри, топышэр изгъэлъадэщ аби, згъэуащ. Зэрызгъэуарауэ, уафэгум хьэ банэ макъ къыщоIу, цIыхум зыхуахьынур ямыщIэу. Фрицхэм я щхьэщыгум хьэ банэ макъыр къызэрихьэм хуэдэу, мэгужьейхэри, заублэрэкI аби, ягъэзэж. Дэри мыдэкIэ дахэуэм-дахэуэурэ я лъапсэр итхащ.
Зызгъэпсэхуну сытIысри зы тутыныжь сшыхьа къудейуэ, штабыр къоджэри сашэ. Сыздашам Жукуфыр губжьауэ щIэтщ, йокIукI-къокIукIри, мыдрей инэралхэри блын джабэм еупсеяуэ щытщ, я псэр IукIауэ. Мис жаIэри сыбгъэдашэ. Жукуфым сыкъызэрилъагъуу къэлыбащ:
- Аркъымиаркъым, - жи, - уэ хьэпшыркIэ умыузэдмэ, уи топыр зэрыбузэдын умыгъуэту ара! Ди напэр щIытепхыр сыт! - жи. - ХьэпшыркIэ мэзауэ жаIэу дунейм щхьэ дытебгъаIуэрэ? Сталиным сриджэмэ, слIо сэ жезбгъэIэнур иджы?
Мис апхуэдэу сыхьэт енкIэ къызэшхыдэщ, къызэшхыдэри, си гаубицыжь цIыкIур стрихыжщ аби, сыкъыщIихужащ:
- ДяпэкIэ жыжьэрэ гъунэгъуу бгъэдэвмыгъыхьэ топ зи цIэ! - жиIэри. - Бидонэм сэ сыгурыIуэжынщ, - жи.
Iейуэ си жагъуэ къищIащ сэ абдеж Жукуфым. Сэ абы къызищIар схуемыгъэхыу, тездзэри, Бидонэм деж сыкIуащ:
- Мыращ, си ныбжьэгъужь, Жукуфым схуэмыфащэ къызипэсри си гаубицэри стрихыжащ, - жысIэри.
Бидонэр хэплъэщ, хэплъэри:
- Жукуфым и гугъу умыщI, - жиIащ. - Ар Сталиным и замщ. Абы ищIа унафэри сэ скъутэну сыхуиткъым. Ауэ, топым къищнэмыщIа, сыт хуэдэ Iэщэ лIэужьыгъуэкIи къызэлъэIу, - жи. - Мор жыхуэпIэу Iэпэ зыхуэпшийр уэстынщ.
Куэд щIауэ сехъуапсэрт сэмэлотми, жесIащ:
- Си шыплIэ пылимотыр изгъэувэ хъун хуэдэу, зы сэмэлотыжь къызэт! - жысIэри.
Ерэхъу жиIэри, мазэ кIурц сигъакIуэщ аби, сэмэлотчикыу сригъэджащ. КIурцыр къэзухщ аби, Iирэдромым сишэри, хэдэ жиIэри сыхигъэдащ. Сэри къыхэсхыфынтэкъэ хъун хуэдэ - къыхэсхащ шагъдии щIэрымыхьэну зы сэмэлотыжь. Бидонэм зыхимыщIыкI Iэщэ лIэужьыгъуэ щыIэ, зэпиплъыхьащ абы лъэкI къимыгъанэу си сэмэлотыр. Зэпиплъыхьри:
- Уэлэхьи, Илэ, - жиIащ, - а грэждан зауэм щыгъуэ узытеса щолэхъужьым нэхърэ зыкIи мынэхъыкIэ мы къыхэпхар, угъурлы пхухъу! - жиIэри къежьэжащ.
Зы щафтур щIалэжь къуэдзэу къызатати, унафэ хуэсщIащ:
- Мы шэнтхэр къихи, хьэуазэ изу илъхьэ!- жысIэри. - Сэ си гъащIэр Iэхъуэшыхъуэу къэсхьащи, ар нэхъ созэгъ.
Шабэм дыхэсрэ хьэуазэмэр къытщIихьэу дризэуащ дэ абы мазэкIэ, тхьэмахуэ къэс хьэуазэр зэтхъуэкIыу. ИужькIэ ди сэмэлот закъуэм фIэкIа Iирэдромым къытемынэжауэ, Жукуфыр нокIIуэ:
- Сэмэлот дапщэ хьэзыру фиIэ? - жи.
- Зы фIэкIа диIыжкъым, - жаIэ.
- Дэнэ здэкIуар полъку псор? - къызэхеукIэ и нэщхъыр.
- Зауэм ишхащ.
- А гъуэгу мыгъуэм ежьэн, иджыпсту нэмыцэр сэмэлот мину къэлъэтэнущ, ди дзэр зэтребгъэукIэну ара узыхэтыр! - жери дакъэжь мафIэу къызэщIонэ. - Иджыпсту уи гъунэгъу-уи жэрэгъухэм епсалъи, къызэгъэпэщ!
