Сурэ 73. зыщiэзыуфар (iэл муззамил)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Уэ зыщIэзыуфа!

(2) Жэщым куэдрэ нэмэз щIы,

(3) е жэщым и ныкъуэм, е тIэкIукIэ нэхъ мащIэм,

(4) е тIэкIукIэ нэхъыбэм; КъурIэнми зэкIэлъыкIуэу еджэ.

(5) Дэ псалъэшхуэ (КъурIэныр) ныпхуедгъэхынущ.

(6)[610] Жэщым пщIы [нэмэзыр] нэхъ гугъущ, [укъызэджэри] нэхъ гурыIуэгъуэщ

(7) Уэ махуэм Iуэхум ущIегъанэ.

(8) Уи Тхьэм и цIэр куэдрэ къиIуэ, гурэ псэкIи бгъэдэт.

(9) Ар къуэкIыпIэми къухьэпIэми я Тхьэщ, Езым нэмыщI нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Аращи, Езыр телъхьэ щIы.

(10) [Бийм] къыпхужаIэр зыхуэгъэшэч, дахэкIи къабгъэдэкI:

(11) Дыкъызэхуэгъанэ Сэрэ уэ пцIыупсу узылъытэу дуней тхъэгъуэр зиIэхэмрэ, икIи уаймыпIэщIэкI.

(12) Дэ диIэщ [абыхэм щхьэкIэ] лъэхъури, мафIэри,

(13) шхын егъэхыгъуейри, гIэзаб гуащIэри.

(14) А Махуэм щIымрэ къуршхэмрэ зджызджынущ, къуршхэри пшахъуэ Iуащхьэу щэщэнущ.

(15) Дэ фэ лIыкIуэ ныфхуэдгъэкIуащ щыхьэту къыфпэувыжыну, ФиргIэун лIыкIуэ зэрыхуэдгъэкIуам хуэдэу.

(16) ФиргIэун лIыкIуэм щемыдаIуэм, кIуэдыкIейр къыхуэдгъэкIуащ.

(17) Фэ джауру фыкъанэмэ, дауэ зыщыфхъумэн сабийхэр зыгъэтхъу Махуэм?

(18) А Махуэм уафэр зэгуоч, Езым фызэригъэшынари мэзащIэ.

(19) Мыр укъэзыгъэушщ, хэт хуейми [къэушынщи] и Тхьэм и гъуэгум техьэнщ.

(20) Уи Тхьэм ещIэ, [Мухьэммэд], жэщым и щанитIым нэхъ мащIэ, е иныкъуэ, е и щанэ хуэдизкIэ уэри уи гъусэхэми нэмэз зэрыфщIыр. Алыхьыращ жэщми махуэми я зэманыр зыубзыхуар. Езым ещIэ [апхуэдиз] зэрыфхузэфIэмыкIынури къыфхуегъэгъу[611]. КъурIэным щыщу фызэджэфым хуэдиз феджэ. Езым ещIэ къызэрыфхэкIынур сымаджэхэри, Алыхьым и тыгъэм щыгугъыу гъуэгу теувэну гуэрхэри, Алыхьым и диным щIэзэу гуэрхэри. Аращи, КъурIэным щыщу фызэджэфым хуэдиз феджэ, нэмэзыр фщIы, сэджытыр хэвгъэкI, Алыхьми щIыхуэфI[612] ефт. Нобэ фи щхьэм щхьэкIэ псапэу фщIэ псори Алыхьым и деж щывгъуэтыжынущ нэхъыфIу икIи нэхъыбэу. Алыхьым фелъэIу къыфхуигъэгъуну. Алыхьыр гуэныхьгъэгъущ, гущIэгъущIщ!

СУРЭ 74. ЗЫТЕЗЫПIАР (IЭЛ МУДДЭСИР)

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

(1) Уэ зытезыпIа![613]

(2) Тэджи къэгъэуш,

(3) уи Тхьэри гъэлъапIэ!

(4) Уи щыгъынри гъэкъабзэ,

(5) хьэрэмми зыщыдзей,

(6) фIы пщIам ухущIемыгъуэж,

(7) уи Тхьэм папщIэ зышыIэ.

(8) Бжьамийм къыщепщэкIэ,

(9) а Махуэ хьэлъэр къэсауэ аращ,

(10) ар джаурхэм я дежкIэ тыншкъым.

(11) Сэ къысхуэгъанэ а зи закъуэу къэзгъэщIа [цIыхур],

(12) а мылъкушхуэ зэстар,

(13) бынхэри зэстар,

(14) гъащIэри тынш зыхуэсщIар.

(15) ИтIани нэпсейщи ирикъуркъым.

(16) Ирикъунщ хуэтщIар, ар Ди Iэятхэм инату къапэщIэтащ.

(17) Сэ абы и гъащIэр дэгъэзеигъуэ хуэсщIынщ.

(18) Ар егупсысри [гъуэгур] къыхихащ.

(19) ИрекIуэд ар! Ар дауэ къыхиха!

(20) ИтIани ирекIуэд ар! Ар дауэ къыхиха!

(21) ИтIанэ хэгупсысыхьащ,

(22) итIанэ зиуфэри и нэщхъыр зэхиукIащ,

(23) итIанэ и щIыбыр [диным] хуигъазэри зигъэпагэу

(24) жиIащ: «Мыр (КъурIэныр) удыгъэ къекIуэкIщ,

(25) цIыху псалъэ къудейщ!»

(26) Сэ ар жыхьэнмэ мафIэкIэ згъэсынщ.

(27) Уэ сытым уигъэщIэн а жыхьэнмэ мафIэр?

(28) Зыри къелынукъым абы,

(29) ар щIыфэр тезысыкIщ,

(30) абы [мелыIыч] пщыкIубгъури и тетщ.

(31) Дэ мафIэм тет хуэтщIар мелыIычхэращ, а бжыгъэри къыщIэтштар джаурхэри иридгъэунэхун, ФIыцIагъэр къызыхуэкIуахэми нэхъ я фIэщ хъун, Iиман къэзыхьахэми шэч лъэпкъ къытрамыхьэжын щхьэкIэщ. ИкIи зи гур мыкъабзэхэмрэ джаурхэмрэ: «Сыт Алыхьым мыбы къыригъэкIыр?» — жаIэн щхьэкIэщ. Алыхьым зыхуейр егъэгъуащэ, зыхуейри еузэщI. Уи Тхьэм и зауэлIхэри, Езым нэмыщI, зыми ищIэркъым. Мыр (жыхьэнмэр) цIыхухэр зыгъэгупсысэнщ.

(32) Ае! МазэмкIи,

(33) жэщ икIымкIи,

(34) нэхулъэ къызэщIчымкIи соIуэ

(35) ар (жыхьэнмэр) гIэзабышхуэхэм ящыщу [къэдгъэщIакIэ],

(36) иридущиину фэ фщыщу

(37) япэкIэ кIуэну, е зэщIэкIуэжыну хуейхэр.[614]

(38) Хэти и IуэхущIафэм и гъэрщ,

(39) [зи тхылъыр] Iэ ижькIэ къеIызыхыжынухэр хэмыту.

(40) Ахэр жэнэтым ису еупщIынущ

(41) гуэныхьыщIэхэм:

(42) «Сыт фыхэзышар жыхьэнмэ мафIэм?» — жаIэнурэ.

(43) Жэуап къатынущ: «Дэ нэмэз зыщIхэм дащыщакъым,

(44) тхьэмыщкIэхэри дгъэшхакъым,

(45) Дэ дуней хьэхум дихьэхахэм дахэтащ,

(46) хеищIэ Махуэри пцIыуэ къэтлъытащ,

(47) пэжыр[615] къытлъэIэсыху».

(48) Абыхэм къащыж-Iами къащхьэпэнукъым.

(49) Сыт абыхэм къащыщIар, щхьэ [диным] я щIыб хуагъэза,

(50) шыд гужьея

(51) [аслъэным] IэщIэкIыну екъум хуэдэу?

(52) Ае, абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуейт фIыцIагъэ зэIуха къыIэщIалъхьэну.

(53) Хуейми къыIэщIалъхьэнукъым. Ахэр ахърэтым щышынэркъым.

(54) Хьэуэ, ар (КъурIэныр ущиещ,

(55) хуейр абы еущий.

(56) Алыхьыр хуэмейуэ зыри иущиинукъым: а Зыращ зыхуэфащэр ущышынэну, а Зыращ гуэныхьыр къыпхуэзыгъэгъунури.


Наши рекомендации