Си щхьэуз къызэбгъэпэщыжынт а дакъикъэм - нэмыцэ сэмэлотхэм, къуаргъыдзэм хуэдэу, уафэ лъащIэр яуфэбгъуауэ къокIуэ.
- Уэлэхьи, сэ си нэр къижу сеплъу ди дзэр схузэтремыгъэукIэн мы гъуэгу мыгъуэ къежьахэм! НакIуэ, минрэ дыхэкIуэдауэ щытми тлъэкIыр тщIэнщ! - жысIэри, щафтур щIIалэжьыр изгъэтIысхьэри: дылъэтащ.
Уафэкум хуэзэу зы пшэ фIыцIэжь ини, ди насыпым кърихьэкIащ жытIэри, дыкIуэщ аби, дыкъыхэтIысхьащ, дэ дыхэплъмэ къакIуэр тлъагъуу, езыхэр къаплъэмэ, дыкъамылъагъуу. Гъунэгъу къыщыхъум, щафтур щIалэжьым жызоIэ:
- Айдэ иджы, тормэзыр ети, уи шыплIэ пылимотыр къащтэ! - жызоIэри.
Дахэуэр едгъажьэщ абдежи, сызижэгъуэным ираущIэ дэ абы етщIар! Зы сэмэлотищэ нэхъыбэ къэнэжагъэнтэкъым, заублэрэкIыу щагъэзэжам, мы дызыIууар Илэрэ щафтур щIалэжьымрэщ жаIэри. ДакIэлъилъщ аби, дызыщIэрыхьэр къедгъэпсыхым, дызыщIэрыхьэр къедгъэпсыхыурэ, псори къедудыха нэужь, гу лъызотэ, зы тIэщIэкIауэ цIыву зэрыкIуэжым. «УзгъэкIуэжым, тхьэр зыгъэпцI а Илэр сэращ!» - жысIэри, рулыр сыубыдщ аби, кIэлъизгъэлъащ. Мори мэцIыв, дэри дыкIэлъоIэ, мори мэцIыв, дэри дыкIэлъоIэ, дыкIэлъоIэри дыкIэлъоIэ - дыщIэрыхьэркъым, дыкъыкIэрохуж.
- Мы тхьэр зэбга гъущIыкIэжьым къыщыщIар сыт? - жысIэри, сыщыгубжьым, щафтур щIалэжьыр теIэбэри сигъэлъэгъуащ «фэтыджэн кIэнтхъ итыжкъыч» жиIэу къытридзауэ.
«Сэ уэ фэтыджэн щхьэкIэ узыIэщIэзгъэкIмэ, си напэр фIыцIэщ!» - жысIэри, хьэуазэр иткудэщ, иткудэщ, къызэщIэзгъаплъэщ аби, изгъэлъри, мысыршмидым бгъурысхуащ. Вожэр щафтур щIалэжьым естри, сыкъикIщ, сэмэлот дамэмкIэ срижэщ аби, сылъэри мысырыжьым и дамэм сытепкIащ. Сызэрытелъэу мысырыжьыр ещIэщ аби, сыкъехуэхынум чутщ иIэжар! Шафтур щIалэжьыр губзыгъэти, и дамэ лъэныкъуэр ныпэщIигъакъуэри, дыкъызэтригъэнащ. Си гур къызэрыгъуэтыжри, мысырым и дамэ гуэрым срижэри ... Бетэмалщ сэмэлотчик сырыхужьым сиукIынум иIэжар: и кIэрахъуэ къэгъэпкIар къыщишийм, лъапэкIэ сеуэри IэщIэзудащ, итIанэ и китил пщампIэр сыубыдри, кхъуэ шырым ещхьу кIииуэ къислъэфщ аби, къезутIыпщхьэхащ. Алыхьым ещIэ абы и Iуэху зэрыхъуар! Сэ абы и пIэкIэ ситIысхьэри, вожэр сыубыдщ аби, къезгъэгъэзащ.
Зы сэмэлоту дылъэтар, сэмэлот щибгъурэ сэмэлот бгъущIрэ сэмэлотибгъур къедгъэпсыхри, сэмэлотитIу дыкъэтIысыжакIэ, тхьэуэ мыр зи къурIэн!
Дешарэ делIауэ дыкъэтIысыжар, уэлэхьи, зы дакъикъэ зызамыгъэгъэпсэхуа.
- Тэварищ Жукуфыр къоджэ! - жаIэри къэсащ.
Сыт сщIэнт, сытэджри сыкIуащ. СыкIуэщ аби, сыщIыхьэри, къызэрысIуплъэу Жукуфыр Iэнкун хъуащ - сыкъицIыхужат занщIэу! Тхьэм ещIэ абы и гум щыщIар, ауэ иужькIэ и гур къызэрыгъуэтыжри, дахэ къызжаIащ, герой сригъэщIыну си тхылъхэри иригъэхьат, Сталиным къахуидакъым:
- ХьэпшыркIэ зэуар герой ящIащ жаIэу ар хъункIэ Iэмал зимыIэш!- жиIэри.
Уэлэхьи, ар и хэкIыжыкIэу геройм сыхэкIыжам!